Егъэджэныгъэм и купщIэмрэ фIагъымрэ

ШыщхьэуIу  зэIущIэхэр

 

Хабзэ хъуауэ,  мы лъэхъэнэм дэнэкIи щокIуэкI шыщхьэуIу зэIущIэхэр. Республикэпсо пленарнэ зэхуэсышхуэм и пэ къихуэу ди щIыналъэм щызэхашэ  район егъэджэныгъэ IэнатIэхэм къызэщIаубыдэ IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм я зэхыхьэхэр. 2019 - 2020 гъэ еджэгъуэщIэм ирихьэлIэ апхуэдэ зэхуэсхэм  щыхоплъэж  илъэс  блэкIам яIа ехъулIэныгъэхэмрэ зыхунэмысахэмрэ, лъэхъэнэщIэм зэфIахыну лэжьыгъэхэр щаубзыху, мурадыщIэхэр къагъэнахуэ.

Бахъсэн щIыналъэ  администрацэм и актовэ пэш иным шыщхьэуIум и 26-м щекIуэкIа  зэIущIэм нэхъыбэу къыщаIэтари ахэращ.
Зэхуэсым и лэжьыгъэм хэтащ Бахъсэн щIыналъэм и администрацэм и Iэтащхьэ Балъкъыз Артур, Бахъсэн муниципальнэ щIыналъэм щIыпIэ самоуправленэмкIэ и Советым и унафэщI Сэбан Руслан,  КъБР-м щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министрым и къуэдзэ Сокъур Олег, КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм  я IуэхухэмкIэ и министерствэм и  чэнджэщакIуэ Михайловэ Еленэ,  Бахъсэн къалэм, Бахъсэн, Дзэлыкъуэ районхэм я дзэ комиссар Сосналы Мухьэмэд,  Бахъсэн районым и прокурорым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Тхьэгъэпсо Мурат, УФ-м и МВД-м Бахъсэн районым щиIэ къудамэм и унафэщI Хэжь Аслъэнбий, щIыналъэм хыхьэ жылэхэм я администрацэхэм я пашэхэр, депутатхэр, курыт школхэм, сабий гъэсапIэхэм я унафэщIхэр,  IэнатIэм и лэжьакIуэ пажэхэр, егъэджэныгъэм и ветеранхэр.
ЗэIущIэр къызэIуихащ икIи иригъэкIуэкIащ район администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Къэзан Заур. Къызэхуэсахэм гъэ еджэгъуэщIэмкIэ ехъуэхъуа нэужь, абы псалъэ иритащ  Балъкъыз Артур.
- ПщIэ зыхуэсщIегъэджакIуэхэ, гъэсакIуэхэ. Си гуапэу сынывохъуэхъу ЩIэныгъэхэм я махуэ къэблэгъамкIэ, - жиIащ  Балъкъызым. - Фэ фщыщ дэтхэнэми  зыкъомкIэ елъытащ ди районым ис сабийхэм ягъуэтыну щIэныгъэмрэ гъэсэныгъэмрэ я фIагъыр. Творческэ ехъулIэныгъэщIэхэр, узыншагъэ быдэ фиIэну, мураду илъэсым хувиIэхэр нахуапIэ хъуну. Апхуэдэу сохъуэхъу  фи еджакIуэхэмрэ абыхэм я адэ-анэхэмрэ.  Гъэ еджэгъуэщIэр псоми узыншэу  зэдетхьэкIыну си гуапэщ.
ЩIыналъэм и егъэджэныгъэ IэнатIэр илъэс блэкIам зэрылэжьамрэ  къыпэщылъ къалэнхэмрэ ятеухуат егъэджэныгъэмкIэ Бахъсэн IэнатIэм и унафэщI Абрэдж Тамарэ и докладыр. «Егъэджэныгъэм и купщIэр къэгъэщIэрэщIэнымрэ абы и фIагъым хэзыгъэхъуэну Iэмалхэмрэ» фIэщыгъэр зиIа а къэпсэлъэныгъэм унафэщIым нэсу щызэпкърихащ 2018 - 2019 гъэ еджэгъуэм IэнатIэм  зригъэхъулIэфахэмрэ  зыхунэмысахэмрэ.
 - Ди районым щыIэ егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IуэхущIапIэхэм федеральнэ проектхэр щолажьэ. Абыхэм ящыщу ехъулIэныгъэ диIэу дгъэзэщIащ зи ныбжьыр илъэси 3-7 хъу сабийхэр гъэсапIэхэм кIуэну Iэмал яIэным епхар, - къыхигъэщащ Абрэджым. - Апхуэдэу район бюджетым къыхэкIыу сом мелуани 5-м щIигъу хуаутIыпщащ школхэм я спорт залышхуэхэр зыхуей хуэгъэзэжыным, еджапIэхэм я унащхьэхэр, псы хуабэ зрикIуэ бжьамийхэр, зытхьэщIыпIэхэр зэгъэпэщыжыным, школ пщIантIэхэм хьэщпакъхэр щыухуэным, нэгъуэщIхэми. А псори  и чэзум икIи къызыхуэтыншэу зэрызэфIэкIам я фIыгъэшхуэ хэлъщ щIыпIэм и хьэрычэтыщIэхэм, ди гъэсэну щытахэм, адэ-анэхэм. Ди школхэмрэ гъэсапIэхэмрэ зэпэщу гъэ еджэгъуэм  ирихьэлIэжын папщIэ сомкIэ, къарукIэ зыкъытщIэзыгъэкъуа дэтхэнэми фIыщIэ ин худощI.
Абрэджым жиIахэм къыдыщIагъуу зэхуэсым къыщыпсэлъащ ХьэтIохъущыкъуей жылэм и курыт школ №3-м и унафэщI ДыщэкI Раисэ, Ислъэмей къуажэм дэт курыт школ №4-м и пашэ Хъупсырджэн Мадинэ сымэ. Ахэр тепсэлъыхьащ «ЕджапIэмрэ адэ-анэхэмрэ», «Сабий псоми  - Iэмал зэхуэдэхэр» проектхэр зи унафэщI IуэхущIапIэхэм зэрыщылажьэ щIыкIэм.
Зэхуэсым и кIэухыу зи лэжьыгъэкIэ къыхэжаныкIа егъэджакIуэфIхэр, гъэ еджэгъуэщIэм нэхъыфIу зыхуэзыгъэхьэзырыжа IуэхущIапIэхэр ягъэлъэпIащ. Абыхэм иратащ егъэджэныгъэмкIэ IэнатIэм, район администрацэм къабгъэдэкI щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр, фэеплъ саугъэтхэр, дамыгъэ лъапIэхэр. Апхуэдэу къыхагъэщащ урысейпсо зэпеуэхэм щытекIуа курыт школхэр. Абыхэм ящыщщ «Илъэсым и сабий сад нэхъыфI» къэралпсо зэпеуэ-еплъыныгъэм  пашэ щыхъуахэу  ХьэтIохъущыкъуей жылэм дэт курыт школ №3-м къепха гъэсапIэр, Къубэ-Тэбэ  къуажэм дэт пэщIэдзэ школ - сабий садыр, ХьэтIохъущыкъуей къуажэм и прогимназиер.
Егъэджэныгъэм и фIагъым адэкIи зэрыхагъэхъуэну Iэмалхэм  щытепсэлъыхьащ Бахъсэн къалэм дэт школхэмрэ сабий садхэмрэ я лэжьакIуэхэр зыхэта зэхуэсми.  IэнатIэм и унафэщIхэм, IэщIагъэлIхэм нэмыщI, зэIущIэм хэтащ КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм  я IуэхухэмкIэ и министерствэм и къудамэм и пашэ Алокъуэ Ритэ, Бахъсэн къалэ администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Бырхьэм Залинэ, нэгъуэщIхэри.  Абы кърихьэлIа псоми я пащхьэ доклад купщIафIэ щищIащ Бахъсэн къалэм егъэджэныгъэмкIэ и департаментым и унафэщI Борэн Мадинэ.
КъаIэта Iуэхугъуэхэм ятеухуа резолюцэхэр къащта нэужь, зэхуэсхэм хэтахэр ирагъэплъащ еджакIуэхэм абыхэм папщIэ къызэрагъэпэща концерт дахэхэм.  

 

 

ЖЫЛАСЭ Маритэ.
Поделиться: