Хъуапсэ и псэ кIуэдыркъым

- Тимур, къызэрыщIэкIамкIэ, уэ икIи ууэрэдусщ, икIи умакъамэтх Iэ­зэщ…
- Пшынэм пшыналъэ гуэр къибгъэкIыуи щрет, псалъэ гуэр къып­хуэкIуауэ зэбгъэзахуэуи ирехъу, гуп­сысэ гуэр уи щхьэм къиджэрэзауэ зэрыпIуэтэну щIыкIэм узэрихьэуи къыхрекI, ахэр гъуэрыгъуэурэ Тхьэм уи гум, уи щхьэм кърелъхьэ. Тхьэм ­иухати, пшынэ еуэныр си гум япэ щIыкIэ кърилъхьащ, итIанэ макъамэ, пшыналъэ гуэрхэм си гур хузэIуихащ, иужькIэ псалъэри къакIуэу ­хуежьащ. Ныбжьыр щыкIуэкIэ, хуэмурэ зыбужьурэ, уи зэфIэкIым хэхъуэурэ йокIуэкI. «ЛIыпIэ уоувэ» жыхуиIэрати, пшыналъэм теухуауэ зы лIыпIэ гуэр диувауэ къыщIэкIынущ. Пшынэ еуэнри, макъамэ тхынри, уэрэд усынри зэуIу щыхъум, утыку дихьащ.
- Апхуэдэурэ кIуэмэ, Лосэн Тимур уэрэджыIакIуэщ, жаIэу зэхэтхыну къыщIэкIынщ.
- Пэжым ухуеймэ, еджапIэм сыщы­щIэтIысхьэм уэрэджыIакIуэ IэщIагъэрат къыхэсхар, апхуэдизкIэ уэрэ­дыр сфIэфIти. ИужькIэ пшынэр нэхъ текIуащ. Ауэ си гъащIэм щыщу илъэс 27 - 28-р уэрэдым пыщIауэ есхьэкIащ.
Пшынауэхэри зэщхьэщедз: зым и IэщIагъэм нэгъуэщIхэр хуегъасэ, адрейр къэфакIуэхэм ядолажьэ, уэрэ­дымрэ къафэмрэ зэзыпх пшынауи щыIэщ. Сэ сызыхиубыдэр а ещанэ лIэужьыгъуэрщ. Адыгэ пшынэр уэрэ­дым дэщIызгъуным хуабжьу селIэ­лIащ. Си япэ итахэм ящыщу уэрэдыр пшынэм Iэзэу езыгъэкIуфауэ зи цIэ къисIуэнур ЛIыцIэрыIуэ Кимщ. Апхуэдэу илъэс бжыгъэкIэ си пшыналъэр уэрэдхэм дэщIыгъуу къе­кIуэ­кIащ. Апхуэдиз илъэскIэ абы ущыхэткIэ, уэрэдым ущыдежьуи къэхъунтэкъэ?! Абыи сеплъащи, Тхьэм жиIэмэ, ари  къызэхъулIэну  согугъэ.
- Нэхущ Чэримрэ уэрэ илъэс куэдкIэ утыку фызэдитащ. Куэд щIоупщIэ фи гъуэгур щIызэхэкIам и щхьэусыгъуэм.
- Жыжьэ дыкъыщежьа щхьэкIэ, мы узыщIэупщIэм дыкъемыкIуэлIэну Iэмал иIэтэкъым. Илъэс 25-рэ ипэкIэ, дыщIалэ цIынэу, утыку дыкъихьащ. ХьэтIохъущыкъуей Ипщэ къуажэм дыкъыдэкIри, Чэримрэ Тимуррэ жаIэу, утыкум илъэс 25-кIэ дызэдитащ. Лэжьыгъэ хъарзыни зэдетхьэкIащ. Ауэ гъащIэр адэкIэ макIуэ, нэхъыжь ущыхъукIи, гупсысэ куэд уи щхьэм зэригъэзахуэу, нэхъыбэжым ущIэ­хъуэпсу уохъури, абыхэм уакIэлъыпхъэру ухуожьэ. Пшынауэми езым и пшыналъэ зэхилъхьэн хуейуэ щытыкIэ гуэр йохуэ. Ар проект пщIыну, утыку ипхьэну ущIэхъуэпсу ухуожьэ. Сэ апхуэдэ зыгуэрхэр си гум илъмэ, си ныбжьэгъуу сызыдэлэжьам и мурадхэр щынэгъуэщIкIэ, Iэмал имыIэу гъуэ­гуанэ зырыз адэкIэ утеувэн хуей мэхъу.
- Пшынэмрэ уэрэ фызэрызэры­гъуэтам утезгъэпсэлъыхьынут.
- Уэлей, си шынэхъыщIэ, а Iуэхум уэри фIы дыдэу хыбощIыкIмэ. СыщIалэжь цIыкIуу топ къехуэкIыныр япэ щизгъэщым, ар къысфIэIуэхуакъым. ИужькIэ, тIэкIу сыкъыдэкIуэтейуэ зыгуэрхэр зэзгъэзахуэ щыхъум, си анэшхуэр, си адэм и анэр, пшынауэ Iэзэу зэрыщытар къызжаIащ. Мис абдеж  псори  къыщежьащ.
«ЛIэужьыр бжьиблкIэ мауэ» жыхуа­Iэращи, ахьей, абы и лъым щыщ сэри сщIэт. Насып сиIэти, си нанэр пшынэ зэреуэр слъагъуну къысхуи­хуащ. Зы махуэ гуэрым си анэшхуэм сигъэтIыс­ри къызжиIащ: «Тимур, уэ пшынауэ ухъункIи хъунщ, ауэ бжесIэнухэр зыхыумылъхьэмэ, адэкIэ укIуэфынукъым». Япэ дыдэ пшынэм Iэпэр зэрытеплъхьэнур си нанэм сигъэлъэгъуащ. ИтIанэ адыгэ пшынауэм хэлъын хуей хьэл-щэныр зыхуэдэм сригъэдэIуащ. Езы нанэ сыт и лъэныкъуэкIи адыгэ бзылъхугъэ щэныфIэм и щапхъэт. Ди нанэр пшынэ щеуэкIэ и напщIэми зимыIэту, и Iэпэм фIэкIа и Iэпкълъэпкъри мыхъейуэ апхуэдэт. Абы сигъэлъэгъуа пшынэ еуэ-кIэм­рэ пшынауэ щэнымрэ сытемыкIа­рэт жысIэу куэдрэ сигу къокI.
Нанэ сигъэлъэгъуат пасэрей адыгэ пшынэ еуэкIэр икIи сызригъэдэIуа ­къафэхэм ящыщ зым «Нанэ и ­къафэ» жиIэу фIэсщыжри стхыжащ.
- Езы пшынэр сыт уэркIэ зищIы­сыр? Пшынэм зы мыхьэнэ гуэр иIэу пIэрэ адыгэ щIалэгъуалэм я гуп­сысэр  къызэщIэгъэушэнымкIэ?
- Уемыплъ нобэ тIыгъ пшынэм. Адыгэ пшынэм лIэщIыгъуэ куэд къы­зэринэкIащ икIи лIэужьыгъуэ куэ­дым иуващ. Илъэсищэ ипэкIэ пшынэр     тIэ­кIу нэгъуэщIу щытауэ къыщIэкIынщ, нобэр къыздэсым абы зихъуэжурэ къогъуэгурыкIуэ. «Сыадыгэщ» жызыIэ цIыхум дежкIэ адыгэ пшынэм мы­хьэнэшхуэ иIэщ. Пшынэм ущытепсэ­лъыхькIэ, ди лъэпкъыр куэдым къыхэзыгъэщ ­джэгу щэнхабзэр уи ­нэгу къыщIегъэувэ. Абы къещIэкIащ хъуэхъужьри, къа­фэри, щIалэгъуалэ гушыIэри, нэ­гъуэщI Iуэхугъуэ куэди.
Джэгум деж къыщекIуэкIыу къыс­фIощI зы щхьэл гуэр. А щхьэлым щIэкIа щIалэр абы адэкIэ гъуэгу захуэм тетынущ. Джэгум псэ хэзылъхьэр пшынэращ. «Уэрэдым и ежьур щIопщщ» зэрыжаIэм ещхьу, джэгум и щIопщыр пшынэращ, жысIэнщ. Адыгэ пшынэ едаIуэ цIыхум и гум фIыщ илъынур.
- «Къэфэнрэ уджынрэ нэхъ зы­хуэфI щIалэгъуалэр щыIэжкъым», - жызыIэ нэхъыжьхэм уахуозэ…
- Захуэщ. Ар а нэхъыжьым щIыжиIам егупсысыпхъэщ. «Хабзэр Iэтэу къосри, Iэмбатэу зэхахыж», - жаIэрт ди нэхъыжьхэм. Егупсысыт, Iэтэущ къызэрысыр… Куэду зэхэлъу, щIызэ­хэлъым щхьэусыгъуэшхуэ иIэу. Псори я пIэ иту, псоми чэзу яIэу. Iэмбатэр езыр нэрынэ-нэрынэу мис а хабзэр зэрызэхэлъращи, и зэкIэлъыгъэ­кIуэ­кIэ мыукъуэу зэрыщытыныр къиIуа-тэу аращ. Къафэми уджми чэзу яIэщ. Псори зытеухуар мардэращ, зэпэшачэращ. Адыгэм егъэлеяр фIэфIу зэрыщымытар мо нэхъыжьхэм къыдаIуэкIыу аращ. ДэзмыIыгъынкIэ Iэмал  иIэкъым.
- Пшынэм уи губампIэ щыдиха  къэхъуа, Тимур?
- Мыдрейхэм жаIэ псом емыщхьу сэ зыгуэр бжесIэнщ. Сэ пшынэр зэи губампIэдэх схуэхъуакъым. Сыт щхьэ­кIэ жыпIэмэ, сэ си еплъыкIэр аращи, пшынэм уи губампIэр дихын хуейкъым. Пшынэр псэлъэнуращ, бзэрэбзэнуращ. Абы жиIэр зэхэпхрэ уи гум зэрыпэджэжым елъытауэ е уигъагъынщ, е уигъэгуфIэнщ.
Ауэ… Илъэсищэрэ щэ ныкъуэкIэ узэIэбэкIыжмэ, ди лъэпкъкIэ гукъеуэшхуэ диIащ, гуауэшхуэ и щхьэ кърикIуащ. Нэпс куэди адыгэм щIигъэкIащ, гукъеуэ куэди игъэващ, а псом ищIыIужкIэ нэхъыбэм хэкур ­ябгынэри, хэхэсу дуней псом щызэ­бгрыдза хъуащ.
И губампIэр игъэтIысыну хэхэсым пшынэм фIэкIа тегъэщIапIэ имыIэжу куэдрэ къыхуихуащ.. «Си пшыналъэр къыфхузогъанэ, сигу къеуэу си хэкур собгынэ» жиIэу кхъухьым итIысхьэу хамэщI кIуа Чэбэхъан пшынэр губампIэдэх ищIакъэ, жыпIэмэ, ищIащ. Хьэмэрэ хэкужь хуэлIэу лIэжа, зи пшынэми а хэкужь имыIэр езыгъэ­гъея Умар Хьэбидэт дауэ зэрыпщы­гъупщэнур? Я цIэ къизмыIуэми, мащIэкъым пшынэр зыгъэгъар, абыкIэ зи гущхьэ бампIэр зыгъэтIыса тхьэ­мыщкIэхэр. ЦIыхум и гъащIэм къыхохуэ, и гу бампIэр зэригъэтIысын Iэмал лъыхъуэу. Мыбдеж пшынэри псэхэлъхьэж зэрыхъуам шэч хэлъкъым….
Нобэ тIэкIу зыкъэтщIэжми, ди щхьэр къэтIэтыж хуэдэу дыхъуами, ди Iуэхум иджыри мыхъумыщIэу зыкъом хэлъми, гугъэм зыкъиIэтащ. Тхьэм и шыкуркIэ, адыгэр дызэрыщIэ, дызэлъэIэс хъуащ. Иджы пшынэм губампIэдэхыу языныкъуэхэм деж деплъыркъым. Мы иужьрей илъэсхэм ар хуэмурэ къэдгъэпсэлъэжащ. ИпэкIэ гъыуэ щытами, къыпыдгъэгуфIыкIыфащ, иджы гур хэзыгъахъуэ пшыналъэхэрщ абы къикIын хуейр. Сыту ирехъуи, пшынэм ищIэнур зы фIы гуэру къыщIэкIынщ.
- Тимур, уи усыгъэмрэ макъамэмрэ зэхэзыхахэм гъэщIэгъуэну зыгуэрым гу лъатэ. Уи уэрэдхэм хэт псалъэхэр «тIорысэу», макъамэхэми ущедаIуэкIэ, пасэрей пшыналъэжьхэр бгъэджэгу хуэдэу, къэбгъэщIэрэщIэжу къыпфIощI. Мыр щэху зыхэлъ Iуэху гуэру пIэрэ хьэмэрэ уи зэчийм къигъэпкI гуэр?
- Дауи, къизгъэкI пшыналъэхэм уа­щыщIэдэIукIэ, пасэрей еуэкIэр къыу­мыцIыхункIэ Iэмал имыIэу и лъабжьэм щIэтщ. Пасэрей пшынэ еуэкIэр фIыуэ къэзубыда нэужьщ, сэ иджырей еуэкIэхэм щыгъуазэ сащыхуэхъужар.
Псалъэхэм ятеухуауэ жысIэмэ, сэри уэри дезыгъэджар Жылау Нурбийщ. Мыр лIы щэджащэу диIащ адыгэм. Нэгъэсауэ егъэджакIуэт. Куэдым дригъэдэIуащ, дыщигъэгъуэзащ. Псалъэм папщIэ, хьэщIэщ уэршэрыкIэм, лIыжь хъыбар IуэтэкIэм, нэхъыжь зэ­хэсыкIэм, адыгэ зэхущытыкIэм, зэпсэ­лъэкIэ хабзэхэм ехьэлIауэ абы къыдбгъэдилъхьам, хъыбару къытхуиIуэ­там щIэи гъуни иIэкъым. Абы къызигъэщIар балигъ гъащIэм лъабжьэ быдэ щысхуэхъуащ. Пшыналъэхэр щыстхми, къызыхэсхын сиIэу срихьэлIащ. ФIыщIэр зейр Нурбийуэ къызолъытэ, адыгэбзэм и лъахэм дизышар аращ.
- Уи уэрэдхэр зыхыумыщIэнкIэ Iэмал имыIэу богъэпс, Тимур. А уэрэдыр щыбускIэ, сыт нэхъ узыгъэпIейтейр, нэхъ зытебгъащIэр?
- Псэращ псори зэлъытыжар. УзыгъэпIейтейр умыщIэу, уи псэр зыгуэрым зэрихуэу хуожьэ. Абы щы­гъуэм жьэгум деж сотIыс, пшынэр, хьэзырыххэщи, къызощтэри, а къэпIэ­жьажьэр къизгъэкIыу сыхуожьэ. Тхьэм къызитар къыIызох, жысIэнщ (погуфIыкI). Абы къуитар пшынэ Iэпэм тыболъхьэ, итIанэ нотэм тептхэнущ. НотэкIэ занщIэу зэхуэбгъэкIуэну иужь уихьэмэ, нэхъ гугъущ.
- Уи гур пIэжьажьэрэ уи Iэпэр щымыдаIуэ къыхэкIрэ?
- Я нэхъыбапIэм апхуэдэщ (погуфIыкI). Гу зэрылъыстамкIэ, зэрыщы­тыр пщIэрэ? Зыгуэрым ущигъэгузавэм деж, уи гур сыт хуэдизу мы­пIэжьэжьами, пшынэ Iэпэм зыри къыпхуигъэкIынукъым. Уигурэ уи щхьэ­рэ зэтелъу, узэхурикъужу, нэ­гъуэщI гупсысэ уимыIэу уэр-уэру укъыщынэм дежщ къыщызэрыIэтыр псори. Апхуэдэу гупсэгъэIэсэу сэ сиIэр жэщырщ.
- Уэрэдыр сыт хуэдизу гурыхьу умыусми, сыт хуэдэу дахэу макъамэр зэхыумыгъэувэми, ар цIыхум деж нэзыхьэсын уиIэн хуейщ. А IуэхумкIэ лъэныкъуитIри фызэ­хуэ­арэзыуэ зыгуэрым удэлажьэу къыщIэкIынщ.
- Пшыналъэм ехьэлIамэ, сэ езым утыкум къисхьэжынущ, абы хуэныкъуэу къысщыхъу макъамэ Iэмэпсымэхэр къесшэлIэжурэ сызэрыхуейм хуэдэуи сщIынущ.
Ауэ уэрэдмэ, сфIэгъэщIэгъуэнщ дэтхэнэ адыгэ уэрэджыIакIуэми сыдэ­лэжьэну. Макъыр абыхэм Тхьэшхуэм къаритащ, сэ мы пшынэ Iэпэр къы­зэрызитам хуэдэу. УэрэджыIакIуэ къэс зыр зым къыщхьэщызыгъэкI зэчий ябгъэдэлъыжщ. Зы хэубыдыкIауэ мыхъуу, нэхъыбэм садэлажьэмэ нэхъ къызощтэ. Абы теухуауэ ди уэ­рэд­жыIакIуэхэм яхэту къыщIэкIынкъым зызыхуэзгъэзауэ сыкъэзыгъэщIэхъуа. Иджыблагъэ ди лэжьыгъэ кIапэ гуэр дунейм къытехьащи, абыи къигъэлъэгъуащ ар.
- Нэхъ пыухыкIауэ жыпIэмэ, цIыху­хэр щIоупщIэ ТхьэкIумащIэ Аслъэнрэ Хьэкъул Оксанэрэ ягъэзащIэ уэрэдхэм. Мы уэрэдитIыр къыт­рагъэзэжурэ едаIуэу куэдрэ зэхэп­хынущ…
- «Хъуапсэ и псэ кIуэдыркъым», - жиIащ пасэрейм. Хъуапсэр дэтхэнэ зыми хэлъмэ, дапщэщми зэ къе­хъулIэнущ и хъуэпсапIэр. Уэрэдыр щхьэ ТхьэкIумащIэ Аслъэн жебгъэIэн хуей хъуа жыпIэмэ, ар езыр къаруу­шхуэ зыбгъэдэлъ цIыхущ. Ар сэ занщIэу зыхэсщIащ икIи сызэры­щымыуари иужькIэ си фIэщ хъужащ. Езы Ас-лъэн къыгурыIуэжу си гугъэкъым а уэрэ­дым хилъхьар зыхуэдизыр икIи ар абы къызэрехъулIар. ДяпэкIи апхуэдэу лажьэу Iуэхур игъэкIуатэмэ, адыгэ макъамэ гъуазджэм и дунейм куэдрэ хэтыну щIалэщ Аслъэн.
«Абедэ и фIыгъуэ» жыхуиIэ уэрэдым теухуауэ жыпIэмэ, Чэбэхъан-пшынауэм иужькIэ Абедэщ (Хьэбидэтщ) сэркIэ щапхъэр. Чэбэхъан и цIэр Iуэры­Iуэтэжу зэхэсхыжауэ аращ, ауэ Хьэбидэт къэсцIыхуащ. Хьэбидэт жиIэну зыхуеяр уэрэдымкIэ езыр къыдэпсалъэ хуэдэущ зэрыстхар. «Сэ мыбы нэсщ схуэхьар, адэкIэ фэ къыпыфщэ», - жиIэу къысщохъу абы и гъащIэм сыщыпхрыплъкIэ. Хьэбидэт дыщэ пхъуантэ ирокъу, илъэсищэм къриубыдэу апхуэдэ цIыху зэ къалъхуми аращ. Ди насыпщ адыгэм апхуэдэ цIыху къызэрытхэкIар. Сэ хуэс­щIэ­жы­фынурати, си гуапэу уэрэд хуэзгъэпсри, цIыхум и пащхьэ ислъхьащ абы и цIэр. Гум и къуэпсым нэсыфыну къыс­щыхъуар Хьэкъул Оксанэщ. Уэрэдыр зыгъэзэщIэнур къыщыхэсхми куэдрэ сегупсысакъым, занщIэу зыхуэзгъэ­фэ­щар Оксанэщ. Хьэбидэт и щIалэ­гъуэмрэ Оксанэ и щытыкIэмрэ зэ плъэ­гъуэкIэ зэтохуэ. Мор пшынауэ Iэзэу, мыдрейр уэрэджыIакIуэ Iэзэу щытми. Си гугъэщ уэрэдым гъащIэ иIэну…
- Уи уэрэдхэм я гъэпсыкIэр зыми ещхькъым. Сыт абы лъабжьэ хуэ­хъур?
- Хэкур зрагъэбгына адыгэхэм дахэ-дахэу уэрэд яусыжакъым. Абыхэм здрахар жаIащ, я къафэхэм еуэжащ. Илъэсищэрэ щэ ныкъуэкIэ яхъума уэрэдыжьхэр щыIэщ, псом хуэмыдэу Узун-Яйла щахъумащ. Къафэхэмрэ уэрэдхэмрэ я тхыдэр ящIэжу апхуэ­дэщ. Уэ ущыIащ абы, щыплъэгъуащ, щызэхэпхащ. Хэкум исхэри къэбэ­дзэуэжу хуежьащ. УэрэдыжьхэмкIэ ­хуеплъэкI, абы и IэфIыр зыщIашэ ­хъуащ. Езыхэм уэрэдхэр яусыжу ­хуежьащ.
Ауэ сигу иримыхь щыIэщ. «Сэ сыноплъри, уэри укъызэплъыжри дигу зрихьат» жыхуиIэхэм хуэдэхэр сэ къасщтэркъым. Ауэ апхуэдэхэр уигу иримыхькIэ зэфIэкIыркъым. Ар щу­мы­дэкIэ, блэкIа, иджырей адыгэ пшы­налъэ и щIэбзэу, пщэдейм и щапхъэу къэгъэщI, утыкум пхуэщIэр щыщIэ. ПхузэфIэкIынумэ… Апхуэдэущ сызэрегупсысар. Сэ нобэрей адыгэ эстрадэр зэрыслъагъур къэзгъэнэ­хуащ.
- Уи цIэм епхауэ йокIуэкI пшынауэ пшыхьхэр, Тимур…
- ЯпэщIыкIэ «пшынауэ удж» фIэсщри, апхуэдэу илъэс зыбжанэкIэ екIуэ­кIащ. ИтIанэ «пшынауэ пшыхь» ­хъуащ. Апхуэдэу а концерт зэIущIэр Думэн Мурадинрэ сэрэ зэгъусэу къызэдгъэпэщащ. Думэн Мурадинт къызэгъэпэщакIуэ нэхъыщхьэр, сэ сри­дэIэпыкъуэгъут. «Пшынауэ уджым» и щытыкIэм ещхьу, «пшынауэ джэгу» езгъэжьащ иужькIэ. Мы «пшынауэ джэгур» «пшынауэ шоум» хуэзгъэкIуэну мурадхэр сиIэщ, гупсысэ гуэрхэр нобэкIэ зопцI. Тхьэм жиIэмэ, утыкуми ихьэнщ. ДызыхуэкIуэ бжьы­хьэм дгъэ­лъэгъуэну согупсыс.
- Тимур, ищхьэкIэ къыхэбгъэщащ уэрэджыIакIуэхэм ядебгъэкIуэкI лэжьыгъэр зыхуэдэр къэзыгъэлъагъуэ уи гуащIэдэкI иджыблагъэ дунейм къызэрытехьар. Зи гугъу пщIыр Тыркум къыщыдэкIа уи альбомитIыр арагъэнщ. Ар щхьэ хамэщIым дунейм къыщытехьа?
- Дуней псом щызэбгрыдза хъуа ди лъэпкъэгъухэм я нэхъыбэр здэщыIэр Тырку щIыналъэрщ. Дызыщыгъуазэ тхыдэ Iуэхухэм адыгэр хэхэсрэ хэкурысу зэкъуачащ. Абы лъэныкъуитIыр «ментальность» жыхуаIэ лъэпкъ гупсысэкIэмкIэ зэщхьэщичащ. Зы пшыналъэ ищIэн хуэдизкIэ мыбы ­исымрэ хамэщI щыIэмрэ зэспхыну сы­хуеящ а альбомхэмкIэ. ХуэIэтын хуэдизкIэ пшыналъэмрэ уэрэдымрэ къатехуэрщ жыхуэсIэр. Адыгэхэр зэпызыщIэ лъэмыж хъуну сыщыгу­гъащ абы. Альбомхэр Тыркум, дунейр щызэблэкI Истамбыл, къыщыдэкIы­ным щхьэусыгъуэ хуэхъуари аращ.
- АльбомитIри зиIэхэм сурэт зыт­­­рагъэхыурэ интернетым къызэ­рырагъэувэм къегъэлъагъуэ абы щIэупщIэ зэриIэр…
- Ар иреныбжьыщIэ, иренэхъыжь, Тыркум и тыкуэнхэм адыгэ макъамэрэ уэрэдрэ зытет диск къызэрыщащэхуар ягъэлъэгъуэжу Интернетым сурэткIэ къыщрагъэувэжкIэ, къызэ­рыз­гурыIуэр абыкIэ си гуапэ ящIыну хэт къудейуэ аракъым, атIэ зэры­лъэпкъыр, хэку зэраIэр адрейхэми нэрылъагъу щащIуращ. Ари зы Iэмалщ я адыгагъэр нэхъ лейуэ къыхагъэ­щынымкIэ. Мыбы и IуэхукIэ а зи гугъу сщIа лъэмыжыр зекIуапIэ хъуа хуэдэу соплъ…
- Уигу илъым уи лъэкIэ унэсу, уузыншэу, уи лъэпкъ щIэбгъэгушхуэн гуащIэрэ зэфIэкIрэ куэду къып­къуэкIыу Тхьэм уигъэпсэу, Тимур!

Епсэлъар Табыщ Муратщ.
Поделиться: