Студент гъащIэм хашэ
Университет хъыбархэр КъБКъУ-м и студпрофкомым къыхилъхьа жэрдэмыр жыджэру даIыгъащ «студент» цIэр зыфIащагъащIэ щIалэгъуалэм. Абыхэм гуп-гупу загуэшри, «Езанэ курсым щIэтIысхьам и лъагъуэ» зэхьэзэхуэ гъэщIэгъуэным зэдыхэтащ. «Станц» 40-м къыщыувыIэ а гъуэгуанэм студентхэм къащыпэплъэрт Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэ куэд. Апхуэдэхэт, псалъэм папщIэ, псынщIэу жэнри, гушыIэ пхэлъынри, къуажэхьхэмрэ ребус зэмылIэужьыгъуэхэмрэ къэщIэнри, литературэм хэпщIыкIынри, IэкIуэлъакIуагъ зэрыпхэлъыр къэгъэлъэгъуэнри, уэрэдхэр я макъамэхэмкIэ зэхэпцIыхукIынри, уи нэр щыпхауэ узэIусэ хьэпшыпыр къэпщIэнри, нэгъуэщI лэжьыгъэ хьэлэмэт куэди. А псоми ехъулIэныгъэкIэ пэлъэщыфахэм я зачёт тхылъхэм «Афэрым!» иратхащ, Iэгуауэшхуэм щIэту.
Поделиться:
Читать также:
25.04.2024 - 14:33 →
Iус зэхэлъым къыщIэупщIэм хохъуэ
25.04.2024 - 13:00 →
Хэкур фIыуэ лъагъуным хуаущий
23.04.2024 - 19:01 →
ГъуэгуфIхэр нэхъыбэ мэхъу
23.04.2024 - 13:54 →
Зэхуэсышхуэм зыхуагъэхьэзыр
23.04.2024 - 12:52 →
Компьютер щIэпхъаджащIэхэм щахъумэ
|