IэнатIэр къапщытэМы махуэхэм щIыналъэм и кардиологие IэнатIэм и лэжьыгъэм зыщигъэгъуэзэн мурадкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIащ Алмазовым и цIэр зезыхьэ медицинэ къэхутэныгъэхэмкIэ лъэпкъ центрым и унафэщI, академик Шляхтэ Евгений. ЩIэныгъэлIыр яхуэзащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алийрэ республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Хъубий Маратрэ. Шляхтэ Евгений къэхутакIуэ центрым и IэщIагъэлI гуп и гъусэу Кардиологие центрым, Республикэ клиникэ сымаджэщым Лъынтхуэ узыфэхэм щеIэзэ и щIыналъэ центрым, Къалэ клиникэ сымаджэщ №1-м и кардиологие къудамэм я Iуэху зехьэкIэр зрагъэщIащ: IэнатIэхэм я лэжьыгъэр къызэрызэгъэпэщам, хущхъуэхэр зэрыхуатхым, сымаджэхэм я тхылъхэм я щытыкIэм зыхагъэгъуэзащ.
Поделиться:
Читать также:
17.04.2024 - 12:53 →
Урысеймрэ ислъам дунеймрэ
17.04.2024 - 12:45 →
Жыджэру зызыужь IэнатIэ
17.04.2024 - 12:41 →
Спортсменхэр ягъэлъапIэ
15.04.2024 - 12:26 →
«Байконур» космодромыр
15.04.2024 - 12:25 →
Космонавтхэм я шхыныр щхьэхуэщ
|