КIэухыр зыIагъэхьами…

(Премьер-лигэм дыщыхэта гуимыхуж илъэсхэр. 2008 гъэ)

Урысей Федерацэм футболымкIэ и премьер-лигэм ди щIалэхэм щрагъэкIуэкIа ещанэ илъэсым арэзы нэхъ дыкъимыщIауэ къэнащ. Щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр гурыIуэгъуэщ – щIэщыгъуэр икIат. Япэ илъэситIым къэралым и топджэгу нэхъыфI дыдэхэм ди «Спартак-Налшыкыр» зэрыхэт къудейм дэрэжэгъуэ къыдитамэ, иджы дыхуейт ар нэхъ лъагэу турнир таблицэм щыдэкIуэтеину. Уеблэмэ, европэпсо утыку налшыкдэсхэр ихьэн хуейуэ къэзыгъэувхэри мащIэтэкъым.
Хъуэпсэгъуэр фIыщ - Iуэхугъуэшхуэхэм укъыхуагъэуш. АрщхьэкIэ абы лъабжьэ гуэр иIэн хуейт. ДиIэу пIэрэт дэ 2008 гъэм апхуэдэ. Ар зэдгъэщIэн папщIэ а илъэсым щыIа зэхьэзэхуэр зэрекIуэкIам дыхэплъэжынщ.
Адрей и хьэрхуэрэгъухэм елъытауэ мылъкукIи игъэджэгунхэмкIи хуэмыщIэщами, япэрей илъэситIым хуэмыдэу, «Спартак-Налшыкым» зэпеуэр текIуэныгъэкIэ къыщIидзащ. Бэнэныгъэ гуащIэм щыхэгъэщIа хъуащ къалэнышхуэхэр зыхуэзыгъэувыжа Мэзкуу областым и «Сатурн»-р. Абы иужькIэ къэхъуар зыгурыгъэIуэгъуейщ – къыкIэлъыкIуа джэгугъуиблым налшыкдэсхэм очко 17 щафIэкIуэдащ. Нэхъ гухэщIыжращи, сыт щыгъуи и стадионым щылъэщ «Спартак-Налшыкым» ари къыдэмыIэпыкъуж хъуащ. Абы и щыхьэтщ зи гугъу тщIа лъэхъэнэм ди щIалэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм плIэнейрэ зэкIэлъхьэужьу къызэрыщыхагъэщIар. ГурыфIыгъуэу щыIар Мэзкуу щыджэгуу ЦСКА-м зэрытекIуарщ. Ауэ аргуэрри къытIуригъэупщIыIуэжащ а зэIущIэм щыдигъэкIа топымкIэ очкоищыр къытхуэзыхьа, куэд дыдэкIэ дызыщыгугъ Къэжэр Назир къыщыщIам. ТекIуэныгъэм игъэгушхуа щIалэщIэр, дауи, журналистхэм къаухъуреихьащ икIи «ЦСКА-р хэдгъэщIащ, хэт адэкIэ зи чэзур, «Спартак»-ра?!» псалъэхэр къызэдапхъуэтащ. Назир апхуэдэу зэрыжиIам я хьэрхуэрэгъухэр нэхъри къызэщIигъэплъауэ ди командэм и тренер нэхъыщхьэ Красножан Юрэ къилъытащ икIи зэрымыарэзыр къыхигъэщу къэпсэлъащ. Езы Къэжэрри IумпIэгъуафIэтэкъыми, Iуэхур нэхъ кууж ищIащ. тхьэмахуэ дэкIри къэкIуа Мэзкуу и «Спартак»-р Налшык къыщытекIуэу ар зэрахъуэжар хуэшэчакъым икIи губжьауэ джэгупIэ губгъуэм къикIыжащ, и Iэр зэрыпхауэ щыта бинтыр хыфIихуэу. Апхуэдэ зыщIыкIэр Красножан къыхуигъэгъуакъым - абы иужькIэ зэIущIэхэм куэдрэ къригъэхьэжакъым икIи, дауи, и джэгукIэр зэтекIащ дзыхь къызэрыхуамыщIыжым къыхэкIыу. ИпэжыпIэкIэ футболист Къэжэр Назир и къэкIуэнур абдежым щызэхуэщIа хъуащ икIи иужькIэ зыкъиужьыжыфакъым.
Зэхьэзэхуэм и пэщIэдзэм къэхъуа а къайгъэр «Спартак-Налшыкми» зэрыщыту зыхищIащ икIи зэкIэлъхьэужь зэIущIищым зы очко зыIэригъэхьэфауэ аращ. Нэхъ хьэлъэ дыдэ хъуар Налшык шыIэу «Москва»-р 3:0-у къызэрытекIуарат.
АдэкIэ Iуэхур зэрыхъунур хэт ищIэнт, ебгъуанэ-епщыкIутIанэ джэгугъуэхэм зэкIэлъхьэужьу плIэнейрэ щытекIуэу турнир таблицэм щыдэмыкIуэтеижатэмэ. А лъэхъэнэм узэрыгушхуэн куэд хэлъащ: километр мин зыбжанэ къызэранэкIри, ди щIалэхэм япэу Владивосток щыхагъэщIат «Луч-Энергиер»; ефIэкIат нэгъуэщI щIыпIэхэм щыIэу а зэхьэзэхуэм иджыри къэс зыри къызытемыкIуа, турнир таблицэм пашэныгъэр щызыIыгъ «Рубин»-м; Санкт-Петербург топиплI щыдагъэкIри, очкоищым хагъэкIыжат УЕФА-м и кубокымрэ Суперкубокымрэ къезыхьэлIэу къекIуэлIэжагъащIэ «Зенит»-р.
А псоми гугъэ IэфIхэр къызэщIигъэушат. Арщ­хьэкIэ, къэнэжа джэгугъуэ 18-м къриубыдэу «Спартак-Налшыкыр» тIум щытекIуэжауэ аращ - Налшык щыIэу «Тэрчымрэ» хьэщIапIэ кIуауэ «Москва»-мрэ. ФокIадэм (сентябрым) и 21-м къэралым и къалащхьэм къыщахьа текIуэныгъэр а гъэм иужь дыдэу къыщIэкIащ. Абы къыкIэлъыкIуа мазитIым щIигъум ирагъэкIуэкIа джэгугъуи 8-м ди щIалэхэм зыри хагъэщIэфакъым.
Хьэлэмэтращи, очко хуэныкъуэ псоми, «Зенит»-м фIэкIа къэмынауэ, ахэр «Спартак-Налшыкым» и деж щагъуэтащ. Ирехъу ахэр медалхэм щIэбэнхэрауи е премьер-лигэм къыхэнэну ныкъуакъуэхэрауи. Дауи, абыхэм яужькIэ налшыкдэсхэм я зэIущIэхэр ящэу псалъэмакъ мыщхьэпэ куэд ежьащ. Ар щIэбгъэщIэгъуэни щыIэтэкъым.
Абы кърикIуар сыт? «Спартак» стадионым и ихьэпщIэр хуэдищкIэ ягъэпудами, цIыхухэр къахуемыкIуэлIэжу, ди командэр губгъуэм щикIыжкIэ къыдэщIхэр мыарэзыуэ къефийуэ хъуащ. Языныкъуэ футбол IэщIагъэлI цIэрыIуэхэм течауэ жаIэрт налшыкдэсхэм зэпеуэр зэраухрэ куэд щIауэ икIи уазэрыщыгугъын щымыIэжу.
 Апхуэдэу гухэщIу иухащ «Спартак-Налшыкыр» премьер-лигэм зэрыхэта ещанэ илъэсыр. Зы мащIэкIэми, ар адреитIым нэхърэ нэхъыкIащ зыIэрагъэхьа очко бжыгъэмкIи, къыхудагъэкIа топхэм я куэдагъымкIи.
Арати, 2008 гъэм екIуэкIа зэхьэзэхуэм арэзыныгъэ лъэпкъ къаритакъым Къэбэрдей-Балъкъэрым футболым щыдихьэххэми, ди командэм хэтхэми, абыхэм я унафэщIхэми. ГурыIуэгъуэт «Спартак-Налшыкым» зэхъуэкIыныгъэфIхэр зэрыщыIэн ­хуейр.
«Спартак-Налшыкым» и фащэр щыгъыу а гъэм премьер-лигэм къэрали 10-м ящыщ футболист ­27-рэ щыджэгуащ. Дауи, нэхъыбэ дыдэр Урысей Федерацэм и цIыхухэрат. Ди къэралым щыщу Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр зыхъумахэм я бжыгъэр адрей илъэсым елъытауэ 8-кIэ ягъэмэщIащ, ауэ абы щхьэкIэ къэмынэу адыгэхэм хэхъуащ. «Спартак-Налшыкым» 2008 гъэм щыджэгуахэщ гъуащхьэхъумэныкъуэхэу Мэшыкъуэ Аслъэн (зэIущIэ 28-м хэтащ), Джатэрывэ Къазбэч (26), Балэ Рустам (1), гъуащхьауэхэу ДзыхьмыщI Марат (23), Къэжэр Назир (14), Гъуэщокъуэ Арсен (8) сымэ.
УегъэгуфIэ ди лъэпкъэгъуу губгъуэм къихьэхэм я бжыгъэмрэ абыхэм псори зэхэту ирагъэкIуэкIа зэIущIэхэм я куэдагъымрэ илъэс къэс зэрыхэхъуэм: 2006 гъэм адыгиплI джэгугъуэ 49-м хэтамэ, къыкIэлъыкIуэм тхур 59-м къихьащ, иджы абыхэм зыкъыщагъэлъэгъуар 100-м нагъэсат. А Iуэхугъуэр гуапэт икIи адэкIи ефIэкIуэну дызыщыгугът.
 «Спартак-Налшыкым» 2008 гъэм щыджэгуахэм ящыщу нэхъыбэ къыздикIар Куржырат (Амисулашвили, Гогуа, Сирадзе). Украинэм и цIыхухэт Шумейкэрэ Патякрэ. Зырыз къикIат Сербием (Радич), Черногорием (Джудович), Бразилием (Фелипе), Литвам (Шернас), Молдовэм (Фрунзе). Бразилием щIыгъуу Босниемрэ Герцеговинэмрэ и паспорт иIыгът япэ къекIуэкIыгъуэм ди командэм хэта Рикарду. Зэхьэзэхуэр икIэм нэблэгъэпауэ Узбекистаным и гражданствэр Урысей Федерацэм еймкIэ ихъуэжат Бикмаевым.
Хьэлэмэтрати, 2007, 2008 гъэхэм къриубыдэу «Спартак-Налшыкым» и футболистхэм метр пщыкIузым и деж щыту зы топи яхудэгъэкIатэкъым. Япэ илъэсым апхуэдэ Iэмал судьяхэм ди командэм къратакъым. Иджы апхуэдэ насып тIэунейрэ къахукъуэкIати, Сирадзерэ Мэшыкъуэмрэ зэуа топхэр гъуэм хуэзатэкъым.
Премьер-лигэм зэрыхэта япэ илъэситIым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэр Налшык щыIэу зэи метр 11-м и деж щыту гъуэм емыуамэ, иужьреитIыр къыщыхъуар ди стадионырат. АрщхьэкIэ… Налшыкдэсхэр пенальти еуэным зэрыщыужар нэрылъагъут икIи абы зэрытелэжьэн хуейм шэч хэлътэкъым.
 
2008 гъэм ирагъэкIуэкIа зэIущIэхэр

1. 14.03. «Спартак-Налшык» – «Сатурн» - 2:1 (Филатов, Мэшыкъуэ)
2. 23.03. «Спартак-Налшык» – «Амкар» – 0:1
3. 29.03. «Тэрч» - «Спартак-Налшык» – 2:1 (ДзыхьмыщI)
4. 04.04. «Спартак-Налшык» – «Динамо» - 0:2
5. 12.04. ЦСКА - «Спартак-Налшык» – 0:1 (Къэжэр)
6. 19.04. «Спартак-Налшык» – «Спартак» - 1:2 (Джатэрывэ)
7. 27.04. «Локомотив» - «Спартак-Налшык» – 0:0
8. 02.05. «Спартак-Налшык» – «Москва» - 0:3
9. 07.05. «Луч-Энергия» - «Спартак-Налшык» - 0:2 (Рикарду, Кочубей)
10. 10.05. «Спартак-Налшык» – «Рубин» - 2:0 (Калимуллин, Кисенков)
11. 01.07. «Зенит» - «Спартак-Налшык» – 3:4 (Анюков - езым и гъуэм, Калимуллин, Джудович, Амисулашвили)
12. 05.07. «Спартак-Налшык» – «Шинник» - 2:1 (Сирадзе, Амисулашвили)
13. 13.07. «Томь» – «Спартак-Налшык» – 1:0
14. 19.07. «Спартак-Налшык» – «Крылья Советов» - 1:1 (Амисулашвили)
15. 30.06. «Химки» - «Спартак-Налшык» – 2:0
16. 03.08. «Амкар» - «Спартак-Налшык» – 0:0
17. 10.08. «Спартак-Налшык» - «Тэрч» – 2:0 (Сирадзе, Самсонов)
18. 16.08 «Динамо» – «Спартак-Налшык» – 1:0
19. 24.08. «Спартак-Налшык» – ЦСКА - 0:0
20. 31.08. «Спартак» – «Спартак-Налшык» – 2:1(Гогуа)
21. 14.09. «Спартак-Налшык» - «Локомотив» - 0:1
22. 21.09. «Москва» - «Спартак-Налшык» - 1:3 (Самсонов, Сирадзе, Калимуллин)
23. 27.09. «Луч-Энергия» - «Спартак-Налшык» – 2:2 (Кисенков, Калимуллин)
24. 04.10. «Рубин» - «Спартак-Налшык» - 3:0
25. 18.10. «Спартак-Налшык» - «Зенит» - 2:2 (Шумейкэ, Мэшыкъуэ)
26. 25.10. «Шинник» – «Спартак-Налшык» - 2:1(Сирадзе)
27. 02.11. «Спартак-Налшык» - «Томь» - 1:1 (Калимуллин)
28. 08.11. «Крылья Советов» - «Спартак-Налшык» - 2:0
29. 16.11. «Спартак-Налшык» – «Химки» - 1:2 (Бикмаев)
30. 23.11. «Сатурн» – «Спартак-Налшык» – 1:1 (Бикмаев)
Къэралым и кубокым
Къэбэрдей-Балкъэрым и командэр, зэи къэмыхъуауэ, къэралым и кубокыр къэхьыным теухуауэ екIуэкIа зэхьэзэхуэм и финалым и Iыхьэ плIанэм 2007 гъэм зэрыщынэсам къыкIэлъыкIуэ илъэсым пащэфакъым. Зэрихабзэу, «Спартак-Налшыкым» хэту нэхъыбэу абы щыджэгуар щIалэгъуалэмрэ командэ нэхъыщхьэм щIыгъуу сыт щыгъуи къихьэну Iэмал зимыIахэмрэщ.
Урысей Федерацэм и кубокым хыхьэу налшыкдэсхэм 2008 гъэм ирагъэкIуэкIар зы джэгугъуэ закъуэщ. Ауэ абыи япэ дивизионым хэт «Витязь»-м и тхыдэм зэи къыщымыхъуа Iуэхугъуэ щрагъэлэжьащ – япэу храгъэгъэщIащ премьер-лигэм щыщ командэр. Ди жагъуэ зэрыхъущи, ар «Спартак-Налшыкырщ».
1/16-нэ Iыхьэм. 06.08. «Витязь» (Подольск) - «Спартак-Налшык» - 2:1 (Бикмаев)
Сурэтхэм: Зэныбжьэгъу икIи зэхьэрхуэрэгъу Мэшыкъуэ Аслъэнрэ Нэхущ Русланрэ «Спартак-Налшыкымрэ» «Сатурнымрэ» щызэдэджэгуам.
Джудович Миодраг ди командэм и капитан нэст.
Мэзкуу и «Спартак»-м дэщIхэр къыщыкIуам.

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

Жыласэ Заурбэч.
Поделиться: