ГукъэкIыжхэм щыщщ
ФIылъагъуныгъэмрэ творчествэмрэ зыкъомкIэ зэщхьу къыщIэкIынщ - а тIум языхэзми уи гумрэ уи псэмрэ зэ ятхьэкъуамэ, къаIэщIэкIыжыгъуейщ. Мыбдеж сыт хуэдэ лъэпощхьэпори, гугъуехьри, зэпэIэщIэныгъэри зэран хъуну уяку къыдыхьэф щыхабзэкъым. Абы щыхьэт тохъуэ КIэщт Мухьэз и творческэ гъуэгуанэр къызэрежьауэ щытари.
Школым щIэсу Мухьэз тхэн щIидзащ. АрщхьэкIэ зи унагъуэ Iуэхухэр хуэмыщIащэурэ къекIуэкI къуажэ щIалэ цIыкIум епщIанэ классыр къыщиухам, и ныбжьыр илъэс пщыкIубгъум нэсати, курыт щIэныгъэ игъуэта къудейуэ, занщIэу дзэм ираджащ. ЗэрыжаIэу, Сыбыр пхащIэм къыщыхутащ. Ауэ илъэсищкIэ ирихьэкIа дзэ къулыкъу мытыншри лъэпощхьэпо къыхуэхъуфакъым усэ тхыным итхьэкъуауэ щыта щIалэщIэм: махуэр сэлэт къулыкъум фIихьми, жэщыр усакIуэ щIалэм къихьэхужырт. Жылэр щыжейм, зыщагъэпсэхум, къоджэм уигъэжейркъым жыхуаIэрати, Мухьэз и гущIэм усэр къыщыхъейрт. КIэщтым и гъусэу дзэ къулыкъур къыдэзыщIэ усэхэри, ахэр гурэ псэкIэ къэзыгъэщI щIалэм ещхьу, ерыщт, къимыкIуэтти, абыхэм гъуэгу щагъуэтыр Мухьэз здикIа лъахэм и закъуэтэкъым - ахэр къытехуащ «Красноярская правда», «Заря Востока» газетхэм, Новосибирск, Туркестан дзэ округхэм къыдагъэкI газетхэм.
Къулыкъу ищIэным и пэкIэ къуажэ лэжьыгъэри еджэнри зэдэзыхьу щыта, дзэм щыщыIам и нэгу щыщIэкIари зи пхъуантэдэлъу къэзыгъэзэжа щIалэм итхыни иIэти, а иIэр тэмэму зэригъэзэхуэфын хуэдэу, и акъылри тIысат. Школ нэужьым дзэм щрихьэкIа илъэсхэм, дауи, абы и щIэныгъэр зыкъомкIэ IэщIигъэхужат. ЕджапIэ нэхъыщхьэ ущIэтIысхьэн щхьэкIэ, абы зыхуэгъэхьэзырыжын хуейт. КIэщтыр лэжьапIэ уващ, а зэрылажьэм хуэдэурэ еджащ, тхащ. Хэлъэт, зэхэщIыкI зиIэ щIалэм къыгурыIуат еджэн, щIэныгъэ нэхъыщхьэ зэгъэгъуэтын зэрыхуейр. Зыщеджэну мурад ищIар Мэзкуу дэт Литерату-рэ институтыр арат.
- Ауэ, - жиIэжырт Мухьэз, - а еджапIэм ущIэтIысхьэн щхьэкIэ, тхылъ Iэджэ зэгъэпэщын, зэпеуэм узэрыхэтыну тхыгъэхэр «подстрочнэ» жыхуаIэм хуэдэу зэдзэкIауэ, Мэзкуу егъэхьын хуейт. А псор гъэхьэзырыным, ахэр егъэжьэным, гъуэгу зэрытетынум зэманышхуэ ихьынут. Сэ сытемыгушхуэурэ Iуэхур хэзгъэкIэсат. Мо къомыр зэфIэзгъэкIыху, гъэ еджэгъуэм щIидзэнути…. СщIаращ: институтым сыщIагъэтIысхьэн папщIэ, ТхакIуэхэм я союзым къызатын хуей лъэIу тхылъхэр къыIызох. Ари си усэхэри къызощтэ. Тызодзэри, Мэзкуу сокIуэ. Сызыщыгугъыр а лъэхъэнэм, 1960 гъэм, Мэзкуу щеджэ ЩоджэнцIыкIу Iэдэмрэ Елгъэр Кашифрэт. А тIур мыхъуамэ, а илъэсым еджапIэм сыщIэхуэну зэрыщымытам шэч хэлъкъым.
Мухьэз жиIэр пэжт. Iуэхур зэрыщытрат.
Махуэ гуэрым къызоджэри сыщIашэ институтым щIэтIысхьэнухэм я тхылъхэр къызэкIуалIэ, абыхэм щыхэплъэ, ахэр щызэрагъэзахуэ Iуэхузехьэхэм я деж.
- Адыгэ усакIуэ щIалэ КIэщт Мухьэз пцIыхурэ? - къызоупщI приёмнэ комиссэм хэт бзылъхугъэхэр.
- Ахьей сцIыхурэ!
- ФIыуэ пцIыхурэ? - трагъэчыныхь мобыхэм.
- ФIы дыдэу соцIыху, - жызоIэри, пцIы тIэкIу соупс.
Iуэхум и пэжыпIэрат: Мэзкуу накIуэу ди институтым къегъэщIылIа Литературэ курс нэхъыщхьэхэм 1958 гъэм ныщIэтIысхьа ЩоджэнцIыкIу Iэдэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и ТхакIуэхэм я союзым и правленэм щитхьэмадэм щыгъуэт сэ Мухьэз япэ дыдэу щыслъэгъуар. А зэм фIэкIаи сыхуэзатэкъым.
- Фэ дэнэ ар щыфцIыхур? - сыщIоупщIэ.
- ЩытцIыхуращ: ди институтым къыщIэтIысхьэн мурад иIэу и тхылъхэр къытхуихьащ…
- Хуэфэщэпсщ! Тэмэму ищIащ, - си цIыхугъэ бзылъхугъэхэм я псалъэр яIэпызоуд. - ЩIалэ бэлыхьщ. УсакIуэ хъарзынэ къыхэкIынущ.
- А щIалэ бэлыхьым ищIар пщIэрэ? - къыпогуфIыкI мохэр.
- Сыт? - сыщIоупщIэ.
- И усэхэр адыгэбзэкIэ тхауэ къыдитащ.
- ЩыадыгэкIэ, адыгэбзэкIэ итхынщ-тIэ, - зыри къызгурымыIуафэ зытызогъауэ.
- Уэ уогушыIэ. АдыгэбзэкIэ тхауэ абы къытхуихьа усэхэм дэ хэт къедгъэджэнур? ЩIалэ бэлыхьу, усакIуэ хъарзынэ къыхэкIыну жыпIэу ущыщытхъукIэ…
- Ар езыр дэнэ щыIэ?
- Адам Огурлиевичрэ уэрэ фи гугъу хуэтщIыну, фэ зыкъыфхуигъэзэну жетIэну дыщыхуежьэм: «Мис а тIум сащыгугъырти аращ къытездзэу сыкъыщIэкIуар. Ауэ гъуэгу сытетщ, икIи сопIащIэ, сымыукIытэуи абыхэм захуэзгъэзэфынукъым. Фи напэ, фи Тхьэ фызэреплъщ», - жиIэри, макIуэ-мэлъей. - Ди деж Iуэхур зэрыщекIуэкIыр гурыдгъэIуэну дыхуежьа щхьэкIэ, къыдэмыдаIуэу щIэжыжащ. Адам Огурлиевичрэ уэрэ фи хьэтыркIэщ, армыхъу мы Iуэху тIуащIэм дыхэмыхьами, хъунут.
- Тхьэразэ къыфхухъу! Ар езыр щIалэ укIытэх гуэрщ. ЕмыкIу гуэр къыIэщIэщIауэ къызэрищIэжу, плъыжьыбзэу къоуцIыплъ, - щыжысIэм:
- Пэж дыдэщ! Плъыжьыбзэ хъуауэ щIэкIыжащ, - бзылъхугъэхэми къыздаIыгъ Мухьэз зэрыукIэтэхым, плъыжь зэрыхъум теухуауэ жысIар.
КIэщтыр япэ дыдэ щыслъэгъуам згъэщIэгъуат абы и плъыжьагъыр. Iэджэ дэкIыу зэныбжьэгъушхуэ, зэлэжьэгъу, ди гушыIэхэри зэтезагъэ дыхъуа нэужь, абы тэтэркIи пцIэгъуэплъкIи дыщеджэ щыIэти, ар уэим ищIыртэкъым. Ауэ ар иужькIэщ. Мобы щыгъуэ:
- ЛIо-тIэ ди хэкуэгъум хуэтщIэнур? - зыхузогъазэ лэжьакIуэ гупым я нэхъыщхьэIуэу бзылъхугъэ къамылыфэ дахэм.
- Мы усэхэр едгъэхьыжу, ахэр подстрочнэу зэрадзэкIыу къытхурагъэхьыжыху, итIанэ ахэр рецензентхэм етту хэдгъэплъэху, щIалэр конкурсым къыкIэрыхунущ. Адам Огурлиевичрэ уэрэ къыфщыгугъыу жиIащи…
- Дэнэт, Мухьэз, абы щыгъуэ апхуэдизу упIащIэу уздэкIуэр? Парижт хьэмэрэ Берлинт? Iэдэм сэрэ зыкъытхуэбгъазэу дыкъыумылъагъуу хьэмэрэ зыхуэдбгъэщIэну Iуэхутхьэбзэм утеукIытыхьу узэрыплъыжьым нэхърэ нэхъ плъыжь ухъункIэ ушынауэ арат? - жысIэу си ныбжьэгъум сыщыдэгушыIэм деж:
- Уэли, сыщIэпIэщIаратэм. Пэж дыдэу, Iуэхум ущIэукIытэни хэлът. Фыщыпсэури сщIэртэкъым. IэнэщIу сыныфхуэкIуэнуи… ИтIанэ, фыщIэсу фыкъэзгъуэтыни фыкъэзмыгъуэтыни… Сэ зэрызысIэжьэн ахъши сиIэтэкъым. А псор къызыхэкIар тхьэмыщкIагъэрат. Ауэ, Алыхьым сыкъиужэгъужатэкъыми, си мурадыр къызэхъулIауэ щытащи, фIыщIэр зейхэм Тхьэр арэзы къыфхухъу, - жиIэрт Мухьэз.
- НтIэ, Iэдэми фепсалъи…
- Хьэуэ. Дэ думыгъэпсалъэ абы. Ар… ар… - бзылъхугъэхэр темыгушхуэу арат апхуэдэ IуэхукIэ зыхуагъэзэну къэрал псом щыцIэрыIуэ усакIуэ, тхакIуэ ЩоджэнцIыкIум.
- Хъунщ. Сэ сепсэлъэнщ. Абы хьэуэ зэрыжимыIэнум шэч къытевмыхьэ. - Я щхьэ мыузым боз къезышэкIыжа, Тхьэм игъэпсэун бзылъхугъэ хьэлэмэтхэм ягу фIы яхузощI.- ТщIэн хуейр?..
- ФщIэнуращ: усэхэр подстрочник фощI. Ди деж апхуэдэ хабзэ щыземыкIуэ пэтми, а лэжьыгъэм пэкIуэ ахъшэр фыдот. ИтIанэ…
- ИтIанэ-щэ?
- Абыхэм хэплъэу рецензэ зытхынухэр нэгъуэщI щIыпIэ къыщыдмылъыхъуэжу… Фэ щIалэри щыфцIыхукIэ, и тхыгъэхэми фыщыщыгъуазэкIэ, рецензэхэри фотхыжри…
Iуэхум «хьэуэ» къыхэзгъэкIынкIэ къэгузэва хъунщи:
- Мис а лэжьыгъэр къытхуэзыщIэ псоми ахъшэ ядотри, фэри фи гугъуехьыпщIэр дгъэкIуэдынкъым, - мис иджы си гуапэ къащI цIыхубзхэм.
- Подстрочник Iуэху дыхэмыту, рецензэхэр занщIэу хуэттх щхьэ мыхъурэ-тIэ?
- Апхуэдэу хъунукъым. Подстрочникхэр диIэн, ди хъумапIэм щIэлъын хуейщ. Мы къыщIэвгъэтIысхьам и тхыгъэхэр жаIэрэ къыщIэупщIэIа хъужыкъуэмэ… АдыгэбзэкIэ тха усэхэм къытхуеджэнур хэт?
Арати, ди пщэ къыдалъхьа Iуэхур псынщIэ дыдэу зэфIыдогъэкI. ЗэрыжаIауэ, ди гугъуехьыпщIэри ягъэкIуэдакъым.
Нэхъыщхьэр, и Iуэхур зэблэмыууэ, КIэщт Мухьэз а гъэм Литературэ институтым щIэтIысхьауэ зэрыщытаращ.
Языныкъуэхэм хуэдэу, фIыщIэмыгъэкIуэдти, езы Мухьэзи ибзыщIыртэкъым и нэ къызыхуикI еджапIэм зэрыщIэтIысхьа щIыкIэм Iэдэмрэ сэрэ ди фIыщIагъи зэрыхэлъар. Дэри зэи дыхущIегъуэжакъым Iуэху щхьэпэ длэжьауэ зэрыщытам. Мис абыкIэ фIыщIэр зейр езы Мухьэзти, и хьэл-щэнкIи, и творчествэкIи укъэзымыгъэукIытэн щIалэ къыхэкIауэ 1965 гъэм Налшык къигъэзэжащ.
Щеджэм щыгъуэ зи усэхэр газетхэми журналхэми куэдрэ къытехуа КIэщтым и япэ тхылъыр («ЩIыр къызоджэ») къыдокI абдеж ирихьэлIэу. А тхылъым къыбжиIэрт зи дуней еплъыкIэ зиIэж нэгъуэщIхэм сыхамыгъэзэрыхьыну, сэ КIэщт Мухьэзу сызэрыщытыр сыкъращIэн папщIэ, сыт хуэдэ уэрэдрэ уэрэд жыIэкIэрэ къыхэсхын хуей жызыIэу Iуэхум куууэ егупсыс усакIуэ адыгэ литературэм къызэрыхыхьэр. Iуэхур апхуэдэу зэрыщытым гу лъамытэу къэнакъым критикхэми, усакIуэ нэхъыжьхэми, тхылъеджэхэми: КIэщтым и япэ тхылъыр гулъытэншэ хъуакъым - хуэфащэ пщIэ хуащIащ. И языныкъуэ усыгъэхэм я къуабэбжьабагъри ирагъэлъагъужащ.
Ауэ, псом ящхьэр щIэдзапIэрати, лъагъуэ IупщI хъуа зи япэ тхылъымкIэ гъуэгуанэ дахэ техьа КIэщтыр ешрэ щхьэхрэ зымыщIэти, абы и къалэмыпэм къыпокI усэхэр, поэмэхэр, рассказхэр, повестхэр. Ахэр тхылъ щхьэхуэурэ къыщыдокI Налшыки Мэзкууи. Республикэм и журналист, публицист жыджэрхэми ящыщ зы КIэщт Мухьэз и тхыгъэ купщIафIэхэр зэпымыууэ къытохуэ газетхэм, журналхэм, езыр щIэх-щIэхыурэ къыщопсалъэ радиоми телевиденэми. Илъэс тIощIым щIигъукIэ журналисту лэжьа КIэщтым тэмэму зэдихьыфащ и лэжьыгъэ IэнатIэри творчествэри. А зэманым къриубыдэу КIэщт-журналистым и къалэмыпэ жаным къыщIэкIа тхыгъэ нэхъыфIхэр (очеркхэр, статьяхэр, публицистикэ лэжьыгъэхэр) зы тхылъышхуэми пхуигъэхуэнукъым.
Ди усакIуэ, тхакIуэ, журналист нэхъыфIхэм ящыщ зыуэ, зи хъэтIрэ зи темэрэ, зи Iуэху бгъэдыхьэкIэрэ зи усакIуэпсэрэ зиIэжу ди щэнхабзэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа КIэщтыр, зэрыжаIэу, гъащIэм и курыкупсэм хэту дунейм тетащ. Ар уигу зэзымыгъабгъэ цIыху хьэрэмыгъэншэт, вэгъзэгът. Зи творчествэм зиузэщI зэпытрэ абы и гуфIэгъуэ зылъагъу тхакIуэу щытащ. Арат Мухьэз и тхакIуэгъухэри, критикхэри, тхылъеджэхэри къыщIыхуэарэзыр.
ТхакIуэ щIалэхэм я зэIущIэр иухащ. 1981 гъэ