Мэрем пшыхь

Тхыгъэ кIэщIхэр

ГъащIэр зыIэщIэкIа

Абы, хъыджэбз цIыкIуу, етхуанэ классыр къиуха къудейуэ, еджэныр хыфIидзэри, бэзэрым зритауэ щытащ. Жыг хадэ яIэти, мыIэрысэ ищэрт. Унагъуэм сэбэп хуэхъурт, езыми зихуэпэжырт. Апхуэдэурэ ар хъуащ бэзэр цIыху. ИужькIэ хыхьат сондэджэрынми. Иджы ар бэзэрым къытекIыжыххэркъым.
И шэгъуэр къосри, къылъыхъу щIалэм къигъуэтыркъым. «Дэнэ щыIэ?» - «Бэзэрым тесщ». «Трырес-тIэ быдэу», - жеIэри нэгъуэщI къешэ.
Апхуэдэу, бэзэрым тес зэпытурэ, и щIалэгъуэр йокI. Жьыгъэр къыхуокIуэ: «Дэнэ щыIэ мыр?» - «Бэзэрым тесщ». МакIуэ, къегъуэтри, жьы ещI. Ауэ, жьы зэрыхъуауи, и Iуэхур къигъанэртэкъым абы. Иужьу къыщIоупщIэ ажалыр: «Дэнэ щыIэ?» - «Бэзэрым тесщ». Ажалыр пфIэкIын?! МакIуэри и псэр хех. «ТхьэмыщкIэр лIащ!» - мэIу хъыбар. «Дэнэ щыIэ и хьэдэр? - «Бэзэрым телъщ…»

ПщIэжрэ?

Пщэдджыжь автобусым сису лэжьапIэм сыкIуэрт. ЦIыхур Iувти, тIысыпIэхэр зэпэубыдат. Сэ сыщысти, сыкъыдэплъеймэ - зы лIыжь жьакIэху къысщхьэщытщ. Сыкъэтэджри згъэтIысащ. «Упсэу, шынэхъыщIэ», - жиIащ абы макъ щабэ гуапэкIэ.
ЛIыжьым упщIэ пыIэ хужь щхьэрыгът, джанэ-гъуэншэдж щIыху щыгът. Ар къызоупщI пенсэ фондыр здэщыIэмкIэ. «КъэувыIэпIэм дынэсмэ, сэри сикIынущи, уэзгъэлъагъунщ, дадэ», - жызоIэ.
Арати, автобусым дыкъокIри лъэсу докIуэ пенсэ фондыр здэщыIэ лъэныкъуэмкIэ. ЛIыжьыр щхьэпэлъагэщ, и пкъыр захуэу зэфIэтщ. «Мыбы и ныбжьыр фIыуэ хэкIуэта хуэдэщ, итIани баши иIыгъкъым, тегушхуауи мэбакъуэ, мэлэдец гуэрщ мыр», - жызоIэ сигукIэ икIи схуэмышэчыжу соупщI:
- Дадэ, емыкIу сыкъыумыщI, зыгуэркIэ сыноупщIынут: илъэс дапщэ ухъуа?
ЛIыжьыр къызоплъ:
- Уэлэхьи, шынэхъыщIэ, сэ ныбжьыфI сиIэмэ. Илъэс бгъущIрэ тхурэ сохъу.
- Сыту уи насып! - къызжьэдоху сэ.
ЛIыжьыр къэувыIэри аргуэру къызэплъащ.
- «Уи насыпщ» жыпIа? Пэжщ, сэ иджыри къыздэсым сынасыпыфIэурэ сыкъекIуэкIащ. Зауэм сыхэтати, сыузыншэу къэзгъэзэжащ. Быни, бынхэм я быныжхэм къалъхужахэри слъэгъуащ. Плъагъункъэ, апхуэдизрэ ущыпсэукIэ! Пэж жысIэнщи, иджыри къэс гъащIэр сфIэIэфIу, сфIэщIэщыгъуэурэ сыкъекIуэкIащ, ауэ иджы, уэлэхьи, къыстехьэлъэ хъуам. Гугъущ, шынэхъыщIэ, си ныбжьым уитыну. Зэгуэр уи ныбжьэгъуу щытахэр щымыIэжу, «ПщIэжрэ?! - жыпIэрэ гупым зыхуэбгъазэмэ, «СощIэж», - жиIэу зыми жэуап къуимытыжмэ, абы щыгъуэм укъэсыжауэ аракъэ? НтIэ, сэ мис ар си нэгу щIокI…
Абы хэту лIыжьыр здэкIуэм дыносри, сэ къызогъэзэж. СыкъыздэкIуэжым слъэмыкIыу согупсыс дадэм жиIам. Абы и пIэм зызогъэувэри сыщIоупщIэ: «ПщIэжрэ?» Жэуап щыIэкъым. Псалъэр жьым хохьэри мэкIуэдыж.
Къагъырмэс Борис.

ГушыIэ

Шху иризгъэпцIэнущ

Зэгуэрым Хъуэжэ гъавэ хъуэж ежьэну зигъэхьэзырырти, къэп хурикъуртэкъым. И гъунэгъумкIэ ежэкIри, елъэIуащ хьэхуу и къэпхэр къритыну.
- Уи къэпхэр махуищкIэ хьэхуу къызэпттэм, - щыжриIэм, и гъунэгъу лIым и нэщхъыр зэхэукIауэ къеупщIащ:
- Сыт къэпхэм ирипщIэнур? - жиIэри.
- Шху иризгъэпцIэнущ, - жриIащ абы Хъуэжэ.
- Къэпхэм шху ирибгъапцIэ хъурэ? - къыхуидакъым лIым.
- А къомыр къыумыгъэкIуэкIыу «уэстынукъым» жыпIэмэ, сыщIэкIыжати, - Хъуэжэ я унэ кIуэжащ.

Мырамысэмрэ дзажэ пшэрымрэ

Хъуэжэ мэжэлIауэ и хэгъэрей гуэрым и деж еблагъэри, ягъэшхэну елъэIуащ.
- Алыхь, иджыпсту хьэзыру мырамысэ гъущэ фIэкIа симыIэ, - жиIэри уэнжакъым дзажэ гъэгъуа фIэлъ пэтми, унэгуащэм Хъуэжэ ар къыхутригъэуващ.
Абы мырамысэр ишхыу щIидзащ. АрщхьэкIэ мырамысэ гъущэр пхуэшхынт - и тэмакъым тенэурэ хуегъэхыртэкъым. Абы нэмыщIауэ лым и мэр къыщIихьэрти, Хъуэжэ жиIащ:
- Мырамысэ, мырамысэ, уехынумэ, ех, уемыхынумэ, мо уэнжакъым фIэдза дзажэ пшэрым урезгъэхьэхынщ!
Ар зэхэзыха унэгуащэр укIытэжри:
- Сигу къэкIыжатэкъым, на, дзажэр дызэриIэр, - жиIащ икIи лы хуигъажьэри иригъэшхащ.

ЖыIэгъуэхэр

Псыхьэлъахуэ

Щхьэгъусэ, бын,
Ныбжьэгъу, мылъку -
ИIащ ар Iумахуэ,
Арами, хъуащ псори
Фадэм и псыхьэлъахуэ.

ПцIыупс

И бзэгум илъым
Хуэдэщ лъахъэ -
ПцIы упсыным
Сыт щыгъуи елъахъэ.

ГъащIэ

Бын гузэвэгъуэм
КъанцIыкIу
ИщIащ нэхъри
ЦIыкIу.

ЦIыхубз мыхъумыщIэм

Дунейр хъункъым
ЗэIубз,
Тету уэ пхуэдэ
ЦIыхубз.

Сыт и мыхьэнэ?

Еуэ-еIэкIэ
Зэхуелъэфэс,
Апхуэдэурэ хъуащ
Езыр мылъхуэс.

ГущIэгъуншэ

Псори цIыхубзым
Къыпхуегъэгъу.
УепцIыжмэ, упэмыплъэ
ГущIэгъу.
Къардэн Мухьэмэд.
Бахъсэн щIыналъэ,
Ислъэмей къуажэ

Хьэх Iэминат

Бжьыхьэ щIыIэр щыхуабэр

Iуэтэж

«Сэ фIыуэ слъэгъуащ. Сэ фIыуэ слъэгъуащ…». Апхуэдэурэ гупсысэрт бжьыхьэ щIыIэ пщыхьэщхьэм Миланэ. Хъыджэбзыр илъэс пщыкIублым итт, ауэ, и ныбжьым емылъытауэ, балигъ гупсысэкIэ иIэт. «ИгъащIэм зы щIалэ сегупсысакъым, сыт къысщыщIар, си щхьэм сыт щIимыкIыр?» - къэгубжьырт ар.
Нэху щащ, Миланэ и напlэр зэтрилъхьатэкъым.
Пщэдджьыжьым жьы дыдэу еджапIэм нэсащ. «Си ныбжьэгъухэр къысщыдыхьэшхынщ, сыкъащIэмэ», - гузавэрт хъыджэбзыр еджапIэ паркым иту.
- Си нэху цIыкIу, сыт узэгупсысыр? - къеупщIащ абы къыбгъэдыхьа Дисанэ.
«Къэсащ… Сыт жесIэнур?» - гужьеящ Миланэ.
- Сыгупсысэрэ сэ, сытми? - дыхьэшх нэпцI зищIурэ, жэуап иритыжащ.
- Мурат укъелъыхъуэ. Iуэху гуэр къыпхуиIэу къызжиIащ. Нобэ сыхьэтищым паркым къыщожьэнущ.
«СыкъищIащ! СыкъищIащ!»
- КъыщIысхуейр пщIэрэ? - еупщIащ Миланэ и ныбжьэгъум.
- Хьэуэ, тIасэ, хэсщIыкIыркъым, ауэ и фэр сигу ирихьакъым. Зыгуэрым щхьэкIэ гузавэрт, жысIэхэр зэхих-зэхимыхт. ИтIанэ и Iэр кIэзызу къысфIэщIащ. ГъэщIэгъуэнкъэ?
«КъыпогуфIыкI. ФIэауанщ», - зэгуэпащ Миланэ.
- Сыт, Дисанэ, Мурат щIыпфIэауаныр? - щIэупщIащ ар.
- ЩIысфIэауанри? Ди еджапIэм абы зы щIалэ цIыкIу щымышынэу ину епсэлъэнукъым. Сэ къыщызэпсалъэм къысфIэлIыкIыу къысщыхъуащ.
- Куэдщ, Дисэ, къыпфIэщIауэаращ. Дыпсалъэурэ, дыкъыкIэрыхунщ. ЕгъэджакIуэр къэсауэ къыщIэкIынщ, - жиIэри Миланэ еджапIэмкIэ иунэтIащ. Дисанэ, пидзыжын имыгъуэтыу, кIэлъыкIуащ и ныбжьэгъум.
Миланэ а махуэм зэхихари къиджари мащIэщ. И щхьэм нэгъуэщIт илъыр - Мурат къимыщIэу зэрыщIэпхъуэжынт. Зэманыр сыхьэтитIым нэблэгъащ. Миланэ сымаджэ нэпцI зищIщ, егъэджакIуэм зригъэутIыпщыжри, унэм псынщIэу кIуэжащ. Жэщ псом гупсысащ хъыджэбзыр, ищIэнур къыхуэмыщIэу. ЕджапIэм кIуэмэ, Мурат къыхуэзэнут, итIанэ сыт ищIэжынт? Епсэлъэн хуей хъунут. Ар нэхъ фIэшынагъуэ дыдэт Миланэ. «ТхьэмахуэкIэ сыкIуэнкъым, езыр-езыру теужынщ, си гугъуи къищIыжынкъым». Апхуэдэу мурад ищIа иужьщ пщIыхьэпIэ дахэм пщэдджыжь хъуху щиубыдар хъыджэбзыр.
Тхьэмахуэр зы сыхьэт хуэдэу дэкIащ. ЕджапIэм кIуэжын хуей хъуащ Миланэ. И гур къигузэвыкIыу паркым ит тетIысхьэпIэм тест, уэшх къешхри зыхимыщIэу. Жыг тхьэмпэхэр къеIущащэ фIэкI умыщIэу, къыпылъэлъхэрти, щIым дахэу тегъуалъхьэхэрт. Пщэдджыжь жьы щIыIэр къыкъуэуащ.
«Сыту щIыIэ!» - зимыщIэжу ину къипсэлъащ Миланэ.
- ЩIыIэщ, - къэIуащ гъунэгъу дыдэу. Хъыджэбзым Мурат къилъэгъуащ. Ар псынщIэу къэтэджащ, ауэ гуват.
- Сыт, Миланэ, зыщIэбгъэпщкIур? Сыт къэхъуар? - щIэупщIащ Мурат.
- ЗызгъэпщкIурэ сэ, сытми? - къыфIэIуэху-къыфIэмыIуэхуу жэуап итыжащ хъыджэбзым.
- АтIэ, сыт укъыщIэмыкIуар, Дисанэ къыщыбжиIа сыхьэтым? Зыгуэр уи жагъуэ хъуа? КхъыIэ, къызжеIэ, - лъэIуащ щIалэр.
- Си жагъуэ зыри хъуакъым, умыгузавэ. Зызгъэсымэджати аращ, - жиIащ Миланэ.
- Сэ бжесIэну сыхуейщ…
«Си Iуэху къызумыхуэ, жиIэнущ. Сыт сщIэнур?» - гупсысэм ихьырт Миланэ.
- Хьэуэ, пысщэнкъым. УзгъэукIытэнкIэ сошынэ, - къипсэлъащ Мурат.
«ЩIалэфIщ», - къыпыгуфIыкIащ хъыджэбзыр.
- Уэ езым къыбгурыIуауэ къысфIощI сызытепсэлъыхьынур. БжесIэнур зыщ: бжьыхьэ щIыIэр къызохуэбэкI.
- Ар сыт щхьэкIэ? ЩIыIэ дыдэщ! - игъэщIэгъуащ зыри къызыгурымыIуэ Миланэ.
- Делэ цIыкIу! - дыхьэшхащ Мурат. - Бжьыхьэ щIыIэр къызохуэбэкI, си лъагъуныгъэр къэзгъуэтащи!

Псалъэ шэрыуэхэм къарыкIыр

Напэм и пэ псэр ихуэ
 
Мэкъу еуэм зегъазэри, кхъуей зыхузыр тхьэмыщкIэщ. НэгъуэщIым и Iуэху гугъур тынш цIыкIуу, ауэ езым и Iуэху тыншыр гугъуу къэзылъытэ цIыхум ауаныщIу хужаIэ.
Мэкъу хьэвэ мастэ хэкIуэдащ. «УпыкIащ - бгъуэтыжынукъым» жыхуиIэщ.
Мэл гуартэм и кIуэдыжыгъуэм бжэн къуийр пашэ яхуохъу. Пашэ мыхьэнэншэм къыдэкIуэр мыгъуагъэщ, насыпыншагъэщ.
Мэл зыхэва нэхърэ бжэн зыхэпкIа. Бжэныр хущхъуэгъуэ куэдым я къежьапIэу къызэралъытэм папщIэ ар ягъэлъапIэу, фIыуэ ялъагъуу, лъытэныгъэшхуэ хуаIэу зэрыщытыр къэзыIуатэ псэлъафэщ.
Мывэ къыхэмыщыр пхъэIэщэм и бийщ. Зи гурылъхэр сэтей къэзымыщI цIыху зэкIуэцIылъым ухуэбэлэрыгъ зэрымыхъунур къыбгурызыгъаIуэ псэлъафэщ.
Мывэ хъурейкIэ къоуэм пIастэ хъурейкIэ еуэж. Iей къозыщIэм епщIэн хуейр къыбжезыIэ чэнджэщщ.
Мывэ щылъ и щIагъ псы щIэжыркъым. «Уи Iэр зэтедзауэ ущыскIэ Iуэхур зэфIэкIынукъым - зыгуэр щIэн, лэжьын хуейщ» жыхуиIэщ. Жэрдэм щIын хуейуэ щытыкIэм къыщигъэувым деж къапсэлъ хабзэщ.
Мылъкур уэсэпсщ. «КъокIуэ-мэкIуэж» жыхуиIэщ. Нэхъыщхьэр зэрыармырар къыжыIапхъэу къыщалъытэм деж къапсэлъ хабзэщ.
МылIэр лIы мэхъу. «ЦIыху хъуащ, хуэфащэ увыIэпIэ игъуэтащ; балигъ хъуащ» гупсысэ иIэу къахь. ЦIыхум игъуэта щытыкIэр гуапэ щыщыхъум деж къапсэлъ хабзэщ.
Мыщащхьэ плъагъуу мыщэ лъэужь умылъыхъуэ. Нэхъыщхьэр щынаIуэкIэ, щыплъагъукIэ нэгъуэщI къыумыхуэкIыж.
Мыщэ лIэ щхьэкIэ дыгъужь гузавэрэ. НэгъуэщIым телъ бэлыхьыр къизымыдзэ, къызы­фIэмыIуэху цIыхум теухуащ.
МыIэрысэ къыпыкIари къызыпыкIа жыгым ещхьщ. Мыбдежым къэзылъхуам ещхьщ къилъхуари, жиIэу аращ.
Напэ зимыIэм дзажэпкъ иIэщ. Зыхуейр зыIэригъэхьэн щхьэкIэ зи напэм сытри къезыгъэзэгъ цIыхум теухуащ.
Напэм и пэ псэр ихуэ. Напэр псом нэхърэ нэхъ лъапIэщ.
Насып зимыIэм и дзэр хъудырым IущIекI. «Зы мыхьэнэншэ тIэкIуми и зэран къокI» жыхуиIэщ.
Нэдым и щхьэр умытIатэу, хьэ илърэ ху илърэ пщIэркъым. ЦIыхур умыгъэунэхуауэ зыхуэдэр пщIэнукъым.
Нэмысыншэр насыпыншэщ. Насыпыр къызыдэкIуэр нэмысырауэ зэрыщытыр къозыгъэщIэж псалъэжьщ: цIыхум гъащIэм щиIэну увыпIэри, унагъуэм, лэжьапIэм щигъуэтыну насыпри къыхуэзыхьыр езым и хьэл-щэнырщ, и дуней тетыкIэрщ, хэлъ нэмысырщ.
Щауэ Къэлидар.

 

Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

18.04.2024 - 16:13 НОБЭ
17.04.2024 - 11:43 НОБЭ
16.04.2024 - 11:18 Псалъэжьхэр