И бжэхэр къызэIуехыж

Iуэхум иращIэкI гуфIэгъуэ зэхыхьэм зыкърагъэхьэлIащ хьэщIэ лъапIэ куэдым. Абыхэм ящыщщ УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Геккиев Заур, КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, КъБР-м цIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и ми­нистр Къумыкъу Iэуес, КъБР-м и Iэтащхьэм и чэнджэщэгъу нэхъыщхьэ Емуз Нинэ, КъБР-м и Парламентым Законым тетынымрэ хабзэр хъумэнымкIэ и комитетым и пашэ Тхьэгъэлэдж Тимур. Махуэшхуэм хэтащ КъБКъУ-м и ректор Алътуд Юрий, медицинэ колледжым и унафэщI Пщыбий Светланэ, университетым и егъэджакIуэхэмрэ студентхэмрэ.
- Медицинэ колледжым и егъэджакIуэхэмрэ студентхэмрэ яхуэфащэ пщIэрэ гулъытэрэ яхуэтщIу, гъэ еджэгъуэщIэм ирихьэлIэ тыгъэ гуапэкIэ дахуэупсащ. ЕджапIэм и унэр къанэ щымыIэу зэдгъэпэщыжащи, медицинэ IэщIагъэхэм хуеджэ ныбжьыщIэхэм Iэмал псори яIэщ абыхэм я щэхухэм щыгъуазэ зыхуащIыну, - жиIащ зэIущIэр къызэIузыха Алътуд Юрий. – Си гуапэу къыхэзгъэщыну сыхуейщ медицинэ колледжым мы гъэм щеджэ студентхэм я бжыгъэр мини 3-м зэрынэсар. ФIыщIэ ин яхуэсщIыну сыхуейщ ди жэрдэмыфIхэр къыддэзыIыгъ КъБР-м и Правительствэм. Псоми си гуапэу сохъуэхъу ди Къэралыгъуэм, ЩIэныгъэхэм я махуэхэмкIэ.
Егоровэ Татьянэ гуапэу ехъуэхъуащ ЩIэныгъэхэм я махуэм ирихьэлIэу зэпэщ ящIыжа еджапIэм къекIуэлIэжа студентхэм, абыхэм я егъэджакIуэхэм.
- ЩIэныгъэ зэгъэгъуэтыным егугъуныгъэ, шыIэныгъэ, ерыщагъ хэзылъхьэхэм ехъулIэныгъэ яIэнущ Iэмал имыIэу, - къыхигъэщащ абы. - Узыншэу гъэ еджэгъуэщIэр ефхьэкIыну.
Медицинэ колледжым къикIуа гъуэгуанэ купщIафIэм республикэр зэрыригушхуэр жиIащ Геккиев Заур. Абы студентхэр къыхуриджащ я еджапIэр здынэса лъагапIэхэм хагъэхъуэну, ехъулIэныгъэщIэхэр зыIэрагъэхьэну.
Зыхуей хуагъэзэжа еджапIэм и бжэхэр япэу къызэIуихыну хуит ящIащ колледжым и унафэщI Пщыбий Светланэ, Егоровэ Татьянэ, Геккиев Заур сымэ. Iэгуауэшхуэм щIэту лентI плъыжьыр зэпаупщIа нэужь, ахэр япэу щIыхьащ колледжым и унэм, иужькIэ абыхэм якIэлъыкIуащ хьэщIэхэри студентхэри. Абыхэм къаплъыхьащ еджапIэм и пэшхэр, щIэуэ къыщызэIуаха лабораторэхэр, практикэ щрагъэкIуэкIынухэр. Пщыбийм зэрыжиIамкIэ, иджы еджапIэм иIэщ практикэ къызыхуэтыншэу щебгъэкIуэкI хъуну пэш щхьэхуэр, зыхуей-зыхуэфIкIэ къызэгъэпэща лабораторэхэр. Абы фIыщIэ яхуищIащ университетым и унафэщIхэм, гъэ еджэгъуэщIэм зэпэщу зэрырагъэхьэлIэжам папщIэ.
«Егъэджэныгъэ» лъэпкъ проектым къигъэув къалэнхэр гъэзэщIэным хуэгъэпса IэмалыфIхэр зиIэ хъуа еджапIэм ехъулIэныгъэщIэхэр зыIэригъэхьэну ди гуапэщ.

Жыласэ Маритэ.
Поделиться: