ДызыщIэхъуэпсыну дышына лъагапIэ

Премьер-лигэм дыщыхэта гуимыхуж илъэсхэр. 2010 гъэ

Урысей Федерацэм футболымкIэ и премьер-лигэм 2010 гъэм щекIуэкIа зэхьэзэхуэм нэхъапэм дызыщIэхъуэпсыну дышына лъагапIэ къытхуихьащ. Зэи къэмыхъуауэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм къэралпсо зэпеуэм еханэ увыпIэр щиубыдащ икIи европэпсо утыку ихьэным зымащIэ дыдэщ иIэжар.

Премьер-лигэм щыхэта етхуанэ илъэсыр «Спартак-Налшыкым» зыкъомкIэ хуэугъурлащ. Къапщтэмэ, апхуэдиз очко бжыгъэ (44-рэ) зы зэхьэзэхуэм къриубыдэу абы зэи нэхъапэм къихьыфакъым, апхуэдиз топи (40) и хьэрхуэрэгъухэм яхудигъэкIыфакъым.
2010 гъэм щыIа зэпеуэр апхуэдизу жыджэру ди щIалэхэм къыщIадзати, ещанэ джэгугъуэм щегъэжьауэ бжьыпэр яубыдащ. Новосибирск щыIэу «Сибирь»-р 2:0-у хигъащIэри, гъатхэпэм (мартым) и 27-м «Спартак-Налшыкым» япэ увыпIэр зыIэригъэхьащ икIи, Санкт-Петербург кIуэуэ къэралым и чемпион хъуну «Зенит»-м накъыгъэм и 6-м, судьяхэр я дэIэпыкъуэгъуу, къыхигъэщIэху, зэхьэзэхуэм пашэныгъэр мазэрэ ныкъуэкIэ зэкIэлъхьэужьу щиIыгъащ. Япэу къащытекIуари абы щыгъуэщ.
Апхуэдэ зэфIэкI къэзыгъэлъэгъуа «Спартак-Налшыкым» и хьэрхуэрэгъухэр нэрылъагъуу къыщышынэ хъуащ икIи ар лъабжьэншэтэкъым. Щапхъэу урикъунщ Мэзкуу щыIэу ЦСКА-р, «Динамо»-р зэрыхигъэщIар, цIыху бжыгъэкIэ нэхъ мащIэми, «Спартак»-м къызэрыпимыкIуэтар, нэгъуэщI куэди.
Зэхьэзэхуэм и япэ къекIуэкIыгъуэм иужькIэ налшыкдэсхэм я джэгукIэр нэхъ кIащхъэ хъуащ. Абы и щхьэусыгъуэщ премьер-лигэм и гъуащхьэхъумэ нэхъыфIхэу къытхэта Амисулашвилирэ Кисенковымрэ нэгъуэщI командэхэм зэрыхыхьар, Филатовым фэбжь хьэлъэ зэригъуэтар. Арати, зы­хъумэжыныгъэр къэтIэсхъащ икIи абы и зэранкIэ иужькIэ яхуримыкъужа очко зыбжанэ яфIэкIуэдащ. Апхуэдэу щыт пэтми, «Спартак-Налшыкыр» 2010 гъэм и зэпеуэм еханэ увыпIэм къыщекIуэтэхакъым. Абы къегъэлъагъуэ ар командэ лъэщу зэрыщы­тар.
«Зэрыщытар» щIыжытIэм щхьэусыгъуэ ин иIэщ. Япэрауэ, премьер-лигэм дыхэзыша икIи иджыри къэс абы дыхэзыгъэта Красножан Юрэ ди командэм и тренер нэхъыщхьэу адэкIэ щытыжакъым. ЕтIуанэрауэ, 2010 гъэм яIа ехъулIэныгъэхэр зыкъомкIэ зи фIыгъэ футболист зыбжанэ «Спартак-Налшыкым» хэкIыжащ, Джатэрывэ Къазбэч, Гогуа Гогитэ, Дядюн Владимир, Леандру, Васин Виктор сымэ я пашэу.
«Спартак-Налшыкыр» и стадионым хъарзынэу щыджэгуащ 2010 гъэм икIи абы щызыIэригъэхьа очко бжыгъэмкIэ къызыкIэрыхуар зэхьэзэхуэм япэ увыпIищыр щызыубыдахэрщ. Чемпионым фIэкIа япэ иримыгъэщынуи хузэфIэкIынут, иужьрей зэIущIэр премьер-лигэм къыхагъэкIынкIэ шынагъуэ зиIэ «Анжи»-м тыгъэ хуимыщIатэмэ. Псалъэм къыдэкIуэу къыхэдгъэщынщи, 2010 гъэм щыIа зэпеуэм ди командэм «хыдзэлI-къезыгъэл» (матрос-спасатель) къыфIригъэщащ. Псым щIилъафэхэр кърагъэлыну я къалэну гуэлхэмрэ тенджызхэмрэ я Iуфэхэм кхъуафэжьейм ису Iут хыдзэлI-къезыгъэлхэм «Спартак-Налшыкыр» куэдым ирагъэщхьыныр къыхэкIащ премьер-лигэр ирагъэбгынэнкIэ шынагъуэ зиIахэу Владикавказ и «Алания»-м, Самарэ и «Крылья Советов»-м, Пермь и «Амкар»-м, Мэзкуу областым и «Сатурн»-м, Грознэм и «Тэрчым», Мэхъэчкъалэ и «Анжи»-м, хуамыгъэфэщэххауэ, къызэрыхагъэщIам. Адрей илъэсхэми апхуэдэ гурыщхъуэхэр къытхуащIу щытащ, арщхьэкIэ 2010 гъэр псоми ефIэкIыжащ. ЗэрыжаIэщи, уи куэдмэ, хуэныкъуэхэм уадэгуэшэну псапэщ.
Футболист лъэщхэр имыIэ пэтми, «Спартак-Налшыкым» джэгукIэ купщIафIэ къигъэлъэгъуэн хузэфIэкIащ. Абы и щыхьэту ирикъунщ зэхьэзэхуэр иухыным джэгугъуитI фIэкIа къэмынэжауэ, «Спартак-Налшыкым» еврокубокхэм зыгъакIуэ етхуанэ увыпIэр Мэзкуу и «Локомотив»-м зэрыдигуэшар. Ди жагъуэ зэрыхъущи, иужьрей зэIущIитIым Красножан и гъэсэнхэм зы очкои къыщахьыфакъым, «Амкар»-мрэ «Анжи»-мрэ къапикIуэтри, икIи «Локомотив»-р Европэм и Лигэм пэрыуэншэу игъэкIуащ.
- Гъэм кърикIуахэм уриплъэжмэ, фIыуэ щыIар нэхъыбэщ, Iейм нэхърэ, - къыщыджиIащ Красножан Юрэ Урысей Федерацэм футболымкIэ и премьер-лигэм 2010 гъэм кърикIуахэм теухуауэ дыгъэгъазэм (декабрым) и 1-м «Спартак» стадионым и пресс-хэщIапIэм щызэхэта зэIущIэм. - Къэралым и командэ нэхъыфIитхум дахыхьэну къытхукъуэкIа Iэмалыр къызэрытхуэмыгъэсэбэпам гуфIэгъуэр щыз ищIыркъым. Армырами, дэ мы гъэм гуп лъэщ диIащ икIи премьер-лигэм хагъэкIынымкIэ нэгъабэ щыIа гузэвэгъуэр тщхьэщыкIри, иджы увыпIэфIхэм дыщIэбэнащ. Абы къегъэлъагъуэ ди зэфIэкIхэм зэрыхэхъуэр.
ЩытыкIэ гугъум дригъэхуауэ щытащ япэ къекIуэкIыгъуэр и кIэм нэблэгъауэ ди гъуащхьэхъумищ зэуэ зэрытфIэкIуэдам. Абыхэм я пIэкIэ джэгун къэтлъыхъуэху, ахэр къытхэзэгъэху, очко куэд тфIэкIуэдащ. Апхуэдэу щыт пэтми, сегъэгуфIэ щIалэгъуалэм я Iэзагъым зэрыхагъахъуэм. Хэти етта Iэмалыр фIы дыдэу къигъэсэбэпащ, хэти ар хузэфIэкIакъым. Гуапэщ ди гъэсэн куэд къэралым и командэ къыхэхам и ныбжь зэмылIэужьыгъуэхэм зэрырагъэблагъэр.
Мыгъэрей зэхьэзэхуэм щедгъэкIуэкIа джэгугъуэхэм уахэплъэжмэ, гур хегъэщI къарукIэ дэ зыкIи къыдэмыфIэкI, уеблэмэ, щытыкIэ гугъум ит командэ зыбжанэ къызэрыттекIуам. «Сатурн»-м, «Алания»-м, «Амкар»-м, «Крылья Советов»-м дыкъыщIыхагъэщIам и щхьэусыгъуэр иджыри къэс схузэхэгъэкIакъым. Пэжщ, Самарэ дыкIуэн ипэкIэ дэ тщыщу цIыху 13 къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм я командэ зэхуэмыдэхэм ираджауэ щытащ икIи къыщытхыхьэжам еша-елIат. Ауэ ари щхьэусыгъуэу схужыIэнукъым, сыту жыпIэмэ гу къыплъатэу Хэкум и щIыхьыр пхъумэну ущраджакIэ, абы уи гукъыдэжри зэфIэкIри хигъэхъуэн хуейщ. ЗэкIэ апхуэдэу щытакъым.
Щхьэхуэу я гугъу сщIыну сыхуейт къыддэщIхэм. Сигу къокIыж лэжьэн щыщIэздзагъащIэ 2004 гъэм стадионым къекIуалIэхэм я щытыкIамрэ иджырэ. Нэрылъагъущ щэнхабзэ, зышыIэныгъэ, зыIыгъыкIэ я лъэныкъуэкIэ лъэбакъуэ ин абыхэм зэрачар. Куэдрэ къыщыхъуа щыIэщ къыддэщIхэм я фIыгъэкIэ зэIущIэхэм дыщытекIуа, щытыкIэ гугъум дыкъыщикIа. ФIыщIэ ин абыхэм яхудощI!
Пресс-конференцыр щекIуэкIа махуэм ирихьэлIэу наIуэ хъуат Красножан Юрэ Мэзкуу и «Локомотив»-м тренер нэхъыщхьэу щылэжьэну зэрырагъэблэгъар. Псалъэмакъым и кIэухыу абы къыхигъэщащ:
- Дэнэ сыкIуэми, сыт хуэдэ IэнатIэ сыпэрыувэми, «Спартак-Налшыкым» сыщыщылэжьа илъэсхэр си гъащIэм и нэхъ IэфIыгъуэхэм ящыщ зыуэ щытынущ. Си насып къикIри, сэ а командэм и унафэщI сащIащ икIи абы ирихьэлIэу мылъкукIэ зыкъытщIэзыгъэкъуэфыну, спортым и мыхьэнэ лъагэр къызыгурыIуэ республикэм и Iэтащхьэу ягъэуващ. КъБР-м и Президент Къанокъуэ Арсен мыхъуатэмэ, нобэрей ехъулIэныгъэхэр «Спартак-Налшыкым» зэи иIэнутэкъым икIи абы къыхэкIыу топджэгум дихьэххэм, ди щIыпIэм щыпсэухэм я пщIэ лъагэ къелэжь. ФIыщIэ ин яхузощI адрей къыздэлэжьа псоми.
Адрей илъэсхэми хуэдэу, «Спартак-Налшыкым» щыщ щIалэ зыбжанэ къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм я командэ къыхэхахэм щыджэгуащ. 2012 гъэм Украинэмрэ Польшэмрэ щекIуэкIыну Европэм и чемпионатым и кIэух зэхьэзэхуэм хэтынухэр къыщыхах зэпеуэм хыхьэ зэIущIэхэм зыкъыщагъэлъэгъуащ Къэзахъстаным и щIыхьыр зыхъума Джатэрывэ Къазбэч, финнхэм я гъуащхьэтет Фредриксон Оттэ, Куржым къикIахэу Гогуа Гогитэрэ Сирадзе Давидрэ. Къазбэч хуэфэщэну пэщIэтат Бельгиемрэ Германиемрэ я футболист нэхъ лъэщхэм, арщхьэкIэ зыхэтахэр къыхагъэщIащ. Псом нэхърэ нэхъ ехъулIэныгъэфI зыIэрызыгъэхьар Черногорием и гъуащхьэхъумэхэу Джудович Миодрагрэ Йованович Миланрэт. Ахэр зыхэта джэгугъуиплIми я гъуэм зы топи къыщыдагъэкIатэкъым. Налшык ираша гъуащхьэхъумэхэм къапэлъэщакъым, уеблэмэ езы инджылыз дыдэхэри - «Уэмбли» стадион цIэрыIуэм щызэхэта зэIущIэр 0:0-у иухат. Абы и фIыгъэкIэ Черногориер зыхэт гупым щыпашэт икIи япэ увыпIэм ерыщу щIэбэнырт.
Ди къэралым футболымкIэ и командэ къыхэха нэхъыщхьэм хагъэхьат «Спартак-Налшыкым» и гъуащхьэхъумэ Васин Виктор. Бельгием драгъэкIуэкIа зэныбжьэгъугъэ зэIущIэм и етIуанэ Iыхьэм джэгупIэ губгъуэм ар ирагъэхьат.
КъищынэмыщIауэ, Урысей Федерацэм и щIалэгъуалэ, ныбжьыщIэ командэ къыхэхахэм 2010 гъэм щыджэгуащ Гъуэщокъуэ Арсен, Плиев Заурбэч, Дядюн Владимир сымэ.
Сыт хуэдэ Iуэхугъуэми зэрыщыту хэплъэн хуейщ. Апхуэдэу пщIымэ, 2010 гъэр «Спартак-Налшыкми» Къэбэрдей-Балъкъэрым и футболми я тхыдэм и напэкIуэцI нэхъыфI дыдэхэм ящыщ зыуэ хыхьэнущ. Куэдрэ къэхъуркъым цIыху мин 850-рэ фIэкIа щымыпсэу республикэм и командэр къэралым щыеханэ хъууэ, абы щыгъуэми мелуан зыбжанэ зыдэс икIи мылъкукIэ зэфIэкIышхуэ зиIэ Мэзкуу областым, Мэзкуу, Дон Iус Ростов, Самарэ, Томск, Новосибирск къалэхэм я гупхэм хэпщIыкIыу ефIэкIыу.

2010 гъэм ирагъэкIуэкIа зэIущIэхэр

1. 12.03. «Анжи» - «Спартак-Налшык» - 0:0
2. 19.03. «Спартак-Налшык» - «Алания» - 2:1 (Щаницын, Гогуа)
3. 26.03. «Сибирь» - «Спартак-Налшык» - 0:2 (Дядюн - 2)
4. 03.04. «Спартак-Налшык» - «Ростов» - 5:2 (Сирадзе, Леандру, Амисулашвили, Дядюн - 2)
5. 12.04. «Рубин» - «Спартак-Налшык» - 1:1 (Русич)
6. 18.04. «Спартак-Налшык» - «Крылья Советов» - 1:0 (Кисенков)
7. 25.04. «Спартак» - «Спартак-Налшык» - 0:0
8. 01.05. «Спартак-Налшык» - «Динамо» - 1:0 (Маляров)
9. 06.05. «Зенит» - «Спартак-Налшык» - 3:1 (Маляров)
10. 11.05. «Спартак-Налшык» - «Локомотив» - 1:1 (Леандру)
11. 15.05. «Томь» - «Спартак-Налшык» - 1:0
12. 08.07. «Спартак-Налшык» - «Тэрч» - 2:1 (Концедалов, Леандру)
13. 19.07. «Сатурн» - «Спартак-Налшык» - 3:1 (Бик­маев)
14. 25.07. ЦСКА - «Спартак-Налшык» - 1:2 (Гогуа, Сирадзе)
15. 30.07. «Спартак-Налшык» - «Амкар» - 2:1 (Концедалов, Леандру)
16. 08.08. «Алания» - «Спартак-Налшык» - 1:0
17. 14.08. «Спартак-Налшык» - «Сибирь» - 4:2 (Дядюн, Леандру - 2, Гогуа)
18. 20.08 «Ростов» - «Спартак-Налшык» - 1:1 (Концедалов)
19. 28.08. «Спартак-Налшык» - «Рубин» - 1:1 (Йованович)
20. 12.09. «Крылья Советов» - «Спартак-Налшык» - 2:0
21. 20.09. «Спартак-Налшык» - «Спартак» - 0:2
22. 26.09. «Динамо» - «Спартак-Налшык» - 0:3 (Дядюн - 3)
23. 03.10. «Спартак-Налшык» - «Зенит» - 2:3 (Голич, Васин)
24. 17.10. «Локомотив» - «Спартак-Налшык» - 1:0
25. 23.I0. «Спартак-Налшык» - «Томь» - 2:1 (Дядюн, Сирадзе)
26. 31.10. «Тэрч» - «Спартак-Налшык» - 1:1 (Дядюн)
27. 05.11. «Спартак-Налшык» - «Сатурн» - 2:0 (Концедалов, Гъуэщокъуэ)
28. 14.11. «Спартак-Налшык» - ЦСКА - 1:1 (Гъуэщокъуэ)
29. 20.11. «Амкар» - «Спартак-Налшык» - 3:1 (Голич)
30. 28.11. «Спартак-Налшык» - «Анжи» - 1:3 (Митришев)

Мэшыкъуэ Аслъэн IэщIэкIакъым къэралым и гъуащхьауэ нэхъыфI Кержаков Александр.

Гъуэщокъуэ Арсен и япэ топыр ­премьер-лигэм ЦСКА-м щыхудегъэкI.


Мэзкуу и «Спартак»-м и гъуэр налшыкдэсхэм хагъэщIащ.

ЖЫЛАСЭ Заурбэч.
Поделиться: