Мэрем пшыхь

Гупсысэр - псалъэкIэ

Лъагъуныгъэ нэфIэщI

ЦIыхуфэм дэхуэнур зыхуэдизыр къихутэн мурадкIэ, дунейм дыкъытриутIыпщхьами ярейщ ДыкъэзыгъэщIам. СогъэщIагъуэ, дыгъуасэ уи макъ сыхуэлIэу, уи Iуплъэгъуэ сызэрихуэнур къысхуэмыгъэсу зэманым сеныкъуэкъуащ. Си фIэщ хъурт уэри апхуэдэ зыгуэркIэ уи гур къысхуэпабгъэу. СелIалIэртэкъым псалъэ хэщыпыхьахэри уэркIэ къыхэсхын зэрыхуейм - къызэрыгуэкIыу, къыпылъэдам езмыгъэгъэзэжу сынопсэлъэфмэ сеплъыну мурад сщIат. Си гугъэт уи нитIым си гум щызу IэфIагъ къащIэсхыну, ди зэхуэзэм си гуныкъуэгъуэ псори дэужьыхыну. Ауэ сыт хуэдэ гугъапIэ симыIами, псори нэр изыщI щхьэгъэпцIэжти! Дэнэ кIуат ущыслъагъукIэ сызэщIэзыIэтэ къару лъэщри, сыщIэгъуэщыхьрэ зыщызгъафIэу щыта уи нитIми пшагъуафэ щхьэ есплърэ, пхуэзгъэтIыгъуэу зэманкIэ пхуэсхъума псалъэ IэфIхэм я кIапэлъапи щхьэ къысхуэмыубыдыжрэ?! Мыпхуэдиз мыгурыIуэгъуэм дауэ сакъыIэщIэкIыну? Си пщIыхь нэхъ шынагъуэ дыдэми къыхэзгъахуэртэкъми апхуэдэ щытыкIэр. СщIэркъым... Хэт абыкIэ къуаншэр? Сэра? Уэра? НэгъуэщI? Хьэуэ, уэ сыткIэ ббгъэдэслъхьэн къуаншагъэр, дауи, къыптезгъэхуэн гуэныхь? Дунеягъэ гуэныхьри хьэзабри згъэвыну сыхьэзырти, языхэзри къыплъэзмыгъэIэсу. Уэ сыткIэ уи лажьэ щхьэзыфIэфIагъкIэ си псэм щызэхэзухуэна гухэлъхэмрэ си гум щэхуу къиIущэщахэмрэ. Уи фIи уи Iеи зыхащIакъым, ягъэунэхуакъым абыхэм. Сэращ... Къуаншэ арэфыр сэращ, си закъуэщ. Уи хьэлыр псоми езыгъэфIэкIыу, уи пщIэр псоми езыгъэлъагэкIыу, уи нитIым уафэ къащхъуэм хагъэджэразэу къызыщыхъуу, уи бзэр вагъуэбзэу зи тхьэкIумэм щызыгъафIэу щытар нэгъуэщIкъым - сэращ. Къысхуэгъэгъу, зэрымыщIэкIэ зэгуэр си гупсысэ кIапэлъапэ къыплъэIэсамэ, пхузиIа гухэлъхэм яжь къыпщIихуамэ, схуэмышыIэу си нитIым зыгуэр къаIуэтэгъамэ. Къысхуэгъэгъу, нэгъуэщI мыхъуми, пхузиIа лъагъуныгъэм и хьэтыркIэ. Зи хьэпIи зи шхыпIи къысхуэмыгъуэтыжу бзэха лъагъуныгъэ дахащэм!..

Жамбэч  Рабия.

 

Нэщэнэхэр

ПцIащхъуэхэм лъахъшэу къалъэтыхьмэ…

Гъэрэ щIырэ щызэхэкI махуэм къешх-къес щыIэмэ, гъэр бэв хъунущ.
УнэщIэ ящIамэ, бжэщхьэIум шым къыщIахыжа нал храгъэубыдэрт, угъурлыгъэщ, жьэгум насып кърилъхьэнущ жаIэрти.
Джэдур арджэным епIэстхъмэ, хьэщIэм зыхуэгъэхьэзыр.
ПцIащхъуэхэм лъахъшэу къалъэтыхьмэ, уэлбанэ хъунущ.
Къанжэр уи бжыхь тесу кIакIэмэ, уи унэ хьэщIэ къихьэнущ.
Пщэдджыжь пшэплъым узэригъэплъэкIыркъым, пщыхьэщхьэ пшэплъыр махуибл уэфIщ жаIэрт.
Джэдум и лъакъуэ сэмэгумкIэ и напэр илъэщIмэ, дунейр къызэIыхьэну къалъытэрт.
Пщыхьэщхьэм адакъэр Iуэмэ, хъыбарыфI къэIунукъым жаIэрт.
Зыхуэзыхьэсар
Тхьэлыджокъуэ  ЛатIифщ.

 

ГушыIэ

Гъудэм довэ жыхуиIэм хуэдэу

Выжьым и бзэгур къилэлу, вагъэмбэкъум дэту евэкIырт. Гъудэр вым и тхым зытриукIауэ тесу екIуэкIырт. НэгъуэщI зы гъудэ блэлъэтырти, вытхым тесыр къилъагъури къегуоуащ:
- Сыт нэхъ уи лэжьыгъэ иджы си ныбжьэгъум? - жиIэри.
- Довэ, си ныбжьэгъу, довэ! - жиIащ вытхым тесым.

Хъуэжэ щхьэгъусэ къишэну зегъэхьэзыр

Хъуэжэ зы пщэдджыжь гуэрым жьыуэ къэтэджауэ унэлъащIэр псори зэригъэдзэкIырт. Блыным фIэлъ алэрыбгъур зэригъэдзэкIри фIидзэжащ, гъуэлъыпIэри, Iэнэри, шэнтхэри я лъакъуэр дэгъэзеяуэ игъэуващ. Ар щилъагъум и анэм къэуIэбжьауэ жиIащ:
- Анна, Хъуэжэ, сыт пщIэр, делэ ухъуа?
- Хьэуэ, си анэ, делэ сыхъуауэ аракъым, ныщхьэбэ нысэ къыпхуэсшэнущи, абы зыхузогъэхьэзыр, - жриIащ и анэм.
- Анна, нысэ къысхуэпшэнумэ, хьэпшыпхэр зэгъэдзэкIауэ, дэгъэзеяуэ, къегъэзыхауэ гъэувын хуей-тIэ! - кIиящ и анэр.
- А къасшэм псори къызэригъэдзэкIынущи, абы щыгъуэ тэмэму псори я пIэм иувэжынщ, - жиIэри Хъуэжэ щIэкIащ.
КъардэнгъущI  Зырамыку.

Псалъэ шэрыуэхэм къарыкIыр

ЗэIусэм псэ хелъхьэ

Жьыуэ къэтэджамрэ щIалэу къэзышамрэ щIегъуэжакъым - Жьыуэ укъэтэджмэ, нэхъыбэ пхуэлэжьынщ, нэхъ пасэу къапшэмэ, нэхъ щIэхыуи дэIэпыкъуэгъу бгъуэтынщ.
ЗэгъунэгъуитI я мэл бжыкIэ зыкъым - Дэтхэнэ зы унагъуэми, лъэпкъми, цIыхуми езым и хабзэ и Iуэху бгъэдыхьэкIэ иIэжу зэрыщытыр къыжыIапхъэу къыщалъытэм деж къапсэлъ хабзэщ.
Зэкъуэш псори зы анэ къилъхуркъым - ГъащIэм зэкъуэш зэхуищIахэм я гугъу щащIкIэ къапсэлъ хабзэщ.
Зэхэзылъхьэ зэхихыжынщ - ЦIыхум зэхищIыхьа Iуэхум, илэжьа щыуагъэм папщIэ хуэфащэр егъуэтыж.
Зэхэшэ шабэщ - Къару зыхэлъым куэд лъокI.
ЗэIусэм псэ хелъхьэ - «ЗэIусэр мэхъу» жыхуиIэщ. Iэужь дахэ зиIэ цIыху IэпщIэлъапщIэм хужаIэ.
Зегъэуби, уи бын пIыж - КъыхужаIэнур иригъэкIуэтэкIыфрэ, быным я Iуэху дэгъэкIыныр япэ игъэщыпхъэу къыщалъытэм ехьэлIауэ къапсэлъ.
ЗекIуэ и вакъэ лажьэркъым - «Жэрдэм зыщIэм, лажьэм зыгуэр къелэжь» жыхуиIэщ.
Зи бзэ IэфI щынэр мэлитI ящIоф - Псори арэзы зыщIым псори къыхуэфIщ, фIыуэ къыхущытщ.
Зи жьэм и зэран екIыжа куэд кхъэм щIэлъщ - ЖумыIапхъэ жумыIэ. Зи жьэр зыхуэмыубыдхэм, къемызэгъ къызэжьэдэкIхэм, я щхьэм и зэран зыхэлъ къэзыпсэлъхэм яхуэгъэза дерсщ.
Зи мырамысэ зыхуэмыщIыжыр гъунэгъум жэмыкуащIэ макIуэ - ЗызымыщIэжхэм, зи щхьэ и пIалъэ зымыщIэжхэм ятеухуащ.
Зи цIэ ираIуэ бжэщхьэIу тесщ - И гугъу щащI е ягу къыщыкI, щегупсыс дыдэм ирихьэлIэу къыкъуокI.
Зи щхьэ зыхъумэфыр Тхьэми къехъумэ - Сакъыныгъэ пхэлъын зэрыхуейр уигу къэзыгъэкIыж псалъафэщ.

Щауэ Къэлидар.

Хьэх Iэминат

Тхьэрыкъуэ хужь

Iуэтэж

Динэ сымаджэщым щIэлът. А цIыкIур илъэсих ирикъуа къудейт, ауэ уз Iейр сабийм щысхьакъым. И адэ Хьэбасрэ и анэ Залинэрэ зы дакъикъи къыщIэкIыртэкъым я пхъум и палатэм. Хьэпшып куэдрэ IэфIыкIэ нэхъ фIэфIу щытахэмрэ благъэ цIыхубзхэм къыхуахьырт Динэ. Ауэ хъыджэбз цIыкIум ахэр къридзэртэкъым. И нэ дахитIыр щхьэгъубжэмкIэ сыт щыгъуи плъэрт, зыгуэрым пэплъэ хуэдэт.
- Сыт ухуей, си тIасэ? - жиIэрт и анэм.
- Сыт ухуей, си дыщэ кIанэ? - щIэупщIэрт и адэр.
Динэ жэуап яримыту плъэрт щхьэгъубжэмкIэ. Дохутырым махуэ гуэрым Хьэбасрэ Залинэрэ щIишри яжриIащ: «Мыпхуэдизрэ фи хъыджэбзым и палатэм фыщIэмыс. Сабийм бэуапIэ евгъэгъуэт». Сыт ящIэнт? Хуей-хуэмейуэ, щIыбымкIэ яунэтIащ гузэвэгъуэ къызылъыса адэ-анэм. ПщыхьэщхьэхуегъэзэкI хъуауэ ахэр щIыхьэжащ палатэм.
ГъэщIэгъуэнкъэ - Динэ щхьэгъубжэ зэIухам Iутт, щымылъу.
- Сыт къэхъуар? - зэдежьууэ жаIащ къэхъуар къызыгурымыIуэ цIыхухъумрэ цIыхубзымрэ. ГуфIэжу зыкъигъазэри, жэуап къаритащ: «Си ныбжьэгъу Хужь цIыкIу сыкIэлъыплъыжауэ аращ». Ар яжриIэри, гъуэлъыпIэмкIэ кIуэжащ.
- Хэт Хужь цIыкIур, сыту дымыцIыхурэ? - щIэупщIащ Залинэ.
- Ар тхьэрыкъуэщ, си деж щIэупщIакIуэ къэлъэтауэ аращ, - къыпыгуфIыкIащ Динэ.
Апхуэдэурэ, зы махуэ дэкIащ, абы етIуанэри, ещанэри къыкIэлъыкIуащ. Дохутырхэм зэрагъэщIэгъуэнур ящIэртэкъым - сабийр кIуэ пэтми нэхъыфI хъурт. Иджы Динэ и гъусэу и адэ-анэр Хужь цIыкIум ежьэрт. Бзуми зримыгъажьэу пщэдджыжь-пщыхьэщхьэкIэрэ къэлъатэрт. Зы сыхьэт хуэдэкIэ сымаджэм еплъырт, къепсалъэу къыпфIэщIу. ИтIанэ лъэтэжырт.
Пщэдджыжь гуэрым Хужь цIыкIур къэлъэтакъым. Пщыхьэщхьэ хъуху гузавэу пэплъащ абы Динэ. Зэманыр къэсат, тхьэрыкъуэр щыIэтэкъым. Зэгупсысынур имыщIэу, хъыджэбз цIыкIур ину къэгъащ. Хьэбасрэ Залинэрэ ерагъмыгъуейуэ трагъэужри, ягъэгъуэлъыжащ.
Тхьэмахуэ дэкIащ. Тхьэрыкъуэр зэрыкIуэдат. Динэ нэхъ Iей хъужащ, и нэкIу цIыкIур нэщхъеягъуэм зэщIиуфэжащ. Мазэ дэкIащ. Хужь цIыкIуи къыкъуэкIыжакъым.
Пщыхьэщхьэ щIыIэт. Динэ щылът. Нэпсыр и нэм щIэтт. Абы хэту, щхьэгъубжэм зыгуэр къытеуIэу къыщыхъуащ сабийм. Куэдрэ мыгупсысэу, а цIыкIур къыщылъэтри щхьэгъубжэр Iуихащ, занщIэуи тхьэрыкъуэр къыщIэлъэтащ. Абы и лъакъуэр къутат, и фэри япэрейм ещхьыжтэкъым. ЗэныбжьэгъуитIыр куэдрэ зэплъащ, зыщыгуфIыкIыу. ИтIанэ бзу цIыкIур лъэтэжащ. Динэ куэдрэ кIэлъыплъыжащ абы.
Хьэбасрэ Залинэрэ палатэм къыщIыхьэжа иужь, я гуфIэгъуэм кIэ иIэтэкъым, Динэ и нэкIу зэIухар къыщалъэгъуам.
- Ди хъыджэбз цIыкIу, уи ныбжьэгъур къэкIуауэ ара? - щIэупщIащ ахэр.
- КъэкIуащ!
- Сыт къыбжиIар? - жиIащ Залинэ.
- ВжезмыIэну къэзгъэгугъащ, армыхъумэ, фыгузэвэнущ. Ауэ афIэкIа Хужь цIыкIу къэлъэтэнукъым. Си ныбжьэгъур нэхъ щIыпIэ дахэ, нэхъ щIыпIэ хуабэ лъэтэжынущ пщэдджыжь. Сэри гъусэ сыхуэхъуну жиIащ абы.
- Сыт, Динэ, иджы къэбгупсысхэр? - жиIэри, и адэр дыхьэшхащ.
- Ар, пэжщ, сэ си гум жеIэ.
- Хъунщ, Динэ, апхуэдэу нэхъ къапщтэмэ, дэри абыкIэ дыарэзыщ, - яхыжиIыхьащ Залинэ. ИтIанэ и пхъум бгъэдэтIысхьэри, и натIэ щIыIэм ба хуищIащ. Куэд мыщIэу сабийр Iурихащ. Уэздыгъэр игъэункIыфIри, Хьэбас щIыгъуу щIэкIащ Залинэ, хъыджэбз жейм зэран хуэмыхъун папщIэ.
Пщэдджыжьым Динэ и палатэ нэщIым жьы щIыIэм фIэкIа зыри щызекIуэжыртэкъым.

IуэрыIуатэ

Жылэр зэригъэIэпхъуар

Жэбагъы и цIыхухэр и гъусэу Аруанрэ Дыгъужьыкъуейрэ я зэхуакум къуэкIиишхуэ гуэрым щыпсэууэ щытащ. А зэманым цIыхур апхуэдизу IэмыкIуэлъэмыкIуэу, гугъу ехьу псэурти, фызхэр абы икIыурэ Дыгъужьыкъуей кIуэрти, пхъэхькIэ Шэрэдж псы кърахырт.
Махуэ гуэрым Жэбагъы Iуэху иIэу Дыгъужьыкъуей кIуэрт, шууэ. Дыгъужьыкъуей бжьэпэм щытехьэм, фызитIым къуэкIийм псы пхъэхькIэ къыдахри къыдэкIыжауэ, нэгъуэщI фызитIи псыхьэ кIуэти, зрихьэлIэри, зэбгъэдэувауэ, пхъэхьри я дамэм зэрытелъу псалъэу, Жэбагъыр яблэкIащ. Къуажэм дыхьащ. И Iуэху зэфIэкIри къигъэзэжауэ, фызхэр псалъэу зэхэту кърихьэлIэжащ.
Жэбагъы мурад ищIащ: «Ди цIыхубзхэм мыпхуэдиз бэлыхь ятелъу мыр псэупIэ тхуэхъункъым!» Абдежым къуажэр игъэIэпхъуэри, Дыгъужьыкъуейм я къуажэкIэм пигъэтIысхьащ, КъэзанокъуейкIэ еджэу. А цIэр ямыгъэкIуэдауэ, ноби а къуажэкIэ хьэблэм КъэзанокъуейкIэ йоджэ.

Къуныжь ХьэIишэт
Сыножьэ

Сыножьэ псы хуэлIар зэрежьэу псынэм,
Зэм си гур хэхъуэу, зэми сыIэнкуну,
СфIощI пхужымыIэу псалъэ телъыр Iупэм
Сыножьэурэ сыгугъэу гъащIэр кIуэну.

Сыножьэ, къыщахьыжкIэ бзухэм гъатхэр
Япэ удзыщIэр щIэтэджыкIыу дамэм.
Сыножьэр бжьыхьэм, яужь тхьэмпэ гъуахэр
КъыщыпиудкIэ жьыбгъэм жыг къудамэм…

Сыножьэ сэ бэшэчу, лIэм и гъунэу,
ЩIы зэгуэчар зэрежьэм хуэдэу псым.
Сыножьэр сщIэуэ япэкIэ къэхъунур,
Сыножьэ, зэремыжьэу хуэдэу зым.

*      *      *
Си лъагъуныгъэр езгъэпщэнут
Уэгу вагъуэм хуэдэ мыIэрысэм,
АрщхьэкIэ бжьыхьэм жьы къепщэнум
Ихьынущ игъуэ нимыгъэсу.

Си лъагъуныгъэр езгъэпщэнут
Ди жьэгум хъуаскIэ къыдэлъэтым -
ЩIымахуэр къэсым жьым къимыхьу
Щытам уэс щIыIэр, бзийр ипхъуатэу.

Си лъагъуныгъэр ещхьу сфIощIыр
Пщэдджыжьым уафэм къихьэ дыгъэм.
Ауэ итIани си гур хощIыр -
Дунейм имыхь сыт щыгъуи бзыгъэу…

НэгъуэщI ар зэщхь темыт мы щIыгум -
Си лъагъуныгъэр ещхьыжщ си гум.

*      *      *
Гур Iэгум илъу сэ ныпхуэсхьт,
Усэ сатырхэр ныщIызгъужу,
СыныпхуэпIащIэрт, сэ къысщыхъут
Хьэщыкъ абыкIэ усхуэщIыну.

Иджы си гъащIэр сэ къыщIокI
ТезгъэкIуэдауэ а зы гугъэм.
Ар дауэ - зыри хэзмыщIыкIт
Уи гур нэгъуэщIым зэриIыгъым.

 

НапэкIуэцIыр зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:23 НОБЭ
18.04.2024 - 16:13 НОБЭ
17.04.2024 - 11:43 НОБЭ