ПщIэншэ хъуакъым

Профессор Джатэгъэжь Владимир, къэрал лэ­жьа­кIуэ Нэхущ Заурбий, Тхьэзэплъ Хьэсэн сымэ.

 

60 гъэхэм лъандэрэ Хьэсэнрэ сэрэ дызэроцIыху. КъБКъУ-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и факультетым щеджэми, ар филологхэм ди хамэтэкъым. И усэщIэхэр редакцэм ихьу къытригъэ­дзэн и пэ дыкъригъаджэрт.

Гъуазджэмрэ литературэмрэ пэжыжьэ IэщIагъэм хуеджэ щIалэр усэ тхыным зэрыди хьэхар ди гуапэт. Псом хуэмыдэу сэ ар нэхъ спэгъунэгъут, курыт школ нэужьым мэкъумэш хозяйствэмкIэ факультетым сыщIэтIысхьати. Зы илъэскIэ а къудамэм сыщеджауэ си тхылъхэр къыщIэсхыжащ, экзаменхэр стыри, филологие факультетым и студент сы­хъуащ. Хьэсэн сэ нэхърэ нэхъ жыжьаплъэу къыщIэкIами, а Iуэхугъуэм нэхъ зэпэ­гъунэгъу дищIат. Абы къыхиха унэтIыныгъэр имыхъуэжу инженер-механик IэщIагъэр зригъэгъуэтащ. КъищынэмыщIауэ, Горький Максим и цIэр зезыхьэ Литинститутым щIэтIысхьэжри, щытхъукIэ къиухащ.
Хьэсэн и усэ тхылъым теухуауэ мыр ­сигу къинэжащ. Черкесск къалэм и лицей  №5-м и унафэщIым и къуэдзэ, юридическэ щIэныгъэхэм я кандидат Астаховэ Татьянэ къыбгъэдэкI письмо «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм къэкIуат. Абы итт гъэ еджэгъуэр и кIэм нэблэгъауэ, экзамен тыгъуэу, зэпеуэхэм я чэзууэ, и гъэсэнхэр еджапIэ нэхъыщхьэм зэрыщIэтIысхьэным хуигъэхьэзыру, щIэныгъэ лэжьыгъэми хэту Тхьэзэплъ Хьэсэн диным теухуа и усэ тхылъыр бзылъхугъэм къызэрыIэрыхьар. А псом и унагъуэ Iуэхухэри къыхыхьэжат: пхъурылъху къыхуалъхуат, и къуэм и хьэгъуэлIыгъуэм зыхуагъэхьэзырырт, и адэ-анэр сымаджэ хьэлъэт. КIэщIу жыпIэмэ, а лъэхъэнэм цIыхубзым куэд хузэтрихьат. Тхылъыр къыIэрыхьэри, махуэ бжыгъэ фIэкI дэмыкIауэ, Татьянэ и адэр дунейм ехыжащ. Астаховэм и тхыгъэм Тхьэ­зэ­плъым фIыщIэ ин къыщыхуищIырт ­нэху, Iущыгъэ, цIыхугъэ зыхэлъ и усэхэм а махуэ хьэлъэхэр, и гуауэр къызэрыдагъэ­псын­щIам, къару къызэрыхалъхьам папщIэ.
Апхуэдэу гуапэу бзылъхугъэр къыпэ­джэжат Хьэсэн и усэхэм. Псэм зегъэузэщIыным, диным теухуа апхуэдэ нэгъуэщI усэхэр иIэмэ иджыри хуигъэхьыну Татьянэ щылъаIуэм, «Горянка» газетым къытрыригъэдзат Хьэсэн и усэ гуп. УсакIуэм къыфIэмыIуэхункIэ Iэмал иIэкъым и псалъэр цIыхухэм гунэс зэращыхъур. КъызэрысфIэщIымкIэ, псалъэр зи Iэщэ дэтхэнэми жаIэм и мыхьэнэмрэ цIыхухэм ар зэрызыхащIэмрэ гулъытэ ­хуащIын ­хуейщ.
Апхуэдэу щыхъукIэ, зы тхылъеджэм нэхъ мыхъуми и гум удыхьэфамэ, ар да­хагъэм, гуапагъэм хуэбгъэушыфамэ, е зыхэт гузэвэгъуэм къыхэпшыфа­мэ, и усэхэм тригъэкIуэда зэманыр пщIэн­шэ ­хъуакъым. А къалэным Хьэсэн хуэIэкIуэлъакIуэщ.

ГЪУТ  Iэдэм,
филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор.

 

Зи  къару емыблэжа

Ар зыхужаIэ цIыхухэм ящыщщ Тхьэзэплъ Хьэсэн, а цIэр абы къилэжьащ и гуа­щIэдэкIрэ дуней тетыкIэкIэ.

И гуащIэдэкIым и гугъу пщIымэ, Хьэсэн и къалэ­мы­пэм къыщIэкIащ тхыгъэ зэмылIэужьыгъуэ куэд. Лейуэ утемыпсэлъыхьыжми, нэрылъагъущ а тхыгъэхэр зэрыкупщIафIэр, зэрыщIэщыгъуэр, зэрышэрыуэр - абы шэч къытезыхьэ урихьэлIэнукъым. Нобэрей ди литературэм хуэфащэ увыпIэ щаубыдащ абыхэм. Щаубыдащ я купщIэкIэ, я гъэпсыкIэкIэ, я фащэкIэ. Хьэсэн и усыгъэхэр гупсысэ куукIэ гъэнщIащ, дапщэщи гукъинэщ, ущытезаши къэхъуркъым - ари шэчыншэщ. Апхуэдэ защIэщ, псалъэм пап­щIэ, Тхьэзэплъым и усэ кIэщIхэр. Абыхэм я нэхъыбапIэр сатыр плIырыплIщ зэрыхъур. КъуэкIыпIэмкIэ щы­зэфIэувауэ, лIэщIыгъуэ зыбгъупщIым нос апхуэдэ усыгъэхэм - рубаикIэ зэджэхэм - я ныбжьыр. Хьэсэн и фIыгъэкIэ ди литературэми щызэфIэуващ а жанр хьэлэмэтыр - абы щхьэкIэ пщIэ лей хуэфащэщ ди усакIуэ гуащIафIэм.
И лэжьыгъэм и гугъу пщIымэ, мыхьэнэшхуэ зиIэ IэнатIэ бгъэдэтщ Тхьэзэплъ Хьэсэн - «Литературная Кабардино-Балкария» журналым и редактор нэхъыщхьэщ. Гу ­лъумытэнкIэ Iэмал зимыIэщи, а IэнатIэр дзыхь къызэрыхуащI лъандэрэ куэдкIэ ефIэкIуащ журналыр. Абы щIэх-щIэхыурэ къытохуэ ди лъэпкъ литературэхэм я фIыпIэр, урысыбзэкIэ зэдзэкIауэ. Хьэсэн фIыуэ щыгъуазэщ цIыхухэм я пащхьэ иплъхьэнкIэ нэхъ зыхуэфащэ тхыгъэхэм, зэи теплъэкъукIыркъым ди тхакIуэхэм, усакIуэхэм я гуащIэдэкIым, и нэIэм щIэт зэпытщ ар - апхуэдэ къалэнщ журналым и тхьэмадэм и пщэ къыдэхуэр. А къалэныр дап­щэщи къохъулIэ Тхьэзэплъым. КъохъулIэ, гулъытэ иIэщ, набдзэгубдзаплъэщи.
Хьэсэн гу къабзэ, псэ къабзэ зиIэ цIыху гуапэщ - апхуэдэущ ар псоми зэрацIыхур. Зыгуэр къыщыхуэныкъуэм деж, езым и щхьэ Iуэхур зригъэтIылъэкIынурэ, къыхуэныкъуэм зыщIигъэкъуэнущ, арэзы имыщIауэ етIысэхынукъым, и гур зэгъэнукъым, и псэр тыншынукъым - ар псоми яхузэфIэкIыркъым. Хьэсэн хузэфIокI, и къару еблэжыркъым.
Зы гъэ, Хьэсэн и жэрдэмкIэ, ТхакIуэхэм я союзым хагъэхьауэ щытащ щIалэгъуа­лэ гупышхуэ. Зыбжанэ щIат абыхэм апхуэдэ гулъытэ зэрахуэфащэрэ, ­мыгурыIуэгъуэр зыт: хэт, сыт абыхэм лъа­къуэпэщIэдз къахуэзыщIыр? Ар зэхигъэкIыху, етIысэхакъым Хьэсэн: Михалков Сергей деж кIуэри, зи ужь ихьар абы гуригъэIуащ, Союзым хэзыгъэхьэ комиссэр Москва къришри, тхакIуэ, усакIуэ пщыкIутхум нэблагъэ ТхакIуэхэм я союзым Налшык щыхагъэхьащ. Гудзакъэрэ гулъытэрэ зиIэ цIыхущ ар зыхузэфIэкIынур. Апхуэдэщ Тхьэзэплъ Хьэсэн.

КЪЭРМОКЪУЭ  Хьэмид.

Усыгъэхэр

Тхьэзэплъхэ я лъэпкъ уэрэд

Ди лъэпкъ дахащэу
ди Тхьэзэплъ лъэпкъыр,
Нобэ гуфIэжу дэни щопсэу.
Пелуан пэлъытэщ, жанщ и Iэпкълъэпкъыр,
Тхьэр къыткIэлъыплъу дыздегъэпсэу.

Ежьу:
Маржэ, ди щIэблэ,
Лъэпкъыр вгъэбыдэ,
Фи лъэр щIэлъэту
ГъащIэр ефхьэкI!
Жьэгу зэхэублэу
Тхыдэр вгъэкIуатэ,
Iуэху фыпэщIэту
ГъащIэм фекIуэкI.

Ди сабий IэфIхэу, ди сабий тхуэфIхэр,
ГъащIэм дефIакIуэу батэр ягъэш.
Ди хабзэзехьэу, ди нэхъыжьыфIхэр,
Къуэш къахуэхъунум яхуохъур къуэш.

Ежьу
Уей, жыIэ, нобэ ди лъэпкъ гъуэгушхуэм,
Ди лIы Iэужьыр жыжьэ тхухэш!
ЩIэблэ къытщIэхъуэр
 гъащIэм тегушхуэм,
Хъункъэ ди IэфIыр Iыхьэ мыгуэш.

Ежьу

Адыгэ лъэпкъ
Мо Тхьэмадэ бжьыфIэу
Къытехьар гъуэгущхьэм,
Сыту лIыжь зэкIужу
Уэсу зэщIэтхъуа!
Ей, Адыгэ Дадэ!
Махуэ тхухъу уи жьыщхьэр,
Уэ пхуэфэщэжыну
ЩIэблэ къытщIэхъуащ.

Мо, гуфIэжу, Дадэ къыбгъурыт
ЩIалэшхуэр,
Плъагъуркъэ зэрыуардэр, -
Дыгъэр и щхьэщыгущ.
Ар Адыгэ щIалэщ -
Аращ зэрыгушхуэр!
Адыгэ щIыналъэр
Абы и лъэпкъ щIыгущ.

Мо, гуфIэжу, Нанэ
КъыдэкIар куэбжэпэм,
Нурыр къыщхьэщихыу,
Сыту цIыху зэкIуж!
Ар Адыгэ Нанэщ,
Ди IэфIагъ къежьапIэщ,
Псэм и гугъуехь щэхухэр
Щэхуу зыгъэхъужщ.

А хъыджэбз щэныфIэу
Нанэ къыбгъурытыр
Сыту пщащэ дахэ,
Сыту Iэпкълъэпкъ екIу!
Ар Адыгэ пщащэщ,
Хьэл зэпIэзэрыту,
Дыгъэ бын къыдохъури,
Нэмысышхуэм хуепI.

Мо пщIантIэшхуэ дахэм
Сабийуэ щызэблэжыр
Дадэ и цIыкIущхьэщ,
Нанэ и сурэтщ.
Адыгэ лIэужьым
ЩIэуэ къыщIэблэжыр,
Тхыдэ гъуэгу мытыншыр
Напэ зиIэу зыкIущ.

КIуэкIуэ Валерийрэ Тхьэзэплъ Хьэсэнрэ.


Ингуш усакIуэ Чахкиев Саид, Тхьэзэплъ Хьэсэн, ингуш усакIуэ Аушев СулътIан, ингуш сэлэт (и цIэр тщIэркъым), балъкъэр усакIуэ Додуев Аскэр. Магас къалэ

Тхьэзэплъ Хьэсэнрэ Армавир дэт лингвистикэ университетым и ректору щыта Сакий Риммэрэ.

 

Поделиться: