Ямыдэми, яфIэтхэрт

Акъсырэ Залымхъан теухуауэ жысIэм и нэхъыбэр пцIыуэ къыпщыхъункIэ хъунущ, апхуэдизкIэ гъэщIэгъуэныщэщи.

ЗАЛЫМХЪАН и «Дахэнагъуэ» пьесэр япэ дыдэ Дзэлыкъуэкъуажэ дэт школым щызыгъэувар сэращ. Ар си дежкIэ телъыджэлажьэт. Си ужькIэ мызэ-мытIэу ягъэуващ ар, Музыкэ театрым и утыкуми куэдрэ щагъэлъэгъуащ. НэхъыфIу ягъэува спектакли уигъэлъыхъуэну апхуэдэщ.
Акъсырэм и «ИстамбылакIуэ» спектаклым селэжьащ КГБ-м и лэжьакIуэ щIэсу, къытхуамыдэхэм зэрыхъукIэ къапэткIухьу. Апхуэдэ щIыкIэкIэ пщылIхэр щагъэкIуэдыжа лъэхъэнэм нэхъ тегъэщIауэ тщIа хъуащ зи гугъу сщIы лэжьыгъэр. Пщыхэр нэгъуэщI щIыпIэхэм Iэпхъуэрт, я пщылIхэри къыздащтэурэ. Нобэми абыхэм я унэцIэхэр щащIэ Тыркум.
СцIыхуащ, си ныбжьэгъуу щытащ, и гъащIи и гуащIи сыщыгъуазэу дыкъыздэгъуэгурыкIуащ. Залымхъан, Тубай Мухьэмэд, ТIыхъужь Алий, КIурашын БетIал сымэ си ныбжьэгъуащ, шыгъу-пIастэ куэд ядэсшхащ. Акъсырэм нэхъ цIыху хьэлэл, театрыр нэхъыфIу зылъагъурэ нэхъ драматургыфIрэ диIакъым. Япэ адыгэ драматург гъуэзэджэщ, ямыдэу яфIэтхэу зэрыщытам сэ срищыхьэтщ.
Акъсырэ Залымхъан пьесэу иIэр ягъэуващ, гулъытэ ямыгъуэтауэ пхужыIэнкъым абыхэм. Езым лъымыса пщIэр и IэдакъэщIэкIхэм зэрагъуэтари фIыщ.

 

ТЕУВЭЖ СулътIан, Музыкэ театрым и режиссёр нэхъыщхьэ.
Поделиться: