Дунейм щыхъыбархэр

Нобэ

Астронавтикэм и дунейпсо академиер къыщызэрагъэпэща махуэщ. Швецием и къалащхьэ Стокгольм 1960 гъэм шыщхьэуIум и 16-м щызэхэтащ ХI дунейпсо Астронавтикэ конгресс. Абы унафэ къыщащтауэ щытащ а IуэхущIапIэр къызэгъэпэщыным теухуауэ.
Фошыгъу хэлъу гъэва мамкъутым и махуэщ
1896 гъэм Клондайк (Канадэ) щIыпIэм дыщэ куэду зэрыщIэлъыр къахутащ. Ар къыщIахыу къулей ирихъун мурадыр яIэу цIыху минищэ зэрехьэжьауэ щытауэ къыхощыж тхыдэм. А щIыпIэм нэсу дыщэ къэзыгъуэтар миниплI хуэдиз къудейщ. Адрейхэм къагъэзэжащ е гъуэгум щылIащ.
1930 гъэм Дисней Уолт и студием (США) дунейм щыяпэу щытрахащ макъи зыщIэт, щхъуэкIэплъыкIэуи яла мультфильмыр.
1934 гъэм Москва къыщызэIуахащ СССР-м и ТхакIуэхэм я япэ съездыр.
1939 гъэм «Кабардинка» ансамблым концертхэр КъуэкIыпIэ Жыжьэм тын щыщIидзащ.
1941 гъэм СССР-м IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм я командованэ нэхъыщхьэм и Ставкэм унафэ къыдигъэкIащ советыдзэм къулыкъу щызыщIэхэм бийм езыхэми гъэру зратыну, я Iэщэри Iэрагъэхьэну Iэмал зэримыIэм теухуа унафэр.
1956 гъэм СССР-м унафэ къыщыдэкIащ щIыщIэхэр вэным, абыхэм псы зэрыщIагъэлъадэ кIэнауэхэр щыукъуэдииным теухуа унафэр.
1960 гъэм Кипрыр къэралыгъуэ щхьэхуэ – Кипр Республикэ - зэрыхъуар хэIущIыIу ищIащ.
1960 гъэм Налшык къыщызэIуахащ изобразительнэ гъуазджэмкIэ музей. Абы республикэм щыцIэрыIуэу щыта сурэтыщI, егъэджакIуэ Ткаченкэ А. Л. и цIэр зэрехьэ иджыпсту.
1965 гъэм Урысейм щэнхабзэмрэ тхыдэмрэ я фэеплъхэр хъумэнымкIэ и зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэр къызэрагъэпэщащ.
1976 гъэм къару игъуэтащ псантхуэм егуэуэнкIэ хъуну веществохэр къызэрагъэсэбэп щIыкIэм кIэлъыплъыным хуэгъэза Конвенцэм.
1902 гъэм къалъхуащ адыгэ тхакIуэ, СССР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат КIэрашэ Тембот.
1919 гъэм къалъхуащ композитор, уэрэджыIакIуэ, КъБР-м, АР-м, УФ-м я цIыхубэ артист Тхьэбысым Умар.
1934 гъэм къалъхуащ Франджым щыщ киноактёр цIэрыIуэ Ришар Пьер (и цIэ дыдэр - Пьер Ришар Морис Шарль Леопольд Дефей жиIэущ).
1947 гъэм къалъхуащ совет хоккеист, СССР-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер, олимп чемпион тIэунейрэ хъуа Цыганков Геннадий.
1954 гъэм къалъхуащ дуней псом и кинорежиссёр нэхъ лъэщ дыдэхэм хабжэ, зи лэжьыгъэхэм папщIэ саугъэт куэд дыдэ зыхуагъэфэща Кэмерон Джеймс и ныбжьыр илъэс 65-рэ ирокъу.
1958 гъэм къалъхуащ США-м щыщ уэрэджыIакIуэ, актрисэ цIэрыIуэ Мадоннэ Чикконе и ныбжьыр илъэс 61-рэ ирокъу.
1973 гъэм къалъхуащ урысей актрисэ, теленэтынхэр езыгъэкIуэкI, УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ, ТЭФИ саугъэтыр зрата Высоцкая Юлие.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 29 - 32-рэ, жэщым градус 21 - 22-рэ щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

Дзыгъуэр и гъуэм имыхуэжмэ, фэлъыркъэб зыкIэрещIэ.

 

Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:23 НОБЭ
18.04.2024 - 16:13 НОБЭ
17.04.2024 - 11:43 НОБЭ