Къэралым и щIыхьыр зыхъумэхэр

 

(Топджэгум цIэрыIуэ ищIа адыгэ щIалэхэр. ЕплIанэ Iыхьэ)

Совет Союзым, Тыркум, Урысей Федерацэм, Израилым, Къэзахъстаным щыпсэу, адыгэ футболист зыбжанэ мызэ-мытIэу дунейпсо утыку къихьащ, нэгъуэщI къэралхэм я щIыхьыр яхъумэу нобэми я зэфIэкI ягъэлъагъуэ.  Япэу апхуэдэ лъагъуэ хэзышар СССР-м и командэ къыхэхам блыщI гъэхэм щыджэгуа  Ещтрэч Владимирщ.  Къэралым и гуп нэхъыщхьэм и гъуащхьауэу абы зэIущIи 8-м зыкъыщигъэлъэгъуащ икIи я хьэрхуэрэгъухэм топитI яхудигъэкIащ. Совет Союзым и олимп командэми зэIущIи 3 щригъэкIуэкIащ. КъищынэмыщIауэ, СССР-м и щIалэгъуалэ, РСФСР-м и командэ къыхэхахэм куэдрэ ираджащ. Илъэс тIощIрэ тхурэ ипэкIэ апхуэдэ пщIэ лъагэ къыхуащIащ гъуащхьэтет Хьэпэ Заур. Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам абы щригъэкIуэкIащ зэIущIи 4.
БлэкIа лIэщIыгъуэм къэралым и щIыхьыр зыхъума Ещтрэч Владимиррэ Хьэпэ Зауррэ хаша лъагъуэ дахэм ирикIуэ нэхъ щIалэIуэхэм нобэ я гугъу фхуэтщIынщ.

Израилым и командэ къыхэхам и капитан Натхъуэ Бибрэс

Израилым и командэ къыхэхам и капитан Натхъуэ Бибрэс хамэ щIыпIэм щитIысыкIа Кфар-Камэ адыгэ къуажэм къыщалъхуами, адэжь Хэкуращ цIэрыIуэ щыхъуар.  Къэзан и «Рубин»-мрэ Мэзкуу и ЦСКА-мрэ яхэту Европэм и къэрал куэдым я стадионхэм пщIэрэ щIыхьрэ щиIэу зыкъыщигъэлъэгъуащ. Иужь илъэсым Алыджым Iэпхъуэри, абы хыхьэ Пирей къалэм и «Олимпиакос»-м ехъулIэныгъэкIэ щыджэгуащ икIи дыжьын медалыр иужь зэхьэзэхуэм щызыIэригъэхьащ. Иджы и зэфIэкIхэр Сербием и чемпионатым щегъэлъагъуэ, я командэ нэхъ цIэрыIуэ дыдэ Белград и «Партизан»-м хэту.
И ныбжьыр илъэс пщыкIуий щримыкъум щыщIэдзауэ Натхъуэ Бибрэс топджэгум хэтщ, ехъулIэныгъэхэр щызэIэригъэхьэу. 2006 гъэм абы япэ дыдэу щитIэгъащ спорт иным хэзыша Тель-Авив и «Хапоэль» командэм и балигъ гупым и фащэр. Абы лъандэрэ Израилым, Урысей Федерацэм, Алыджым, нэгъуэщI къэралхэм я губгъуэхэм джэгугъуэ 479-рэ щригъэкIуэкIащ икIи топ 72-рэ я хьэрхуэрэгъухэм щахудигъэкIащ.  
Израилым и балигъ гуп къыхэхам и зэIущIэ 60-м зыкъыщигъэлъэгъуащ икIи абы иджыпсту и пашэщ. Зэи къэмыхъуауэ, мыжурт лъэпкъым ящыщу капитану хахащ. АрщхьэкIэ зэи ибзыщIыркъым зэрыадыгэмрэ зэрымуслъымэнымрэ. Уеблэмэ иригушхуэу дэни щытопсэлъыхь.
ФутболымкIэ Израиль къэралыгъуэм курыт зэфIэкI иIэу аращ. Абы и гуп къыхэхамрэ командэ щхьэхуэхэмрэ дунейпсо утыку итщ, ауэ ехъулIэныгъэ инхэр зэкIэ зыIэрагъэхьэфыркъым. Израилми, Европэми, нэгъуэщI щIыпIэхэми иджыпсту нэхъ щыцIэрыIуэр Натхъуэ Бибрэсщ икIи журт къэралыгъуэм и щIыхьыр ихъумэу балигъ командэ къыхэхам хэту зэIущIэ 60 нобэр къыздэсым иригъэкIуэкIащ. Аращ гупым и капитану хуэфащэ дыдэу щIыхахари. Абы и пэкIэ Израилым и командэ къыхэхам и ныбжь псоми (илъэс 17-м, 18-м, 19-м, 21-м нэсхэм) ехъулIэныгъэкIэ зыкъыщигъэлъэгъуащ икIи щIалэгъуалэ гупым я пашэу ягъэуващ).
Къызэрыхэдгъэщащи, щIалэ дыдэу Бибрэс Тель-Авив и «Хапоэль»-м джэгун щригъэжьащ. ИужькIэ Къэзан и «Рубин»-м, Афинхэм я ПАОК  (Алыдж) командэхэм ирагъэблэгъащ. Иужь илъэсхэм Мэзкуу и ЦСКА-м и пашэхэм ящыщ зыуэ щытащ. Абы къихьащ Израилымрэ Урысей Федерацэмрэ я кубокхэр, Урысейм и суперкубокыр. Ар ди къэралым и чемпионщ, къищынэмыщIауэ дыжьын (тIэунейрэ),  жэз медалхэр зыIэригъэхьащ, Алыджым дыжьынымрэ жэзымрэ къыщихьащ.
Натхъуэ Бибрэс 2010 гъэм япэ дыдэу адэжь Хэкум къихьэжащ. Ар къригъэблэгъауэ щытащ Къэзан и «Рубин»-м и тренер нэхъыщхьэ Бердыев Курбан икIи абы щхьэкIэ кIуат Израилым щыпсэу Натхъуэхэ я унагъуэм. «Рубин»-р щIэдзапIэ угъурлы хуэхъуащ Бибрэс икIи абы хэту Урысейм и кубокымрэ суперкубокымрэ 2012 гъэм зыIэригъэхьащ, чемпионатым и жэз медалыр къратащ.
Къэзандэсхэм къахэкIыжа иужькIэ, 2014 гъэм и япэ илъэс ныкъуэм Алыджым и ПАОК командэм хэтащ. Абыи Iыхьэншэ щыхъуакъым - а къэралым и дыжьын медалыр иIыгъыу Урысей Федерацэм къигъэзэжащ.
Мэзкуу и ЦСКА-м ар апхуэдизкIэ лъэ быдэкIэ хыхьати, 2014/2015 гъэхэм екIуэкIа зэхьэзэхуэм и гъуащхьэхъумэныкъуэ нэхъыфI дыдэу къалъытащ икIи  и хьэрхуэрэгъухэм топ 14 яхудигъэкIащ. Абы зэрыхэта илъэсиплIым адыгэ щIалэм дыжьын медалу 3-рэ (2015, 2017, 2018 гъэхэм) дыщэу зырэ (2016 гъэм) зыIэригъэхьащ, Урысейм и кубокым и финалым щыджэгуащ.
Израилым и командэ къыхэхам и капитан Натхъуэ Бибрэс иджыблагъэ зэгурыIуэныгъэ ирищIылIащ Сербием щынэхъ цIэрыIуэ икIи щынэхъ лъэщ дыдэ Белград и «Партизан»-м. Ар абы хэтынущ дызыхуэкIуэ илъэсищым.
Зы илъэси къанэркъым Натхъуэ Бибрэс Израилым и командэ къыхэхам хэту европэпсо, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм я кIэух зэпеуэхэм кIуэнухэр къыщыхах зэIущIэхэм зи пашэ гупыр утыку къримышэу, Чемпионхэм я Лигэм  е Европэм и Лигэм щымыджэгуу, и  IэзагъымкIэ къеплъхэр къыдимыхьэхыу, дэрэжэгъуэ яримыту. Абы и Iэзагъ лъагэм иджыри къэс дэрэжэгъуэ иным дыщигъэщIакъым, адэкIи апхуэдэу зэрекIуэкIынум шэч къытетхьэркъым.

Адыгэгу нэс зыкIуэцIылъ
 Мырзэ Резуан

Сыт хуэдэ командэ хагъэхьами, зэман кIэщIым къриубыдэу Мырзэ Резуан абы и пашэ мэхъу. Апхуэдэу щыщытащ Рязань и «Спартак»-ми, Мэзкуу и «Торпедо»-ми, Ленинград оластым и «Тосно»-ми, Тулэ и «Арсенал»-ми. Абы къыдэджэгухэр  трегъэгушхуэ адыгэ щIалэр щхьэмыгъазэу икIи лъэщу зэребгъэрыкIуэм, мыхьэнэшхуэ зиIэ топхэр я хьэрхуэрэгъухэм зэрахудигъэкIым.  Дауи, Мырзэм и апхуэдэ щытыкIэм  гулъытэ хэха къахуригъэщIащ топ джэгум дихьэххэмрэ IэщIагъэлIхэмрэ икIи хуэфащэ дыдэу Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам и тренер нэхъыщхьэ Черчесов Станислав зи унафэщI гупым иригъэблэгъащ. Пэжщ, зэкIэ зыгъэсэныгъэхэмкIэ Iуэхур зэфIэкIащ, ауэ Мэзкуу и «Спартак»-м иджыблагъэ зэрыхыхьам Iэмал къритыну фэ тетщ мыгувэу тлъагъуну, къэралым и щIыхьыр ихъумэу, европэпсо утыку къихьауэ.
Ди къэралым щыIэ спорт хъыбарегъащIэ IэнатIэхэр иужь зэманым нэхъыбэу зытепсэлъыхьыр Мырзэ Резуан Мэзкуу и «Спартак»-м зэрыхагъэхьарщ. Ди лъахэгъур абы илъэсищкIэ хэтынущ икIи ар  иджыри къэс зея «Ростов»-м адыгэ щIалэр къиутIыпщын папщIэ еврэ мелуани 3,5-рэ иратащ.
Мырзэм Iэмал игъуэтащ куэд набдзэгубдзаплъэу къызыкIэлъыплъ командэ цIэрыIуэм хыхьэну икIи и зэфIэкIыр здынэсыр къыщигъэлъэгъуэну. Ар зэрымымащIэм щыхьэт техъуэфынущ иужь илъэситхум ар зыхэта премьер-лигэм щыджэгухэу Мэзкуу и «Торпедо», Грознэ и «Тэрч» (иджы «Ахмат»), Ленинград областым и «Тосно», «Ростов», Тулэ и «Арсенал» командэхэр. Грознэрэ Дон Iус Ростоврэ къищынэмыщIауэ, адрейхэм ар щыпашащ. «Тэрч»-мрэ «Ростов»-мрэ и Iуэхухэр щIыдэмыкIами Резуан и зэран хэлъкъым: япэм псынщIэу фэбжь щигъуэтащ, етIуанэм и тренер нэхъыщхьэм и джэгукIэр зэриубзыхум Мырзэм ейр темыхуэу къыщIэкIащ.  
Мэзкуу и «Спартак»-м и тренер нэхъыщхьэ Кононов Олег и унафэм щIэту Мырзэ Резуан зэIущIи 8 Тулэ щригъэкIуэкIауэ аращ. А мащIэри IэщIагъэлI цIэрыIуэм хурикъуащ ди лъахэгъум и зэфIэкIыр зэрылъагэр зригъэщIэн папщIэ. Абы щыгъуэращ Мырзэм дигъэкIа топхэм «Спартак»-мрэ «Зенит»-мрэ щыхигъэщIар икIи «Арсенал»-р зэи къэмыхъуауэ Iэта щыхъуар. ТопитI зэуэ къахудэзыгъэкIа адыгэ щIалэри мэзкуудэсхэм ягу ираубыдат.
КъищынэмыщIауэ, куэдым ящIэж нэгъабэ ТекIуэныгъэ Иным и махуэшхуэр щыдгъэлъэпIа накъыгъэм и 9-м къалэ-лIыхъужь Волгоград (нэхъапэм Сталинград) щызэхэта Урысей Федерацэм и Кубокыр 2018 гъэм къэхьынымкIэ екIуэкI зэхьэзэхуэм и кIэух зэIущIэр. Ди лъахэгъу Мырзэ Резуан абы щыдигъэкIа «дыщэ» топым и фIыгъэкIэ къэралым и футбол саугъэт нэхъ лъапIэхэм ящыщ зыр Iэрыхьащ Ленинград областым и «Тосно» командэм.
Бахъсэн къалэм къыщалъхуа ди лъахэгъу щIалэм иужь лъэхъэнэм урысей футболым и цIэр фIыкIэ зэрыщыIуар гуапэщ. Дыпэплъэнщ къэралым и командэ къыхэхам дэщIыгъуу Мырзэ Резуан иIэну текIуэныгъэщIэхэм.
 
Европэм и чемпион Къуэшы Амир

И адэ-анэр лэжьакIуэ здэщыIэ Мэзкуу 1989 гъэм щэкIуэгъуэм (ноябрым) и 11-м къыщалъхуащ Къуэшы Амир. Абы Iэмал гъуэзэджэ игъуэтащ къалащхьэм топджэгум зыщыхуигъасэу япэ лъэбакъуэхэр щичыну.
Зыхэплъыхьыныр и куэдми, Къуэшы Юрэ и къуэр къэжэпхъа иужькIэ ЦСКА-м и спорт школым иритащ. Абы сабийм къыщыдэлэжьащ тренер цIэрыIуэхэр икIи топджэгум и щэхухэр щрагъэщIащ.
Къуэшыхэ дэрэ зы Къэхъун къуажэм дыщыпсэу пэтми, абыхэм я щIалэр Мэзкуу и ЦСКА-м щыджэгуу къыщысщIар Налшык и «Спартак»-р премьер-лигэм кIуэуэ ар хьэрхуэрэгъу къытхуэхъуа иужькIэщ. 2006 гъэм и гъатхэпэм ди командэмрэ ЦСКА-мрэ я щIалэгъуалэр Нарткъалэ щызэIущIауэщ Амир япэу щыслъэгъуар. Дауи, адэкIэ згъэгъуэщакъым.
Абы ирихьэлIэу, и ныбжьыр илъэс пщыкIухи ­мыхъуауэ, Къуэшы Амир ЦСКА-м и щIалэгъуалэ гупым хъарзынэу хэзэгъат, уеблэмэ балигъхэм яхэту Урысей Федерацэм и кубокым щыщIэбэн зэхьэзэхуэм зы зэIущIэ щригъэкIуэкIыну хузэфIэкIат. Нэрылъагъут абы къэкIуэну дахэ зэриIэр. Урысей Федерацэм ныбжьыщIэхэм я гуп къыхэхами ирагъэблагъэу щIадзат.
Къуэшым и вагъуэр къыщылыдар 2006 гъэращ. Зы ныбжьыр илъэс пщыкIубл иримыкъуахэм Люксембургым щрагъэкIуэкIа Европэм и чемпионатым абы дыщэ медалыр къыщихьащ.
Накъыгъэм (майм) и 3-м щыщIэдзауэ екIуэкIа зэхьэзэхуэм хэтыну Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам и тренер нэхъыщхьэ Колыванов Игорь иригъэблэгъахэм ящыщт ЦСКА-м и гъуащхьэхъумэныкъуэ адыгэ щIалэ Къуэшы Амир. Люксембургым щызэхэта кIэух зэхьэзэхуэм ди къэралыр хэхуэн папщIэ къызэрыхах зэпеуэм абы фIыуэ зыкъыщигъэлъэгъуат.  
Зыхэта гупым венгрхэмрэ хэгъэрейхэмрэ щыхагъащIэри, Урысей Федерацэм и футболистхэр занщIэу финал ныкъуэм нэсащ. Абы къащыпэплъэрт балигъ хъуа иужькIэ дуней псом и чемпион хъуа щIалэ зыбжанэ щызэрихьэлIа Германием и ныбжьыщIэхэр. Накъыгъэм и 11-м зэхэта зэIущIэр хуабжьу гуащIэ хъуащ икIи Къуэшы Амир зыхэт ди къэралым и командэ къыхэхар, 78-нэ дакъикъэм дигъэкIа топ закъуэм и фIыгъэкIэ, финалым кIуащ.
Накъыгъэм и 14-м щыIа Европэм и чемпионатым и кIэух зэIущIэр ди къэралым эфир занщIэкIэ къыщагъэлъэгъуащ. Телевизорым и экраным дипщхьэным хуэдэу, ар зэрекIуэкIым хуабжьу дрипIейтейуэ дыкIэлъыплъырт. Дауи, Къуэшы Амир топыр къызэрыIэрыхьэу бауэкIэщI дыхъурт. Абы Iэзэу и къалэнхэр игъэзащIэрт икIи дигъэгушухэрт. Хухаха зэманыр щиухым ирихьэлIэу, Урысей Федерацэр 1:0-у япэ итт. АрщхьэкIэ, къыщIагъуа дакъикъищыр зэфIэкIыпауэ, чеххэм бжыгъэр зэхуэдэ  ящIыжащ. ЗэIущIэм зыгуэр щытемыкIуэу хъунутэкъыми, аргуэру зэпэщIэтыныгъэм прагъэщащ. КъыщIагъуа дакъикъэхэм командэхэр топ зырызкIэ зэхъуэжащ. Апхуэдэуи нэхъ лъэщыр зэхэкIатэкъым. Къэнэжыр зэIущIэ нэужь пенальтихэм еуэнырт. АбыкIэ дыдейхэр нэхъ Iэзэу къыщIэкIащ.
Урысей Федерацэм и ныбжьыщIэ командэ къыхэхам дэщIыгъуу Европэм и чемпион зэрыхъуар Къуэшы Амир и дежкIи, къыдэщIхэм папщIи дэрэжэгъуэ инт. А гуфIэгъуэр щаIэтащ къэралым и къалащхьэ Мэзкууи, Налшыки, Къэхъун къуажэми.
Дэтхэнэ зы спортсменым и дежкIи зэхэгъэкIыгъуэ нэсщ балигъыпIэ щиувэр. Иджыри къэс зыхэта зэхьэзэхуэхэм ар икъукIэ къыщхьэщокI. Къуэшы Амир и апхуэдэ лъэхъэнэр ирихьэлIащ и лъакъуэхэм фэбжь хьэлъэ ягъуэтауэ. Зыкърагъэужьыжын мурад яIэу, ЦСКА-м бэджэнду япэ дивизионым щыджэгу Новотроицк и «Носта»-м, Оренбург и «Газовик»-м иритами, иужькIэ Ставрополь и «Динамо»-м, Набережные Челны и «КАМАЗ»-м хагъэхьами къикIыща щыIэкъым. 2013 гъэм, и ныбжьыр илъэс 24-рэ иджыри мыхъуарэ и къару илъыгъуэу топ джэгуныр къигъэнэн хуей хъуащ. Абы иужькIэ къигъэзэжри, Къэхъун къуажэм хэту Къэбэрдей-Балъкъэрым и чемпион хъуащ. Иджы щIалэщIэхэр егъасэ, пасэу игъуэта фэбжьым и зэранкIэ езыр зыхунэмыса лъагапIэхэм тригъэгушхуэу.
Зи гугъу фхуэтщIахэм къищынэмыщIауэ, Къэзахъстаным и командэ къыхэхам хэту зэIущIэ зыбжанэ ирагъэкIуэкIащ ЛIыхъугу Арсенрэ (1) Джатэрывэ Къазбэчрэ (6). Тыркум и щIыхьыр зыхъумахэр куэд мэхъур, ауэ абыхэм я адыгэ унэцIэхэр зрагъэхъуэжам къыхэкIыу зэкIэ гъэбелджылыгъуейщ.

 

 

Жыласэ Заурбэч.
Поделиться: