Си гъащIэ - си дуней

ГукъэкIыжхэр
(ПэщIэдзэр шыщхьэуIум и 29-м итщ.)

Ди нэ къызыхуикI

Сэ сыартистщ, сы­мыар­тистами, си нэ къыхуикI зэпытынут дуней псом щыцIэрыIуэ киностудием – Голливудым. ЦIыху мелуанипщI зыдэс Лос-Анджелес къалэм дэтщ а киностудиер. Ар здэщыIэ хьэблэм дэсхэр псори артистщ, псэукIэфI яIэщ абыхэм, зыхуэныкъуэ щыIэкъым, унэ дэгъуэхэм щопсэу. Артист цIэрыIуэ куэд щылэжьащ Голливудым, абыхэм я фэеплъым хуосакъ нобэрей щIэб­лэр.
Махуэ къэс цIыху ме­л­уаниплI щызэблокI Голливудым. Зы махуэкIи пху­зэфIэкIынукъым, ки­нос­­тудие абрагъуэр къы­зэ­хэпкIухьын мурад пщIа­мэ. ДэнэкIи зыгъазэ­ – къабзэлъабзэщ, гъуэгухэми лъагъуэхэми техьи, уигу­ пэщыху къэкIухь, зы­щIыпIэ дежи щыплъагъунукъым тхылъымпIэ кIапэ. УзримыхьэлIэххэнур псэущхьэхэрщ – Iэщ е джэдкъаз, ахэр щыплъагъунур киностудием убгъэдэкIрэ жыжьэ уIукIуэта нэужьщ.­ Голливудым щытраха­ фильм­ гуэрхэр тлъэ­гъу­ащ­ ди щIалэгъуэм. ­Дигу къэдгъэкIыжынщ «Тарзан»-р - мы киностудиеращ ар щытрахар. ЦIыху Iув щы­зэхэзокIуэ Голливудым и унэхэм, пщIантIэхэм - абыхэм я зы кIапэщ махуэр­ зи кIыхьагъым узыхунэсынур, ари мелуаниплIым ­уа­хэзэрыхьауэ. Уахэзэры­хьа­­ щхьэкIэ, угъуэщэну­къым: дэтхэнэ­ лъагъуэ­ми гъуазэ гуэр иIэщ, уигъэщ­хьэрыуэнукъым.­ Гузэвэ­гъуэ хэхуауэ зы цIыхуи щып­­лъагъунукъым Голли­вудым, ягурэ я щхьэрэ зэтелъщ псоми, Iэдэбщ, щэ­ныфIэщ дэтхэнэри. Голливудым теухуауэ стхыр я фIэщ мыхъункIэ сошынэ. Си нэкIэ сымылъэгъуатэмэ, сэри си фIэщ мыхъунри хэлът: а псори тщабзыщIауэ дыкъа­гъэтэджащ дэ.
Голливудым щылажьэ­ артист зыбжанэм сазэ­ры­Iу­щIар си гуапэ ­хъу­ащ.­­­ ДызэрыцIыхури, псэлъэгъу­ дызэхуэхъуащ. СыкъыздикIар щажесIэм, я нэр къыстраубыдэри, ­ней­-нейуэ къызэплъащ: «Зэ­уакIуэ укъежьа?» - жа­Iагъэнщ ягукIэ. Дауи, зэ­уакIуэ сазэрыхуэмыкIуам щыгъуазэ хъунт ахэр - хъы­бар Iэджэ зэхахырти,­ ара­гъэнщ къызыхахар. ­Ней­­-нейуэ къызэплъахэр щIэх ды­дэ нэжэгужэ къэхъу­жащ, ныб­жьэгъу дызэхуэ­хъуауэ дызэбгъэдэкIыжащ…

ПцIым лъакъуэ щIэткъым

Калифорнием дыщы­Iэху, етIысэхыпIэ димы­Iами ярейщ: пщыхьэщхьэ хъуамэ, унагъуэ гуэр дохьэ, абы жэщыбг хъуху дыщызэхэсщ, жэщ ны­къуэм нэгъуэщI зы уна­­­гъуэ дре­гъэблагъэ. ДызыгъэхьэщIэм и унэм лъагъунлъагъу къакIуэр мащIэкъым. Унэм ды­щи­хьэкIэ вакъэр лъыдагъэхыркъым - ар Америкэм щымыхабзэущ къызэрыджаIэр. Дэнэ деблагъэми, щынэ е гуэгуш гъэжьауэ Iэнэм къытралъхьэ. Джэд зэзэмызэщ щытлъагъур. Iэнэм къытралъхьэ адыгэ­ пIастэ, бжьыныху шыпс, кхъуейжьапхъэ, американ, хьэрып шхыныгъуэхэри къыщIагъу. Адыгэ шхыныгъуэхэм пащI щыIэкъым – абы гу лъыс­тащ, дэнэ унагъуэ симыхьами. Фади къытрагъэу­вэ Iэнэм, еIуб фIэкIа ира­гъэлейркъым.. Къэхьауэ (кофе), шей - абыкIэ щIа­чэркъым, зэпамыгъэуххэр­ тутынырщ. ­Хъуэхъу кIы­хьыр яфIэфIкъым. Пшы­нэр къащтэ, шхэныр зэ­фIэкIамэ. Нэхущ хъуху зэпыунукъым абы и ма­къыр.
НэгъуэщI къэрал къикIауэ хьэщIэ къахуэкIуамэ, дэ дызэрыс унэм нрашэ – ар хабзэ яхуэхъуащ Шыкъхэ дазэрыхыхьэ лъандэрэ. Дыуэршэрурэ дызэхэсщ къытхуеблэгъамрэ дэрэ. Ди программэм ­къызэрыщагъэлъэгъуащи, къы­­щIэупщIэмэ, уэрэд къыхыдодзэ, абы псори къыдожьу. Дешауэ, жей ды­хуэныкъуауэ къыхэдгъэ­щыркъым, яфIэгуапэр яже­тIэмэ, и гур дгъэзагъэ­мэ, дэ нэгъуэщI дыхуей­къым. Уэрэдым кIэлъокIуэ хъыбархэр – бысымми къытхуеблагъэхэми зы­щIэуп­­щIэн я мащIэкъым. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, нэ­хъы­бэрэ  зыщIэупщIэр хэку­жьым­ и хъыбарщ: сыт я псэу­кIэ Кавказым къинахэм, сыт я IуэхущIафэ? ЛIэщIыгъуэм куэдкIэ щIигъуащ ахэр адэжь щIыналъэм пэIэщIэ зэ­рыхъурэ. нобэ сыт я дуней ди лъэпкъэгъухэм? Абы и пэжыпIэр ящIэмэ, я гу­къыдэжыр нэхъ ин хъуауэ фэ ябоплъ.
Хэкужьым къикIахэм ябгъэ­дэсщ нобэ, йоуэр­шэ­­рылIэ. Iуэры­Iуэтэжурэ зэхах хъыбарым нэхърэ­ нэхъ яфIэкъабылщ лъагъунлъагъу къэкIуа хьэщIэхэм я псалъэр. Хэкужьым къи­кIауэ артистхэр, пшынауэхэр я щыпэлъагъущ бысымхэм, абыхэм зэрабгъэдэсым иропагэ, я нэм, я псэм дыхуахь, зыкъытщагъэнщIыркъым, я упщIэхэр куэд дыдэщ. ЗэрытхузэфIэкIкIэ жэуап идот, зыри щIэдуфэркъым, ящыдбзыщIыркъым. ПцIым лъакъуэ щIэткъым, нобэ пцIы яхуэдупсмэ, пщэдей къыщIэщыжынущ – ди напэр щытекIар итIанэкъэ!
Нэху къыттещхьэху дыпсалъэу дызэрыщысар ящIэрэ пэт, пщэдджыжьым­ жьыуэ лъэIуакIуэ къытхуэ­кIуэри мащIэкъым: «Сыхьэт ныкъуэ нэхъ мыхъуми, си унэ фынихьэ!» «Хэкужьым къикIауэ хьэщIэ исащ абы и унэм», - аркъудейр къызэрыхужаIэнум нэхъ­ хэмылъми, ди ужь икIыркъым лъэIуакIуэхэр. Дауи, апхуэдэр тхуэгъэ­щIэхъу­нутэкъым дэ, чэзууэ псори зэщIэдгъэхьэн тхузэ­фIэмыкIми.
Адыгэм и зэхыхьэн зэ­ры­кIыхьым хуэ­дэщ­ и ­зэ­хэкIыжынри. Къыд­до­гушыIэ: «Вгъэзэжмэ, зывгъэпсэхужынщ, нобэ гугъу зыкъыддевгъэхь, етIуанэ гъуэгу дэнэ фыкъитхыжын?» Дешауэ фэ ттеткъым дэ, е ягу къытщIэгъуа, сытми, къытхуэсакъ зэпытащ дахэтыху, тхуэмышэчын хьэлъэ къыттралъхьакъым, дигу хэзыгъэщIын псалъэ зэхыдагъэхакъым.
Дешауэ фэ къыдаплъми, абы гу лъыдмытафэ­ зытедгъауэрт дэ, къыщы­дэджэм дыхьэзырт. Нэ­хъы­­бэрэ ды­зэIущIэмэ, нэхъ­ къатщтэрт. Арат гъуэгу­ жыжьэ дыщIытехьар. Зы­щIэупщIэхэм жэуап тэмэм тхуетмэ, ягу дгъэзагъэ­мэ, дэ нэгъуэщI дыхуейтэ­къым. Аращ зи ужь дитар,­ хьэщIапIэ дисыху. Ар къы­дэхъулIауэ плъытэ ­­хъу­нущ.

Нью-Йорк дэт
Къэбэрдей Адыгэ Хасэм
дрегъэблагъэ

ПщыхьэщхьэкIэрэ д­ы­­­щы­зэIу­щIэхэм деж цIыху Iущ куэдым нэIуасэ да­хуэхъуащ. Абыхэм ящыщщ Лъэцэрыкъуэ Iэюб. Сирием къикIауэ, адыгэ IуэрыIуатэр (хъыбарыжьхэр, таурыхъхэр, псысэхэр, уэрэдыжьхэр) зэхуехьэс абы. Iэюб пщыхьэщхьэ зыбжанэкIэ ди гъусащ, и ныбжь хэкIуэтами, цIыху жанщ ар, лъэрызехьэщ, гурыхуэщ. Адыгейм исщ Iэюб и унэкъуэщ, ди пшынауэ Iэзэм, Лъэцэры­къуэ Ким, и хъыбар щыгъуа­зэщ. Iэюб абы фIэхъус гуапэ къыхузигъэхьыжащ.
Хамэ къэралхэм къи­кIыурэ адыгэ куэд къыт­кIэлъыкIуэ хъуащ иужьрей зэманым, дяпэкIэ нэ­хъыбэж хъун си гугъэщ ахэр. Дызэрыт зэманым и фIыгъэщ ар, ди деж лъа­гъунлъагъу къэкIуэнум пэрыуэн щыIэжкъым. Ди жа­гъуэ хъур нэгъуэщIщ: зып­лъыхьакIуэ, лъагъунлъагъу къакIуэ фIэкIа, хэкужьым щетIысэхыжын мурад зи­Iэр мащIэщ. ДызэпыIу­дза­уэ щытащ нэхъапэIуэм, ­ды­зэ­кIэлъыкIуэн къыдэ­хъу­лIа­щэртэкъым, лъэпощ­хьэпор, щхьэусыгъуэр ди ма­щIэтэкъым - дэри хамэ къэралхэм щыпсэу ады­гэ­хэми. Иджы, Тхьэм и шыкурщи, ди бжэр ­зэ­Iухащ, лъакъуэпэщIэдз къы­т­­­хуа­­щIы­жыркъым, ды­зэ­­­кIэ­лъыкIуэнуми дызэры­лъа­­гъунуми дэращ зэ­лъы­­тащ - ди жэрдэмрэ ди гукъыдэжрэщ. Лъа­гъун­лъагъу укIуэнри къып­кIэ­лъы­кIуэнри хъарзынэщ,­ ауэ аркъудеймкIэ зэфIэ­кIы­нукъым, абы Iуэху куэд­ къылъыкъуэкIынущ. Къы­­­лъыкъуэкIын хуейщ, ды­адыгэ­мэ, ди лъэпкъым и гукъе­уэр, и гуращэр зы­хэтщIэмэ…
Апхуэдэ гупсысэм сыхэ­джэрэзауэ сыздэщысым, Хьэ­фIыцIэ Мухьэмэд унэм къихьэри къызжиIащ:
- Нью-Йорк дэт хасэм дрегъэблагъэ, къытпоплъэ, зы тхьэмахуэ хуэдэкIэ дахэтмэ, я гуапэ хъунущ.
Мухьэмэд къызжиIар си гуапэ хъуащ.
- Апхуэдэ лъэIу щаIэкIэ, дыкIуэнщ, дахыхьэнщ, дгъэщIэхъункъым, - арэзы сыхъуащ сэ.
- Дезыгъэблагъэр Патерсон дэт Къэбэрдей Адыгэ Хасэращ, - жиIащ Мухьэмэд. ЗаулкIэ зиIэжьэри, сэмэркъоурэ къыщIигъужащ: - Дезыгъэблагъэр Къэбэрдей Хасэращ, Бжьэдыгъу Хасэракъым. Бжьэдыгъухэм уахыхьэмэ, къэбэрдейхэм яфIэфI хъущэнукъым, уеблэмэ я жагъуэ хъунущ. КъыбгурыIуэрэ ар?
- Ар хъун? – сыкъэу­Iэбжьащ сэ. – Сэ Адыгейм сыкъикIащ. Адыгэкъэ бжьэдыгъухэр? ЕмыкIу длэжь хъурэ? Ягу къыдэбгъэнкъэ?
- ЕмыкIуми екIугъэми, аращ­­ Iуэхур зытетыр. ­Бжьэ­­дыгъухэм уахыхьэмэ,­ къэбэр­дейхэм яфIэфI ­хъу­ну­къым,­ - аргуэру мэгу­шыIэ Мухьэмэд. - Акъы­лэгъу­ укъыздэмыхъумэ, ды­кIуэххэнкъым. Ар жысIэ щхьэкIэ, дыкIуэн хуейуэ къыттохуэ: мыбы дыкъыщыса махуэм щы­щIэдзауэ къызолъэIу къэбэрдейхэр, дахэмыхьэмэ, я гум деуауэ аращ, зыкъытхуагъэгусэнущ, - трегъэчыныхь иджы ХьэфIыцIэм.
- Бжьэдыгъухэм я хасэм сыхамыгъэхьэн ялъэ­кIын­къым, - жысIащ сэ. – СыщыхэбгъэзыхькIэ, сы­ныб­­дэкIуэнщ. Бжьэдыгъури къэбэрдейри зыщ си дежкIэ – зэхэдз сщIыркъым.
(КъыкIэлъыкIуэнущ.)

 

 

 

 

 

 

 

Буддэ ди щыхьэту лъэпкъ Iуэхум дытопсэлъыхь ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ сэрэ.
Сан-Францискэ. 1989 гъэ, накъыгъэм и 15

 

 

 

Лас-Вегас и жэщ хьэщIэхэр: Мурат Чэпай, ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, Джэтауэ Самир.

 

 

 

Мурат Чэпай.
Поделиться: