Иужьрей адыгэ джэгуакIуэ Мыжей Сэхьид

Зи IуэхущIафэкIэ, жыIэгъуэ­кIэ, псэукIэкIэ лъэпкъ тхыдэм, цIыхугухэм фIыкIэ къинэжа иужьрей адыгэ джэгуакIуэ Мыжей Сэхьид псэужамэ, мы ­махуэхэм и ныбжьыр илъэси 170-рэ ирикъунут.

ЩIэныгъэлIхэм зэрыхуа­гъэфащэкIэ, ар 1849 гъэм дунейм къытехьащ. Адыгэ лъэп­къым и щхьэ кърикIуа гуауэ­шхуэхэу Кавказ зауэжьыр, ­ИстамбылакIуэр, революцэр, граж­­дан, дунейпсо зауэхэр илъэгъуащ. Абыхэм япсыхьауэ арагъэнт - ар къэдзыхауэ зыми илъэгъуакъым, гуфIэгъуэм, псэуныгъэм хуэунэтIауэ дунейм тетащ.
Сэхьид къыщалъхуар Къэрэшей-Шэрджэсым хыхьэ Инжы­джышхуэщ. Абы и адэ МытIырэ пхъащIэ Iэзэу и цIэр жыжьэ Iуат. Гу щищIкIэ Iуащхьэм дишт, къриу­тIыпщэхырти, еплъырт: гур мыкъутэу, и шэрхъ щIэмыхуу ­къежэхамэ, ищэнуми, итынуми, къихъуэжынуми итIанэт и унафэ щищIыр. ХьэтIохъущыкъуей ­къуажапщэм МытIырэ и Iуащхьэ ноби иIэщ. Абдеж дыдэм нэ­гъуэщI щIыпIэцIэхэми ущрохьэлIэ: МытIырэ и псынэ, МытIырэ и щIыт. Япэрей Хьэбэз лIыжьхэм нобэми нэщэнэу яIэщ: «Гъатхэм деж МытIырэ и псынэр къыдэкIуеямэ, гъэр бэв хъунущ».
Къамылапщэ Iэзэу щытащ Сэхьид и адэ къуэш Къари . Хабзэм ипкъ иткIэ и адэ къуэшыр здэщыIэ джэгум езы Сэхьид Iухьэну хуиттэкъым. Джэгу гуэрым хэту Къарэ ягъэшхэну щыщIашэм, Сэхьид и ныбжьэгъу­хэр Къарэ къелъэIуахэщ, «Хъунумэ, мыдэ зы щIалэ едгъэпщэнут», - жари. Сэхьид къамыл епщэу япэу зэхэзыха Къарэ къэтэджщ, къыщIэкIри: «Нобэ щыщIэдзауэ си къамылыр согъэтIылъыж», - жери и шынэхъыщIэм джэгу утыкур IэщIилъхьэжат.
Сэхьид зи гуфIэгъуэ иIэтыр ехъулIауэ, Тхьэр къыхуэупсауэ къалъытэрт, ар зыхэмыт джэгур хъуауэ ябжыртэкъым. ДжэгупщIэу хуагъэув хабзэт хъурыфэ пыIэ, къамэ, шыщIэ е IэщIэвыщIэ. Ауэ джэгуакIуэ IэщIагъэм къы­хуихь къудейм ирипсэутэкъым, атIэ Iэщ зэрихуэрт, жыг хадэшхуи ­игъэкIыу щытащ.
Сэхьид джэгупIэу иIар Iуащхьэ цIыкIурт, нэхъапэхэм абы Сэхьид и IуащхьэкIэ еджэрт. Ар цIыху зэхуэсыпIэу щытт, къуажэ унафэ щащIырт. Iуащхьэм деж щы­зэхуэсыныр пасэрей адыгэ ха­бзэт, жылагъуэ Iуэхуу щыIэм ­абдеж щытепсэлъыхьырт, унафэ къыщахьырт.
Сэхьид езыр лIы щхьэпэлъагэт, икъукIэ къарууфIэт, зэрыжаIэжымкIэ, абы гум зыщIищIэрти Беслъэней кIуэрт, и пIэм имыкIыу и лъагагъым хуэдизкIэ дэпкIеифырт. Шэч хэмылъу, джэгуакIуэ IэщIагъэр гугъут, япэ къэсыр абы пэлъэщыртэкъым, къарууфIэу, гуащIафIэу щыты­ным и мызакъуэу, джэгуакIуэр IэпкълъэпкъкIи быдэу, псыхьауэ щытын хуейт. Джэгур яублэу ар яухыху утыкум имыкIыу, IуэрыIуэдзу къещэм жэуапыр яритыжыфу, фадэри пкърызагъэу, нэху щыху нэжэгужэу, гупыр игъэгушхуэу яхэтыпхъэт.
«Мыжейм и усэхэм цIыхум яку дэлъ зэхущытыкIэр фIы хъуным, гущIэгъу зэхуэщIыным, ныбжьэгъугъэ, гущабагъэ зэхуаIэным къыхураджэ, - жиIэрт КъардэнгъущI Зырамыку. - Сэхьид и ­лирикэр нэхъыбэу зыхуэгъэзар цIыху дэхуэхарщ, тхьэмыщкIагъэ къызылъысарщ».
Псом хуэмыдэу Сэхьид ягу къызэрыкIыжыр абы цIыхум гуфIэгъуэу, губампIэдэхыу, гъэпсэ­хугъуэу яритыфу щытаращ. Ар джэгуу зылъагъур зы къару гуэрым зэщIиIулIэрти и гукъеуи, и гугъуехьи, и гужьгъэжьи щы­гъупщэжырт. Зи бын, зи щхьэгъусэ зауэм дэкIахэм «КъэкIуэжынхэс, дипхъу, къэкIуэжынхэс, ди нысэ» жиIэурэ ядэхащIэхэрт.
ЩIэныгъэлIхэм зэратхыжымкIэ, нэмыцэр къуажэм къыщы­дыхьам, заплъыхьри, Сэхьид и хьэщIэщым нэхъ ин ялъэгъуатэкъыми (шыфIэдзапIэр щыхьы­бжьэхэмкIэ гъэщIэрэщIауэ, шэщи, гу щIэгъэлъэдапIэхэри иIэу хьэщIэщ кIыхьышхуэт) ар штабу яубыдащ. Абы ирихьэлIэу, зыгуэрым бзэгу ихьри, джэгуакIуэм и къуэ Исмэхьил ягъэтIысауэ Адыгэ-Хьэблэ деж нэмыцэ хьэпсым ист. Сэхьид хуэщIэнур арати, зэрихабзэу, къамылыр ­къищтэри и Iуащхьэ цIыкIум деж джэгун щиублащ. ЦIыху къы­зэхуэсам нэмыцэ офицерхэри къахыхьащ. ЛIыжьым и джэгукIэр хуабжьу яфIэгъэщIэгъуэн хъуауэ еплъхэрт, езыми адыгэбзэ къагурымыIуэмкIэ «Уэ уи-уий, фэ фи кIэ фытеуэу фыдэзыхужынухэр къэсащ!», яжриIэурэ джэгуакIуэ хабзэу гуоут, цIыхуу щытхэр игъэдыхьэшхыу, къафэт, дэлъейт, и пкъыр игъэджэгут. Апхуэдэ телъыджэ зэи зымылъэгъуа нэмыцэ офицерхэм джэгупщIэу шы пщIэгъуалэжь къратащ. «УзыхуейIа?» жаIэу къыщеупщIым, и къуэр кърагъэкIыжыну ялъэIуащ икIи ар къыхуащIэну къагъэгугъащ. Ауэ абы ирихьэ­лIэу советыдзэр къэсагъэххэти, нэмыцэ лъэхъуэщым ис Исмэ­хьилыр хуит къащIыжри, я гъусэу зауэм дэкIащ. Лъэхъуэщым щихъумами, джэгуакIуэжьым и ­къуэр нэмыцэшэм къригъэлыфакъым. 1945 гъэм Кенигсберг деж Исмэхьил щыхэкIуэдащ. Сэхьид и бын 14-м ящыщу зауэм къуищ IэщIихащ.
КъызэраIуэтэжымкIэ, нэмыцэ офицерхэми хуэдэу, езы Сталин дыдэ гъэщIэгъуэн щыхъуауэ щытащ Сэхьид и джэгукIэр. «Зауэр къемыжьэ щIыкIэ «Черкес» ансамблыр Москва кIуэти, Мыжейри абыхэм гъусэ яхуэхъуат. Мыжей Сэхьид и утыку итыкIэр зылъэгъуа Сталиным игу ирихьати, зыкъыхуигъазэри:
- Товарищ Мижаев, укIуэжмэ мы дунейм сыт ухуэныкъуэ? - жиIэу къыщеупщIым…
- Товарищ Сталин! Сэ сы­зы­хуэныкъуэр сымысымэджэну, жьы сымыхъуну, сымылIэну справкэщ,- иритыжащ мыдрейми и жэуапыр имыгъэгувэу.
- Ишь ты, черкес! Мне тоже такие справки надо-некому давать! - къыжриIэри къиутIыпщыжат.
Езым и уахътыр къыщысми (1949 гъэм мазаем дунейм ехыжащ), Сэхьид гушыIэурэ, лIэныгъэм щыдыхьэшхыурэ и псэр итащ. И лъакъуэр щIыIэ хъурти, «си лъакъуэм къоIэб», - жиIэт. «Мис, си лъапэм къэсащ, иджы си лъэгуажьэмкIэ къыдэ­кIуеящ… Зэ увыIэ, мыдэ сыкъэ­гъэтэ­джыж, сэ абы иджыри къэ­фэкIэ езгъэлъагъунщ!» - жи­Iэурэ, и псэр хэкIауэ яIуэтэж.
 

Пащты Мадинэ.
Поделиться: