Нэхъ лъэщхэр ягъэпажэКъБР-м щыIэ МВД-м и спорт IуэхущIапIэм щекIуэкIащ «Динамо» спорт зэгухьэныгъэм пашэныгъэр къыщыхьынымкIэ гырэ спорт зэхьэзэхуэ. Зэпеуэхэм хэтащ къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ щIыналъэ къудамэхэмрэ ведомствэм и IэнатIэхэмрэ я командэ 14, Урысей МВД-м и Краснодар университетым IэщIагъэм щыхагъахъуэ и Кавказ Ищхъэрэ институтым, Урысей ФСБ-м, МЧС-м я щIыналъэ управленэхэм я лIыкIуэхэр, Урысей ФСБ-м и управленэу КъБР-м щыIэм и Гъунапкъэхъумэ IуэхущIапIэм дзэ къулыкъур щезыхьэкIхэр. Я хьэлъагъ елъытауэ ахэр гупиплIу гуэшауэ щытащ: килограмм 70-м, 80-м, 90-м нэсхэр, 90-м щIигъухэр. ЦIыхуиплI зыхэт командэхэм къапэщылът гырэр нэхъыбэрэ къаIэтыну.
Поделиться:
Читать также:
25.04.2024 - 17:30 →
Олимп чемпионыр ящыгъупщэркъым
25.04.2024 - 17:00 →
Кубокыр къыздашэ
23.04.2024 - 20:03 →
Уанэш зэхьэзэхуэшхуэ
23.04.2024 - 17:06 →
Гуп зэпеуэм япэ щыхъуащ
23.04.2024 - 15:26 →
Урысейм щынэхъ лъэщхэр
|