Сыжажэ Ахьмэд Хьэжпагуэ и къуэр 1928 гъэм къалъхуащ. 1941 гъэм 5-нэ классыр къиухащ. Абы и иужькIэ колхозым щылэжьащ. Дзэ къулыкъу нэужьым Тырныауз комбинатым кIуэри, илъэс 22-кIэ шахтэм щIэтащ, 1990 гъэ лъандэрэ къуажапщэ жэмыхьэтым и ефэндыуэ лэжьащ. 1994 гъэм хьэжыщI щыIащ.
Ди Тхьэшхуэм и пащхьэ напэ къабзэкIэ ихьэжыну зи мурад дэтхэнэ муслъымэнми хуэдэу, сэри хьэкъыпIэкIэ спхыкIащ уи дин пIыгъыжыным нэхъ лъапIэ зэрыщымыIэр. Сызэрысабийрэ хьэрэмагъым зыщызодзей, Алыхьым и нэмыплъ къызэрызмыхьыным яужь ситщ. КъурIэным си нэ къыхуикIырти, абы сыкъеджэфу сригъэсащ си анэ шыпхъу Щоджэн Чаусэр. КуэдкIэ къыздэIэпыкъуащ си щхьэгъусэм и адэ, ди къуажэ ефэндышхуэу дэса Щоджэн ХъуатIэ, шахтэм къыздыщIэта къурIэнIыхьлы ГъукIакъуэ Хьэгуцырэ сымэ.
ФIыщIэшхуэ яхузощI дин Iуэхухэм ятеухуа куэдым щыгъуазэ сызыщIа Iэпщэ Гъузер, Шорэ Чашиф, Щоджэн Чазим сымэ. Я ахърэтыр Тхьэм нэху ищI!
ЦIыхухэм я губгъэн къыумыхьу улэжьэныр тыншкъым. Жэуаплыныгъэ ин зыпылъ къалэн егъэзащIэ ефэндым. Нэщхъеягъуэ зиIэм и пщIантIэм дэтын хуейщ ар махуэр щыуаеми щыжьэражьэми, емыкIу къримыгъэхьу, дунейм ехыжам и псэр имыгъэгузавэу.
Зэрихьэ диным зигу хуэкъабзэм и гур сыткIи къабзэщ. Зы дини щыIэу сэ сщIэркъым, фэсэдыгъэм укъыхуриджэу. «Уэ уджаурщ умуслъымэнщ» жыпIэу дин зэхэгъэж пщIы хъунукъым. Диныр зэпэбубыду узэныкъуэкъуныр гуэныхьышхуэ зыпылъщ.
Муслъымэн дин хабзэхэр зэрысхузэфIэкIкIэ тэмэму згъэзэщIэну иужь ситми, сэ сыщIэхъуэпсырт хьэжыщI сыкIуэну, Чэбэ мэжджытым и блыным хэт мывэ лъапIэр си нэкIэ зэзгъэлъагъуну. Тхьэм я псапэм къахупищэ, си щIалэхэм гъуэгупщIэр, гъуэгу тхылъхэр схузэрагъэпэщри, ари къызэхъулIащ, ауэ абы иужькIэ сэ фIыуэ къызгурыIуащ, Мэчэ нэс умыкIуэми, псапэ зэрыпхуэщIэнур. ЦIыхухэм зыгуэркIэ за-щIэбгъакъуэмэ, зыщыгуфIыкIын гуэр яхуэпщIэмэ, тхьэмыщкIэм удэIэпыкъумэ, псапэ хэкIыпIэщIэщ ахэр.
Сэ мурад сщIат мэжджыт сухуэну. Псом япэу а Iуэхум сыщытепсэлъыхьащ ди унагъуэм. Си щхьэгъусэми, си щIалэхэу Хъусени, Хьэсэни, Чэмали, Толи, Артури си мурадыр къыздаIыгъащ, яхузэфIэкI псомкIи къыздэIэпыкъуну сыкъагъэгугъащ. Ар щызэхахым, къуажэдэсхэми я гуапэ хъуащ.
Мылъку гуэр зыбгъэдэлъым зыкъытщIигъэкъуащ, IэщIагъэ зиIэхэр, къарукIэ зыгуэр зыхузэфIэкIхэр ди щIыхьэхухэм къыхыхьащ. Арати, къуажапщэм и уэрам нэхъыщхьэм къытеуващ зи мухьэрэбыр дыгъэм пэлыд, тIууэ зэтет унэ хужьышхуэ. Сэ сыхуейт абы и ухуэныгъэм мылъкукIэ, къарукIэ хэлIыфIыхьахэм я цIэ къисIуэну. Абыхэм ящыщщ Соблыр Руслан, Джэдгъэф Марян, Щомахуэ Хьэрэбий, Къуэдзокъуэхэ Хьэсенрэ Iэуесрэ, Шэт Руслан, АбытIэ Мусэ, Жылау Барэ, ЛIизэм Барэсбий, Согуэ Мухьэмэд сымэ, нэгъуэщIхэри.
Зэрагъэплъ батарее 21-рэ пщIэншэу тхуигъэуващ Къумыкъу Хъусен Алий и къуэм. Пэшхэр хьэкъыншэу штукатур тхуищIащ Къумыкъу Хъусен Хьэмид и къуэм.
Си щIалэ Хъусен сом мин щэ ныкъуэ къызитри, мэжджытым и кIуэцIыр къредгъэщIыкIащ.
Тхьэм и унэр ухуэным зи гуащIэ хэзылъхьа псоми я псапэр минкIэ Алыхьым яхуигъэбагъуэ!
Къуажэ щыхъукIэ, Iуэху Iэджи дэлъщ. ФIым къыдэкIуэу, мыхъумыщIи щыплъагъунущ. Куэд щIауэ сигу къоуэ къуажэм кIуэцIрыкI кIэнауэм цIыху куэд зэрыхэкIуадэр. Псы нэпкъыр задэщ, цIэнтхъуэрыгъуэщи, убэлэрыгъамэ, бетэмалщ абы ухэкIуэдэныр. Ар зэрышынагъуэр къалъытэри, гъущI пкIэлъей цIыкIухэр бетоныбгъум хагъэуват, ауэ ахэр жьы хъури, хэхуэжащ. Къэнахэри къуейщIейхэм хатхъыжащ. ИужькIэ бетон бжыхьыр цIыху зекIуапIэхэм Iуагъэуват, арщхьэкIэ ахэри гущIэгъу зыхэмылъхэм якъутащ. Гужьеигъуэ ихуам дежкIэ сэбэпышхуэ хъунут, гъущI пкIэлъей цIыкIухэр хагъэувэжамэ е гъущI кIапсэ епхъуапIэ гуэрхэр ящIамэ.
Щхьэж и диным пщIэ хуищIу, ирилажьэу, ирипсэууэ, нэхъыфI-нэхъыкIэкIэ зэхимыдзу, бэIутIэIуншэу, узыншэу Тхьэм цIыху псори дызэдигъэпсэу, мурадыфI диIэу, ди хъуэпсапIэхэр къыдэхъулIэу.