Адыгэ (къэбэрдей) дзэпщхэр

Къэбэрдеипщхэмрэ Джылахъстэней пщыхэмрэ. Сурэтыр зыщIар наIуэкъым. ХVII лIэщIыгъуэ

 

(КIэухыр. ПэщIэдзэр №59-м итщ).

ХVII лIэщIыгъуэм икухэм щыщIэдзауэ ХьэтIохъущокъуэхэ нэхъ цIэрыIуэрэ фIэлIыкI нэхъ зиIэрэ Къэбэрдейм исакъым.
Тэрч псыр тенджызым щыхэхуэм деж, Идар и къуэ Темрыкъуэ и лъэIукIэ, урыс дзэпщхэм быдапIэ (Тэрч къалэ) тращIыхьауэ щытащ. Къалэр урыс пащтыхьым еувэлIа адыгэпщхэм хэщIапIэ яхуэхъуащ. Урыс дзэпщхэм я тIасхъэщIэххэм яхэтащ ШужьеипщкIэ зэджэр. Ар къищIэри, ХьэтIохъущыкъуэ Шужьейр иригъэукIащ. Тэрч къалэ дэс Чэлимэтыпщым пащтыхьым деж итхыгъащ: «Нэхъапэм, зиусхьэн, кърым хъаныкъуэ Жан-Джэрий къэкIуасэу Къэбэрдейм къыщыкIуам щыгъуэ, си малъхъэ Урыскъан и къуэ Шужьей Алыджыкъуэрэ ХьэтIохъущыкъуэрэ я деж плъакIуэ-дэIуакIуэ щыIэти, хъаныкъуэмрэ Къазий и бынхэмрэ къаухэс псор си деж къигъэсыжырт, сэ а хъыбархэр зэрызэхэсхам хуэдабзэу уи дзэпщхэм яIэрызгъэхьэжырт. Ар къищIэри, ХьэтIохъущыкъуэ Шужьей къезэуащ, итIанэ и бейгуэл Лъэпщыкъуэ къриутIыпщри, къригъэукIащ».
ХьэтIохъущыкъуэ и адэшхуэмрэ Шужьей и адэ Жансэхъурэ зэшщ.
Шужьей ХьэтIохъущыкъуэ щригъэукIар 1626 гъэрщ е зымащIэкIэ нэхъ пасэущ.
IуэрыIуатэм ихъумащ ХьэтIохъущыкъуэ Шужьей зэриукIам и хъыбар. Мыращ хъыбарым жиIэр:
«ХьэтIохъущыкъуэрэ Шужьейрэ лIыфIыгъуэ зэримыгъахуэурэ бий зэхуэхъуащ. Шужьеипщыр лIы зэщIэмыкIуэжт, лIыгъэ-шыгъэкIэ упэлъэщынутэкъым. Алыджыкъуэ деж кIуэри ечэнджэщащ ХьэтIохъущыкъуэ.
- УемыбзэджэкIауэ упэлъэщынукъым, - къыжриIащ Алыджыкъуэпщым. - Шужьейрэ сэрэ дызэбийщ. Уэрэ сэрэ дызэщыIеижауэ дгъэIунщи, Шужьей деж укIуэнщ, уекIуж зыпщIынщ, Тэтэртуп фыкIуэнщи, тхьэ зэхуэфIуэнщ, къыщывгъэзэжкIэ гъуэгум щыбгъэбэлэрыгъынщ.
Шужьей екIуж зищIащ ХьэтIохъущыкъуэ, Тэтэртуп кIуэри, тхьэ зэхуаIуащ, къыщагъэзэжым зы Iуащхьэ деж щепсыхащ.
- Мы Iуащхьэр Бахъсэн нэхъ и гъунэгъу хьэмэ Шэджэм нэхъ пэблагъэ? - еупщIащ ХьэтIохъущыкъуэ Шужьей.
- Ди пщафIэхэм къащIэнщ, - жиIащ Шужьей.
ПщафIэхэр ирагъэжьащ. ПщафIэхэр щыIукIым, ХьэтIохъущыкъуэ Шужьей еупщIащ:
- КъамэкIэ уепыджмэ, нэхъыфI, хьэмэ сэшхуэкIэ къеупщIэтэхмэ, нэхъыфI? - жери.
- Къэрабгъэр мэпыджэ, лIым къреупщIэтэх, - жиIащ Шужьей, жейм здыхилъафэм.
- КъезыупщIэтэхым ухуэзащ, - жери, ХьэтIохъущыкъуэ Шужьей и щхьэр тIууэ зэгуихуащ.
И щхьэр зэгуипIэжри, Шужьей къызэ­фIэ­тIысхьащ, и нэпсыр къыщыщIэкIым, ХьэтIохъущыкъуэ къыхуеплъыхащ:
- Щхьэ угърэ? - жери.
- СыщIэгъыр сызэрылIэракъым, - жиIащ Шужьей. - «Хэт зыукIар?» жаIэрэ щIэупщIэмэ, «ХьэтIохъущыкъуэжь цIыкIуращ» зэрыжаIэнурщ.
Ар жери, Шужьей и псэр хэкIащ. И хьэдэм Iуащхьэ тращIыхьащ. Шужьей и IуащхьэкIэ йоджэ абы иджыри къэс. Iуащхьэр Бахъсэнрэ Шэджэмрэ я зэхуаку дэтщ».

Алъхъэс Мудар

ДЖЫЛАХЪСТЭНХЭ я лъэпкъыр къызытехъукIа Минбулэт Джылахъстэн и къуэрылъхум и къуэщ. Дарьял псыхъуэ дэтIысхьэри, бгым къыщхьэдэх гъуэгум тепщэ щыхъуащ (куржы къалэ Казбеги иджы здэщысым деж щыпсэуащ, и жылэхэри абы игъэIэпхъуэри). Къэбэрдей Iуэхухэм къыхэIэбэ зэпытащ, пщы зэныкъуэкъухэм яку дыхьэурэ. Ираным куэдкIэ щыгугъырти, абы гъунэгъу зэрыхуэхъуным пылъащ. Ар къыхуадакъым Щоджэныкъуэ Алыджыкъуэрэ Къазий и къуэ ХьэтIохъущыкъуэрэ - абыхэм къаукIащ 1641 гъэм.

Муцал

КЪАНКЪЫЛЫШ Сэнджэлей и къуэщ. Каспий и Iуфэм Iут Тэрч къалэм къетIысэкIауэ щыта къэбэрдей жылагъуэхэр IэщIэлъащ. Къэбэрдейм и Iуэхухэм хамэ къызэрыхимыгъэIэбэм щхьэкIэ (е ар щхьэусыгъуэ ящIри) 1640 гъэм ягъэтIысыгъащ. Къамбулэт и бынхэмрэ абыхэм я дзейхэмрэ Балъкъ зауэм (1641 гъэм) щызэ-хакъута нэужь, щхьэхуит хъужри, Къэбэрдейм къигъэзэжащ. 1642 - 1643 гъэхэм Ираным кIуауэ щыта къэбэрдей лIыкIуэхэм пашэ яхуэхъуащ, шах Аббас IущIащ (ар езым и малъхъэт). Кърым тэтэрхэмрэ нэгъуейхэмрэ щезауэм щыгъуэ урысыдзэм хэтащ, 1651 гъэм Сунжэ быдапIэр персхэмрэ шамхалым и дзэмрэ щызыхъумахэм ящыщщ.

Къасболэт

МУЦАЛ и къуэ нэхъыжьщ (Муцал Тэрч Iуфэ Iус Идарейр IэщIэлъащ). Зэадэзэкъуэм 1651гъэм Сунжэ быдапIэр яхъумащ - персхэмрэ шамхалым и дзэмрэ Iэрагъэхьакъым. И адэр лIа нэужь, 1661 гъэм, Тэрч къалэ къетIысэкIауэ щыта бгырыс жылагъуэхэм я тепщэ хъуащ.
Разин Степан и дзэр зэхэзыкъутахэм яхэтащ, ар Кавказ Ищхъэрэм къригъэхьакъым. Астрахъан къалэр Разиным къыIэщIэзыхыжар Къасболэтщ. Тыркухэм я быдапIэ Азов къэзыубыда къэзакъхэмрэ шэрджэсхэмрэ пашэ яхуэхъуащ, Сиваш зэпрыкIри Кърымым ихьащ, абы хъаным и дзэр щызэхикъутащ. Урыс-тырку зауэм щыгъуэ (1676 - 1681 гъэхэм) дзэм пашэ яхуэхъуащ, абы хэтащ Къасболэт и лъэпкъэгъухэри. ЗэфIыжын мурад щащIым, урысхэм яфIэзахуэр тырку дзэпщхэм ягурызыгъэIуар Муцал и къуэ Къасбулэтщ - абы и фIыгъэкIэ Малороссием (Украинэм) и зэхуэдитIыр къыIэрыхьэжауэ щытащ Урысейм.

Жансэхъу

КЪЕТЫКЪУЭ ПщыIэпщокъуэ и шынэхъыщIэщ. Идар Къамбулэт лIа нэужь, пщы нэхъыжь къулыкъум щIэныкъуэкъуащ, Идархэ IупэфIэгъу къищIри. А къулыкъур къылъысыртэкъым ПщыIэпщокъуэ Жансэхъу, ар зылъысар Тепсэрыкъуэ Щолэхъут. ИтIани увыIакъым, и щхьэр хилъхьэху. Урыс пащтыхьыр къызэрыдэщIами къикIа щыIэкъым. Пщы нэхъыжь къулыкъур къызэрыIэрымыхьэнур къыщыгурыIуэм, и пIэ итIысхьэжауэ щытащ.
Жансэхъу и щIэблэр Къазий и къуэ ХьэтIохъущыкъуэ зэтриукIауэ щытащ, абы къыдежьащ «Жансэхъухэ я гъыбзэр».

Къетыкъуэ Аслъэнбэч

КЪЭБЭРДЕЙМ и пщы уэлийуэ щытащ 1737 - 1746 гъэхэм. ЛIакъуэлIэшхэр гупитI зэрыгъэхъуным хэлIыфIыхьащ - бахъсэн гупрэ къэщкъэтау гупрэ. Ахэр зэныкъуэкъу зэпытащ, лIыфIыгъуэ зэримыгъахуэурэ.
Урыс пащтыхь Петр Езанэр Персым зэуакIуэ щыкIуэм щыгъуэ гъусэ хуэхъуащ, ар къэщкъэтау гупым къадэIэпыкъункIэ щыгугъырти. Къетыкъуэ Аслъэнбэч, къэщкъэтау гупым я пашэм, къызэрыдэIэпыкъун къару иIэтэкъым урыс пащтыхьым. Бахъсэн гупыр щытегуплIэм, Къетыкъуэ Аслъэнбэч и лIакъуэлIэшхэр зыщIигъури, Псыжь зэпрыкIащ, кърым хъаным IупэфIэгъу зыхуищIащ.
Кърым хъаным и дзэр, нэгъуейхэм къакъуэгушхукIыурэ, Къэбэрдейм куэдрэ къытеуащ, ауэ бахъсэн гупым къапэлъэщакъым. И жагъуэгъухэм екIужри, Къетыкъуэ Аслъэнбэч 1737 гъэм Къэбэрдейм къигъэзэжащ. Аслъэнбэч и шуудзэм 1739 гъэм Нэгъуей Ордар зэтрикъутащ; урыс-тырку зауэхэм хэтащ. Ираным дзей ящIын мурад зэраIэр къыхуаIуэхуауэ щытащ, езым идакъым армыхъумэ.
1746 гъэм Гум псыхъуэ щылIащ.
«ТенджызитIым я кум дэсын хуейр зыпщщ» - а псалъэр къызэзынэкIауэ адыгэ IуэрыIуатэм къыхэщыр Къетыкъуэ Аслъэнбэчщ.

ХьэтIохъущокъуэ Кургъуокъуэ

ХЬЭТIОХЪУЩОКЪУЭ Кургъуокъуэ Къэбэрдейм и пщы уэлийуэ щытащ - ХХVI лIэщIыгъуэм и кIэм къыщыщIэдзауэ. Минищэм нэблагъэ кърымыдзэр къащытеуам щыгъуэ (1708 гъэм) Кургъуокъуэ Къэбэрдей псор зэщIигъэшэсащ, бзаджагъэ хуекIуэри, бийр бгым ириукIыхьащ - Балъкъ псыхъуэ къыщыщIэдзауэ Бахъсэн псыхъуэ нэс. Кургъуокъуэ кърымыдзэм кIэ щритар Къэнжал дежщ, аращ бийр щызэхакъута зауэм Къэнжал зауэкIи щIеджэр.
Зеикъуэ дыгъафIэкIэ зэджэ джабэм и щыгум Кургъуокъуэ Къалэ-быдапIэ щиухуауэ щытащ, абы и къутахуэхэм ноби ущрохьэлIэ Хьэрэкхъуэрэ ипщэIуэкIэ, а щIыпIэм КъалэжькIэ йоджэ.
Кургъуокъуэ 1709 (е 1710 гъэм и пэщIэдзэм) дунейм ехыжащ. Пщы уэлий хахуэм, дзэпщ Iущым и хъыбархэр щыгъунэжщ адыгэ IуэрыIуатэм.
Кургъуокъуэ Мухьэмэд

ХЬЭТIОХЪУЩОКЪУЭХЭ я лъэпкъым щыщщ, БомэткIи еджэу щытащ. Кърым хъаным и дзэр Къэнжал зауэм 1708 гъэм щызэхэзыкъута Кургъуокъуэ и къуэщ. Къэбэрдейр хамэхэм я IэмыщIэ зэримыхуэным щIэбэн зэпытащ. Бахъсэн пщы гупым пашэ яхуэхъуауэ, Псыжь зэуакIуэ къэкIуа кърым хъаным и дзэмрэ абы къыдэщI тыркухэмрэ зэтриукIащ, абыхэм къэбэрдей шу минрэ щитхурэ яриутIыпщри.
1756 гъэм дунейм ехыжащ, хузэфIэкI псор и лъэпкъым хуилэжьауэ.

ХьэтIохъущокъуэ Къэсей

МЫСОСТ ХьэтIохъущыкъуэ и къуэщ. Къэбэрдеипщхэр гупитI зэрыгъэхъуауэ щызэныкъуэкъум щыгъуэ бжьыпэр зыIыгъахэм ящыщащ, Къетыкъуэ Аслъэнбэч еныкъуэкъу зэпытащ. 1747 гъэм, ХьэтIохъущокъуэхэ, Къетыкъуэхэ, Бэчмырзэхэ зэгухьэри, хэкум ирахуащ, Къэбэрдейм къыщихьэжар 1751 гъэрщ.
Кургъуокъуэ и къуэ Мыхьэмэт (Бомэт) лIа нэужь (1765 гъэм), Къэсей Бахъсэн пщы гупым я пашэ хъуащ. КъэбэрдеищIым къращIыхьа Мэздэгу быдапIэр къутэжын хуейуэ зыукъуэдия пщыхэм ящIыгъуащ. Урыс-тырку зауэм лъэныкъуитIымкIи яхухы­хьакъым: абы Къэбэрдейм и фейдэ зэрыхэмылъыр къыгурыIуат, ар зыми IэщIэмылъын хуейуэ къи­лъы­тэрти, пащтыхь Екатеринэ ЕтIуанэм дишэха пщыхэм жагъуэгъу яхуэхъуащ, абы щхьэкIэ Къэбэрдейм ирахун мурад къыхуащIащ, ауэ и пIэ яхуикIакъым. Пащтыхь гуащэ Екатеринэ емыувэлIахэр гъусэ ищIри, хэкум и щхьэхуитыныгъэм щIэбэнащ.
1773 гъэм дунейм ехыжащ.

Бэчмырзэ Тэтэрхъан

КЪЭБЭРДЕЙМ и пщы уэлийуэ щытащ (1732 - 1737 гъэхэм). Бэчмырзэ Жамболэт и къуэ нэхъыжьщ. Жамболэтщ Бэчмырзэхэ я лъэпкъым ублапIэ яхуэхъуар. Бэчмырзэхэ Кавказми Урысейми щыцIэрыIуащ, а лъэпкъым къыхэкIащ дзэпщ, шупашэ зыбжанэ, абыхэм ящыщщ Бекович-Черкасский Александри (Долэт-Джэрий).
Бэчмырзэ Тэтэрхъан яхэтащ кърымыдзэр Псыжь щызэтезыукIа къэбэрдей шухэм. Урыс-тырку зауэм и зэманым (1736 гъэм) Бэчмырзэ Тэтэрхъан и жэрдэмкIэ къэбэрдейхэм шу минитI ягъэшэсащ, абыхэм куэдкIэ я фIыгъэщ урысыдзэр тыркухэм зэрытекIуар.
Тэтэрхъан и шынэхъыщIэр (Елмырзэ) генерал хъуауэ урысыдзэм хэтащ. Дзэм къыхэкIыжа нэужь, Елмырзэ Къызлар щыпсэуащ, абы и щIапIэращ дзэпщ цIэрыIуэ Багратион къыщалъхуар (Багратион и анэр Бэчмырзэ Тэтэрхъан и шыпхъущ).

Къасболэт

БЭЧМЫРЗЭХЭ ящыщщ, Къэбэрдейм и щхьэхуитыныгъэм щIэзэу зэпытащ. Иранымрэ Кахетиемрэ запищIэри, ахэр здигъэIэпыкъуащ (Кахетием и пщым и къуэр езы Къасболэт и малъхъэт). Урыс дзэпщхэм Къэбэрдейм къыкIэлъызэрахьэ хьэгъэщагъэмрэ залымыгъэмрэ пэщIэтащ, зыхущIэкъуар абыхэм я лъэр Къэбэрдейм зэрыщимыгъэувынырт - ар къыщехъулIи къэхъуащ, къыгурыIуэрт урыс дзэпщхэм дзыхь ебгъэз зэрымыхъунур. Гур зэрыгъум дыгъур ирожэ: 1822 гъэм гъатхэпэ мазэм и кIэм урыс дзэпщхэр теуащ адыгэпщхэм хасэ щрагъэкIуэкI жылагъуэм. Къасболэт абдежым къыщаукIащ.

Мыхьэмэт Iэшэ

ИУЖЬРЕЙ адыгэ (къэбэрдей) дзэпщхэм ящыщщ, хэкум и хуитыныгъэм щIэзэу лIыхъужьхэм гъуазэрэ шупашэрэ яхуэхъуурэ зэрыпхъуакIуэхэм куэдрэ ебгъэрыкIуащ.
ХьэтIохъущокъуэ Аслъэнбэч и къуэщ, къыщалъхуар 1805 гъэрщ, балигъыпIэ зэриувэ лъандэрэ зауэм къыхэкIакъым, урыс дзэпщхэм я щхьэр къригъэIэтакъым, езыр псэуху. Къэбэрдейр Ермоловым «игъэсабыра» нэужь, Псыжь Iэпхъуащ, ауэ бэнэныгъэр зэпигъэуакъым. Кавказ зауэм и тхыдэм куууэ щыгъуазэ щIэныгъэлI Потто В. зэритхыгъамкIэ, Мыхьэмэт Iэшэ «иджыри къэс (ХIХ лIэщIыгъуэм и кIэми) щыцIэрыIуэщ гъунапкъэм».
ЛIыгъэрэ хахуагъэкIэ Мыхьэмэт Iэшэ пэхъун а зэманым исакъым Къэбэрдейм. Шэткъалэ (Ставрополь) дэс дзэм ебгъэрыкIуауэ зауэм хэкIуэдащ 1846 гъэм.
«Мыхьэмэт Iэшэ щIэныгъэ зиIэ цIыхут, бзэ зыбжанэ ищIэрт. «Iэшэ» цIэр щIытеIукIар зауэм уIэгъэ хьэлъэ зэрыщыхъуарщ - и Iэ сэмэгур къыдэбзыжыртэкъым.
Ди зэманым къэсащ ХьэтIохъущокъуэ Мыхьэмэт Iэшэ и лIыгъэмрэ и бэнэныгъэмрэ къызыхэщыж уэрэд, хъыбар куэд. Абыхэм ящыщщ мыри:
Мыхьэмэт Iэшэ шыбз хэкIуапщIэ зэгуэрым фIадыгъуащ. Нэху игъэщри, шыдыгъум ялъежьащ, зы жылэ нэсауэ, уэрамыщхьэм тет пщащэм IущIащ.
- Пщащэ жьырытэдж, шы бламыхуауэ пIэрэ фи жылэкIэ? - еупщIащ Мыхьэмэт Iэшэ пщащэм.
- Блахуащ, - къыжриIащ пщащэм. - Щауибл мэхъу уи шыр зыхуар.
- Упсэу, пщащэ жьырытэдж, - жиIащ Мыхьэмэт Iэшэ. - Къэзгъэзэжмэ, фи хьэщIэщ сынихьэнщ.
Ар жери, Мыхьэмэт Iэшэ блэкIащ, шыдыгъухэм ялъэщIыхьэри, шыр къатрихыжащ, щауиблым яшхэри къыздихуащ. ЗэрыжиIауэ, пщащэ жьырытэджым я хьэщIэщым ихьащ Мыхьэмэт Iэшэ. ХьэщIэщым щIалитI исти, я псэлъэкIэкIи, я IукIэщIыкIэкIи игу ирихьакъым Мыхьэмэт - шэсри къежьэжащ. Къыщежьэжым, пщащэм жриIащ:
- Уи хьэщIэщ ис щIалэхэм гъуэгурыкIуэр щIэнэкIалъэ иремыщI - абы хущIегъуэжынкIэ мэхъу.
Мыхьэмэт Iэшэ и псалъэр щIалитIым ягу техуакъым. Псалъэ къахуэзыгъэнар яцIыхуртэкъыми, лъежьащ: «Тпхынщи, къэтхьынщ», - жари.
ЩылъэщIыхьэм, щIопщкIэ къахэуэурэ хьэщIэщым кърихулIэжащ щIалитIыр Мыхьэмэт Iэшэ.
- Уэ пхуэдэ пщащэм и хьэщIэщ къихьэну яхуэфащэкъым мы щIалэ мыгъасэхэм, - жриIащ хъыджэбзым.
- Тхьэмадэ, зыкъэдгъэцIыху. ЕмыкIу къэтхьащ, ди напэр текIащ, - къэлъэIуащ щIалитIыр.
- МыбыкIэ сыкъэфцIыхункIэ хъунщ, - жери Мыхьэмэт и Iэр къаригъэлъэгъуащ. Абы къыфIигъэкIакъым».

Дау и къуэ Бахъсэн

БАХЪСЭН псым и Iуфэм дзэпщышхуэ гуэр Iусыгъащ, ДаукIэ еджэу. Дау пщым къуийрэ зыпхъурэ иIэт, и къуэ нэхъыжьым и цIэр Бахъсэнт.
Дау и къуэ Бахъсэн гъут зауэм хэкIуэдащ. Гъут зауэм хэкIуэдащ Бахъсэн и къуэшиблри лIыхъужь пщIеи. Дау и къуэхэр цIыхум ягъеижащ, мыр жаIэурэ: «Хьэдэщ, хьэдэщ Дау и къуийр, хьэдэ мы-гъуэщ Дау и къуийр!»
Дау и пхъум и дэлъхухэм я хьэдэр ЕтIэкъуэ псым и Iуфэм щыщIилъхьэжри, мывэ сын яхуигъэуващ. Абы Дау и къуэхэм я сынкIэ е ЕтIэкъуэ сынкIэ йоджэ.
Гъатхэм цIыхубз щIалэхэм, я щхьэцыр утIыпщауэ, губгъуэм йохьэри, Даухэ я гъыбзэр жаIэ:

Дау и къуэ Бахъсэн есым
Ант шухэр къызыщIегъэплъ.
Алътудым и къуэкIиижьым
Гъутыжьмэ лъыпсыр щагъажэ.
Алътудуэ псыхъуэ жэрыжьми,
Гъутыжь хьэдэхэр зэлърехьэх.
Ант хьэдэу зэлърихьэхари
Хэт мыгъуэм къыхихыжын?
Бахъсэн мыгъуэу дзэр тхузезышэр
Гъутыжьмэ кърагъэпсых,
Махуей мыгъуэм шынэхъыщIиблри
Бахъсэн мыгъуэм депсыхыжащ.
Зэший мыгъуэм я шыпхъу закъуэм
Мы махуэм зарегъэIэжьэ,
Iэжьэгъумэ яхуэмыIыгъыу
Бахъсэн и гъуабжэм закъыфIредзыр.
Гъутыдзэм хъунщIэр щрадзым
ЗауэлIмэ ягъэщIэгъуащ.
Хьэдрыхэ мащэм щIэхъуэпсу
Бахъсэн маисэри щигъабзэщ.
Къуэшылъыр зэрыхуэщIэжу
ИщIэжри ялъихьэжар
Зэшиймэ я шыпхъу закъуэрщ.

Дау и къуэхэм я хъыбарри я гъыбзэри зытхыжар Нэгумэ Шорэщ. Абы къызэриIуэтэжамкIэ, Дау пщышхуэр щыпсэуар IV лIэщIыгъуэрщ.
Дау и къуэхэм я сыныр ЕтIэкъуэ псым и нэпкъым тетащ, ар нобэ щахъумэ Бытырбыху дэт Эрмитажым.

ХьэтIохъущокъуэ Кургъуокъуэ


Къэбэрдеипщыр зекIуэ тохьэ. Сурэтыр Бертуч ищIащ. 1805 гъэ


Пщым и пхъур, уэркъ зауэлI, къэбэрдеипщ. Сурэтыр зыщIар наIуэкъым. 1808 гъэ


Къэбэрдейм щыщ пщы. Сурэтыр 1852 гъэм ящIащ.


Къэбэрдеишхуэм щыщ пщы. Сурэтыр Карнеджефф Е. ищIащ. 1812 гъэ


Джылахъстэнейм щыщ пщы. Сурэтыр Карнеджефф Е. ищIащ. 1812 гъэ

Поделиться: