Япэ адыгэ тхакIуэ Къаз-Джэрий СулътIан

«Къэжэр таурыхъ»

 АДЭКIЭ дыкъытеувыIэнщ Къаз-Джэрий и етIуанэ тхыгъэм - «Къэжэр таурыхъым». Ари, зи гугъу тщIа тхыгъэм кIэлъыкIуэу, Пушкиным и «Современникым» и етIуанэ къыдэкIыгъуэм тридзащ, Кольцов Алексей, Языков Николай, шууей пщащэ Дуровэ Наталье сымэ я тхыгъэхэм щIыгъуу.
Хъыбарыр зытеухуар кIэщIу къэтIуэтэжынщ: къэжэр шахым, зыщIэн зымыщIэжу щыкIам, и ажэгъафэ Дэлхъин унафэ хуещI пщэдджыжьышхэм ирихьэлIэу пщIантIэдэт къомым я унэцIэхэм щIэнэкIалъэ зырыз пытхауэ къыхуихьыну.
«Ауэ къызжиIакъым жумыIэж! - къегъэшынэ ар шахым, - сигу иримыхьын емыкIу гуэр а уи ауанхэм къахэкIмэ, щысхь пхузиIэнукъым».
Дэлхъин тхьэмыщкIэр къэнэщхъеяуэ мэкIуэж унэм. ИгукIэ ар йобг пащтыхьми абы и блыгущIэт ныкъуэделэ къомми. Жэщ псом Дэлхъин жеякъым, щIэнэкIалъэ усэхэр зэхилъхьэу щысащ. «ИкIэм-икIэжым зы гупсысэ бэлыхь абы и щхьэм къихьащ езы шах дыдэм делэкIэ еджэну», - етх ­Къаз-Джэрий.
Шахыр ину къэдыхьэшхащ и ажэгъафэм къигупсыса щIэнэкIалъэр игу ирихьауэ, абы саугъэт иратынуи унафэ ищIащ. ПщIантIэдэт къомри, я зиусхьэным дэплъеяуэ, унащхьэр трач жыпIэну, зэщIэдыхьэшхэрт.
МылъкукIэ зэхуэмыдэ къызэрыхъу лъандэрэ бэнэныгъэм и Iэщэ лIэужьыгъуэу къагъэсэбэп ауаныщIхэр. Дэкъуза цIыхухэм, Дэлхъин хуэдэхэри яхэту, тепщэгъуэр зыIыгъхэм къарукIэ пэщIэувэфтэкъыми, зэрымыарэзыр къагъэлъагъуэрт зи хьэмтетыгъуэхэм щыдыхьэшхыурэ. Дыхьэшхэну яусхэм езыхэм я щхьэр лъагэу яригъэлъагъужырт, дэтхэнэ залымым нэхъри зэрымынэхъыкIэр я фIэщ ищIыжырт.
«Дыхьэшхым ещIэ а зыщыдыхьэшхым нэхърэ езыр зэрынэхъыфIыр, - жиIэрт Луначарский Анатолий - ар хущIокъу и ныкъуэкъуэгъум и щыщIэныгъэхэр къыщIигъэщыну, атIэ ахэр сэтей къэщIыным мыхьэнэшхуэ иIэщ дунейр лъэныкъуитI зэрыгъэхъуауэ щызэхущIэуэм деж зытепIуэнтIэнум хуэIэзэ ухъунымкIэ».
АуаныщI тхыгъэхэм - шыпсэхэм, гушыIэхэм, щIэнэкIалъэхэм - дыхьэшхэнхэу къыщыгъэлъэгъуащ гъэпщылIакIуэхэр, абыхэм яхуэIуэхутхьэбзащIэ хеищIэхэр, уэчыл тхьэгъэпцIхэр, «щIэныгъэлI» пцIыIуэпцIышэхэр. Апхуэдэхэр а тхыгъэхэм къыщракъухь, щагъэпуд, нэгъуэщIу жыпIэмэ, Дэлхъин хуэдэ цIыху къызэрыгуэкIым сыт щыгъуи ауан ещIыф шахым хуэдэ цIыху залымхэр.
Шэч хэмылъу Къаз-Джэрий къыгурыIуэрт а гъуазджэ лIэужьыгъуэр къэрэхьэлъкъ цIыхубэм и Iэщэ мубзэщхъуу зэрыщытыр. А Iэщэр къэбгъэсэбэп хъунут ем, блэкIам и щIэин гъуамэхэм уребэныну, хеймрэ мысэмрэ иризэхэбгъэкIыну, захуагъэр кърибзэуну. А псори къызэрыгурыIуэм къыхэкIыу адыгэ тхакIуэм къыщIигъэщын лъэкIащ гъащIэм хэлъ гуемыIухэр. Къаз-Джэрий и «Къэжэр таурыхъым» ар щыдолъагъу.
Дыхьэшхэныр зэрыIэщэ лъэщым и щапхъэхэр тхыдэми къыщыдогъуэт. Дзэм хузэфIэмыкIар ауаным щызэригъэхъулIа Iэджэрэ къэхъуащ, сыту жыпIэмэ дзэм дзэ пэщIэбгъэувэ мэхъу, мыбы зыкIи зыщыпхъумэжыфынукъым.
Зы зэман Наполеон и фэр ирахащ карикатурэ зыщIхэм. Амьен деж Инджылызымрэ Франджымрэ щызэраухылIа мамырыгъэ зэгурыIуэныгъэм Наполеон хигъэхьат мы Iуэхугъуэри: карикатурэхэр, памфлетхэр зытх гуэрхэр тегушхуэрэ пащтыхьым и IуэхущIафэр е езы пащтыхьыр яубыну хуежьэмэ, ахэр лIыукIхэмрэ ахъшэ нэпцI зыщIхэмрэ хуагъадэу, я суд ищIэну езым къратыну.
Къаз-Джэрии, дауи, щыгъуазэт Наполеон хуэдэ къэрал унафэщI цIэрыIуэхэми апхуэдэу Iуэху къалъыкъуэкIыу зэрыщытам. Абы и дыхьэшхыр гъащIэм щекIуэкI мызахуагъэхэм ятеухуащ, аращ а Iэщэр зытришэщIам щIылъэIэсыр. Адыгэ тхакIуэм и хъыбарыр дыхьэшхэн Iуэхущ къызыхихыр. Ауэ ар дыхьэшх нэпцI мыхъуу, дыхьэгъ зыхэлъ IуэхугъуэкIи узэщIыжащ, сыту жыпIэмэ зылъэкIыр зылъэмыкIым егуэуэну хуитщ, нэхъ акъылыфIэр нэхъ акъылыншэм еубзэн хуейуэ къыщыгъэлъэгъуащ. Дэлхъин и шахыр зэрыделэр къигъэнэIуэф щхьэкIэ, абы и бжьым къыщIэкIыфыркъым, псэуху пащтыхьым и IуэхутхьэбзащIэу тетынущ дунейм. АтIэ ар захуагъэ? Апхуэдэу узрегъэупщIыж тхыгъэм.
Аракъэ тхакIуэ нэсри зыхущIэкъун хуейр - цIыхум и нэр къигъаплъэу пэжыр иригъэлъагъунракъэ? АтIэ а пэжри тегушхуэгъуафIэ уагъэщIынут пащтыхьымрэ абы и блыгущIэтхэмрэ? УтекIуэдэнкIэ хъунут а пэжым. Ар нэхъ бзыщIа, нэхъ щIэуфа хъун папщIэщ Къаз-Джэрий лъахэм иIэбыкIыу Персиер къыщIищтар, къэжэр шыпсэ дыщIригъэдаIуэр. Пащтыхьымрэ абы и пыхъуэпышэхэмрэ ятеухуащ «Къэжэр таурыхъыр». Апхуэдэу ар ятеухуащ цIыхубэр зыгъэпщылI адыгэпщхэм, абыхэм я къуэдзэхэм, уэркъхэм.
Ищхъэрэжь и тхыдэм щIригъэхуу ар жыIэгъуэ дахэхэмкIэ игъэщIэрэщIэну иужь иткъым Къаз-Джэрий. Егъэлеяуэ зыри хэткъым абы. Тхылъеджэхэри зэгъэпщэныгъэхэмкIэ е цIэ жыIэгъуейхэмкIэ иригъэзэшыркъым - IэкIуэлъакIуэу къегъэсэбэп щIыпIэцIэхэр, цIыхухэм я цIэхэр.
«АкъылыфIэу гупсысэм гурыIуэгъуэуи къеIуэтэж», - жиIэгъащ философ цIэрыIуэ Шопенгауэр Артур. Абы зи гугъу ищIыр Къаз-Джэрий хуэпхь хъунущ. ТхакIуэм и гупсысэр гурыIуэгъуафIэщ. АтIэ тхыгъэм и тхыкIэ хъуамрэ и гупсысэр зэрыузэщIамрэ зэтлъытыжа нэужькIэщ дэ щыгъуазэ дыщыхъур дызэджэр фIы дыдэ хъуами, зыгуэрым къытращIыкIыжа мыхьэнэншэми.
Езыр зыхэт гъащIэм и пэжыр къиIуэтэн папщIэ, Къаз-Джэрий и тхыбзэри пэжым хуэузэщIащ. «Къэжэр таурыхъым» мыIупщIрэ щIагъыбзэу зыри хэткъым. ТхакIуэм дигъэлъагъуну зыхуейр, языныкъуэхэм деж, псалъэ шэрыуэ зыбжанэкIэ нэрылъагъу тщещI, языныкъуэхэм дежи, зэрелIалIэшхуэ щымыIэу, куууэ зыхыдегъащIэ езыр зыгъэпIейтейр. Абы и дэтхэнэ лIыхъужьми езым и шыфэлIыфэ, и хьэл-щэн, и дуней тетыкIэ иIэжщ. ЗэпIэзэрыту, зэзэмызи къызэрыкIрэ зыгуэрхэм хуэшхыдэу, ар ятопсэлъыхь и тхыгъэм зи гугъу щищIхэм, нэгъуэщIу жыпIэмэ, псалъэ хъуэнрэ псалъэ хъуэррэ и мащIэу, Iейм и къуэпс кIуапIэхэр къыщIегъэщ. «Iейр Iейщ икIи абы ебэнын хуейщ, - урегъэгупсыс Къаз-Джэрий, - абы сыт хуэдэ хэку и хэщапIэми».

ЩхьитI зыфIэтым хуэдэт ар

КЪАЗ-ДЖЭРИЙ СулътIан и гъащIэр къызэрекIуэкIам иджыри мыгурыIуэгъуэхэр хэлъщ. Къаз-Джэрий теухуауэ Мэзкуу и архивхэмрэ къэрал библиотекэхэмрэ къыщыдгъуэтар мащIэщ. Апхуэдэу щыт пэтми, а лIы Iущыр 1807 гъэм Псыжь адрыщI къызэрыщалъхуам (къызыщалъхуа къуажэр иджыри тщIэркъым), хъымыщ адыгэ лъэпкъым зэрыщыщым дыщыгъуазэщ. Абы пасэу фIэкIуэдащ и адэр. «Анэ гущабэм срибын закъуэт, - етхыж езым - Фызабэ тхьэмыщкIэм сригугъапIэт икIи сабиигъуэ IэфIыгъэм сыкъыпыкIащ сэ пасэу».
Профессор Къумыкъу Тыгъуэн къызэригъэлъэгъуамкIэ, Шэрджэсым щылажьэ хамэ къэрал бзэгузехьэхэм ебэнын зэрыхуейр Хъан-Джэрий нэгъуэщIхэми къыдаIыгъауэ щытащ, псалъэм папщIэ, «Беслъэнейм щыпсэууэ щыта абы и къуэш Къаз-Джэрий СулътIан, полковник Азэмэт-Джэрий СулътIан, подполковник Мэгурыкъуэ, беслъэнеипщ Пщыкъуий сымэ». Хамэ къэрал бзэгузехьэхэм ебэныным а гупыр и телъхьэу зэрыщытам дэ шэч къытетхьэркъым, ауэ шэч къытыдохьэ Хъан-Джэрийрэ Къаз-Джэрийрэ зэкъуэшу зэрыщытам. Профессор Къумыкъу Тыгъуэн и тхыгъэм къыщигъэлъагъуэркъым а тIур зэрызэкъуэшыр къызэрищIа щIыкIэр. АтIэ Къаз-Джэрий езым итхыжауэ щыIэщ «анэ гу щабэм срибын закъуэт» жери. А щIэныгъэлIхэр зэунэкъуэщу щытагъэнщ, ауэ зэкъуэш дыдэу къэзыгъэлъагъуэ тхыгъэ къытхуэгъуэтакъым иджыри къэс.
ТхакIуэ Теунэ Хьэчими «Къэбэрдейм и тхакIуэхэмрэ и литературэмрэ» и къэхутэныгъэм Къаз-Джэрий къыщалъхуамрэ щылIэжамрэ мытэмэму къыщегъэлъагъуэ (1801 - 1843). А тхылъ дыдэм и етIуанэ къыдэкIыгъуэм, зи гугъу ищIыр, и гъащIэм илъэс зыкъом хупещэри, щыпсэуар 1801 - 1870 гъэхэрауэ къыщыджеIэ. Еджагъэшхуэ Корзун Борисрэ профессор Гарданов Батразрэ Къаз-Джэрий къигъэщIа ныбжьыр яхуэубзыхуакъым.
Къаз-Джэрий тетхыхьа нэгъуэщI гуэрхэри щыIэнкIэ мэхъу. КIурашын БетIал осетин усакIуэшхуэ Хетагуров Коста триухуа тхыгъэм мыпхуэдэу щыжеIэ: «Ставрополь дэта цIыхухъу классикэ гимназиер, Хетагуров Коста зыщеджар, къаухащ адыгэ тхакIуэ-щIэныгъэлIхэу Къаз-Джэрий СулътIани, Адыл-Джэрий СулътIани, КIашэ Адэлджэрии»…
Къаз-Джэрий Ставрополь дэта гимназием щеджакъым, щеджэнкIи Iэмал иIакъым. Гимназиер 1837 гъэм къызэIуахащ. Абы щыгъуэ Къаз-Джэрий Бытырбыху дэст. Ставрополь дэта гимназиер Кавказ Ищхъэрэм щыяпэу щытащ, «Кавказым щыщ», цIэри зэрихьэрт. ИужькIэ ар зэрахъуэкIыжащ цIыхухъу классикэ гимназиеу. Абы щрагъаджэрт лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм къахэкI щIалэхэр - адыгэхэр, осетинхэр, шэшэнхэр, дагъыстанхэр, н.къ.
Зэрынэрылъагъущи, Къаз-Джэрийрэ а гимназиемрэ я Iуэху зэхэлъкъым. Япэ адыгэ тхакIуэм и сабиигъуэм теухуауэ дызыщыгъуазэр мащIэ дыдэщ. И щIалэгъуэм ар Хъан-Джэрий щIыгъуу Тифлис щыIащ. Кавказым и тет Ермолов Алексей ныбжьыщIэ Iущым гу къылъитащ. Къаз-Джэрий яхэтащ ирагъэджэну япэ дыдэу Урысейм ягъэкIуа адыгэ щIалэхэм. 1826 гъэм къызэрыгуэкI сэлэту къулыкъум щыщIидзащ ебланэ фочауэ полкым, иужькIэ «лейб-гренадер Эриванскэ»-кIэ зэджэжу щытам. Куэд мыщIэу ар урыс-къэжэр зауэм макIуэ. Урысыдзэр ебгъэрыкIуэрт. Шамхор, Елизаветполь, Аббас-Абад, Эриван, Сардар-Абад къалэхэр бийм къытрихыжри, генерал Паскевич зи дзэпщ урысыдзэр 1827 гъэм Тавриз (Тебриз) дыхьащ. Къаз-Джэрий хэтащ зэхэуэ псоми. ЛIыгъэ зэрызэрихьам къыпэкIуэу къратащ медаль. 1830 гъэм юнкер мэхъури, Бытырбыху щыIэ Кавказ-бгырыс эскадрон ныкъуэм хагъэхьэ. Ар пащтыхьыр зыхъумэ гупу 1828 гъэм къызэрагъэпэщат, хэтхэри бгырыс лIакъуэлIэшхэм къахэкIат. Эскадрон ныкъуэр егъэбыдылIат «Пащтыхьым и фэтэр нэхъыщхьэкIэ» зэджэжым, нэгъуэщIу жыпIэмэ езы пащтыхь дыдэм и штабым, зи унафэ щIэтри граф Бенкендорфт. Бгырыс шууейхэм, адыгэ фащэ щIыкIэу щIауэ, щыгъын дахэ ящыгът. Офицер фэилъхьэгъуэм хыхьэрт къэптал фIыцIэ къызыдэщ адыгэ цей щхъуантIэр, бащлъыкъ гъуафэр, мэлыфэ фIыцIэм къыхэщIыкIа пыIэ, и натIэ къекIуэкIым дыжьын уагъэ къедэкIауэ, гъуэншэдж быхъу, дыжьыныфэ куситI и бгъухэмкIэ зэдехыу. Урысейм къакIуэ хьэщIэ лъапIэхэми пащтыхьыр яхуэупсэрт а фащэмкIэ.
Къаз-Джэрий дзэ къулыкъум зэманышхуэ фIихьырт, итIани жэщ-махуэ имыIэу абы иджырт урысыбзэмрэ литературэмрэ, тхэн Iуэхуми ерыщу пылът.
Кавказ-бгырыс эскадрон ныкъуэм абы илъэс пщыкIузкIэ къулыкъу щищIащ. А шууей гупым абы и закъуэтэкъым тхэн Iуэхум зезытауэ адыгэу хэтар. Къаз-Джэрий щIыгъуу Бытырбыху а лъэхъэнэм щыIащ Къэбэрдейм щыщ еджагъэшхуэ Нэгумэ Шорэ, тхакIуэ-этнограф Кърым-Джэрий, зэкъуэшхэу Хъан-Джэрийрэ Адыл-Джэрийрэ. Абыхэми я лъэпкъым къыхуэщхьэпэнкIэ хъуну Iуэхугъуэхэр зэрагъэзахуэрт, я къалэмыпэхэр ягъэжант. «Къулыкъу сщIэну Бытырбыху сыкъэкIуа нэужь, - итхыжащ Нэгумэ Шорэ, - адыгэ грамматикэ стхыну сщIа мурадыр нэхъри къыспкърыхьати, къулыкъум сыкъыщыдэхуэ сыхьэтхэр къэзгъэсэбэпурэ, щIэздзащ урысыбзэмрэ абы и грамматикэмрэ джыным».
Нэхъ щIэхыу а Iуэхум иужь ихьэныр къызыхэкIа нэгъуэщI зы щхьэусыгъуи щыIэщ. Нэгумэмрэ Къаз-Джэрийрэ Бытырбыху къэкIуэным ипэ къихуэу эскадрон ныкъуэм хэт адыгэхэм урысыбзэмрэ адыгэбзэмрэ ирагъаджу щIадзат. Петин Сергей зэритхыжамкIэ, а Iуэхур мыпхуэдэу яублат:
«Языныкъуэ офицерхэмрэ Iэщэзехьэхэмрэ урысыбзэр яджыну зэрыхуейр щыжаIэм… занщIэу университетым а Iуэхум хухихащ кандидат Грацилевский Иван. Ар къэжэрыбзэкIэ фIыуэ псэлъэфырт, хьэрыпыбзэр зэрызэхэлъми щыгъуазэт. А егъэджакIуэм урыс-адыгэ алыфбий зэхилъхьащ. ИужькIэ абыкIэ и гъэсэнхэр зэхуэтхэу щытащ. Еджэным щIадзащ 1829 гъэм фокIадэм и 1-м».
Грацилевскэм зэхилъхьа алыфбийм тету адыгэбзэр джын зэрыщIадзам мыхьэнэшхуэ иIэт. Шэч хэлъкъым абы алыфбийр щызэхилъхьэм адыгэ гуэр зэрыдэIэпыкъуам, ауэ дэIэпыкъуар хэтми тщIэркъым.
Урысейм и цIыху нэхъыфIхэм я гупсысэ щIэщыгъуэхэм щыгъуазэ зыщыпщIыну Бытырбыху нэхъ щIыпIэфI а лъэхъэнэм щыIакъым. И лъэпкъэгъу адрей щIэныгъэлIхэми хуэдэу, Къаз-Джэрий нэхъыбэ къызэрищIэным хущIэкъурт, щIэныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм щыгъуазэ зищIырт. Псом хуэмыдэжу ар егугъуащ Урысейм щекIуэкI гъащIэр, езыр щыпсэу лъэхъэнэм къыщыхъухэр куууэ зэригъэщIэным. Апхуэдэ дыдэу ар хущIэкъурт къызыхэкIа и лъэпкъым и тхыдэр зэрызэригъэщIэным, Урыс-Кавказ зауэм къежьапIэ хуэхъуар къызэрихутэным.
1830 гъэм бгырыс шууейхэм я еджэныр зэпамыгъэууэ хъуакъым. Хъан-Джэрий я шу пашэу эскадрон ныкъуэр Польшэм ягъакIуэ, абы къыщаIэта зэщIэхъееныгъэр зэхэзыкъута дзэхэм яхэту. Зы мазэ нэхъ дэмыкIыу бгырыс шууейхэр Вильнэ дыхьащ. Остроленкэ, Верпен, Райгород, апхуэдэу Панар лъагапIэхэм щекIуэкIа зауэ гуащIэхэм Къаз-Джэрий лIыхъужьыгъэ нэс къыщигъэлъэгъуащ. Абы сыт щыгъуи щIыгъуащ Iэщэзехьэ Нэгумэ Шорэ. Нэгумэм зэрихьа лIыгъэм папщIэ кърат орден. 1831 гъэм мэкъуауэгъуэ мазэм и 16-м Ковнэ пэгъунэгъуу зэхаубла зэхэуэшхуэм Къаз-Джэрий уIэгъэ щохъу, мышынэжу зэрызауэр къалъытэри, кърат «Зэрихьа лIыгъэм папщIэ» жиIэу зытетха дыщэ медалыр. Абы и ныбжьэгъуфI икIи и Iыхьлы Хъан-Джэрийри Iыхьэншэ хъуакъым, Iэзэу унафэ зэрищIамрэ езым лIыгъэ щапхъэ игъэлъагъуэу и шууейхэм япэ зэритамрэ къалъытэри штаб-ротмистр ящI. Бгырыс шууейхэр Ригэ, Минск къалэхэр къызэпаупщIри, 1832 гъэм Бытырбыху къосыж.
1832 - 1835 гъэхэм ящыщ зым тохуэ Къаз-Джэрий тхакIуэ А. Н. Муравьёв Андрей нэIуасэ щыхуэхъуар. А тхакIуэм и IэдакъэщIэкIхэм, гъуэгуанэ тхыгъэхэм куэд къыщыбгъуэтынущ Кавказымрэ КъуэкIыпIэ Гъунэгъумрэ я тхыдэр джыным теухуауэ. 30-нэ гъэхэм Муравьёв тхакIуэ Iэзэу и цIэр IуакIэт. Пушкини щытхъуауэ щытащ абы «1830 гъэм бегъымбар щIыналъэхэм къызэрыщыскIухьар» зыфIища и тхылъ томитI хъум. А тхылъыр абы лъэмыж хуэхъуащ Синодым и прокурор къулыкъур иубыдынымкIэ, иужькIэ ЩIэныгъэхэмкIэ Урысейм и Академием и лъэр нихьэсынымкIэ. 1836 гъэм зи ныбжьыр илъэс 30 ирикъуа Муравьёв камергер хъуакIэт. Пушкинрэ Муравьёврэ фIыуэ зэрыцIыхурт. «Арзрум къызэрыщыскIухьам» тхыгъэм Пушкиным абы и цIэ къыщреIуэ: «Тырку зауэм хэта усакIуэхэм ящыщу сэ сцIыхуу щытар А.С. Хомяковрэ (зи гугъу ищIыр япэу Урысейм университет къыщызыуха Къуэдзокъуэ Лэкъумэн илъэс куэдкIэ зи деж щыпсэуа икIи щеджа Хомяковырщ) А.Н. Муравьёврэщ. ТIури хэтащ граф Дибич и дзэм. А лъэхъэнэм зым итхащ псэм и щIасэ усэ зыбжанэ, адрейр елэжьырт, иджы апхуэдизу псоми ягу ирихь и тхыгъэм - бегъымбар щIыналъэм къызэрыщикIухьам теухуам».
Зы зэман Пушкинымрэ Муравьёврэ зэщIыгъуу еблагъэу щытащ гуащэ Волконскэ Зинаидэ и литературэ хьэщIэщым. Абы екIуалIэрт Мицкевич Iэдэми, нэгъуэщI тхакIуэ цIэрыIуэхэри.
Муравьёви усэкIэ тхэуэ къыщIидзат. Зэгуэрым Волконскэхэ ар къызыщеджауэ щыта и усыгъэм ауан дыджкIэ жэуап иритыжыгъащ Пушкиным.
Хэт ищIэн, абы дерс къыхихагъэнт Муравьёв, афIэкIа усэ итхыжакъым, ауэ пщIэ зыхуащI тхакIуэ хъуащ. Пушкиныр щIакIуэ кIапэм щаукIыху абы и ныбжьэгъуфIу щытащ. ИкIи Муравьёву хуэбгъэфащэ хъунущ Къаз-Джэрий урыс усакIуэшхуэм къезыгъэцIыхуар. Пушкинми хуэфащэ гулъытэ хуищIащ бгырыс щIалэ гурыхуэм. Арыншауи дауэ хъунт?! Езы усакIуэшхуэми Урысейр Кавказым пыщIа хъунымкIэ хэкIыпIэ нэхъыщхьэу къилъытэрт урыс щэнхабзэм бгырысхэр къешэлIэн зэрыхуейр. Ауэ Пушкиным къыгурыIуэрт а Iуэхур зэрыхэплъэгъуэр.
«Адыгэхэм дыкъалъагъу хъуркъым», - щетх абы «Арзрум къызэрыщыскIухьам». Апхуэдэу щIыщытыр зыгъэзахуэ щхьэусыгъуэри асыхьэту къехь: «Дэ ахэр тетхуащ я хъупIэ хуитхэм; я къуажэхэр зэхэтфыщIащ, языныкъуэ лъэпкъхэр къанэ щымыIэу зэтедукIащ».
Мыбдежым тхыгъэм, ар хъыбар гукъеяуэншэм хуэдэу укъуэдиями, шэч хэмылъу, а лъэпкъхэр егъэкъуаншэ. Пушкиным къелъытэ бгырыс жыIэмыдаIуэхэм я «гужьгъэжьыр» гъэкIуэдауэ урыс лъэпкъышхуэм и жьауэм щIэгъэувэным, тырку сулътIаным ахэр къыбгъэдэшауэ, щIэныгъэм и гъуэгур яхузэIухыным Урысейм и къэрал щIыб IуэхумкIэ иIэ мыхьэнэшхуэм и мызакъуэу, езы адыгэхэми абы я сэбэпышхуэ къыхэкIыну.
Зэрынэрылъагъущи, декабристхэми хуэдэу, Пушкинри «сэхъуахэр гъэIурыщIэным» и телъхьэщ. ДапхуэдизкIэ езыр пащтыхьым еныкъуэкъуу щымытами, адыгэхэм лей къазэрылъысыр гукъеяуэшхуэ щыхъуу щытакъым Пушкиным. Дауи, абыи игъэгъуащэртэкъым тепщэгъуэ лъэщ зиIэ унагъуэм къызэрыхэкIар. Сыт щхьэкIи абы игу щIэузынт и лъэпкъэгъухэр джатэ къихакIэ зэзауэ адыгэ ябгэхэм? Апхуэдэу щымытамэ, «ябгэ», «сэхъуа», «хьэл мыхъумыщIэхэр зыхэлъ» псалъэ жагъуэхэмкIэ ещынтэкъым нэгъуэщI лъэпкъым, ар зэрымащIэм нэхъ къуаншагъэ зыбгъэдэмылъ лъэпкъым. АтIэ и гъуэгуанэ тхыгъэхэми ар фирхьэуным хуэдэущ, нэ гущIэгъуншэкIэщ абыхэм зэреплъыр. Мыпхуэдэуи итхащ абы: «Ахэр ягъэсабырыну сыт ящIами псыхэкIуадэ хъурт. Ауэ лей ирахыу щыщIадзам, ар нэхъ яхэзэгъащ». Пэжщ, а псалъэ гущIэгъуншэхэр иужькIэ щIетхъэж, къыгурыIуэжагъэнт гущIэгъуншагъэм бгырысхэми ар дыдэр къызэрыпагъэкIуэжыр. УсакIуэшхуэр абдежым и бзэгум едзэкъэжын хуеят, сыту жыпIэмэ чристэн диным кърагъэхьэну хэт лъэпкъхэр къэкIуауэ Урысейм езауэртэкъым, Урысейрат кIуауэ ахэр лъэгущIэтын зыщIыр.
Пушкиным апхуэдэу фIэкъабылт бгырысхэм Евангелиер егъэджыныр, зызэман ахэр зэрыта чристэн диныр къегъэщтэжыныр. Ныкъуэтхыу къэна «Тазит» поэмэри зытегъэпсыхьар а гупсысэрат.
«Арзрум къызэрыщыскIухьам» адыгэ хабзэхэм, адыгэхэр зыхуитхэмрэ зыхуимытхэмрэ щытепсэлъыхьурэ, абы мыпхуэдэу щетх: «Адыгэхэм муслъымэн диныр къызэращтэрэ куэдыщэ щIакъым. Ахэр итхьэкъуат КъурIэным и бегъымбархэм яхэлъа лъагъумыхъуныгъэ лъэщым… Кавказыр поплъэ чристэн миссионерхэм».
Ауэ а зи гугъу ищIыр а лъэхъэнэм пхуэмыгъэзэщIэн Iуэху нэпцIт. Езы Пушкини игъуэтакъым чристэн диныр лъэпкъхэм яхипщэу къэзыкIухьын, апхуэдэу къыщакIухьу щыта зэманыр щыIэжтэкъым. Аращ и «Тазит» поэмэм хэт «миссионерыр» зыкъомкIэ IэрыщI-IурыщIу щIыщытыр. «Езы Тазит миссионер щIыжамэ дауэ хъунут?» - жиIэу Пушкиным гукъэкI ищIамэ-щэ? ИтIанэ абы, шэч хэмылъу, игу къэкIыжынт Нэгумэ Шори Къаз-Джэрии, урысыдзэм къулыкъу щызыщIэ, щIэныгъэ зиIэ а адыгэхэр, езыхэм ящIыгъуу зи лъэпкъэгъухэм ятеуэу щытахэр…
1832 гъэм Кавказ-бгырыс эскадрон ныкъуэр щIагъэтIысхьат статскэ чэнджэщэгъу Львов и унэм. Бгырысхэр абы щебгъэджэну ар куэдкIэ нэхъ зэIузэпэщт Семеновскэ полкым и казармэхэм нэхърэ. Iэщэзехьэхэмрэ юнкерхэмрэ цIыху тIурытI-щырыщурэ щIэгуэшат пэшхэм. Дэтхэнэми иIэжт и гъуэлъыпIэ, пхъэхуейм екIурэ ещхьу къыхащIыкIауэ шэнтитI, жэщ-махуэм хуэзэу зы кIэртIоф уэздыгъи иратырт. Жандармхэм я Iэтащхьэ Бенкендорф къилъытэрт: «Быдэу зэракIэлъыплъам икIи зэракIэлъыплъым къызэригъэлъэгъуамкIэ, бгырыс щIэныгъэншэ къэгубжьыгъуафIэхэм нэхъ яхэзэгъэнут я псэупIэр (эскадрон ныкъуэр зыщIэс унэр) мин зыбжанэ тегъэкIуэдауэ зэгъэпэщыныр, езыхэм я хабзэмрэ нэхъ къызэращтэмрэ елъытауэ абы щыпсэун папщIэ».
Къаз-Джэрий нэхъ и фIэщу тхэуэ щIидзащ корнет (офицер цIэр фIэщын къызэрыщIадзар абыкIэт) ящIа нэужь. Офицерыр хуит ящIырт фэтэр къищтэну. Къаз-Джэрий Бытырбыху и щIыпIэ нэхъ щэхухэм ящыщ Ротэ хьэблэр хэщIапIэ ещI. Лэжьэну закъуэмэ, зыри зэран къыщыхуэхъунутэкъым. АтIэ езыми гукъыдэжышхуэ иIэт тхэну, и къарур игъэунэхужыну. Абы щыгъуэщ офицер щIалэм къалэмыр къызэрыхуэжыIэщIэр къыщипщытар, тхэфынрэ мытхэфынрэ щызэхигъэкIар. Тхэф хуэдэт…
1834 гъэм и гъэмахуэу Къаз-Джэрий Кавказым кIуэжащ. Сыт хуэдэ Iуэхут абы иIэр? Бгырыс яхуэмысабырхэр къигъэдэIуэн мурадкIэ ежьат хьэмэрэ и лъэпкъэгъухэм ятеуэну дзэм яхэту зыщалъхуа лъахэм къыщыхутэжат? И зыгъэпсэхугъуэр я деж щигъэкIуэну кIуэжами хэт ищIэн? Дэ абы дыщыгъуазэкъым. Апхуэдэу дэ дыщыгъуазэкъым адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжынымкIэ Къаз-Джэрий сыт хуэдэ лэжьыгъэ иригъэкIуэкIами. Ауэ дэ шэч къытетхьэркъым абыкIэ и щIыхуэ къызэрытемынам. Кавказым ар къикIыжат и псэкIэ нэхъ жумарт, игукIэ нэхъ къулей хъуауэ, гухэхъуэ ин игъуэтарэ тхэным хуэпабгъэу. ИкIи и гурыфIыгъуэхэр имыухыж щIыкIэ елэжьын щIедзэ и гъуэгуанэ тхыгъэм - «ХьэжытIэгъуей аузым». Абы зделэжьым ар щIэх-щIэхыурэ хуэзэт Муравьёв Андрей, икIи ар щIигъэдэIурт и нэгу щIэкIахэм, и лъэпкъэгъухэм я Iуэху зыIутым, Урысеймрэ адыгэхэмрэ фIыкIэ зэдэгъэлэжьэным зэрегупсысым. Муравьёв лIы Iущым къыгурыIуэрт Къаз-Джэрий зыхущIэкъур, къыгурыIуэрт щIэныгъэ IуэхукIэ урыс пащтыхьыр щIэгъэкъуэн зэрымыхъунур. Абы Iэхъулъэхъут Кавказым хуихьыр. А псори, и щхьэр течауэ, и ныбжьэгъу бгырысым хужемыIэми, и жагъуэ зэримыщIыным елIалIэу, щабэу ириIуэтылIэрт Къаз-Джэрий зи ужь ит Iуэхур занщIэу зэрызэфIэмыкIынур. Ауэ а адыгэм итхам щеджам Муравьёв ибзыщIакъым «ХьэжытIэгъуей аузыр» игу зэрырихьар. Шэч хэмылъуи арат Къаз-Джэрий и тхыгъэр Пушкиным и «Современникым» езыгъэхьар. Пушкинри гуапэу къыIущIащ и цIыхугъэ адыгэм, тхыгъэр Iихри къигъэгугъащ хущIыхьэгъуэ зэрихуэу еджэну, еджэрэ игу ирихьмэ, гъуэгуанэ тхыгъэм (повестым) щыщ зы пычыгъуи хутридзэну.
Урыс тхакIуэшхуэм игъэпэжащ и псалъэр: тхыгъэр, зыри зэримыхъуэкIыу, тридзащ и журналым.
Кавказыр фIыуэ зылъагъу урысхэр гуапэу IущIащ журналым адыгэ тхакIуэм и тхыгъэ зэрытрадзам, ауэ ар шэуэ къызытехуахэри щыIэт. Жандармхэм я Iэтащхьэ граф Бенкендорф къигъэIэлат «ХьэжытIэгъуей аузыр» езыр къемыджауэ дунейм къызэрытехьам. Кавказыр пщылIыпIэм игъэувэным, щыпсэухэр урыс щIыным нэхъуеиншэу щIэбэн а лIы бзаджэм занщIэу и нэм бжэгъуу къыщIэуащ хуитыныгъэ Iуэхур къызыхэщ гъуэгуанэ тхыгъэр, ари зытхар адыгэу. Журналыр къыдэкIри, махуиплI дэкIауэ, 1836 гъэм мэлыжьыхьым и 15-м, абы кIэзонэ письмо хуетх «Современникыр» къыдэзыгъэкIым икIи абы и редакторым:
«Зи пщIэр лъагэ Александр Сергеевич! Уэ къыдэбгъэкI «Современник» журналым и япэ томым итщ лейб-гвардие Кавказ-бгырыс эскадрон ныкъуэм и корнет Къаз-Джэрий СулътIан зэхилъхьа «ХьэжытIэгъуей ауз» тхыгъэр. Зи щIыхьыр ин пащтыхьым мыхьэнэшхуэ зиIэ и унафэм, 1834 гъэм къищтам, къегъэув Департаментхэм я Директорхэм, Штаб УнафэщIхэм, Интендант-генералхэм япэщIыкIэ хуит зыкърамыгъэщIауэ къулыкъущIэ дзэзешэхэми, къэралым хуэлажьэхэми литературэ тхыгъэхэр - езыхэм ятхами зэрадзэкIами, ахэр сыт хуэдэ лIэужьыгъуэуи щрет - печатым ират мыхъуну.
Корнет Къаз-Джэрий СулътIаным и тхыгъэ зи гугъу тщIыр нэхъ пасэу къызахьэлIакъым срагъэплъыну, ар си штаб унафэщIми ирагъэлъэгъуакъым»…
Абы къыхэкIыу Пушкиным хуагъэувырт дяпэкIэ апхуэдэ тхыгъэхэр тридзэн и пэ къихуэу Бенкендорф е абы и штаб унафэщIым иригъэлъагъуу хуит зыкъригъэщIын хуейуэ. Шэч лъэпкъ хэмылъу а унафэр Къаз-Джэрий СулътIани къыIэрыхьат эскадрон ныкъуэм и дзэпщым е езы Пушкин дыдэм къыбгъэдэкIыу. Пушкини Къаз-Джэрий СулътIани зэуэ апхуэдэ письмо къаIэрыхьагъэнкIи мэхъу. А псори зэпыдолъытри, Къаз-Джэрий Муравьёв хуигъэхьа письмор щитхар 1836 гъэм мэлыжьыхь мазэм и кIэхэрауэ тыдогъахуэ. Мыращ письмом итар:
«ПщIэшхуэ зыхуэсщI Андрей Николаевич! Сэ си гугъащ нобэ уи деж сынэкIуэну, ауэ си узыншагъэм и зэранкIэ а гурыфIыгъуэм сыхон.
Дыгъуасэ, фи деж сыкъикIыжа нэужь, сэ щыгъуазэ сыхъуащ пщым (зи гугъу ищIыр Бенкендорфщ - Хь. М.) хуит имыщIауэ офицерхэм я тхыгъэхэр трырагъэдзэну зэрыхуимытыр, апхуэдэу щыщыткIэ, ди эскадрон шу пашэр сэ абыкIэ Бенкендорф езгъэлъэIун хуейщ. Абы къыхэкIыу, уэ аргуэру лъэIукIэ зыпхузогъазэ: си ныбжьэгъум и жэрдэмкIэ стхыуэ къазэрыщыхъур къищIэну, абы литераторхэм ярита си дэфтэр цIыкIур къысхуэбгъуэтыжыфмэ уеплъыну. Бенкендорф ар щабзыщIынщ, ауэ жраIэнущ иджы зыгуэр стхымэ трезгъэдзэну хуит сищIыну; ар и щхьэусыгъуэу стха гуэр еджэн мурад ищIмэ, уэри уощIэ, абы фIэкIа сэ нэгъуэщI зэрызимыIэр.
Уэ сыкъызэрыплъытэмкIэ уи ныбжьэгъуфI, литературэмкIэ къуэш пхуэхъуа Къаз-Джэрийщ пщIэшхуэ пхуищIу нэзытхыр».
Урыс тхакIуэхэм къазэрыщыхъуар жаригъэIэну Къаз-Джэрий ита дэфтэр цIыкIур зыхуэдэр дэ тщIэркъым. Хуэдгъэфащэ къудейщ абы и «Къэжэр таурыхъыр» е дэ дызыщымыгъуазэ рассказыщIэ гуэр адыгэ щIалэм итауэ. А зыхуэдгъэфащэри пэжынкIэ мэхъу, сыту жыпIэмэ, Къаз-Джэрий и лъэIур ягъэзащIэри, Бенкендорфи къагъэдэIуат къыпэрымыуэну икIи 1836 гъэм бадзэуэгъуэ мазэм и пэщIэдзэхэм къыдэкIа «Современникым» и етIуанэ номерым традзащ «Къэжэр таурыхъ» хъыбарыр.
Журналым и къыдэкIыгъуэр зыгъэхьэзырахэм мыхуэмыхуу яхэтащ пщы Одоевский Владимир. Абы 1836 гъэм накъыгъэм и 10-м Гончаровэ-Пушкинэ Наталье, усакIуэр Бытырбыху зэрыдэмысым къыхэкIыу, хуитха письмомкIэ щIэупщIэрт: «Къаз-Джэрий и тхыгъэ «Къэжэр таурыхъыр» теддзэну е дыпэплъэну Александр Сергеевичым?» Нэхъ пасэу зэрыжытIащи, хъыбарыр традзащ журналым. АбыкIэ Къаз-Джэрий къыдэIэпыкъуар, дауи, Муравьёв Андрейщ. Абырэ Ещанэ Отделенэм и унафэщI А. Н. Мордвиновымрэ зэшыпхъуитIым я бынт.
И эскадрон шу пашэм хузэфIэкIакъым Къаз-Джэрий и Iуэхур игъэтэрэзын. АбыкIэ Iуэхур щызэфIэмыкIым лъэкIыныгъэшхуэ зиIэ и ныбжьэгъур зыдигъэIэпыкъуащ. Муравьёв Мордвиновым елъэIужри, ар Бенкендорф бгъэдигъэхьащ. Жандармхэм я Iэтащхьэм абы худимычыхыу хъуакъым.
Ауэ нэгъуэщI еплъыкIи иIэщ а Iуэхум: щыхьэрым къэкIуэжа нэужь, Пушкиным мыупщIэрэ мыусэу тредзэ хъыбарыр. Мис абы нэхъ шэч къытыбохьэ. Бенкендорф апхуэдэ зырыуигъэщIэнутэкъым, епщIэпами - къыхуигъэгъунутэкъым.
Езы усакIуэри Ещанэ Отделенэм и «пхъэшыкъум» ерагът зэребакъуэр. 1836 гъэм накъыгъэм и 18-м Мэзкуу къритхыкIыу абы хуитхырт и щхьэгъусэм: «Сызэрыжурналистыр къыщысщIэжкIэ, сэр дыдэм си псэр си лъэдакъэпэм носыж, иджыри си цIыхугъэр зэрысфIэмыкIуэдауэ къэсхьащ полицэм и фэжагъуэ икIи къызапэсащ: «Уэ пхуэтщIа дзыхьыр бгъэпэжакъым», нэгъуэщI-къинэмыщIхэри. Иджы сыт кърикIуэнур си щхьэм? Мордвиновым сэ Булгарин Фаддейрэ Полевой Николайрэ я фэ къызиплъынщ. Емынэм и зэранкIэ гурэ зэчийрэ сиIэу сэ сыкъыщалъхуат Урысейм…».
Пушкиныр хущIэкъурт и журналыр нэхъ гъэщIэгъуэн зэрищIыным, тхыгъэфIхэр куэду икIи зэмыщхьхэу зэрытридзэным. Журналым нэхъыбэу тридзэрт тхыдэмрэ къэхъуа Iуэхухэмрэ ятеухуахэр. УсакIуэшхуэр псэуху дунейм къытехьа томиплIым укIуэцIрыплъыжмэ, гу лъотэ и журналымкIэ абы лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэр игъэлъапIэу, игъэбыдэу зэрыщытам. Пушкиным къыфIэIуэхут дэтхэнэ лъэпкъми и тхыдэм къыщыхъуа Iуэхугъуэшхуэхэр, къылъыкъуэкIа гузэвэгъуэхэр, къылъыса гуфIэгъуэхэр. БлэкIам дерс къыхэхын зэрыхуейр къыгурыIуэрт. Абы и щапхъэкъэ япэ адыгэ тхакIуэм и къалэмым къыщIэкIа тхыгъитI зэрытридзар?! Абы и щыхьэткъэ декабрист Якубович Александр Кавказым теухуауэ зэхилъхьа усэхэр журналым къызэрытехуар?! «Современникым» и зы къыдэкIыгъуэ гуэрым тетащ 1812 гъэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм Тэрч щыщхэм къыщагъэлъэгъуа лIыхъужьыгъэм, Дрезден къыщащтэм адыгэ ротмистр Шэшэныкъуэр хахуэу зэрызэуам ятеухуауэ Давыдов Денис и гукъэкIыжхэр. А. Шэшэныкъуэр езыр, иужькIэ урысыдзэм полковник хэхъухьар, зауэлI цIэрыIуэу, партизану щыта Давыдов Денис и ныбжьэгъушхуэт. Давыдовыр икIи тхакIуэт, Пушкиным и лъэхъэнэм щыIа усакIуэ нэхъыжьхэм ящыщт, Белинскэм зэритхамкIэ, ар «урыс поэзием и уэгум етIуанэ увыпIэр щызыIыгъ нэхъ вагъуэ нурышхуэхэм ящыщт».
Полковник Шэшэныкъуэр Къаз-Джэрий и ныбжьэгъуфIт. Арауи къыщIэкIынщ Давыдовыр адыгэ тхакIуэм езыгъэцIыхуар. Е Пушкинт ахэр зэзышэлIар? Сыт хуэдэу щымытми, зи цIэ къитIуахэр зэнэIуасэт.
Апхуэдэурэ зэшэлIа, зэныбжьэгъу зэхуэхъухэрт лъэпкъ зэхуэмыдэхэм къахэкIа цIыху Iущхэр, ахэр зыр адрейм хуэупсэрт я щIэныгъэкIэ, я гухэлъ нэхъыфIхэмкIэ, зэныбжьэгъу зэхуэхъухэрт лъэпкъ зэхуэмыдэхэм къахэкIа цIыху Iущхэр, ахэр зыр адрейм хуэупсэрт я щIэныгъэкIэ, я гухэлъ нэхъыфIхэмкIэ, зэдарэгъуи хъухэрт гъащIэр нэхъыфI ящIыну, къэкIуэну лIэщIыгъуэхэми прахьэжьэфырт гупсысэ нэхухэр - къэхъуну щIэблэхэм я дунейр дахэ зыщIыну гупсысэхэр.
А псори зэзыгъэуIур урыс усакIуэшхуэ Пушкинымрэ абы и журналымрэт. Ди хэкуэгъу Къаз-Джэрий СулътIани и зы хъуаскIэ хидзащ зи гугъу тщIыж гупым къэкIуэну зэманым хузэщIэгъэста зэкъуэшыгъэм и мафIэм. Ар зыщысхьыжакъым, гугъуехьым иригъэкIуэтакъым икIи къызыхэкIа и лъэпкъым и бын пажэхэм ящыщ зы хъуащ. Ар урыс щэнхабзэми и хамэкъым. Пушкин, Белинский сымэ хуэдэ цIыхушхуэхэм къагъэлъэгъуащ Iэзагърэ зэфIэкIрэ иIэу ар урыс тхакIуэ цIэрыIуэхэм я сатырым зэрыхэувар. АтIэ дэ нобэ, абы и лъэпкъэгъухэми, ар дгъэлъапIэкIэ, къилэжьа пщIэр хуэтщIыжкIэ ди щIыхуэр тпшыныжыну аракъым. Къаз-Джэрии, Пушкини лIэщIыгъуэ бзаджэм халъхуа нэгъуэщI цIыху куэди къыздэхъуэпса дунейм дритетщи, ахэр ди гум хэлъу ди псэм щIыгъун хуейщ. Мыдрейуэ, нэлат зэтхыжхэри щыIэщ - Бенкендорфрэ абы и Iужажэу щытахэмрэ. СыткIэ дэ дахуей а къомым? Дахуейщ ди нобэм блэкIа лIэщIыгъуэм и жьыуейр къыщемыпщэн щхьэкIэ, зым и насып къыщыжэкIэ, ар IузыщIэ къытхэмыкIын папщIэ…
Иджы уегупсыс хъунущ и япэ тхыгъитIымкIэ щэджащэу къэтлъытэ Къаз-Джэрий ауэ сытми тхэн зэрыщимыгъэтыжам, Бенкендорф дыдэмрэ абы и блыгущIэтхэмрэ я зэран къызэрекIам, и насыпыпсыр IуащIэу и «псыжапIэри» зэрагъэгъущыжам. Пушкиныр дунейм ехыжа нэужь, адыгэ тхакIуэм къыщхьэщыжын, и мурадыр быдэу къыдэзыIыгъын игъуэтыжакъым.
… Зэманыр кIуэрт, Пушкиныр ягъеижурэ. Сыту куэд яфIэкIуэдат ар зимыIэж и ныбжьэгъухэм, Урысейм, усыгъэм и дунейм. Ар хэщIыныгъэшхуэу зэрыщытам Iэджи тетхыхьащ, Iэджэ гъыбзи хуагъэшащ, ауэ Лермонтовым хуэдэу а хэщIыныгъэр куууэ зыхыуигъащIэу зыри абы хуэусэфакъым. Лермонтовым занщIэу къищIат ер зи пэм къикIар икIи и сатыр мыубзэщхъуахэмкIэ ар хуигъэзащ шугуанэ и бжыхь…
Зэманыр кIуэрт, Пушкиныр къэщIэрэщIэжурэ… Лермонтовым фIыуэ илъагъурт абы и фэеплъ щIыпIэхэр, зыхуэзэу щыта цIыхухэр. ЗэрымыщIэкIи къэхъуа Iуэхуу къыщIэкIынтэкъым Лермонтовым Къаз-Джэрий къызэрицIыхуар, ахэр ныбжьэгъу зэрызэхуэхъуар. Ахэр щызэрыцIыхуащ Муравьёв Андрей и унэм, абы и ужькIи зэрыгъэгъуэщакъым.
Лермонтовым и гъащIэр зыджыж щIэныгъэлI Iэзэ Андроников Ираклий «Къэхутэныгъэхэмрэ къэдгъуэтамрэ» зыфIища и лэжьыгъэшхуэм дызытепсэлъыхь Iуэхум и пэжыпIэр еубзыху: «А гъэхэм ахэр щIэх-щIэхыурэ щызэхуэзэт Пащтыхь Къуажэм, лейб-гусархэр игъэныбжьэгъуу Муравьёв куэдрэ зыщыпсэуам. Муравьёвхэ куэдрэ еблагъэу щыта Лермонтовым зейм ещхьыркъабзэу ищIат Муравьёв и сурэтыр. Абы къыщыгъэлъэгъуат жыг щIагъым щIэс щIалэ къуданыр, и щхьэцыгъуэ Iувыр дэлъэщIеяуэ».
Кавказым зэхъуэкIыныгъэшхуэхэр къыщызыгъэхъуну щIэхъуэпс поручикым и IуэхуеплъыкIэхэр къыдэзыIыгъын хьэзырт ныбжьэгъу хуэхъуари, а тIур зэрегъэзэшыртэкъым, зэрыужэгъуртэкъым. Кавказым щыщIэн, щылэжьын хуейхэм и гугъу ящIурэ зэманыр блэлъэтырт…
1841 гъэм Къаз-Джэрий и къулыкъу щIапIэр ехъуэж. Майор хъуауэ ар ягъакIуэ Нижегородскэ драгун полкым. Абы и пэкIэ Лермонтоври декабрист Якубовичи а дзэ дыдэм хэтащ. Зы илъэс докIри адыгэ щIалэм Кавказым щыIэ Хопёр къэзакъ полкыр и хэщIапIэ мэхъу.
Пушкин Александр дунейм зэрехыжрэ илъэси 100 щрикъум хуэзэу «ЩIэныгъэ» тхылъ тедзапIэм Окстманрэ Цявловскэмрэ я редакторхэу тхылъ къыщыдэкIащ, урыс усакIуэшхуэм и гъащIэм щыщ Iуэхугъуэхэр щызэхуэхьэсауэ. Ар зыгъэхьэзырахэм ящыгъупщакъым Пушкиным и «Современникым» зи тхыгъэ тезыдзэу щыта Къаз-Джэрий СулътIани. А тхылъым зэритымкIэ, Къаз-Джэрий «полковникщ икIи флигель-адъютантщ, Урысейм и къэрал унафэщIхэм дипломатие Iуэху зэрихуэну и хэку ягъэкIуэжауэ ар щхъуэ ирахьри ягъэлIащ лъэпкъ зэхэгъэж зыщI муслъымэнхэм».
Тхылъыр зэхэзылъхьахэм апхуэдэ гъэщIэгъуэн дэнэ къраха? Къаз-Джэрий щхъуэ ирахьу ягъэлIакъым. 1843 гъэми зы лажьэ имыIэу псэуащ. Абы и закъуэ? 1843 гъэм ар иджыри майорт, полковники флюгель-адъютанти хъуатэкъым. Дауи, Къаз-Джэрий зыхагъэзэрыхьыр Хъан-Джэрийщ. Аращ дипломатие Iуэху зэрихуэу 1837 - 1839 гъэхэм Кавказым щэхуу щыIа гупым и унафэщIу щытар. Ауэ мыбдежым щыжыIэн хуейщ адыгэ щIэныгъэлIыр езым фIэфI Iуэхум нэхъыбэу зэрелэжьар; адыгэхэм я псэукIэм, я хабзэхэм, я IуэрыIуатэм ятеухуа куэд абы зэрызэхуихьэсар, иужькIэ и тхыгъэхэм къызэрыщигъэсэбэпыжар.
Бытырбыху къигъэзэжа нэужь, и узыншагъэр зэрымыщIагъуэжыр щхьэусыгъуэ ищIри, ар къыхэкIыжащ дзэм, и хэкуми къигъэзэжащ. Тхэным гу хуищIарэ и къару илъыгъуэу дунейм ехыжащ 1843 гъэм. Зыщыпсэуар Екатеринодарщ. Хъан-Джэрий зэрылIыкIам и пэжыпIэр тэмэму зыми ищIэркъым, ауэ Бурнашевым зыхуигъэфащэр мыращ: «Муслъымэн диным зи нэр къыщхьэрипхъуахэм куэд щIауэ Хъан-Джэрий хуаIэт гужьгъэжь. Зэгуэрым ар, ерэн щIыIэфIымкIэ и псыхуэлIэ иригъэкIри, IэфIу жеят, пыгуфIыкIыжу, жеят зэи къэмыушыжыну: дин лэжьакIуэхэм ар яукIащ щхъухь зыхадза ерэным ирагъафэри».
Хъан-Джэрий и кIуэдыкIар апхуэдэмэ, мыбдежым псори щызэтохуэ: щылIа илъэсри (1843 гъэм), къулыкъукIэ ар зыхунэсауэ щытари (полковникт икIи флюгель-адъютант), 1837 - 1839 гъэхэм Кавказ бгырысхэм я деж щигъэзэщIа лэжьыгъэри.
Къаз-Джэрий 1843 гъэм и кIэм подполковник хъуа къудейт. Абы ирихьэлIэуи тхэным зэрелIэлIэж щыIэтэкъым.
1846 - 1849 гъэхэм, полковники хъуауэ, Кавказ линэм щыIа дзэхэм ар хэтащ. ЯпэщIыкIэ абы и унафэм къыщIагъэувэ ЕтIуанэ къэзакъ полкыр, нэхъ иужьыIуэкIэ и IэмыщIэ къралъхьэ Кавказ линейнэ къэзакъыдзэм и еханэ, еянэ бригадэхэмрэ Мэздэгу полкымрэ.
Къаз-Джэрий а лъэхъэнэм Ставрополь куэдрэ кIуэрт, къалэ цIыхухъу гимназием щеджэхэм я Iуэху зытетым щыгъуазэт. А еджапIэм щылажьэ Юхотников Федор къызэриIуэтэжамкIэ, бгырыс лIакъуэлIэшхэм ящыщу я лъэпкъэгъухэм щIэныгъэ егъэгъуэтыныр нэхъ къафIэIуэхут Къаз-Джэрий СулътIан, Адыл-Джэрий, Ло Мухьэмэд сымэ… Гимназием адыгэбзэр щезыгъаджэу щыта Бырсей Умар - зэфIэкI зиIэ адыгэ щIэныгъэлIыр - Къаз-Джэрий ицIыхуу щытам шэч хэлъкъым. Хьэрып хьэрфхэм къатрищIыкIри абы 1853 гъэм зэхилъхьат «Адыгэбзэм и алыфбей», абыкIэ адыгэ щIалэхэр я бзэм хуригъаджэрт.
Япэ адыгэ щIэныгъэлIхэу Нэгумэ Шорэ, Къаз-Джэрий, Хъан-Джэрий, Кърым-Джэрий, ХьэтIохъущокъуэ Къазий, Адыл-Джэрий сымэ хуабжьу къагъэсэбэпу щытащ адыгэ IуэрыIуатэр. Абы къыхахырт езыхэр нэхъ зыгъэпIейтей Iуэхугъуэхэм ятеухуахэр икIи, «зэманым и фащэр» щатIагъэрти, я лъэхъэнэгъухэр зыгъэпIейтей гупсысэхэмкIэ яузэдыжырт.
А гупыр зэрипхырт IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыныр, абы къыхахымкIэ адыгэ тхыдэми, тхыбзэми, литературэми зегъэужьыныр я зэхуэдэ гухэлъу, зыхущIэкъу мураду зэрыщытым. Архивхэм иджыри къэс къытщагъэпщкIу зи гугъу тщIыхэм яку зэхуилъар, ахэр зэкIуэгъужэгъуу щытарэ щымытарэ къыджезыIэну тхыгъэхэр. Апхуэдэу щыт пэтми, а Iуэхум теухуауэ. Гарданов Батраз иукъуэдия гупсысэм дэ арэзы дытехъуэркъым. «Нэгумэ Шорэ и «Адыгэ лъэпкъым и тхыдэр» зыфIища и тхыгъэм абы мыпхуэдэу щыжеIэ: «Зи цIэ къитIуа адыгэ тхакIуэхэр (Хъан-Джэрийрэ Къаз-Джэрийрэщ зи гугъу ищIыр - Хь. М.) бгырыс уэркъхэм къыхэкIати, Нэгумэ Шорэ, уэркъ къуэдзэ лъхукъуэлIыр, зэрапэсыртэкъым».
ФIэщ щIыгъуейщ а лIы Iущхэм, щIэныгъэшхуэ зыбгъэдэлъахэм закъыфIэщIыжауэ «фу, цIыхумэ!» жаIэу щытауэ. ЦIыху гъэсат, куэди я нэгу щIэкIат абыхэм.
Къаз-Джэрийрэ Хъан-Джэрийрэ я гъащIэм фIыуэ щыгъуазэм жиIэнукъым профессор Гардановым абыхэм ярипэсар. Хъан-Джэрийрэ Къаз-Джэрийрэ лъхукъуэлI Нэгумэ Шорэ зрамыпэсу щытащ жыпIэн щхьэкIэ щапхъэ къэбгъэлъэгъуэн хуейщ. Ауэ осетин щIэныгъэлIым апхуэдэ къыхуэгъуэтакъым.
ЕпщыкIубгъуанэ лIэщIыгъуэм и 50 гъэхэм Къаз-Джэрий Къэрэшейм ягъакIуэ Кавказ къуршхэм кIуэцIрыша гъуэгур, Лабэрэ Псыжьрэ зэпызыщIар, зэригъэпэщыжыну. Кавказ линэм и ижьрабгъу лъэныкъуэм и дзэ Iэтащхьэ генерал-лейтенант Филипсон 1858 гъэм бадзэуэгъуэ мазэм и 25-м пщы Барятинскэм хуитха рапортым щыжеIэ: «Псыжь Ищхьэ округым и дзэ Iэтащхьэ полковник Къаз-Джэрий СулътIан зы ротитI, бгы топгъауэу зы взвод, къазакъищэрэ милицищэрэ хъууэ, щIыгъуу Теберда Ищхьэм и Iэгъуэблагъэхэм гъунэжу къыщыкI мэзыр пиупщIурэ ухуэныгъэм ирахьэлIэн пхъащхьэ Псыжь кърырегъэхьэх…»
А гъэ дыдэхэм Къаз-Джэрий зыбжанэрэ яхэтащ зауэ IуэхукIэ зекIуэ ежьахэм. Зэхэуэ щыIахэм къахэжаныкIа къыщIэкIынти, абы къратащ «ЛIыгъэ зэрыхэлъым папщIэ» жиIэу зытетха дыщэ джатэр.
1859 гъэм Къаз-Джэрий чристэн диным йохьэ, абы иужькIэ мазэ зыбжанэ докIри, ар генерал-майор ящI.
1863 гъэм мэлыжьыхь мазэм и 11-м дунейм ехыжащ япэ адыгэ тхакIуэ, урыс генералыр.
Iэджэуи уегупсысыж хъунущ Къаз-Джэрий къигъэщIа гъащIэм. Псэуху зи диныр зыхъуэжам, и лъэпкъыр Iисраф зыщIхэм джатэ къиха зыIыгъыу яхэтар, пащтыхьым и нэфI къилъыхъуэурэ, къулыкъушхуэ зыубыдар, напэмрэ цIыхугъэмрэ емызэгъ нэгъуэщI къуаншагъэ Iэджи зыщIар «дыщэу» къэплъытэныр емыкIу хъунт. Хэт ищIэрэ, урыс мыжурэкIэ щIащыкIа адыгэ, къэрэшей жылагъуэхэм, топышэкIэ къагъэсэхыжа унагъуэхэм, зи сабийхэр хэкIуэда анэхэм абы гыбзафищэр хуагъэшу, пу нэлат ирахыу щытами. «НтIэ, сыт абы щхьэкIэ? Пащтыхьым и зауэлIти, унафэр игъэзащIэт», - жаIэнщ зи гугъу тщIа гуауэм хуэдэр зымыгъэунэхуа гуэрхэм, щIыIубнэфхэм хуэдэу зрагъэтIысхьа гъуэ кIыфIыр жэнэту къэзылъытэхэм, ауэ апхуэдэу жегъэIэт гитлерыдзэм зэрихьа лейр, абы и пыхъуэпышэ полицайхэм я IуэхущIафэ фIейхэр зи нэгу щIэкIахэм. Апхуэдэм и лыр узынущ, ауэ щыIэщ нэгъуэщIым и гуауэм гурыфIыгъуэ къыхэзыгъуатэхэри. А псор щIыжытIэжыр Iэщэ къихакIэ зи лъэпкъым езэуэжар зэи бгъэзахуи бгъэпажи мыхъуну къыдобжри аращ.
АтIэ апхуэдэхэр зыгъэзахуи бегъымбару къэзылъытахэри ди тхакIуэ, тхыдэтх нэхъыжьхэм мымащIэу яхэтащ… Дэри мы тхыгъэм Къаз-Джэрий генералыр щытIэтыркъым, ауэ икIи дгъэлъахъшэркъым Къаз-Джэрий щIэныгъэлIыр, тхакIуэр. ЩхьитI зыфIэтым хуэдэт ар - зымкIэ фIым хущIэкъуу, адрейм Iей фIэкIа иримыгъэлэжьу. Мы жытIэри зытеухуар ди лъэпкъэгъу щIэныгъэлIым игъэхъа IуэхуфIхэращ. ФIы и лъэныкъуэкIэ зыщIэхъуэпсар къехъулIакъым абы.
Иджы ди псалъэм кIыхь зедгъэщIыжынкъым, федгъэдэIуэнщ тхакIуэ Къаз-Джэрий и лъэпкъэгъухэм, бгырыс псоми зэрахуэхъуапсэу щытам и зы щапхъэ: 1846 гъэм шыщхьэуIу мазэм и 28-м Кавказ корпусым и дзэ Iэтащхьэ пщы Воронцов хуигъэхьа письмом абы зыбжанэрэ щыжеIэ Кавказым и телъхьэ хъуну, ар щэнхабзэ лъагэм иришэлIэну Урысейм нэхърэ нэхъ лъэщи нэхъ Iущи зэримылъагъур. ИмыбзыщIуи адэкIэ зыщалъхуа и лъахэм зэхъуэкIыныгъэфIхэр къыщыхъуным темыпыIэжу зэрыпэплъэр. А зэхъуэкIыныгъэхэри мамырыгъэм къыдэунэхуну щогугъ. «Зауэ-банэр нэхъ щIэх увыIэн папщIэ бгырысхэм дащI сатум зегъэужьын хуейщ», - пещэ абы и гупсысэм.
ЯпэкIи зэрыщыжытIащи, куэд-мащIэ итхами, Къаз-Джэрий ди адыгэ литературэм и тхыдэм и цIэр къыхэнащ. «ХьэжытIэгъуей аузымрэ» «Къэжэр таурыхъымрэ» тхакIуэм и фэеплъ мыкIуэдыжхэщ.

ХЬЭФIЫЦIЭ Мухьэмэд.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:41 Япон усэ зыбжанэ
18.04.2024 - 10:01 Тхылъ тыкуэным
15.04.2024 - 14:41 Адэм деж письмо
12.04.2024 - 17:57 Сыфхуоупсэ