Гъатхэпэм и 17-м КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрий зригъэлъэгъуащ Толстойм и цIэр зезыхьэ уэрамым икIыу Калюжнэ уэрамым утезышэу ящIа гъуэгу зэпыхьэпIэр. Республикэм и УнафэщIым щIыгъуащ министрхэр, Налшык къалэ администрацэм и лIыкIуэхэр, а IуэхумкIэ жэуап зыхьхэр.
Калюжнэ уэрамым ирикIуэу щыта 20-нэ гъущI гъуэгу къудамэр куэд щIауэ къагъэсэбэпыжыртэкъыми, къалэм нэхъ щызекIуэгъуафIэ хъун папщIэ абы къыхуэкIуэ уэрамхэм къытехьэпIэ хуащIащ. Гъуэгухэм иIа кумбхэр ягъэсеижащ, мыгувэу асфальт тралъхьэу машинэ къежэкIыпIэ хуащIыну я мурадщ. А ухуэныгъэр мы гъэм и фокIадэ мазэм яухыну хуагъэфащэ.
КIуэкIуэ Юрий къыхигъэщащ Калюжнэ уэрамым и теплъэр зэрымыщIагъуэр икIи абы фIыуэ елэжьын зэрыхуейр. Республикэм и Iэтащхьэм ухуакIуэхэр къыхуриджащ Iуэхум хухаха мылъкумрэ яIэ зэфIэкIымрэ къагъэсэбэпу щытыкIэр ягъэтэмэмыну, гъуэгущIэхэр тралъхьэну, къалэм и уэрам нэхъыфIхэм хуэдэу къызыхуэтыншэ ящIыну. Абы жиIащ цIыхухэм я тыншыпIэм нэхъыщхьэ зэрыщымыIэр, икIи уэрамыщIэр шынагъуэншэу, нэхуу, къабзэу, дахэу къызэгъэпэщыным и мыхьэнэр зэрылъагэр къагурыIуэу, Iуэхум гууз-лыуз хуаIэу зэфIахыну.
Мэлбахъуэм и цIэр зезыхьэ уэрамым автомашинэу мин 30-м нэблагъэ зы махуэм щызэблокI. АбыкIэ ирикIуэ гъуэгур зэрагъэпэщыжын папщIэ ар зэхуэщIауэ щыщытыну пIалъэм Кировым и цIэр зезыхьэ уэрамым и мызакъуэу, КалюжнэмкIи укъекIуэкI хъунущ. КъБКъУ-м щеджэхэмрэ щылажьэхэмрэ иджы куэдкIэ нэхъ тыншу екIуэлIэфынущ университетым. Дзэлыкъуэ, Бахъсэн, Шэджэм щIыналъэхэм, Кэнжэ къикIхэр къалэм нэхъ псынщIэу къэсынущ. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, къалэм щызэтрихьэ машинэхэр нэхъ мащIэ хъунущ.
Налшык къалэ администрацэм и унафэщIым и къуэдзэ Бэджыдэ Мухьэмэд дызэрыщигъэгъуэзамкIэ, гъуэгум и ухуэныгъэщIэр зэран зыхуэхъункIэ хъуну хьэрычэтыщIэхэм зэгурыIуэныгъэ иращIылIащ, ухуэныгъэ лэжьыгъэхэр зэраубзыхуам тету и зэманым зэфIагъэкI.