Дохутырхэм я зэфIэкIУзыншагъэ Илъэс 22-рэ зи ныбжь щIалэм дохутырхэм захуигъэзащ и бгъэгур къеузу, хьэлъэу бауэу, псчэуэ, и гур псынщIэу къеуэу зэрыщытымкIэ тхьэусыхафэхэр иIэу. Абы и узыншагъэр къыщапщытэм IэщIагъэлIхэм къахутащ и гум и бгъум деж, кхъужьым и инагъым хуэдиз хъууэ, кIэрищIа шыкъырыр. Ар шын хъункIэ е къэуэнкIэ шынагъуэ зэрыщыIэм къыхэкIыу, Iуэхур зэбгъэтIылъэкI хъунутэкъыми, занщIэу операцэ ящIащ. Iуэху гугъур тэмэму къайхъулIащ: шыкъырыр къыхахащ, операцэ нэужь лъэхъэнэри сымаджэм къытемыхьэлъащэу екIуэкIащ. Махуэ 13 дэкIри, абы и щытыкIэм дохутырхэр арэзы къищIу, сымаджэщым щIатхыкIыжащ.
Поделиться:
Читать также:
29.03.2024 - 13:37 →
Къалэн нэхъыщхьэхэр яубзыху
29.03.2024 - 11:32 →
Гъатхэм дэIэпыкъуэгъу хуэныкъуэхэр
28.03.2024 - 14:02 →
Хьэршыр и плъапIэт
28.03.2024 - 13:01 →
Гум имыхуж гъатхае
28.03.2024 - 11:00 →
ЩхьэкIуэ зышэч щхьэ шхыгъуэ йохуэ
|