Дунейпсо кубокым и етIуанэ IыхьэмМас-рестлинг Узбекистаным и Алмалык къалэм щекIуэкIащ мас-рестлингымкIэ Дунейпсо кубокыр къэхьыным теухуауэ цIыхухъухэмрэ цIыхубзхэмрэ я зэпеуэм и етIуанэ Iыхьэр. Псори зэгъусэу абы хэтащ къэрал 19-м икIа спортсмен 200-м щIигъу. Урысейм и цIэкIэ зэхьэзэхуэм зыкъыщагъэлъэгъуащ ди лъэпкъэгъухэу Нэгъуей Астемыррэ Хъущт Анзоррэ. Зэпеуэхэм я япэ махуэм Нэгъуейр пэщIэдзэ зэIущIитIым щытекIуэри, финал ныкъуэм нэсащ. Абы ди щIалэр щыIущIащ къэралым и гуп нэхъыщхьэм къыдыхэт Андросов Василий. Астемыр и Iэпхъуамбэр къутэри, зэIущIэм къыщыхагъэщIа хъуащ.
Поделиться:
Читать также:
23.04.2024 - 17:31 →
АЛБЭРДЫКЪУЭ Iэмин.
23.04.2024 - 17:06 →
Гуп зэпеуэм япэ щыхъуащ
23.04.2024 - 15:26 →
Урысейм щынэхъ лъэщхэр
17.04.2024 - 12:56 →
Къапэлъэщын къахэкIакъым
17.04.2024 - 12:54 →
Медалиблым щыщу щыр дыщэу
|