Шыфэкъуж Данэ и ныбжьыр илъэс бжыгъэ дахэ зэрырикъумкIэ дохъуэхъу

И псэм и къабзагъым ­хуэдиз насыпрэ узыншагъэрэ Тхьэм къыбгъэ­дилъхьэ, ­зи ужь ит Iуэхум къыпэкIуэ ­хъерым игу ­хигъахъуэу Тхьэм куэдрэ ­игъэпсэу.
Данэ къыщалъхуари къы­щыхъуари Налшыкщ, КъБКъУ-р къиухащ, Амман унагъуэ щихьащ. пащтыхьыкъуэ Хьэмзэ и цIэр зе­зыхьэ Шэрджэс  школым адыгэбзэмкIэ иджыпсту щрегъаджэ. Данэ и гуры­гъу-гурыщIэхэр усэб­зэкIэ къызэри­Iуа­тэри ­гуапэщ, хъуэхъум и гъусэу абы и Iэдакъэ къыщIэкIа усэ зыбжанэ фи пащ­хьэ ­идолъхьэ.

 

 

 

 

 

Пщыгъупщэжмэ си цIэр

Сыгъынщ си нитIым
Нэпс къыщIэмынэху,
Сэ гуауэ хьэлъэр
ЩIэзуфэнщ сылIэху...
УхуэлIэ хъумэ нобэ
Си гущIэгъу,
БжесIэнщ сэ хуэму:
«Псори пхузогъэгъу!»
Арами щIэщхъум
КъресыкI си гущIэр,
Къызэпеуд гъэпцIагъэм
Ди зэIущIэр...
Сэ гуауэм сихьрэ
Пщыгъупщэжмэ си цIэр,
Къызэгуитхъынщ си бампIэм
Мы щIы фIыцIэр...

МащIэрэ куэдрэ

Розэ плъыжьыбзэр пхузощIыр уэ тыгъэ,
КъысфIощIыр а тыгъэр КъуэкIыпIэм и лыгъэ.
Розэ хужьыбзэу сэ уэстым къыбжеIэ:
ФIыцIагъэм си гущIэр къэхъункъым  щриIэ.

Розэ гъуэжьыбзэм, си щIасэ, си щIыхь,
Гурыщхъуэ къегъэщIри, псэр хедзэ бэлыхь.
Гурыщхъуэм и мащIи и куэди схуэмыхь,
КъысфIощIыр гурыщIэм ар хъуауэ и щхъухь:
ЛIэныгъэщ и мащIэр!
ЛIэныгъэщ и куэдыр!

ЦIыху

Мы дунейр зэшыгъуэщ языныкъуэм.
Дунеижьым куэдрэ согупсыс:
ХуэмыщIауэ нобэ зи гур ныкъуэм
ГурыфIыгъуи гуапи къылъымыс.
Жэщыр хъумэ, къотIысхьэж мазэщIэр,
Пщэдджыжьыпэм дыгъэр къыщIопсыж.
Къеблэгъамэ лъахэм илъэсыщIэр,
Гъэ блэкIар, арати, ныщIелъхьэж.
Жэщи махуи емызэш толъкъунхэр,
ПсыIум ахэр куэдрэ йоныкъуэкъу.
Мывэ джей псыхьахэм къыдэкIыну
Куэдрэ къохъу толъкъунхэр щыхущIэкъу.
ЙокIуэтыж толъкъунхэр езэшауэ.
Псыр губжьати къигъэнакъым лъэкI...
Дунейм теткъым цIыхум хуэдэу зэуэ
ЕрыщагъкIэ куэд зыхузэфIэкI.
КъыщIишынщ къумыщIым дагъэ фIыцIэр,
ЩигъэкIынщ пшахъуэщIым гъавэ бэв.
Ауэ цIыхум куэдрэ и цIыхуцIэр
Щогъупщэжри, бампIэ куэд егъэв...
Мы дунейр зэшыгъуэщ языныкъуэм.
Дунеижьым куэдрэ согупсыс:
Щхьэ зилIэжрэ зыри хуэмыныкъуэм?!
Щхьэ фIэкIуэдрэ лъахэм и нэмыс?!
ЩымыIэжу хьэ зэрышхи, дауи,
ХуэмыщIахэм къахуимыхуэу щыгъ,
НыщIалъхьэжу тхьэмыщкIагъи гуауи
Щхьэ мыхъужрэ цIыхухэр зэрыIыгъ!

Гурыщхъуэ

Уэ тенджызым сакъыу сыщохъумэ.
Сыщохъумэ гуауэм, уемызэш.
Жэщ мазэхэу гъуэгу сытехьэ хъумэ,
Батэкъутэр къохъур уэ щыбгъэш.
Уэ ухуэдэщ плъырым. Жэщи махуи
Зы дакъикъэ нэхэр стумыгъэкI.
Мы дунейм ущимыIэж зы Iуэхуи -
Псэ лъэхъуэщым ибгъэлIыхьым фIэкI.
Сыщохъумэ лъагъуныгъэм, дыгъэм,
Губгъуэ хуитым икъухьа накъыгъэм,
ГурыфIыгъуэм, ныбжьэгъугъэ къабзэм,
Къуалэбзу жыгыщхьэм щыбзэрабзэм...
Псори хъуащ гурыщхъуэм IэщIэмыкI,
Хъуащ си гъащIэр уи бэлыхь хэмыкI.
Псэр ныхуолIэ гурыфIыгъуэ нобэ.
Псэм и гуфIэр гуауэм къыпегъэщ.
О, дэ ди Тхьэ, къыумыхьыжу тобэ,
Гъэсэхыж къэмынэу зы лъэхъуэщ!

ШЫФЭКЪУЖ  (ХьэфIыцIэ) Данэ.

НэщIэпыджэ Замирэ, Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и журналист.
Поделиться: