Махуэ Билал: Гуапэщ адэкIи убэнэну Iэмал узэриIэр зыхэпщIэну

Илъэсрэ мазийрэ дэкIын хуей хъуащ бэнэкIэ хуитымкIэ дуней псом щэнейрэ и чемпион Махуэ Билал зэхьэзэхуэхэм къыхыхьэжын папщIэ: шыщхьэуIум и 2 - 4 махуэхэм Польшэм и къалащхьэм щекIуэкIа Циолковский Вацлав и фэеплъ турнирым псоми яфIэтелъыджэу адыгэ пелуаныр утыку лъэ быдэкIэ къыщихьэжащ. Ар къыщызэIуах дакъикъэхэм ирихьэлIэу наIуэ хъуащ 2012 гъэм Лондон щекIуэкIа Гъэмахуэ Олимпиадэм килограмми 120-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм щытекIуауэ къалъытари.

Фигу къэдгъэкIыжынщи, 2012 гъэм Лондон щекIуэкIа Гъэмахуэ Олимп джэгухэм къыщихьа дыжьын медалыр Дунейпсо Олимп комитетым мы илъэсым и пэм къытрихыжащ Куржым (Грузием) щыщ бэнакIуэ Модзманашвили Давит, и къарумрэ зэфIэкIымрэ хэпщIыкIыу хэзыгъахъуэ хущхъуэхэр зрихьэлIауэ къызэрыщIагъэщам къыхэкIыу. Ар иратыжащ Махуэ Билал. Иджыблагъэ Таймазов Артур а щхьэусыгъуэ дыдэмкIэ дыщэр къыщытрахыжым ди лъахэгъум къыIэрыхьэну дыщыгугъат. Абы ехьэлIауэ тхьэмахуэм щIигъукIэ лэжьащ Спорт бэнэкIэм и дунейпсо зэгухьэныгъэм и комиссэр. Iуэхур лъэныкъуэ куэдкIэ зэпилъыта иужькIэ, унафэ ящIащ килограмми 120-м нэс зи хьэлъагъхэм бэнэкIэ хуитымкIэ я зэпеуэм 2012 гъэм Лондон щыIа Олимпиадэм щагъэджэгуа дыщэ медалыр зэхьэзэхуэм ещанэ увыпIэр къыщызыхьауэ щыта Ираным щыщ Гасеми Комейл иратыну. Махуэ Билал дыжьыныр къыхуэнэжащ. Жэз медалхэр хуагъэфэщащ Махуэмрэ Гасемирэ ещанэ увыпIэм щыщIэбэным хагъэщIа Къэзахъстаным щыщ Шанбаба Даулетрэ США-м и щIыхьыр зыхъума Длагнев Тервелрэ.
Хъыбар гуапэ къызэрытIэрыхьамкIэ, 2020 гъэм Токио щекIуэкIыну гъэмахуэ Олимп Джэгухэм хэтыну Махуэ Билал зегъэхьэзыр. Хэт ищIэн, абы захуагъэ нэсыр щызэфIэувэжу адыгэ щIалэм спортым щиIэ и хъуэпсапIэ нэхъыщхьэр и чэзум къыщехъулIэнкIи хъунщ. Абы хуэунэтIа япэ лъэбакъуэхэр Билал иджыблагъэ Польшэм щичащ, шыщхьэуIум и 2 - 4 махуэхэм Польшэм и къалащхьэм щекIуэкIа Циолковский Вацлав и фэеплъ турнирым екIуу зыкъыщигъэлъагъуэри. А зэхьэзэхуэм ар хыхьат езымрэ и тренерхэмрэ я лъэIу щхьэхуэкIэ. Билал Варшавэ къыщигъэлъэгъуар телъыджэщ - нэрылъагъут бэнэным хуабжьу зэрыхуэзэшар. Бадзэуэгъуэм и 3-м зэхэта япэ зэIущIэм хэгъэрейхэм ящыщ Баран Роберт (иужькIэ жэз медалыр къэзыхьар) 11:0-у хигъэщIащ. КъыкIэлъыкIуа къэзахъ пелуаныр къабзэу тридзащ. Венгр Лигети Даниел 4:0-у итIанэ ефIэкIри, финалым кIуащ.
КIэух зэIущIэм Махуэр ебэнын хуейт Урысей Федерацэм и цIэкIэ зыкъэзыгъэлъагъуэ Хугаев Алан хэзыгъэщIа Канадэм щыщ Деси Амар. Абы ди лъахэгъур зэрыпэлъэщынум шэч хэлътэкъым, арщхьэкIэ финалыр щыщыIэн хуей къыкIэлъыкIуэ махуэм Билал зэхьэзэхуэм къыхэкIыжащ.
- Сэ мыбы зэIущIищ щезгъэкIуэкIыну си мурадати, къызэхъулIащ, - яжриIащ ди бэнакIуэ цIэрыIуэм пщэдджыжьым къызэхуэса журналистхэм. - Дыгъуасэ финалым сыщыбэнэн си гугъуащ, ауэ дызэчэнджэщыжри, Iуэхум демыпIэщIэкIмэ нэхъыфIу къэтлъытэжащ.
Польшэм щекIуэкIа зэхьэзэхуэм лъэ быдэкIэ Махуэ Билал утыку къыщихьэжащ. Ар зэрищIа щIыкIэм куэдым ухуегъэхъуапсэ икIи и текIуэныгъэ инхэм упегъаплъэ. Псоми наIуэ ящыхъуащ абы и зэфIэкI лъагэр зыщIыпIи зэрымыкIуар икIи Токио зыхуэзыгъэхьэзырынухэм зэращыщыр. Махуэр зэхьэзэхуэхэм къызэрыхыхьэжа щIыкIэмрэ адэкIэ и мурадхэмрэ теухуащ Урысейм Спорт бэнэкIэмкIэ и федерацэм и интернет-сайтым иджыблагъэ дригъэкIуэкIа псалъэмакъыр. Абы нобэ фыщыдгъэгъуэзэнщ:
- Си узыншагъэр зэфIэгъэувэжыным зэман куэдыIуэ ихьащ, - мащIэу пыгуфIыкIри хэщэтыкIащ Билал. - 2017 гъэр иуха иужькIэ зыхуэзгъэхьэзырт Ярыгиным и турнирым, Европэмрэ Урысеймрэ я чемпионатхэм, арщхьэкIэ утыку сыкъыщихьэжыфар 2019 гъэм и гъэмахуэращ. Иужь мазэ тIощIым къриубыдэу Польшэм иджы щекIуэкIаращ япэу сызыхэтар. Дауи, сыхуеящ мы гъатхэм щыIа Урысейм и чемпионатми зыкъыщызгъэлъэгъуэну икIи хуабжьу сыхущIэкъуамэ, зэзгъэхъулIэфынут. АрщхьэкIэ дзыхьщIыгъуэджэ Iуэхухэм щыхыхьэ ныбжьым сэ сикIащ. Дохутырхэм къызжаIат шыщхьэуIу мазэм бэнэн щIэздзэж хъунуи, Польшэм щекIуэкIа зэхьэзэхуэм ар тезгъэхуащ.
- Мазэ тIощIкIэ умыбэнэныр - ар пIалъэшхуэIуэщ…
- Пэжщ, ауэ бэнэныр нэхъыбэжкIэ зыпызгъэун хуей щыхъуаи щыIащ. 2012 гъэм Лондон щекIуэкIа Олимпиадэм иужькIэ илъэситIым щIигъукIэ зэхьэзэхуэхэм сыхэтыфакъым. Узыншагъэр зэфIэзгъэувэжри, занщIэу дунейпсо чемпионатым сыкIуащ икIи бэнэкIэ хуитымкIи алыдж-урым бэнэкIэмкIи зэпеуэхэм сыхэтащ (тIуми жэз медалхэмрэ олимп лицензэхэмрэ къыщихьащ - Ж. З.). Аращи, зэман кIыхькIэ зэхьэзэхуэхэм хэтыныр зыпыгъэуным хуэIэзэ сыхъуащ (мэдыхьэшх).
- Дуней псом щэнейрэ чемпион ущыхъуа бэнэкIэ лIэужьыгъуэм бгъэзэжыну нэхъ тынш къыщIэкIынщ?
- БэнэкIэ хуитым нэхъ сыхуэIэрыхуэщ. Псом хуэмыдэу иджыпсту. 2014 гъэм елъытауэ нобэ къалэнышхуэхэр къысхуагъэувауэ щыткъым. Абы щыгъуэм, алыдж-урым бэнэкIэмрэ бэнэкIэ хуитымрэ зы зэхьэзэхуэ иным къриубыдэу щызэдэсхьыну, къикIым сеплъыну мурад сщIат. Къысщыгугъхэр, дзыхь къысхуэзыщIахэр згъэщIэхъункIи Iэмал иIэтэкъым - къэсхь увыпIэм елъытат бэнакIуэ нэхъ хьэлъэ дыдэхэр Рио-де-Жанейрэ щыIэну Олимп Джэгухэм ягъэкIуэныр. Иджы сэ Польшэм сыщIэкIуар сызэрыбанэм дэрэжэгъуэ зрезгъэтыну, зэхьэзэхуэхэм кIыхьу сызэрыхэмытам сIэщIэкIахэр, зи зэфIэкIыр нобэ ирихьэлIэу здынэсыр къэспщытэну аращ. Зыми зыри къыстрикъузэркъым, абы къыхэкIыуи нэхъ тыншу, зэпIэзэрыту утыку сохьэж.
- АтIэ, дауэ къыпщыхъуа узыхэта зэхьэзэхуэр?
- Хъарзынэу. Уи гъащIэм щыщу нэхъыбэр щыбгъэкIуа, гукъыдэжышхуэ къозыта щытыкIэм уихьэжыну телъыджэщ. Гуапэщ адэкIи убэнэну Iэмал узэриIэр зыхэпщIэну.
- Зыми укъимыгъэдзыхэу щыбанэ алэрыбгъум бгъэзэжыну ухьэзыр? Ар щIыжысIэр Польшэм щыIа зэхьэзэхуэм и финалым ущыбэнэн зэрумыдаращ.
- Зытедухуар зэIущIищ езгъэкIуэкIыну арати, згъэзэщIащ. Зэхьэзэхуэм сыщыхэтакIэ - сыхьэзырщ. АдэкIэ, деплъынщ.
- Польшэм щекIуэкIа зэхьэзэхуэм бэнакIуэ лъэщ куэд хэтакъым, ауэ абыхэми я зэфIэкIыр мащIэу пхужыIэнукъым. Уарэзы уи хьэрхуэрэгъухэр къызэрыппэщIэта щIыкIэмкIэ?
- Варшавэ щыIа Циолковский Вацлав и фэеплъ турнирым хэт къыщыспэщIэтынуми къысфIэIуэхущакъым. Си дежкIэ нэхъыщхьэр зэхьэзэхуэм сыхыхьэжыну, абы и екIуэкIыкIэм зыхэзгъэгъуэзэжыну, си зэфIэкIымрэ хьэрхуэрэгъухэм я Iэзагъыр здынэсамрэ зэзгъэщIэну арати, къызэхъулIащ. Мыхьэнэшхуэ зиIэщ мы Iуэхугъуэри - ущыбанэкIэ апхуэдизу укъызэщIоплъэри, зыкIи узыхуэсакъыжыркъым. Аращ къозыгъэщIэнур уи щытыкIэри, узэрыхьэзырри, узыгъэпIейтейри. Хьэрхуэрэгъухэр - абы иужьыжкIэщ.
- Иджырей регламентым утету уэ нэхъапэм убэнакъым. ГурыIуэгъуэщ иджыпсту 2010 гъэуэ зэрыщымытыр икIи, абы щыгъуэм хуэдэу, зэман кIэщIым къриубыдэу уи хьэлъагъым куэд кIэрыбгъэхун хуейуэ къызэрыппэщымылъыр. Апхуэдэу щыт пэтми, узэрыбанэ махуитIми уашэчыну… Сыт абы теухуауэ къыджепIэн?
- Хьэлъагъым кIэрыгъэхуным пыщIа бэлыхьыр сэ схуэдэу зыми ищIэу къыщIэкIынкъым. Согупсыс: абы щыгъуэм хуэдэу си хьэлъагъыр килограмми 140-м иджы нэсу щытамэ, сыбэнэфынтэкъым. Хьэлъагъым кIэрыбгъэхурэ убанэу, финалым унэсамэ - аргуэру кIэрыбгъэхуу… Хьэуэ, тIасэ! Нэхъапэм хабзэ схуэхъуауэ щытащ: хьэлъагъыр зэрыкIэрагъэху кIэстумыр, сашэча иужькIэ, лэныстэкIэ зэхэзупщIэтэжырт. Иджы ар махуитIкIэ сызыщIэлъ пэшым щысхуэшэчынукъым - сигъэжеинукъым, зызигъэгъэпсэхунукъым. Дауи, махуитI зэкIэлъхьэужьым тIэунейрэ зы зэхьэзэхуэм узэрыщашэчыр - хьэлъэщ, ауэ ар Iэмалыншагъэщ. Зэпеуэм махуитIкIэ ущыхэткIэ, килограмм тIощIым нэс зэщхьэщыкIыныгъэ щыIэфынущ. Ар къемызэгъщ. Псоми Iэмал, хьэлъагъ зэхуэдэ яIэн хуейщ.
- Уэ блэнейрэ дунейпсо чемпионатхэм ухэтащ - тхум бэнэкIэ хуитымкIэ, тIум алыдж-урым бэнэкIэмкIэ. Мыгувэу апхуэдэ зэхьэзэхуэ щыIэнущ икIи абы олимп лицензэхэр щызэIэпахынущ. Ухьэзыр а зэпеуэм ухэтыну?
- Абы теухуауэ зыри жысIэнукъым - сызэрыхьэзыр щIыкIэр псом япэрауэ тренерхэращ къэзылъытэнур. Апхуэдэу щыт пэтми, си мурадщ Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам дэщIыгъуу зыгъэсэныгъэхэм щIэздзэжыну - нэхъыбэкъым.
- Уэ укъэтыхукIэ ущыбанэ хьэлъагъым ди къэралым пашэ щыхъуащ Хизриев Анзор. Абы теухуауэ сыт къыджепIэфын?
- Зэхьэзэхуэ къэс Анзор хигъахъуэ зэпытщ. Иджыблагъэ зэхэта Европей джэгухэм фIы дыдэу зыкъыщигъэлъэгъуащ икIи текIуэныгъэ дахэ къыщихьащ. Дуней псом щыпашэ бэнакIуэхэр Минск къэкIуами, ар абыхэм хуэфащэу япэщIэтыфыну щытауи къысщохъу.
- Абы щыгъуэми а Iуэхум дунейм зэрызэщихъуэжыща щыIэкъым - хьэрхуэрэгъухэри пашэхэри зэрыщытащ…
- Зи хьэлъагъыр нэхъ ин дыдэ бэнакIуэхэм я деж сыт щыгъуи аращ. Сэ срихьэлIащ Таймазов Артур, Курамагомедов Курамагомед, Родригез Алексис сымэ я лъэщыгъуэм икIи абыхэм сапеуэурэ си Iэзагъым хэзгъэхъуащ. А спортсмен цIэрыIуэхэри куэдрэ бэнащ. Нобэ нэгъуэщIхэр зыкъом щIауэ утыкум итщ - Акгюл Тахи, Петришвили Гено сымэ, адрейхэри. Абы гъэщIэгъуэн хэлъкъым.
- Гъэ къакIуэ Японием щекIуэкIыну Олимп Джэгухэм щIадзэным илъэс иIэжу аращ. ЩIыбанэ алэрыбгъум къыщIэбгъэзэжам и щхьэусыгъуэр абы ухэтыну узэрыщIэхъуэпсра?
- СхузэфIэкIамэ, зэхьэзэхуэхэм сыхэтыныр блэкIа мазэ тIощIми зэпызгъэунтэкъым. Ар IэмалыншагъэкIэ къэхъуащ. СызэригугъэмкIэ, Олимпиадэм щIидзэным къэнэжа зэманым бэнэныгъэм и гуащIагъыр зэрыщыту зыхэсщIэжыну, абы сыхэзагъэжыну сыхунэсынущ. Псом ящхьэр - се­мы­пIэ­щIэкIынырщ. Ар си щыуагъэ нэхъыщхьэу щытащ икIи абы къыхэкIыу иджы хуэмурэ, зэпэшэчауэ зэпеуэхэм сыхыхьэжынущ. Аращ Польшэм щекIуэкIа зэхьэзэхуэм и финалым сыщIыхэмытари - сепIэщIэкIыну сыхуеякъым. Зэман кIыхькIэ укъэ­тауэ зэпеуэм урихыхьэжыну зэIущIищри ирикъунущ.
- ИпэжыпIэр къыджеIэт: къыщIэбгъэзэжам и щхьэусыгъуэр Токио Олимп чемпион ущыхъуну узэрыхуейм и закъуэ?
- Хьэуэ. Фэбжь сызэриIам щхьэкIэ бэнэн щызгъэтыну сыхуейтэкъым. Спортым ущыхэкIыжын хуейр адрейхэм уапэмылъэщыж хъуа иужькIэщ. Сэ бэнэныгъэм иджыри дэрэжэгъуэ къызет. Апхуэдэу щыщымытыжым и деж нэгъуэщI Iуэхум сыпэрыхьэмэ нэхъыфIщ. Къытызогъэзэжри жызоIэ: зэхьэзэхуэхэм сыхэтыныр зэпызгъэуныр Iэмалыншагъэм къыхэкIащ, армыхъумэ бэнэным сыхэкIыжауэ аракъым.
Сыт жыпIэн, щыгъуазэ фызэрыхъуащи, Урысейм Спорт бэнэкIэмкIэ и федерацэм и интернет-сайтым и корреспондентым псалъэмакъ щхьэпэ дригъэкIуэкIащ Махуэ Билал. Абы жэуап щагъуэтащ бэнакIуэ цIэрыIуэм и телъхьэхэр зыгъэпIейтей упщIэ куэдым. Псом ящхьэр - Токио щекIуэкIыну Олимп Джэгухэм хэтыну Махуэ Билал зэрызигъэхьэзырыращ. Къэнэжа зэманыр абы нэсу къызэригъэсэбэпынум шэч хэлъкъым икIи и гъащIэ псом зыхуэкIуэ текIуэныгъэ иныр къехъулIэну дыщIохъуэпс. Ауэ, езыми къызэрыхигъэщащи, епIэщIэкI хъунукъым - иджыблагъэ Польшэм щыIа зэпеуэм ипэкIэ ар зэхьэзэхуэхэм щыхэтар 2017 гъэм и щэкIуэгъуэ (ноябрь) мазэращ. Абы щыгъуэм ди лъэпкъэгъу цIэрыIуэр Воронеж къалэм Урысей Федерацэм и абсолютнэ чемпион хъуат. БлэкIа илъэсрэ мизийм Билал и тхыр тIэунейрэ операцэ ящIащ икIи, дауи, зэпеуэхэм хэтыфакъым. Иджы и узыншагъэр къанэ щымыIэу зэфIэувэжауэ дохутырхэм къалъытэри, утыку къихьэжыну хуит ящIащ, ауэ зэкIэ иримыгъэлеймэ нэхъ къащтэ. Апхуэдэу щыт пэтми, дыпоплъэ абы и текIуэныгъэ инхэм, псом хуэмыдэу гъэ къакIуэ Токио щекIуэкIыну Олимп Джэгухэм.

ЖЫЛАСЭ Заурбэч.
Поделиться: