Япэ адыгэ тхакIуэ Къаз-Джэрий СулътIан

Урыс литературэмрэ щэнхабзэмрэ ину зыщаужьа, лъэпкъ щхьэхуитщIыжакIуэ зэщIэхъееныгъэм лъэщу зыкъыщиIэт лъэхъэнэм ирохьэлIэ Кавказыр къэгъазэ имыIэжу Урысейм щыгухьар. Урыс щэнхабзэм и нэхур ятепсащ 1917 гъэм и пэкIэ тхыбзэ зимыIауэ Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъ цIыкIухэм. ХIХ лIэщIыгъуэм абыхэм къахэкIащ япэ щIэныгъэлIхэр, тхакIуэхэр, журналистхэр. Я цIэ къитIуэнщ урыс литературэмрэ щэнхабзэмрэ зи гупэр хуэзыгъэзахэу Нэгумэ Шорэ (1794 - 1844), Къуэдзокъуэ Лэкъумэн (1818 - 1883), Къаз-Джэрий (1807 - 1863), ХьэтIохъущокъуэ Къазий (1841 - 1899), Хъан-Джэрий (1808 - 1843), КIашэ Адэлджэрий (Къалэмбий, 1840 - 1872), Ахъмэтыкъуэ Къазибэч (1872 - 1902) сымэ. Ахэр псори Урысейм щеджащ. Я тхыбзэ зэрагъэпэщын зэралъэмыкIам къыхэкIыу, зэрытхэуи щытар урысыбзэщ. Пушкиным зэрыжиIащи, абыхэм урысыбзэр «Iэзэу, жьэнахуэу икIи шэрыуэу» къагъэIурыщIэрт.
А лъэхъэнэм езы урыс дыдэхэм яфIэгъэщIэгъуэн хъурт, Белинский В. Г. зэритхауэ, «адыгэр урыс тхакIуэхэм я сатырым зэрыхэувэр икIи ар пщIэ зыхуащI литератор куэдым нэхърэ нэхъ Iэзэу урысыбзэм зэрыхуэшэрыуэр».
Япэ адыгэ тхакIуэхэм, еджагъэшхуэхэм щIэныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр куууэ яджщ, дунейпсо, урыс классикэ литературэхэр фIыуэ зэрагъащIэри, къызыхэкIа лъэпкъым и сэбэп зыхэлъ къалъыхъуащ, адыгэр Урысейм и щэнхабзэ пэрытым ешэлIа хъуным я къару ирахьэлIащ. АбыкIэ сэбэп къахуэхъуащ лIакъуэлIэш революционер Грибоедов А. С., декабристхэу Кюхельбекер В. К., Одоевскэ А. И., Бестужев-Марлинскэ А. А., Якубович А. И. сымэ, ермэлы зэкъуэшхэу Бебутовхэ, куржыхэу Чавчавадзе Ильярэ Орбелиани Григолрэ. Кавказым и цIыху пэрытхэр Урысейм и лIакъуэлIэш революционерхэм я телъхьэт. Кавказым и экономикэмрэ щэнхабзэмрэ псынщIэу заужьынымкIэ щыIэ хэкIыпIэфIхэр яубзыхуурэ, абыхэм къагъэлъагъуэрт мамырыгъэ щыгъэIэным, урысхэмрэ бгырысхэмрэ ныбжьэгъугъэкIэ зэшэлIэным мыхьэнэшхуэ зэриIэр.
Сенат утыкум къыщыхъуа зэщIэхъееныгъэм и ужькIэ декабрист куэд, я офицерыгъэр трахыурэ, Кавказым щыIэ дзэхэм къагъэкIуат. Абыхэм я гъуэгур адыгэхэм я щIыналъэм кIуэцIрыкIт. ИкIи Бестужев-Марлинский Александр зэрыжиIауэ, «Кавказ курыкупсэм щалъагъу дахагъым и закъуэтэкъым декабристхэр дэзыхьэхыр, абыхэм «зэрагъэщIэну хуейт бгырысхэм я зэхэтыкIэр, я хабзэхэмрэ я хьэл-щэнхэмрэ».
Адыгэхэм я гукъэкIыжхэм фIыкIэ къахощыж урысхэмрэ бгырысхэмрэ зэпэгъунэгъу хъуныр зыфIэкъабылу щыта декабристхэр. Абыхэм яубырт пащтыхьым Кавказым щригъэкIуэкI хъунщIакIуэ зауэр, бгырыс лъэпкъхэр зыгъэулъий политикэ мыхъумыщIэр.
«Кавказыр мамыру вгъэпсэуи, дуней жэнэтыр Евфрат къыщывмылъыхъуэ… Ар мыбдежыращ здэщыIэр», - жиIэрт Бестужев-Марлинскэм. Декабрист Розени и хэку щыкIуэжым итхыгъащ: «Узыншэу, Кавказ! Уэ узыгъэбжьыфIэ дахагъэм къыхрехъуэ уи деж щыпсэухэм я зэIузэпэщ гъащIэри».
Адыгэ тхакIуэшхуэ КIэрашэ Тембот «Революцэмрэ бгырысымрэ» журналым 1932 гъэм тридза тхыгъэм пэжу къыщигъэлъэгъуащ Iэмалыншагъэм ирихулIэу зы зэман лъэпкъым игъуэта дуней тетыкIэр абы и хьэл-щэну пIуатэ зэрымыхъунур, шэрджэс лъэпкъыр, и щхьэхуитыныгъэр ихъумэжурэ, зауэ Iуэхум нэхъ хуэгъэпса зэрыхъуар, и щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ заригъэужьыну Iэмал зэримыIэр езым зэримызэраныр.
АтIэ, илъэс куэдкIэ Урыс-Кавказ зауэм и пэжыпIэр зэрыщIауфэным хэтащ, пащтыхь генералхэм Шэрджэсым, Дагъыстаным, Шэшэным щызэрахьэ залымыгъэр ягъэзахуэу, мысэр хей ящIу буржуазнэ тхакIуэхэм Iуэхур зэрыщымыту ятхырт, Кавказ лъэпкъхэр лъыифхэу икIи гущIэгъуншэхэу жаIэурэ IэджэпцIи яIуатэрт, уеблэмэ бгырысхэм гущIэгъуншагъэр я хьэлу къыщIрагъэдзыну хэтт.
Езы пащтыхьыр хэтыт абы щыгъуэ? Аратэкъэ бгырысхэм я лъыр щысхьыншэу зыгъажэр? Абы и генералхэратэкъэ цIыхухъу зыдэмысыж къуажэхэм сабийхэмрэ жьыкIэфэкIэхэмрэ щызэтезыукIэр? Бгырысхэм фIыуэ ялъагъурт хуитыныгъэр. Ар яхъумэжу ирагъэкIуэкIырт бэнэныгъэ.
Ижь-ижьыж лъандэрэ урысхэм пыщIэныгъэ хуаIэныр яфIэкъабылт бгырысхэм. Ауэ пащтыхьымрэ лъэпкъ псомрэ зыкъым, езы урыс лэжьакIуэбэри арат зыгъэпщылIыжыр.
Кавказми пащтыхьыр къэкIуат, и пщылIхэм я бжыгъэр нэхъыбэ ищIыну. Адыгэхэм Iэщэр яIэщIэлъу зауэм IукIуадэмэ нэхъ къащтащ, пщылI хъу нэхърэ.
Марксрэ Энгельсрэ я нэIэ къытрагъэтт Кавказым зауэр зэрыщекIуэкIым икIи зэрахуэфэщэнкIэ пщIэ къыхуащIащ адыгэ лъэпкъым и щхьэхуитыныгъэр зэрихъумэжым. Маркс а зэманым мыпхуэдэу итхащ: «Шэрджэс хахуэхэм аргуэру урысхэм я деж текIуэныгъэфI зыбжанэ къыщахьащ. Лъэпкъхэ, зыщевгъасэ абыхэм я деж, щхьэхуиту къэнэжыну хуей цIыхухэм яхузэфIэкIыр зэвгъэлъагъуи».
Адыгэхэм яхэлъ лIыхъужьыгъэшхуэр дуней псом яфIэтелъыджэт. ИкIи Мэжэрым, Алыджым, Польшэм, нэгъуэщI къэралхэми къикIа революционерхэри адыгэ шэрджэс мэхъэшахэм ядэзауэрт.
Грибоедоври, Лермонтоври, Толстой Леви Кавказым щхьэусыгъуэ зырыз яIэу къэкIуат, ауэ ахэр зэдарэгъут пащтыхьым Кавказым щызэрихьэ мыхъумыщIагъэр щысхьыншэу сэтей къыщащIкIэ. Езыхэм пщIэ хуащIырт бгырысхэм, фIыуэ ялъагъурт абыхэм я IуэрыIуатэр.
Пушкиныр тIэуней щыIащ ди хэкум. Ар адыгэхэм я гъащIэм нэ жанкIэ кIэлъыплъырт, пщIэшхуэ яхуищIырт хуитыныгъэр фIыуэ зэралъагъум щхьэкIэ, фIэгъэщIэгъуэнт яхэлъ хьэщIагъэр, нэмысыр, лIыгъэр. ПщIэнши хъуакъым Кавказым зэрыщыIар - ди щIыналъэм теухуа усэхэр, поэмэхэр итхащ.
«ЩIыпIэ узытхьэкъущ. Абы сыт хуэдиз поэзие къыщызгъуэта, сыт хуэдиз гурыфIыгъуи щызгъэунэхуа!» - жиIэу и Iыхьлы Павлищевым хуиIуэтэжат здэщыIар къызэрыщыхъуар. Урыс тхакIуэшхуэр и телъхьэт бгырысхэр фIырыфIкIэ Урысейм гуэгъэхьэным. Зэман кIыхькIэ Кавказым щыIащ Лермонтов Михаил. Абы куууэ щыгъуазэ зищIат бгырысхэм я псэкупсэ щэнхабзэм, я хьэл-щэным, я хабзэхэм, я псэукIэм, дуней тетыкIэм.
«Кавказырыс» зыфIища и очеркым, и щхьэм тритхыхьыжам, усакIуэм щыжеIэ: «ЛIыхъужьыгъэ зыхэлъ лъэпкъым и IуэрыIуатэ усэбзэкIэ тхам ар итхьэкъуат (зи гугъу ищIыр адыгэхэрщ - Хь.М.), бгырысхэм я хабзэхэмрэ я хьэлхэмрэ хъарзынэу къыгурыIуат, я пелуанхэр я цIэкIэ зэригъэщIат, я лъэпкъ нэхъыщхьэхэр къызыхэкIахэр игу ириубыдат».
УсакIуэм и тхыгъэхэм увыпIэшхуэ щаубыд «Урысеймрэ Кавказым ис лъэпкъхэмрэ» темэм. Лъэпкъхэр пщылIыпIэм иригъэувэн, абыхэм я щIыналъи я хуитыныгъи ятрихын мурадкIэ пащтыхьым Кавказым щригъэкIуэкI зауэм ар и бийт икIи зи хуитыныгъэр зыхъумэж бгырысхэм я зэщIэхъееныгъэр диIыгът. Абыи тэмэму къыгурыIуэрт фIырыфIкIэ бгырысхэр Урысейм гуэгъэхьэным лъэныкъуитIми я сэбэп зэрыхэлъыр.
Пащтыхьым и IуэхущIафэм ер къызэрикIым, леймыгъэгъу бгырысхэм шынагъэкIэ зэрыпхудамычыхынум, щхьэхуиту къалъхуар залымыгъэм и бжьым зэрыщIэмыувэнум, адыгэм и лIыгъэр зыхуэдэм - а псоми ятеухуащ Лермонтов и поэмэ цIэрыIуэ «Измаил-Бейр», гупсысэ лъэщыр зи къуэпсу усэбзэ къабзэкIэ зэщIэжьыуэжу тхар. Поэмэм удихьэхыу укъеджэ къудейкъым, ар а лъэхъэнэм и гъуджэщ, уиплъамэ, Кавказым щыщыIа щытыкIэр зэрыщыту къищу, зауэм и теплъэгъуэ шынагъуэхэри мамыр гъащIэри уигъэлъагъуу. Абы нэгум къыIуригъадзэхэм нэмыщIи, гур егъэпIейтей. Куэди зыхыууегъащIэ, къыбгурегъаIуэ. Поэмэм укъоджэ, абы хэт лIыхъужьхэм ягу зыгъэинри, я псэм щыщIэри, я хъуэпсапIэхэри, я губжьри адыгэхэм я хэкум хуаIэ фIылъагъуныгъэ уасэ зимыIэри куууэ уэри зыхэпщIэу, абыхэмкIэ укъызэщIэсту…
ЖыпIэ хъунущ а поэмэр пащтыхьымрэ абы и лIыукI генералхэмрэ суд пащхьэм изыгъэувэ икIи зезыгъэцIыхуж уэчылым и псалъэ гуащIэу. Ауэ а зы поэмэм и закъуэкъым Лермонтовым Кавказым тритхыхьар, бгырысхэр, псом хуэмыдэу адыгэхэр, зэригъэлъэпIар. Апхуэдэ усэхэу, поэмэхэу итхахэм - «Мцыри», «Бастунжы къуажэр», «Хьэжы-абрэдж», «Тэрч и тыгъэхэр», «Къамэ», «УсакIуэ», «Кавказ гъэр», нэгъуэщIхэми - укъызэщIаIэтэ, поэзие нэсым къуит гухэхъуэр къыплъагъэс.
Нэмыплъ зрат поручикыр «ауэ сытми теплъэгъуэ дахэхэмкIэ тхылъеджэр къыдэсхьэхынщ», жиIэу бгырысхэм ятетхыхьа къудейкъым, ахэр цIыху ахъырзэманхэу, щIыкIафIэхэу, гурыхуэхэу, нэмыс яхэлъу къигъэлъэгъуащ. Абы зэхикъутащ пащтыхьым и пыхъуэпышэхэм Кавказым ис лъэпкъхэм «сэхъуари, Iэлри» къыфIащурэ зэрагъэпцIа IуэхуеплъыкIэ нэпцIхэр, урыс цIыху къызэрыгуэкIхэм гукъэкI яригъэщIащ пащтыхьым иуба лъэпкъхэм пщIэрэ нэмысрэ яхуэфащэу, абыхэм ирагъэкIуэкI зауэри зэхуагъэу.
Октябрь революцэм хуитыныгъэ къахуихьыгъащ япэм дэкъузауэ псэуа лъэпкъ псоми. Зэкъуэш лъэпкъхэм я къэралыгъуэм зы щIыпIэкIэ къыгуэту адыгэ лъэпкъхэми - къэбэрдейхэм, адыгейхэм, шэрджэсхэм - заужь: щIэныгъэншагъэр гъэкIуэда хъуащ, я щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ хэлъхьэныгъэфIхэр хуащI, я литературэращи, хамэкъэралыбзэ IэджэкIэ зэрадзэкIыурэ я тхылъхэр дуней псом тохьэ.
Дэ Iэмал диIэ хъуащ адыгэ тхыдэр куууэ дджыжыну икIи телъыджэу ди блэкIам къыщыдгъуэтыжхэр ди нобэм къыщыдгъэсэбэпыну, псэкупсэ къулеягъыу диIэм дяпэкIи хэдгъэхъуэну. Абы и лъэныкъуэкIи гулъытэ зыхуэфащэ Iуэхугъуэшхуэщ илъэс куэдкIэ узэIэбэкIыжмэ езыхэм я лъэпкъ литературэ зэзыгъэпэщыну хэта адыгэ тхакIуэхэмрэ щIэныгъэлIхэмрэ я тхыгъэхэр ди нобэрей гъащIэм къыхуэгъэушыжыныр.
ЕпщыкIубгъуанэ лIэщIыгъуэмрэ етIощIанэ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэмрэ псэуа адыгэ тхакIуэхэм я тхыгъэ куэдым я мыхьэнэр иджы нэхъ лъагэ хъуащ. Ахэр удихьэхыу тхащ. А тхыгъэхэм хуэныкъуэщ ди нобэрей тхылъеджэр. Адыгэ тхыбзэ зэрыщымыIэм къыхэкIкIэ, урысыбзэкIэ тхэуэ щыта Хъан-Джэрий, КIашэ Адэлджэрий, Къаз-Джэрий, Инэт Кърым-Джэрий, Адэл-Джэрий, Ахъмэтыкъуэ Къазибэч сымэ я къалэмым къыщIэкIахэр адыгэбзэкIэ къыдэгъэкIыжын хуейщ. Ауэ а Iуэхум мащIэу йогугъу; литературэр зыджыж языныкъуэ щIэныгъэлIхэм къалъытэ зи гугъу тщIыж тхакIуэхэм я тхыгъэхэр я тхыкIэкIэ зэхуэмыдэу, я гъэпсыкIэкIи зэмыщхьу, нэгъуэщIу жыпIэмэ ахэр, иджырей литературнэ гъэпсыкIэмкIэ къэплъытэмэ, нэмыщIысауэ. Ауэ нэмыщIыса гуэрхэр щыIэми, а лэжьыгъэхэм фIагъ яIэщ, Iэзэ дыдэу тхари мащIэкъым. Мыбдеж къыщызгъэлъэгъуэну сыхуейщ ди литературэм къежьапIэ хуэхъуауэ узэрыгушхуэ хъун тхыгъэхэр а ямыдэхэм зэрахэтыр, ахэр ди лъэпкъэгъухэм къегъэцIыхуныр зыщхьэщыпхыж мыхъун къалэну къызэрытпэщытыр.

«ХьэжытIэгъуей ауз»

ИДЖЫ дытепсэлъыхьынщ япэ адыгэ тхакIуэ СулътIан Къаз-Джэрий и къалэмым къыщIэкIа тхыгъэхэм, абы и псэукIам. Пушкиным и лъэхъэнэгъуу щыта а тхакIуэм теухуауэ иджыри къэс дызыщыгъуазэр мащIэщ.
Къаз-Джэрий и зэчийм зиужьынымкIэ сэбэпышхуэ хъуащ урыс щIэныгъэлIхэр, тхакIуэ цIэрыIуэхэр. Мыин дыдэу гъэпса тхыгъитIымкIэ Къаз-Джэрий нэрылъагъу къищIащ тхэным зэрыхуэгурыхуэр, зэхэщIыкIышхуэ зэриIэр.
Адыгэ тхакIуэм къыдигъэкIа и тхыгъэ нэхъыфIщ икIи нэхъ инщ «ХьэжытIэгъуей аузыр». Ар «Современник» журналым 1836 гъэм и мэлыжьыхь мазэм традзащ, Гоголь и «Гущэ», «ХыхьэхэкI зиIэ цIыхум и пщэдджыжь», Пушкиным и «Арзрум къызэрыщыскIухьар», «Щауэ къузгъун», Жуковскэм и «Жэщ еплъыныгъэ» тхыгъэ гъуэзэджэхэм ящIыгъуу.
Урыс литературэм Кавказыр хэзыхьа урыс усакIуэшхуэ, «Современникым» и унафэщI Пушкиныр «ХьэжытIэгъуей аузым» къыщеджэм гухэхъуэ зэригъуэтар ибзыщIакъым:
«Мыр дэ дызыпэмыплъа Iуэхугъуэ телъыджэщ! Кавказ Iэлым и къуэр ди тхакIуэхэм къабгъуроувэ; адыгэ щIалэм урысыбзэр хуиту, щIэращIэу икIи лъэщу егъэшэрыуэ. Дэ зы псалъи щызэтхъуэкIакъым фи пащхьэ итлъхьа пычыгъуэм. ГъэщIэгъуэнкъэ: щIэныгъэм и IэфIыпIэр зыхэзыщIа Къаз-Джэрий СулътIан епцIыжакъым и лъахэм щызекIуэ хабзэхэм, и лъэпкъ тхыдэм».
Белинский Виссарион гуапэу IущIащ адыгэ тхакIуэм и къалэмым. Къаз-Джэрий и гъуэгуанэ тхыгъэр зэрыт журналыр къыдэкIа нэужь, критик цIэрыIуэм «Современникым» теухуауэ псалъэ зыбжанэ» зыфIища тхыгъэм мыпхуэдэу щетх:
«ХьэжытIэгъуей аузыр» адыгэм (СулътIан Къаз-Джэрий) зэритха къудеймкIэ гъэщIэгъуэнщ, ар ди тхакIуэ цIэрыIуэ куэдым нэхърэ нэхъ хуэшэрыуэщ урысыбзэм».
Тхыгъэр щиухым Белинскэм къыхигъэщхьэхукIащ журналым традза «тхыгъэ псори, усэхэм фIэкIа къэмынэу, фIы зэрыхъуар».
Гъуэгуанэ тхыгъэм ущеджэкIэ, занщIэу гу лъыботэ ар зытхам и къалэмыр зэрышэрыуэм, апхуэдэуи зыхыбощIэ урыс щэнхабзэр тхакIуэм и зэфIэкIым къежьапIэ зэрыхуэхъуам. «ХьэжытIэгъуей аузым» тепщIыхьмэ, Къаз-Джэрий и адэжь хэкум фIылъагъуныгъэ хуиIэт, езыр щIэныгъэшхуэ зыбгъэдэлъ цIыхут.
Тхыгъэм занщIэу щыгъуазэ дещI Iуэхур къыщыхъу лъэхъэнэми, щекIуэкI щIыпIэми - «1834 гъэм мэкъуауэгъуэ мазэм и 3-м, Псыжь адрыщI». Хъыбарыр къэзыIуэтэжыр, бысым нэшхуэгушхуэм и хьэщIэщыр къегъанэри, дыгъэ къухьэгъуэм ХьэжытIэгъуей аузым къыщхьэщыт Iуащхьэм хуопIащIэ. И адэжь хэкум къызэригъэзэжам абы кърет гурыфIыгъуэшхуэ, къыщохъу дуней псор езым къыхуэгуапэу. И щIыналъэм и дахагъыр щилъагъукIи, гуфIэгъуэ нэпсым еуфэ и нэр.
Хъыбарыр къэзыIуэтэжыр зэрыбгырыс нэсыр къомыщIапIэ иIэкъым, зигъэпсэхуну къыздэкIуэжа и щIыналъэр илъагъури, хьэщыкъ хъуащ, къалэмри къищтащ. ИкIи и япэ псалъэхэм къыщыщIэдзауэ зыхыуегъащIэ мы щIыпIэм ар къызэрыщыхъуар, абы и щыпэлъагъукъым Кавказ бгы уардэхэр, къуршыпс Iэлхэр, ауз дахащэхэр, ауэ абы зэрахуэзэшари, и гум къыщыуш гурыфIыгъуэхэри апхуэдэу зыхуэусынур бгырыс нэсырщ. Абы къигъэлъэгъуэфхэр, гу зылъитэхэр имылъагъункIэ мэхъу нэгъуэщI щIыпIэ къыщалъхуам.
Пэжщ, тхыгъэр Къаз-Джэрий щитхар нэхъ иужьыIуэкIэщ, а и нэгу щIэкIахэм нэхъыщхьэр къыхихыжыфын хуэдэу зэман дигъэкIри итIанэщ тхэн щыщIидзар.
Удихьэхыу, зыкъытумычыжыфу узэджэ тхыгъэр зыхуэдэр жыIэжыгъуафIэкъым, ауэ апхуэдизкIэ ар шэрыуэу гъэпсащ, зы гупсысэм хуолажьэри, зэ уеджауэ зэи пщыгъупщэжыркъым.
Сыт-тIэ ар гум къизынэр? КъызыхэкIа лъэпкъыр тхакIуэм зэригъэлъапIэр, абы и нобэмрэ и пщэдеймрэ нэхъыфI хъуным зэрыщIэхъуэпсыр аращ. Къаз-Джэрий и тхыгъэм къыщегъэлъагъуэ адыгэхэм щIэныгъэ егъэгъуэтыным иIэну мыхьэнэшхуэр.
Дунейм и теплъэ дахэр къыщигъэлъагъуэкIи, бгырысхэм я псэукIэм щытетхыхькIи Къаз-Джэрий пэжыр и гъуазэщ, абы теплъэкъукIыркъым, дерс къызыхэхын хуейр къегъуэт, ар зэманым къигъэув къалэнми къыхуегъэлажьэ.
ТхакIуэм и тхыгъэр зытриухуэр зыщ: бгырыс лъэпкъхэм зыкъыщаIэтынур, насып щагъуэтынур щIэныгъэм и нэхур ятепса нэужьщ, щIэныгъэншагъэм и кIыфIым хэтыху я щэнхабзэми зиужьынукъым, я псэукIэри ефIэкIуэнукъым. Къаз-Джэрий гъуэгуанэ тхыгъэм къыщыжеIэ: «Европэм сыщамылъхуами, сэ си нэгу къыщIэзгъэхьэфащ мыбыхэм я гъащIэ дыджыр, сэшхуэдзэм дэлъ зэпыту ягъакIуэ гъащIэр… Ауэрэ сыздэгупсысэм, сигу къэкIыжащ апхуэдиз псалъэмакъ зращIэкIа, апхуэдизрэ ягъэныщкIуа щIэныгъэ Iуэхур. ГъэщIэгъуэнщ! Куэд щIа сэ мы лъахэм жьым хуэдэу шууэ къэзжыхьу сызэритрэ, иджы сыхьэзырщ мыбы щIэныгъэр къэса зэрыхъун Iэмал минхэр зэхэслъхьэну».
ТхакIуэм адэкIэ къыпещэ: «Ауэ аракъым иджыпсту къыспэщытыр - нэхъыфIыр тхьэм къытхуищIэ, зэрыхъуIамэ хъунщ - си гъусэхэр арауэ къыщIэкIынкъым иджыпсту зыщIэхъуэпсыр; етIуанэ жэщыр щыдгъэкIуэну быдапIэр щалъагъум, ахэр зэщIэкъэкъащ, сэри, гупсысэр щысщхьэщыум, си щхьэр къэсIэтри слъэгъуащ урыс быдапIэр. ИлъэсипщI и пэкIэ хэт и гугъэнт урысхэм мыбдежым быдапIэ къытращIыхьыну; си пщIыхьэпIи къыхэхуэнтэкъым зэгуэр си бийуэ щытам и деж мыпхуэдэ жэщ щисхыну».
Хэт ищIэн мызыгъуэгуми Къаз-Джэрий и Iуэху зыхуэдэу щытар?! Дэ дыщыгъуазэркъым и лъэпкъэгъухэм ятеуэну дзэм ар хэтами. Абы щыгъуэм, урыс офицерым хуэдэу, унафэ бзаджэр имыгъэзэщIэн лъэкIыркъым. Мыдрейуэ, а унафэхэм ебэкъуэфамэ, цIыхугъэ нэс къылъыкъуэкIынт и щхьэм пщIэ хуищIыжыфу.
АдэкIэ Къаз-Джэрий и гупсысэм зрегъэубгъу: «Бгы фIыцIэ щымхэм теплъызащ си нитIыр. Къыр дзакIэм къыкъуэплъ дыгъэ бзийм урыс сэлэтым и мыжурэр фагъуэу полыд. Дыгъэр хуэм-хуэмурэ къурш щIыбым щыужьыхыжащ, уафэ лъащIэм телъ пшэ гъуабжэхэм я нэзым плъыжьыпс мащIэ къыщIэлъэдащ, къуршыщхьэ уэсри, зыгуэрым игъэукIыта нэхъей, цIыплъ къэхъуащ»…
«ХьэжытIэгъуей аузым» щыщ мы пычыгъуэмкIэ къыщIэгъэща мэхъу «къару здэщыIэм напэ щыIэн хуейкъым» жыхуиIэ Iуэху еплъыкIэ мыфэмыцыр. А Iуэху еплъыкIэр къэзыгъэщIа лъэхъэнэри лъэхъэнэ гущIэгъуншэу зэрыщытар къегъэнаIуэ икIи цIыхугъэншагъэмрэ гущIэгъуншагъэмрэ гъащIэм и хабзэ зыщIа пащтыхьым абыкIэ нэлат ирех.
«Мамыру псэу цIыхухэр зауэм щыхэкIуадэкIэ, бгырысхэм я къуажэ зэкъуэхуахэр мафIэм щисакIэ, лъэпкъ псор хьэзабым щыхэтакIэ - а лъэпкъым и бийуэ ирагъэкIуэкIащ зауэ мыхъумыщIэ, ар ягъэзахуэу сыт хуэдэ псалъэ фэрыщI кърамыIуэкIами…» - дэ апхуэдэу къыдгуроIуэ адыгэ тхакIуэр зытепсэлъыхьыр.
Ар гупсысэ узыншэу тхыгъэм къыхощ. Пэжщ, зыгъэпIейтей Iуэхур тхакIуэм и «джатэр ихауэ» къиIуатэркъым, ауэ Урыс-Кавказ зауэм и теплъэгъуэ шынагъуэхэм мащIэу къытхутопсэлъыхьри, абы гущыкI худегъэщI. «Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъ цIыкIухэр зауэм егъэунэхъу», - жеIэ Къаз-Джэрий. Ауэ абы иринэщхъейуэ и тхыгъэр «гъыбзэу» игъэшыркъым, гурыфIыгъуэнши ищIыркъым - къэхъукъащIэ, теплъэгъуэ зэмыплъыфэхэмкIэ гурыхь къытщещI.
А къэхъукъащIэхэм дыкъыхуагъэуш Къаз-Джэрий къыжиIэну зыхэтым, ар зыщIэкъум, гъащIэмрэ тхыдэмрэ къахиха дерсхэм. Гъэхуауэ щыта «псалъэмакъыр» щIэщыгъуэу икIи утемызашэу йокIуэкI.
Къаз-Джэрий фIыуэ щыгъуазэт и лъэхъэнэм щыIа тхылъеджэхэр зыхуэдэм, абыхэм яфIэкъабылри я мыхьэмышхри ищIэрт. Арагъэнщ зылъэгъуар зытхыжым хуэдэу тхэну щIыхуэмеяр. Абы и гъуэгуанэ тхыгъэм щызэкIэщIэпхъащ шэрджэс гъащIэр, адыгэ дунейр къэзыгъэлъагъуэ теплъэгъуэхэр.
ТхакIуэм зыщехъумэ илъэгъуари игъэунэхуари псалъэмакъ гъущэкIэ къетхэкIыным, къыгуроIуэ езыр Iуэхум зэреплъыр, псэкIэ зыхищIэхэр хигъэхьэкIэ и тхыкIэр нэхъыкIэ зэрымыхъунур. ИкIи щыуэркъым, ар щыхъума мэхъу псори зэсэжа тхэкIэжьым - гъуэгуанэ тхыгъэхэр нэхъыбэм зэратхыу щытам. Нэхъыщхьэращи, Къаз-Джэрий теплъэгъуэ гуэрхэр иузэщIым зыдригъэхьэхыу езым а псор къызэрыщыхъужар къигъэлъэгъуэну щыгъупщэркъым. А тхэкIэм тету Къаз-Джэрий еузэщI гъуэгуанэ тхыгъэм зэрызиужьын хуей щIыкIэр: зрихьэлIа цIыхухэмрэ и нэгу щIэкIахэмрэ зищIысыр къэгъэлъэгъуэн, а псор езым къызэрыщыхъужари къэIуэтэн, къэхъукъащIэхэм зэрегупсысыр хъыбарым къыхэгъэщын, а къомым зы дерсышхуэ къапкърыкIыжу тхыгъэр гъащIэм хуэгъэлэжьэн. ЖыIэни хуейщ, адыгэлIым и джатэ жану, Къаз-Джэрий и къалэмри и мурадым зэрыхунэсыр. Зэ жиIар къыщытригъэзэж, и жыIэкIэри зэшыгъуэ щыхъу хэмыту жьэнахуэщ зи макъ дедаIуэр. Ар икIи набдзэгубдзаплъэщ, зытеплъар игу ириубыдэфу. ЗэхэщIыкIи иIэщ, тхылъеджэр зыхуейр къищIэфу. Абы къызэрыгуэкI псэупIэхэр зи хэщIапIэ бгырысхэм я лъахэр урыс тхылъеджэм ирегъэлъагъуф, адыгэхэр зыхуэдэр абыхэм къарегъэщIэф икIи мыпхуэдэу мэущие: «А фызэримыгугъэм хуэдэу, псэ къабзэхэщ сэ си лъэпкъэгъухэр, цIыхугъэшхуэ зыхэлъхэщ. ЩIэныгъэкIэ дахуэвгъэупси, флъагъунщ, ахэр зэрыхъу! ИтIанэ я щIыхуи къызытранэнкъым адыгэхэм, Iэджэ фIыгъуэкIи къывэтэжынщ».
ЩыцIыкIум щыгъуэ Къаз-Джэрий фIэфIт жьапщэм хэтыну. Дунейр къыщызэIыхьэкIэ къуагъэнапIэ лъыхъуэртэкъым. Арагъэнщ абы къыщIыщыхъур:

Мэз бгынэжахэм къуату гурыфIыгъуэ,
Хы Iуфэм псэм щихьэмтетыгъуэу,
Толъкъун къэкъуалъэм плъагъуу и дахагъ,
Хым ныджэ бжьэпэр къэхъуми щигъагъ…

Къаз-Джэрий бзэ зыбжанэ ищIэрт. Абы иджащ дунейпсо литературэр. Адыгэ тхакIуэм, псом хуэмыдэжу, фIыуэ илъагъурт Байрон и тхыгъэхэр. Хуитыныгъэм и бэнакIуэ лъэщыр, Белинскэм «етIощIанэ лIэщIыгъуэм и Прометей» зыфIища а усакIуэшхуэр абы и гум къишхыдыкI хуэдэт мы усэ сатырхэр щитхым:

И хуитыныгъэр щихъумэжым деж фIэкIа
ЩымыIэ лъэпкъ лъэщым хуэфэщэну зауэ.
Адрей псори - цIыху щаукIщ…

Байрон и «Стансхэм» щыщ зы сатыр, «Мэз бгынэжахэм къуатыр гурыфIыгъуэ» жыхуиIэр, хигъэхьащ Къаз-Джэрий и «ХьэжытIэгъуей аузым».
И лъэпкъым и къэкIуэнур зэрыхъунум дапхуэдизкIэ иримыгузавэми, тхакIуэм и фIэщ мэхъу ар насыпыфIэ зэрыхъужынур, мыпхуэдэуи етх:
«Уэ уи пщыхьэщхьэ уэмхэм, уи шэджагъуэ жьауэм, уэ уи борэнхэм, уи губгъуэ щхъуантIэхэм, пшэм къыпхыплъ уэсыл къырхэм сытыр пэхъун, Кавказ! Уи нэм илъагъум уетхьэкъу. Жыжьэ ущIэкIуэн щыIэкъым - мес зи пащхьэ сит мывэ сыныжьыр къащтэ. Гува-щIэхами, бгырысхэм къахэкIынщ абы и гукъеуэр пшыналъэ къабзэкIэ зыIуэтэфын усакIуэ. Шэч къыщIытепхьэн щыIэкъым: Кавказым и дурэшхэм дэс лъэпкъхэр усэбзэ гуакIуэм и джэ макъым къыдэушынщ: мы лъахэм и уэрэдыжьхэр, ахэр зи гущIэм къиIукI джэгуакIуэ екIуэлIапIэншэхэр лъэужьыншэу кIуэдыжыныр фIэщ хъугъуейщ - гупсысэрэ къарурэ я бэщ абыхэм».
ИпэжыпIэкIи а IуэрыIуатэм уригушхуэ хъунут: хуитыныгъэр фIыуэ зылъагъу адыгэхэм дуней псом яфIэтелъыджэу яхэлъа лIыгъэм хуэфащэт уэрэдыжь дахэхэр.
Максимов А. Н. и «Энциклопедие псалъалъэм», 1917 гъэм и пэкIэ дунейм къытехьам, къэбэрдейхэм ятеухуауэ мыр къыщыдогъуэт: «Абыхэм езыхэм я тхыбзэ яIэжкъым, ауэ я усыгъэхэр зыми емыщхьу купщIафIэщ».
Адыгэ лъэпкъым IуэрыIуатэм къыщигъэлъагъуэрт нэхъ мыхьэнэ иIэу и гъащIэм къыщыхъу Iуэхугъуэхэр, ар абы и тхыдэт икIи и тхыбзэт.
Ижь-ижьыж лъандэрэ хамэ къэрал къикIхэу Кавказым плъакIуэ куэд къыхуэкIуэрт щIэныгъэлIхэу, зекIуэлIхэу, тхакIуэ-усакIуэхэу. Ахэр дихьэхырт щIыпIэр зэрыдахэм, лъэпкъ куэди зэрыщыпсэум. Абыхэм дунейм къытрагъэхьащ бгырысхэм ятеухуа тхылъищэхэр. Пасэрей Алыджым и тхыдэтх Плиний къызэриIуэтэжамкIэ, Кавказым щыпсэухэм ирепсэлъэн папщIэ Урымым и лIыкIуэхэм къыздрашэкIырт бзэ зэмылIэужьыгъуэхэр зыщIэ тэрмэшхэу 132-рэ. Хьэрып тхыдэтх ибн-Хьэукъал Кавказым къыщибжат бзэ 360-рэ.
Зи гугъу тщIыхэм я Iуэху еплъыкIэхэр щыуагъэншэкъым, пцIыи яIэщIэкIагъэнкIи мэхъу. Ауэ Кавказ лъэпкъхэм яIа псэукIэр, зэхэтыкIэр, я щэнхабзэр зыхуэдэу щытар тхыдэм щызэфIэувэжынымкIэ абыхэм ятхахэм ди дежкIэ мыхьэнэшхуэ яIэщ. Псалъэм папщIэ, нэмыцэ еджагъэшхуэ Боденштедт Фридрих адыгэхэм ятеухуауэ мыпхуэдэу жиIащ: «НэгъуэщI гъуазджэ лIэужьыгъуэхэр Iуигъэщтами, дунейпсо цIыхубэм и зэштегъэу тхьэIухудитIыр - поэзиемрэ музыкэмрэ - хуеудыхакъым зауэм и Iэуэлъауэ шынагъуэм. Апхуэдабзэу ар пэлъэщакъым а щIыпIэ дыджым щыплъагъу дуней дахащэм. ЩIым пэгъунэгъу дэтхэнэ лъэпкъми хуэдэу, адыгэхэми поэзиер яIэщ лъэпкъым и Iущыгъэхэр щызэхуэхьэса пхъуантэ гъэтIылъыпIэу, батэр езыгъэгъэш къарум и къежьапIэу, хеймрэ мысэмрэ зэхигъэкIыу щIыгум итым я нэхъ лъэщ дыдэ хеищIэу».
Адыгэ IуэрыIуатэр зэрыкъулейм, ар зэмылIэужьыгъуэ усыгъэхэу, хъыбархэу зэрызэхэлъым теухуауэ куэд ятхащ зи гугъу тщIы еджагъэшхуэм и лъэпкъэгъухэу Юлиус фон Клапрот, Карл Фридрих Нойманн, Карл Кох сымэ, нэгъуэщIхэми. А псом я гугъу щIэтщIыжыр япэ адыгэ тхакIуэхэми ди IуэрыIуатэр «анэ быдзышэ» зэрахуэхъуар къэдгъэлъэгъуэн мурадкIэщ.
Къаз-Джэрий и гугъу пщIымэ, ари, сабийуэ къыщIидзэри, къызыхэкIа лъэпкъым и гурыгъу-гурыщIэхэм, ар зыхуэхъуапсэмрэ зыщIэбэнымрэ, абы и тхыдэмрэ и хъыбарыжьхэмрэ щыгъуазэу къэхъуащ. IуэрыIуатэм абы къыщигъуэтырт и лъахэм, дыгъэм, псэущхьэхэм, дунейм и къэхъукъащIэ куэдым зэрыхущытынум и щапхъэхэр, и лъэпкъым цIыху зэрыхуэхъунум и дерсхэр. А псори Къаз-Джэрий къыщхьэпэжащ лIыпIэ иувэу тхэн щIидза нэужь. Урысыбзэри иджащ егугъуу. Бытырбыху еджакIуэу кIуа нэужьи, зыщIидза Iуэхур Iэпэдэгъэлэл ищIакъым. Уегупсыс хъунущ а лъэхъэнэрауэ тхэн щыщIидзар. Ди деж къэмыса романтикэ тхыгъэ гуэрхэри и къалэмым къыщIэкIагъэнущ. Ауэ, Пушкинми хуэдэу, япэ адыгэ тхакIуэм куэд-мащIэ итхами - пэжыр и гъуазэт, гъащIэр мыгъэщIэрэщIауэ къэгъэлъэгъуэныр и нэрыгът. Апхуэдэу щыт пэтми, псалъэ гъэщIэрэщIар и жагъуэтэкъым - гупсысэ щIэгъэщхъуар къриIуэтэну нэхъ имыIэ куэдрэ къигъэсэбэпырт, зэгъэпщэныгъэхэр, зым нэхърэ адрейр нэхъ екIуу, къихьырейт. Абы и щапхъэщ мы пычыгъуэр:
«Псы Iуфэм деж пшахъуавэ мащIэ иIэщ, мывэкIэщхъ цIыкIухэр нэм къищтэ къудейуэ къыхэцIуукIыу. Толъкъун лъагэхэмкIэ Iуфэм къыIурыIуэу екIуэсэх псы уэрыр мэз кIыфIым къыщIожри, зиIуантIэ-зишантIэу къуэ кIуэцIым зыкъомрэ щыдыма нэужь, аргуэрыжьу мэз кIыфIым хокIуэдэж, благъуэ фIыцIэжь гуэрым зыIуригъэлъэда фIэкIа умыщIэну.
АдрыщIкIэ нэпкъым къыщхьэщыува жыгхэм я жьауэр псы щхьэфэ лантIэм къытредзэ икIи, псэ япыт нэхъей, толъкъунхэм дещIэу псы гущIыIум телъщ. Мазэр лъапэпцIийуэ, зиудыгъуауэ щIасэм деж кIуасэ тхьэIухуду, пшэ чэсей пIащIэм пхосыкI, къыщыщIэщыжкIэ и нурыр зэуэ къеблыжу».
Языныкъуэ щIыпIэхэм деж Къаз-Джэрий зы зэгъэпщэныгъэр адрейм къыкIэлъихьыжурэ тхыгъэр хедыкI, тхыпхъэщIыпхъэу зэIуещэ. Абы и псалъэр дыгъэлщ, гурыхьщ, нэIурытщ. «ХьэжытIэгъуей аузымрэ» «Къэжэр гушыIэмрэ» зи Iэдакъэ къыщIэкIар сурэтыщI Iэзэм хуэдэт. Белинскэр Гоголь и повесть гуэрхэм еджэри мыпхуэдэу итхыгъащ: «Ар тхэуэ пщIэркъым, сурэт ищIу фIэкIа, абы и псалъэр сурэт псэ зыпытым хуэдэщ, тхылъеджэм и нэм щIолыдэ дунейм и теплъэмрэ гъащIэм и пэжымрэ нахуэу къызэригъэлъэгъуамкIэ къигъэуIэбжьу».
Къаз-Джэрий и сурэт щIыкIэм деплъыни:
«Сэ зыстIэщIри псым сыхыхьащ; сыхьэзырт мыбы сыкъэзыхьыжа тхьэ лъапIэм си псэр къурмэн хуэсщIыну. Мазэр уафэми псыми щесырт, ауэ сэ уафэм щес мазэр къэзгъанэри, псым зыщIэзыгъэмбрыуа мазэм сыкIэлъыIэбащ. Сэ нэхъ насыпыфIэ хэт щыIэнт иджыпсту! Сабиигъуэ IэфIыр сигу къихьэжауэ сэ псым сыщыджэгурт; зыри, зыри сщIэжыртэкъым сэ иджыпсту - гъуэгу сызытетари, Iуэху къызэрыспэщылъри, уеблэмэ дуней псом сэ зым фIэкIа темытыжу къысщыхъурт. Щреджэгу хэт хуейми тенджызыжьхэм я толъкъун абрагъуэхэм, хуитщ хэт хуейми и нэр гъунэншэм теплъызэну. Сэ сызэдэIуэнур зи быдзышэ сIулъ къуршыпс Iэлым и шхыдэ макъырщ: мыращ, мы псы уэрырщ и къуэ закъуэм и фэеплъу си анэжьым къыхуэнар. Фызабэм и гугъапIэу сыкъыщыхъуащ сэ мы Iуфэм, мыбдежыращ сабиигъуэм сыщыпыкIари. Сэ си Iыхьлыщ мы псы Iэлыр; мо губгъуэ нэщIым зэшу ит Iуащхьэ папцIэхэри сэращ зыпэплъэр: къыспоплъэ, къызэдэхащIэу; къыспоплъэ, я гукъеуэ къысхуаIуэтэну».
ЖыIэгъуэ шэрыуэкъэ-тIэ ахэр?! ТхакIуэм сытым и гугъу имыщIми, а зытетхыхьыр къыщIегъэувэ нэгум - и инагъкIи, и плъыфэкIи, и щIыкIэкIи - зэрыщытыбзэм хуэдэу. Къаз-Джэрий екIуу къегъэсэбэп сурэт щIыным и хабзэхэр. ХэтIэхэсэм щезэша иныжьхэм жыгхэм я ныбжьхэр щригъэщхькIи, лъагъуныгъэм игъэпIейтеяуэ зыкъэзыIэт бгъэхэм Инжыдж псым и толъкъунхэр щыхуигъадэкIи Къаз-Джэрий и бзэр тIэкIу гъэщIэрэщIэIуауэ къыпщохъу, ауэ и тхыгъэр зэрыщыту къапщтэмэ, псалъэм и зэкIэлъыхьыкIэр, и къэгъэсэбэпыкIэр Пушкиным и прозэбзэ емыгъэлеям, зэгъэзэхуам нэхъ хуокIуэ. МыркъудеймкIи ар уолъагъу:
«Куэд щIауэ сымылъэгъуа щIыналъэм и дахагъым ситхьэкъупауэ зысплъыхьу уанэгум зыбжанэрэ сисащ: Кавказым сыкъихьэжауэ сэ армыгъуейуэт си фIэщ зэрыхъур; сэ къысфIэщIырт Бытырбыху театрым сыщIэсу оперэ телъыджэм седаIуэ, ауэ зэ нэхъ мыхъуми мы аузыр зылъэгъуар игъащIэкIэ къыпхуэгъэпцIэнкъым гъуазджэ IэрыщIым и теплъэ фагъуэмкIэ».
Къызыщыхута щIыпIэр езым къызэрыщыхъур къызэриIуэтэнщ мыбдежым тхакIуэр зыхущIэкъуар, а зыхуеяри зригъэхъулIащ. Езым жиIэм тхылъеджэр арэзы темыхъуэми едэ абы. Ауэ шэчи къытрихьэркъым куэдым я гум зэрылъэIэсынум.
Дэтхэнэ тхакIуэ Iэзэми хуэдэу, Къаз-Джэрий и псалъэри нуру и гум къыщылъыдырт. И гумрэ и псэмрэ щыщIэр е гумрэ псэмрэ зыхуэхъуапсэхэр къахэнэIукIыу и тхыгъэм теплъэгъуэхэр щеузэщI:
«Псым сыкъыхэкIыжри щIакIуэр зэсшэкIащ; хьэуа къабзэм тутынымэ гуащIэр хэсшэу сыздэщысым, аргуэру Iэджэ си нэгу къыщIыхьэжащ. ЦIыхум апхуэдэ дакъикъэ къыщыхуепсых къэхъуркъэ - уи псэм фIэфIри ар зыщIэкъури умыщIэжу? Тхьэм ищIэнщ а дакъикъэм си щхьэм къыдэуея псор… ЗыкъэсIэтын си жагъуэу, сешауэ, псы Iуфэм сыIуст сэ, сигурэ си щхьэрэ зэрызэбгъэжам гу лъита хуэдэ, псыри нэхъ щым хъуауэ къысфIэщIащ. Зигу зэпауда сабий нэхъей, сэ си нэпсым къызэпижыхьащ».
ЯпэкIэ къэтхьа щапхъэхэм ящхькъым мы иужьрейр. Мыбдежым Къаз-Джэрий псалъэр нэхъ щызэрегъэзахуэ. Езым къызэрыщыхъухэмрэ къызэрыфIэщIхэмрэ IэщIыб ещI, зытепсэлъыхьыр зэрыщытым хуэдабзэу, егъэлея хэмылъу, еузэщI.
Зэрыщыту къапщтэмэ, Къаз-Джэрий и тхыгъэм удихьэхыу укъоджэ, сыту жыпIэмэ ар егъэлея хэмылъу гурыIуэгъуафIэу тхащ - зи гугъу ищI щIыналъэри, тлъагъу хуэдэу, ди нэгу къыщIегъэхьэфI. ЖыIэгъуэ зытIущкIэ IупщIу нэгум къыщIегъэувэ ХьэжытIэгъуей аузым и Iэгъуэблагъэхэр, абы къыщхьэщыт бгыжьхэр. ЕтIуанэу дунейр къызэIуехыж жыпIэнщ ар зыуэ Iэзэу тотхыхь зыщалъхуа щIыналъэми, ар зыуэ гуапэу ятопсэлъыхь а щIыналъэм щыпсэу и лъэпкъэгъухэми. Езым ущIыгъум хуэдэу а псори уегъэлъагъу икIи зыхыуегъащIэ:
«Гупсысэ куум сыхэтурэ зэманыфI дэкIагъэнщ; IэмалыншагъэкIэ зэгуэр пэIэщIэ сызыхуэхъуауэ щыта щIыналъэр къызэрызгъэзэжам щыгуфIыкIыу къысщыхъури, абы и теплъэм итхьэкъуа си нэм ткIуэпс къыщIэлъэдащ.
Зи быдзышэ сIулъ хэкужьым и куэщI сыкъихутэжащ сэ; мес, ди жьэгужь сэхыжам щиху закъуэр къепэзэзэхыу щхьэщытщ; къуейщIеиным си пкъыр щигъэундэрабжьэкIэ IэфIу сыIурихыу, жейр стеумэ, аргуэру гухэхъуэ дахэм сыкIэлъыIэбэу, сыкIэлъыIэбэ щхьэкIэ сылъэмыIэсу махуэ дапщэ щызгъэкIуа сэ мыбдеж…
ХьэжытIэгъуей аузыр Iэщ гуартэхэм яуфэбгъуу щIадзащ; гъуэгурыкIуэ жьырытэджхэр зэхэзекIуэу уолъагъу; ауэрэ щIалэгъуалэр, хэт шууэ, хэти лъэсу, псыхъуэм дэз мэхъу; сабийхэр, зыр зым кIэлъыпхъуэу, шыкIэ къызэдожэ. ДэнэкIэ сымыплъэми, гуфIэгъуэ макъыр зэхызох, нэхъапэми хуэдэу псыхъуэр гугъэ дахэм къыщIотаджэ; сэ зырщ абы дэзашэр: блэкIащ сэ мыбы сыщыщытеууэ щыта махуэхэр, блэкIащ игъащIэкIэ къамыгъэзэжыну».
А сатырхэм къаIуатэ Къаз-Джарий и адэжь хэкум хуиIэ фIылъагъуныгъэр, а лъагъуныгъэр и гумрэ и псэмрэ къазэрыбгъэдэкIыр. Абы къыдэкIуэу, мыбдежым нэрылъагъу къыщохъу адыгэхэмрэ урысхэмрэ яку къыдэхъукIа а лIыр игукIэ зэрызэныкъуэкъужыр, жиIэмрэ ищIэмрэ зэрызэтемыхуэм и гупсысэри щиукъуэнш къызэрыхъур. Пащтыхьым илэжь Iуэху мыщхьэпэхэм ар гуитIщхьитIу зэрахущытри нэрылъагъущ. Езым къыхихынур, езыр здэувыну лъэныкъуэр хуэмыубзыху хуэдэщ. АтIэ ар къыхуащIыр зи унафэ урыс офицерщ, лъэпкъкIэ адыгэми. И тхыгъэри еух абы къыщиIэта гупсысэр и кIэм нимыгъэсауэ, и гъащIэм зэрыхущытри нэрылъагъу имыщIыпауэ. Ауэ шэч зыхэмылъыжыр зыщ: урыс пащтыхьми адыгэ лъэпкъми зэхуэдэу фIыуэ къахущIэкIыфынукъым - и напэм къригъэзэгъыр хъунущ и псэукIэ.

(КъыкIэлъыкIуэнущ).

ХЬЭФIЫЦIЭ Мухьэмэд
Поделиться: