Литературэм зи лъагъуэ пхызыша

Пасэу, и гуращэ псоми хунэмысауэ, ­дунейм ехыжащ усакIуэ цIэрыIуэр, ауэ абы къызэринэкIащ ди литературэм лъэужьыншэ щымыхъуа, цIыхухэм къабыл ящIа тхыгъэ хьэлэмэтхэр - усэхэр, поэ­мэхэр, рассказхэр, повестхэр. Абы­хэм ящыщ дэтхэнэми щызыхыбощIэ усакIуэм гу пщтыр зэрыкIуэцIылъар.

Мухьэз и усыгъэхэр гъэнщIащ гурыщIэ куукIэ. Абыхэм ущеджэкIэ, щIылъэ щхъуантIэми уафэ бзыгъэми уепсалъэ къыпщохъу, уи гупсысэр яшэщI, уи лъыр нэхъ уэру зежэ хъуауэ къыпфIощI. Апхуэдэ къару зыхэлъ усэр зи гущIэм къиIукIыр, дауи, усакIуэ нэсырщ. Апхуэдэ усакIуэущ сэ Мухьэз зэрыслъытэр, апхуэдэущ ар ди литературэм къызэрыщацIыхур.
КIэщтыр зи гур къабзэ, зи псалъэр жан, зи пщIэр лъагэ цIыху гуапэт - и дуней тетыкIэкIи, цIыхугъэкIи, нэмыскIи. Апхуэдэу ди гум къинащ Мухьэз и ныбжьэгъуахэм.
Тхыгъэ узэщIа куэд къызэринэкIащ ­КIэщт Мухьэз, ауэ абыхэм яхуэфащэ гулъытэ иджыри къэс ягъуэтауэ си щхьэкIэ схужыIэнукъым - абы гу лъатапхъэщ ди ­литературэм и тхыдэр, и нобэр зыдж щIэ­ныгъэлIхэм. Мухьэз литературэм зи ­лъагъуэ пхызыша усакIуэщ, тхакIуэщ, езым и хъэтIрэ и щапхъэрэ зэригъэпэщыфауэ.

 

 

 

 

 

ИжьымкIэ къыщыщIэдзауэ: Елгъэр Кашиф, КIэщт Мухьэз, Хьэх Сэфарбий, Мысачэ Пётр, Щхьэумэжь БетIал, Уэрэзей Афлик сымэ загъэпсэху.  1979 гъэ

Тхьэзэплъ Хьэсэн.
Поделиться: