Илъэс меларди 4 зи ныбжь мэскъал

Астрофизикхэм гу зэрылъатамкIэ, 2017 гъэм фокIадэм и 22-м ЩIы Хъурейм пхылъэтыкIащ къаруушхуэ зиIэ нейтринэ цIыкIу.

Ди планетэр зэпымыууэ «къаудыныхь» хуабжьагъышхуэ зиIэу хьэршым къилъэтыкI мэскъалхэм, ауэ а махуэм къахутар и «хьэл-щэнкIэ» адрейхэм ещхьтэкъым.
АтIэми, астрофизикхэм къахуэщIащ абы и къежьэкIэ хъуар. КъызэрыщIэкIымкIэ, ар къызэрыунэхурэ илъэс меларди 4-м нэблэгъащ. Мэскъалыр къилъэтыкIащ хуабжьу тпэжыжьэ галактикэм.
А къэщIыгъэм, вагъуэ гуэрэнышхуэрэ абрагъуэу зэхэтым, ику дыдэм «зыщигъэпщкIуащ» астрономие щIэныгъэр фIыуэ зыщыгъуазэ, и гъунэгъуу блэкI псори, здэкIуар къахуэмыщIэу, «думпу» зэщIэзылъафэ, хьэлъагъышхуэ зиIэ нэрымылъагъу «мащэ фIыцIэм» («чёрная дыра»).

 Адрейхэм яхуэмыдэ

Дызэрыщыгъуазэщи, Сатурн уэгум къыщыдогъуэгурыкIуэ езым нэхърэ нэхъ цIыкIу планетэхэр. Абыхэм ящыщ зыр и теплъэкIэ адрейхэм ещхькъым. Ар плъагъунущ, и джабэхэр зэхуэмыдэрэ езыр джэдыкIэм хуэдэу хэшауэ, кумб цIыкIухэр и бащэрэ и щхьэфэр къуабэбжьабэу.
Ауэ, итIани, ахэракъым абы, адрейхэм яхуэмыдэу, къыщхьэщыкIыныгъэ нэхъыщхьэу иIэхэр. ЦIыху зэрымыс «Кассини» кхъуафэр (зондыр) хьэршым ит а къэщIыгъэм 2005 гъэм щыблэлъэтым наIуэ къэхъуащ, абы и щхьэфэр малъхъэдис губгъуэу зэрызэщIэузэдар. Астрофизикхэм зэрытрагъэчыныхьымкIэ, Гиперион зэпымыууэ къызыхиутIыпщыкI электронхэм япкърыт электричествэр сэбэпынагъ гуэри къэзымышэщ.

ТхьэгъухэмкIэ
къэухъуреихьыжа псынщIэрыкIуэ

Дыгъэм и хъуреягъкIэ, планетэ зыфIэпщыну, хьэршым къыщызылъэтыхь къэщIыгъэ нэхъ цIыкIухэм ящыщщ «Хаумеа» зытеIукIар. Абы зыщегъазэ Нептун адэкIэ щыIэ «Койпер и бгырыпхым». Ар Дыгъэм къыпыщIа планетэ псоми я нэхъ псынщIэрыкIуэщ. Абы ехьэлIауэ, 2017 гъэм астрономхэм зихуэдэ щымыIэ Iуэхугъуэ къахутащ: къызэрыщIэкIымкIэ, къыдэгъуэгурыкIуэ спутникыу Хаумеа тIу иIэ къудейкъым, атIэ езыри, Сатурн хуэбгъэдэну, «тхьэгъухэмкIэ» къэухъуреихьыжащ. Абыхэм я зэпрыур километр мини 4,5-м ноблагъэ, я Iувагъыр километр 70-м нос.

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться:

Читать также:

17.04.2024 - 11:43 НОБЭ
16.04.2024 - 11:18 Псалъэжьхэр
16.04.2024 - 07:08 НОБЭ