Адыгэ (къэбэрдей) дзэпщхэр

Курыт лIэщIыгъуэхэм къыщыщIэдзауэ дуней псом цIэрыIуэ щыхъуауэ щытащ адыгэхэм я шуудзэр. Урыс офицер Торнау Фёдор (лъэпкъкIэ нэмыцэщ) 1864 гъэм итхыгъащ: «Венгрхэм я шуудзэм пэхъун щымыIэущ иджыри къэс зэралъытэр, адыгэ шуудзэр абы куэдкIэ йофIэкI. Зы шэрджэс шур кърым хъаным и дзэм - шу тIощIым - ятокIуэ» («Кавказ офицерым и гукъэкIыжхэр»). Адыгэ шуудзэм хузэфIэкIыр зи нэгу щIэкIа дзэпщ гуэрым итхыгъащ: «Адыгэ шур бийм ебгъэрыкIуамэ, аслъэныр Iэщ хъушэм хэлъэда хуэдэщ».
Апхуэдэ шуудзэ дэшэс зэпытащ адыгэ дзэпщым. Генерал Бларамберг Иоаганн 1834 гъэм итхыгъащ, зауэ къалъыкъуэкIмэ, къэбэрдейхэм шу мин 30 ягъэшэсыфу зэрыщытар. Лъэсыдзэуи абы нэхърэ мынэхъ мащIэ ядежьэрт къэбэрдей шуудзэм. А псом пашэ хуащIыр лIыгъэрэ хахуагъэкIэ цIэрыIуэ хъуауэ, хэкум и щIыхьыр дзыхь зрагъэз дзэпщхэрт.
Къэбэрдейм и тхыдэм щымащIэкъым апхуэдэ дзэпщхэр - ди лъахэм и хуитыныгъэм папщIэ зи псэм емыблэжа шу пашэ щэджащэхэр.

КЪЭРМОКЪУЭ Хьэмид.

Инал Нэху

АДЫГЭ тхыдэми IуэрыIуатэми щыцIэрыIуэщ Инал. ЩIэныгъэлIхэм зэратхымкIэ, ар Мысырым пащтыхь щыхъуауэ щыта адыгэ мамлюкхэм ящыщщ, Мысырым 1453 - 1461 гъэхэм щыпащтыхьащ, хэкум къигъэзэжа нэужь, адыгэ лъэпкъхэр зэгуигъэхьэн, зы къэралыгъуэ иухуэн хузэфIэкIащ.
Нэгумэ Шорэ зэритхымкIэ, Инал Абхъазым щылIащ, абы и кхъащхьэм абхъазхэр «Инал къубэкIэ» («Инал и кхъащхьэ») иджыри къэс йоджэ.
«Инал лIа нэужь, - етх Нэгумэ Шорэ, - цIыхухэм ядакъым абы и къуэхэм едэIуэн. Хэкум и унафэр зэрызэрахьэн акъылрэ фIэлIыкIрэ ябгъэдэлъакъым абыхэм. Аркъудейми къыщынакъым: я пагагъымрэ я хьэл мыхъумыщIэмрэ цIыхухэм яхуэмышэчыж хъуащ, езыр-езыру зэныкъуэкъужу щIадзащ, Инал зэтриубла IуэхуфIхэр якъутэжри, нэхъыщIэр нэхъыжьым емыдэIуэж хъуащ».
Инал пщышхуэм и мурадыр абы и къуэхэм къагурыIуакъым - зэщыхьэжри я щIыб зэхуагъэзэжащ. Абы къыдэкIуащ адыгэхэм и ужькIэ къатепсыха насыпыншагъэ псори.
Инал и щIэблэщ къэбэрдейхэм, беслъэнейхэм, кIэмыргуейхэм, бжьэдыгъухэм, жанейхэм, хьэтыкъуейхэм, натхъуэджхэм я пщы лIакъуэхэр. Осетин усакIуэшхуэ Хетагуров Коста и лъэпкъри, езым зэритхымкIэ, Инал и къуэхэм ящыщ зым (Хьэтагъ) къытехъукIащ.
Инал и цIэр зэрехьэ Iуащхьэмахуэрэ Балъкъ псыщхьэрэ я зэхуаку дэт бгы лъагэм.

Беслъэн ПцIапцIэ

ИНАЛ и къуэрылъху Жанхъуэт и къуэщ, щыпсэуар ХVI лIэщIыгъуэм и кIэухырщ, ХVI лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэ плIанэм хуозэ. Пщы уэлийуэ щытащ. ЗэрылIышхуэм щхьэкIэ «ПцIапцIэ» дзыр теIукIащ. Тэрч и хэхуэжыпIэм дзэ ишэурэ, Къэбэрдейм и гъунапкъэхэм зригъэубгъуащ, и дзэр Астрахъани Дербенти щынишэс къэхъуащ - абыхэм я лъахэр иубыдын папщIэ. Къэбэрдейм къихьэ сатуущIэ гъуэгухэр шынагъуэншэ хъуауэ щытащ абы иужькIэ.
Лъэпкъыр арэзы зытехъуа хабзэ куэд зэтриублащ, ахэр Къэбэрдейм дежкIэ конституцэ пэлъытэ хъуащ.

Щолэхъу

ТАЛЪОСТЭНХЭ я лъэпкъым щыщщ, Къэбэрдейм и пщIэр лъагэ зэрыхъуным щIэкъу зэпытащ, хэкум и хуитыныгъэм щIэзэуащ, Идар Къамбулэтрэ Къетыкъуэ Аслъэнбэчрэ дунейм ехыжа нэужь, Къэбэрдейм и пщышхуэ (пщы уэлий) хъуащ. Урыс пащтыхьым гъунэгъу зэрыхуэхъуным хущIэкъуащ - ар къехъулIауэ плъытэ хъунущ, и IуэхущIафэм тепщIыхьмэ. И лIыгъэм, и зекIуэхэм папщIэ Щолэхъу «пщы щэджащэ» цIэр теIукIащ. «Щолэхъу- кIэ» зэджэ шы лъэпкъыр зи Iэужьыр а пщы цIэрыIуэрщ. Адыгэхэми гъунэгъу лъэпкъхэми я тхыдэми я IуэрыIуатэми щыгъунэжщ пщы щэджащэ Щолэхъу и хъыбархэр. Пасэрей адыгэ уэрэдхэм ящыщ зым мыпхуэдэ сатырхэм ущрохьэлIэ:

Щэджащэуэ ди Щолэхъужь,
Пщыуэ хъуам уранэхъ хахуэт,
ХахуэкIэ ди джатэрыжэ,
Жэрыбэр уэркъым езыт,
Зи тыгъэм щIэмыфыгъуж,
Щэджащэуэ ди Щолэхъужь!

Джатэрэ лIыгъэкIэ Щолэхъу Къэбэрдейм къыхуихьа пщIэмрэ фIэлIыкIымрэ хуэдиз ди хэкум зэи иIэжакъым абы иужькIэ.
Щолэхъу 1616 гъэм дунейм ехыжащ.

Идар

ИНАРМЭС и къуэщ, Инал и   къуэм и къуэрылъхущ. Хъыбархэм къызэрыхэщымкIэ, Идар и анэр бжьэдыгъу гуащэщ - Хъымыщ Елджэр ипхъущ. Идар и адэр щылIэм, сабийр здихьыжри, гуащэр Бжьэдыгъум кIуэжащ - и дыщым. Абы къыщыхъуащ Идар. Балигъ хъуа нэужь, Идар къэбэрдеипщхэм къеныкъуэкъу хъуащ. КIахэ адыгэхэм щыщ дзэ къришажьэри, Къэбэрдейм къытеуащ - Жанхъуэтхэрэ Минбулэтхэрэ къезэуащ. ДзитIыр Къызбрун деж щызэгурыIуэжащ, Идар Къэбэрдейм и кум щIы щратащ (абы ИдарейкIэ еджэ хъуащ), пщы нэхъыжьи ящIащ.
Идар лIа нэужь (ХVI лIэщIыгъуэм и 30 гъэхэм) абы и щIэблэмрэ Жанхъуэтхэрэ (Къетыкъуэхэ, Талъостэнхэ) зэщыIеижащ, Къэбэрдейм щытепщэн хуейр яхузэхэмыгъэкIыу.
Идарейм куэд ирагъэкIуакъым: епщыкIубланэ лIэщIыгъуэм и кIэухым нэсщ; абы иужькIэ адрей пщы лIакъуэхэм зэхуагуэшыжащ Идарей щIыналъэр.

Темрыкъуэ

ТЕМРЫКЪУЭКIЭ еджэ хъуауэ  къэгъуэгурыкIуэ щхьэкIэ, и цIэ дыдэр КIэмыргуокъуэщ (КIэмыргуейм и къуэ). Сабийуэ и анэм и дыщым (КIэмыргуейм) здишэжати, арагъэнущ абы и цIэр къызыхэкIар.
Урысейр здигъэIэпыкъуурэ, Къэбэрдейр зэгуигъэхьэным, абы тепщэ щыхъуным щIэныкъуэкъуащ, ауэ ар къехъулIакъым - пщыхэм я нэхъыбэр акъылэгъу къыдэхъуакъым, Урысейм и IэмыщIэ зралъхьэн мурад яIэтэкъым.
Къэбэрдейм къытеуэрей кърым хъанымрэ Нэгъуей ЦIыкIумрэ хэкур зэращихъумэным яужь итащ. Жагъуэгъу къыхуэхъуа къэбэрдеипщхэми езэуащ, урысыдзэр здигъэIэпыкъуурэ. Бий мэхъаджэ къащытеуэм, Темрыкъуэ беслъэнейхэмрэ абазэхэмрэ гъусэ къыхуэхъуащ. Темрыкъуэ и жэрдэмкIэ, къэбэрдейхэм быдапIэ щаухуащ Сунжэ псыр Тэрч щыхэхуэм деж (иджырей Грозный къалэм пэмыжыжьэу).
Кърым хъаным и дзэр 1571 гъэм кIахэ адыгэхэм къащытеуам щыгъуэ, дзэ иришажьэри, ди лъэпкъэгъухэм ядэIэпыкъуащ. ДзитIыр Ахупс деж щызэзэуащ, хъаным и дзэр абдеж щызэхакъутащ. А зауэм уIэгъэ хьэлъэ щыхъуащ Темрыкъуэ, уIэгъэм 1571 гъэм илIыкIащ, и къуитI (Мамсырыкъуэрэ Думэныкъуэрэ) гъэр хъуащ.
Идар Темрыкъуэ и щIэблэм къатехъукIащ Урысейм и тхыдэм щыцIэрыIуэ Черкасскэхэ я лъэпкъыр.
Темрыкъуэ мыпхуэдэ уэрэд хуаусыгъащ:

Хуарэжь гущэм и дзэпкъыр къуапэти,
МазиблкIэ уанэ темыхт.
Къэбэрдейм ди зэхэзекIуэри
ЩэджащэкIэ Темрыкъуэ лIыхъут.
МыдэкIэ Хъуэхъужьым и шащхьэр
УэсыщIэу зытезыгъасэ,
Сэрэкъамышым къыхэкIа шур
Шэ закъуэкIэ тхуезыудых,
Ахупс аузыр мэз куукIэ къытхуэзыгъэнщI…

Мамсырыкъуэ

ТЕМРЫКЪУЭ и къуэ нэхъыжьщ. Мэзкуу кIуауэ, 1565 гъэм, урыс пащтыхьым елъэIуауэ щытащ Къэбэрдейм къыдигъэIэпыкъун щхьэкIэ. Кърым хъаным и дзэм Ахупс деж къэбэрдейхэр щезэуам абыхэм яхэтащ Темрыкъуи абы и къуитIри - Мамсырыкъуэрэ Думэныкъуэрэ тэтэрхэм гъэр ящIащ (иужькIэ къащэхужащ). 1583 гъэм Мамсырыкъуэ и шухэмрэ къэзакъхэмрэ Дербент къыблэкIа тыркудзэр зэхакъутащ.
Мамсырыкъуэ здагъэIэпыкъуурэ, урыс дзэпщхэм зыпащIащ Дагъыстэным, Куржым, бгырыс лъэпкъхэм я лIыщхьэхэм.
Къетыкъуэ Аслъэнбэч дунейм ехыжа нэужь, Къэбэрдейм и пщы нэхъыжь IэнатIэм щIэкъуащ, ауэ ар къылъагъэсакъым - пщы нэхъыжь хъуар Щолэхъу Тепсэрыкъуэщ.
1601 гъэм ПщыIэпщокъуэ Къазий Мамсырыкъуи абы и къуэш Думэныкъуи иригъэукIащ.
Мэзкуу и уэрамхэм ящыщ зым илъэс щиплIым щIигъуауэ зэрехьэ Мамсырыкъуэ и цIэр - Мастрюковская.

Джылахъстэн Адэлджэрий

ДЖЫЛАХЪСТЭНХЭ я лъэпкъым щыщ Тэтэрхъан и къуэ нэхъыжьщ. Дарьял псыхъуэр IэщIэлъащ, абы дэкI гъуэгум щызекIуэхэм теплъэкъукIакъым. Бгырысхэм я деж пщIэшхуэ щиIащ, абыхэм Iуэхутхьэбзэ мащIэ яхуищIа-къым.
Адэлджэрий и шыпхъур, Русудан, куржы пащтыхь Вахтанг Еханэм и щхьэгъусащ. Русудан и бынхэр цIэрыIуэ щыхъуащ Куржыми Урысейми, абыхэм дзэпщ лъэрызехьэхэр къахэкIащ. Адэлджэрий шуудзэ игъэшэсурэ Куржым куэдрэ дэIэпыкъуащ, зэрыпхъуакIуэхэм ящихъумащ.
1752 гъэм Джылахъстэн Адэлджэрий шу минрэ щитхурэ Куржым иришауэ щытащ, ар бийхэм ящихъумэн папщIэ. Джылахъстэней дзэпщым апхуэдэ Iуэхутхьэбзэ къазэрыхуищIар куржыхэм ноби ящыгъупщэркъым. А гъэращ езыри дунейм щехыжар.

Жанхъуэт Талъостэн

ЩЫПСЭУАР ХV лIэщIыгъуэм и кIэмрэ ХVI лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэ щанэмрэщ. Талъостэнейр къызэзыгъэпэщар аращ, абы IэщIэлъащ Дарьял псыхъуэмрэ Тэрч псым и IуфитIымрэ.
Талъостэн Инал и къуэрылъхум и къуэщ. Бахъшысэрей зекIуэм щыгъуэ (1523 гъэм) Къэбэрдейм и дзэм пашэ яхуэхъуар Талъостэнщ. Керчь тIуалэм зэпрыкIри, зауэурэ Бахъшысэрей нэсащ, къэбэрдейхэм я дзэр, кърым хъаным и къалащхьэр къаувыхьащ. НэгъуэщI къыхуэнэжатэкъыми, дзэм яхуэхь фIыгъуэр къаритащ хъаным - арыншамэ, я щхьэр храгъэлъхьэнут, езыри яIэщIэукIэнут.
Талъостэн Къызбрун зауэм хэкIуэдащ - Инармэс Идаррэ Жанхъуэтхэрэ щызэзэуам щыгъуэ.

Жамырзэ Алъхъэс

ДЖЫЛАХЪСТЭНХЭ я лъэп къым щыщщ, а лъэпкъыр къызытехъукIа Минболэт Джылахъстэн и къуэрылъхущ, лIакъуэлIэш лъэрызехьэ дыдэхэм хабжэ, Астрахъанрэ Куржымрэ зэпызыщIэ гъуэгум щытепщэ зэпытащ. И шыпхъур Кахетием и пащтыхь Александр и щхьэгъусащ, абы и хьэтыркIэ Куржым пщIэшхуэ щиIащ, куржы лIыкIуэхэр Урысейм щыкIуэкIи урыс лIыкIуэхэр Куржым щыкIуэкIи ядэIэпыкъуащ, и нэIэ ятригъэт зэпытащ. Дзыхь нэхъ зригъэзыр Иранырати, абы и шахыр малъхъэ ищIауэ щытащ. Жамырзэ Алъхъэс хэмытауэ зы Iуэхушхуи щызэфIахакъым а зэманым Кавказ Ищхъэрэм - апхуэдэ фIэлIыкI иIащ а пщым.

Щоджэныкъуэ Алыджыкъуэ

ЩОДЖЭНЫКЪУЭ Алыджыкъуэ ХVII лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэм Къэбэрдейм бжьыпэр щызыIыгъа пщыхэм ящыщщ. И адэ къуэшыр, Къазий, дунейм ехыжа нэужь, Алыджыкъуэ лъэпкъ унафэр илъэс плIыщIкIэ IэщIэлъащ.
ПщIэ щIыхуащIын IуэхуфI куэд яхуилэжьащ къэбэрдейхэм, абы щыхьэт тохъуэ тхыдэри IуэрыIуатэри. Кърым хъаным шу минищ къыIрихри, и адэ къуэшым илъ ищIэжыху етIысэхакъым - ар Тепсэрыкъуэ Щолэхъурэ нэгъуейхэмрэ Къулъкъужын зауэм щаукIауэ щытащ. Куэд щIауэ Къэбэрдейм къыхуэдзэлашхэ Нэгъуеишхуэм ди лъахэр щихъумэн хузэфIэкIащ.
Нэгъуеишхуэр Индыл адрыщI Iэпхъуа нэужь, Алыджыкъуэ и пщIэр нэхъри лъагэ щыхъуащ Къэбэрдейм. Индыл адрыщI щизэгъакъым нэгъуейхэр, ягу техуакъым къэбэрдейхэр Кавказ Ищхъэрэм тепщэ зэрыщыхъуар. Ар зигу темыхуэ адыгэпщхэри мащIэтэкъым - ахэр Алыджыкъуэ къебгъэрыкIуащ. КъебгъэрыкIуа щхьэкIэ фIы щIахакъым: Алыджыкъуэ ахэр Балъкъ псыхъуэ щызэхикъутащ. Абы иужькIэ Алыджыкъуэ тегушхуэгъуафIэ ящIыжакъым.

ПщыIэпщокъуэ

ХVI ЛIЭЩIЫГЪУЭМ и кум щегъэжьауэ Идархэ я лъэпкъым еныкъуэкъу зэпытащ, Къэбэрдейм бжьыпэр щиубыдын мурад ищIауэ. Идар Темрыкъуэ хэкум ирихун хузэфIэкIащ - 1563 гъэм. Темрыкъуэ Астрахъан зыщигъэпщкIуащ. Урыс пащтыхьыр (Грозный Иван) и щыкъу адэм къыдэIэпыкъуащ - фочауэ 500-рэ къэзакъ шу 500-рэ къритащ. Ар къигъэсэбэпри, Темрыкъуэ ПщыIэпщокъуэ ебгъэрыкIуащ. ПщыIэпщокъуэ икIуэтакъым, зызэщIиузэдащ, дзэшхуэ игъэшэсри, Идарейр зэтрикъутащ.
Идар Темрыкъуэ и лъэIукIэ урысхэм быдапIэ Къэбэрдейм къращIыхьащ. Ар игу техуакъым ПщыIэпщокъуэ, тырку сулътIанри кърым хъанри арэзытэкъым абыкIэ. Ахэр здигъэIэпыкъури, ПщыIэпщокъуэ урыс быдапIэр икъутащ. Темрыкъуэ дунейм ехыжа нэужь, ПщыIэпщокъуэ Къэбэрдейм бжьыпэр щиубыдащ.

Къазий

ЗИ ПЩIЭР лъагэ дыдэ пщыуэ щытащ. ПщыIэпщокъуэ и къуэщ. Ар хэмытауэ е хэмыIэбауэ Къэбэрдейм зы Iуэхуи къыщыхъуакъым. И адэр лIа нэужь, Идархэ я лъэпкъым еныкъуэкъу пщыхэм я пашэ хъуащ. Темрыкъуэ и къуэхэр, Мамсырыкъуэрэ Думэныкъуэрэ, езыгъэукIар аращ - 1600, 1601 гъэхэм. Идархэ ялъ зэращIэжынум шэч къытрихьэртэкъыми, Беслъэнейм Iэпхъуэри, абы илъэсищкIэ щыпсэуащ. Къэбэрдейм къигъэзэжа нэужь, Идархэ екIужащ. Урыс пащтыхьым дзей зыхуищIауэ игъэIуа щхьэкIэ, Къэбэрдейм и Iуэхум псэуху зы хами къыхигъэIэбакъым. Тепсэрыкъуэ Щолэхъурэ Нэгъуеишхуэм я хъанымрэ къращIылIа зауэм (Къулъкъужын зауэм) 1615 гъэм хэкIуэдащ.
Къазий и цIэр зэрехьэ Балъкъыщхьэ узыщрихьэлIэ хъупIэ лъагэм, ар пщым ейуэ щытащ, аращ и цIэр щIытеIукIар.

Сэнджэлей

КЪАНКЪЫЛЫШ Сэнджэлей и къуэ нэхъыщIэщ. 1642 гъэм Мэзкуу Iэпхъуэри, урысей лIыщхьэхэм ящыщ хъуащ, къулыкъушхуэ куэд дзыхь хуащIащ, боярин цIэр къыфIащащ. Урысей пащтыхьыр щежьэм деж къэрал унафэр къызыхуигъанэр Сэнджэлейт. Черкасский Григорий - апхуэдэцIэкIэщ урысей тхыдэм къызэрыхэнар. Къэбэрдейм иришри фочыщIэ зыбжанэ Мэзкуу дигъэтIысхьащ, урыс щIалэхэр а IэщIагъэм хуригъэджэн щхьэкIэ.
Къэбэрдеймрэ Урысеймрэ яку дэтащ Сэнджэлей, а къэралхэр зэрызэгурыIуэным, зэрызэдэлэжьэным щIэкъу зэпытащ.
Сэнджэлей и адэмрэ и къуэшхэмрэ (Щолэхъу, Муцал), и къуэшым и къуэ Къасбулэт сымэ Идарейм щыпсэуащ - Тэрч псым и Iуфэм.
Астрахъанрэ Царицынрэ я воеводэ (Iэтащхьэ) къулыкъур зэрихьащ.

Къанкъылыш Сэнджэлей

ИДАР Темрыкъуэ и шынэхъыщIэ Жылэгъут и къуэрылъхущ. Каспий тенджыз Iуфэм Iут Тэрч къалэ дэсащ, Идархэ къару ямыIэж хъуа нэужь. Адыгэ къуажэ зыбжани къригъэтIысэкIащ - Тэрч къалэ, Шэрджэс жылагъуэкIэ зэджэри абдеж зыгъэтIысар Сэнджэлейщ.
Тэрч къалэ деж щыса къэзакъ жылагъуэхэри зи IэмыщIэ илъар Сэнджэлейщ. Я лъэпкъым кIэ игъуэтыху (ХVII лIэщIыгъуэм и кIэух пщIондэ), Сэнджэлейхэ Тэрч къали абы и гъунэгъу къэбэрдей, дагъыстэн жылагъуэхэр яIэщIэлъащ.
Сэнджэлей Къэбэрдеймрэ Дагъыстэнымрэ Урысей благъэ зэрыхуищIыным щIэкъу зэпытащ.

ХьэтIохъущыкъуэ

КЪЭБЭРДЕЙМ бжьыпэр щиубыдыху, зы махуи епсыхакъым. И адэшхуэ ПщыIэпщокъуэрэ и адэ Къазийрэ зыщIэкъуа Iуэхур зэригъэкIуэтэнырщ зи ужь итар. И адэ къуэшым и къуэ Алыджыкъуэ гъусэ хуэхъури, Идархэ дигуащ, бжьыпэр езым иубыдащ, Тэрч къалэ дэс урыс дзэпщхэмрэ абыхэм я IупэфIэгъу адыгэпщхэмрэ бэуапIэ яритакъым, Алыджыкъуэрэ ХьэтIохъущыкъуэрэ я дзэм ахэр зэхакъутэн яхузэфIэкIащ. Зыкъаужьыжа нэужь, я бийхэр къалъихъащ ХьэтIохъущыкъуэрэ Алыджыкъуэрэ, Балъкъ деж зауэ гуащIэ щаублащ, абы щытекIуар ХьэтIохъущыкъуэрэ Алыджыкъуэрэщ.
Алыджыкъуэ лIа нэужь, ХьэтIохъущыкъуэ Къэбэрдейм пщы нэхъыжь щыхъуащ. ХьэтIохъущокъуэхэ я унэцIэм къежьапIэ хуэхъуар Къазий и къуэ ХьэтIохъущыкъуэ и цIэращ.

 

 

 

 

 

Черкасский Муцал и къуэ Къасболэт

 

 

 

 

 

Къетыкъуэ Аслъэнбэч

 

 

 

 

 

Идар Темрыкъуэ и къуэ Мамсырыкъуэ

 

 

 

 

 

Идар Темрыкъуэ ипхъу Гуащэнэ

 

 

 

 

 

ХьэтIэхъщыкъуэ

 

 

 

 

 

Джылахъстэн Адэлджэрий и шыпхъу Русудан

 

 

 

 

 

Инармэс и къуэ Идар

 

 

 

 

 

Идар Темрыкъуэ

 

 

 

 

 

Инал Нэху

Поделиться:

Читать также: