Зыужьыныгъэм и «кIыщ»

Хъуэхъухэр

Дэтхэнэ лъэпкъри лъэпкъыу щызыгъэIэр и анэдэлъхубзэращ. Бзэм и хэщIапIэу, и хъумапIэу щыIэр, дауи, театрырщ, лъэпкъыбзэкIэ къыдэкI газет, журналхэрщ. Адыгэм ди насыпщ «Iуащхьэмахуэ» журналыр  дызэ­риIэм­кIэ. Ар ди анэдэлъхубзэм и хъу­макIуэ къудей мыхъуу, ди бзэмрэ литературэмрэ я зыужьыныгъэм и «кIыщу» схужыIэнущ. Сыт щхьэкIэ жы­пIэмэ, журналыр зи унафэ щIэта редактор нэхъыщхьэхэр ди тхакIуэ нэхъыфIхэращ. Абы сыт щыгъуи къыт­радзэ лъэпкъ прозэм, усыгъэм хуэ­IэкIуэ­лъакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэм нэ­­мыщI, адыгэ гъащIэм и дэтхэнэ унэтIыныгъэми теухуа, цIыхупсэмрэ цIыху акъылымрэ зезыгъэузэщI тхыгъэ купщIафIэхэр.
Илъэс 60-м къриубыдэу зэман гугъу куэд къызэринэкIын хуей хъуами, ­«Iуа­щхьэмахуэ» журналыр и къалэнхэм щыпэмылъэщ зэи къэхъуакъым, цIыхубэм я пащхьэ кърихьэ къыдэкIыгъуэхэм я купщIэми зихъуэжакъым. Ди лъэпкъым и набдзэу сыт щыгъуи къекIуэкIа журналым и мыхьэнэр ноби нэхъ кIащхъэ хъуакъым ди дежкIэ. «Iуащхьэмахуэм» и цIэр къыщипIуэ къудейкIэ, и пщIэр зэрыиныр, и зэ­фIэкIыр зэрылъагэр къыбгуроIуэ. ЖыпIэнуракъэ, адыгэбзэм и IэфIы­пIэр зыхэлъ дыщэ пхъуантэ хуэдэщ, къызэгуэпха нэужь, уи гур щыз ищIу. Апхуэдэу лъэпкъым къыхуэщхьэпэу, щIэджыкIакIуэхэм зэIэпахыу, адыгэбзэр игъэбзэрабзэу «Iуащхьэмахуэ» журналыр илъэс куэдкIэ Тхьэм щигъэIэ, ар зыгъэхьэзыр псоми гукъыдэжрэ насыпрэТхьэм къарит!

Къумахуэ  Мухьэдин,
КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр.

Бэрэ  Тхьэм  щигъэIэ!

«Iуащхьэмахуэ» журналыр къыдэ­кIын зэрыщIидзэрэ илъэс 60 зэрырикъум папщIэ ди гум къыбгъэдэкIыу дыфхуохъуахъуэ! Апхуэдиз илъэсым къриубыдэу къэбэрдей литературэм зэрызиужьам журналым и Iыхьэ зэрыхэлъым папщIэ иджыри лъагапIэхэр зэрызыIэригъэхьэфынур ди фIэщ хъууэ гъащIэ кIыхь къикIуну дыхуолъаIуэ. Къэбэрдей литературэм и цIэр жыжьэ игъэIуу, лъагэу иIэту, щIэуэ ятххэмкIэ щIэджыкIакIуэхэр ­игъэгушхуэу, макъыщIэхэр къигъуэт зэпыту иджыри бэрэ Тхьэм щигъэIэ.
Къэбэрдеибзэм и псэр нэхъ лъэщ, нэхъ дахэ зыщI тхакIуэхэм, усакIуэхэм я Iэпэ къыпыщ дыщэм «Iуащхьэмахуэ» журналым и напэкIуэцIхэм щIыпIэшхуэ щаубыду къекIуэкIащ, иджыри апхуэдэщ. КъищынэмыщIауэ, ди Адыгэ Республикэм и тхакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу адыгэхэм япэу я ­пащхьэ изылъхьэр «Iуащхьэмахуэращ». ФIыуэ фыкъэзылъагъу фи ­къуэшхэу Адыгэ Республикэм ис тхакIуэ псори Тхьэм долъэIу адыгэ журналым гъащIэ мыухыж къритыну, тхыгъэ гъэщIэгъуэнхэмкIэ, гупсысэ куухэр зыхэлъ тхыгъэхэмкIэ еджэхэр игъэгушхуэ зэпытыну!

МэшбащIэ Исхьэкъ,
Адыгейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ.
 

Шэрджэсхэм къабгъэдэкI  псалъэ

Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм щыпсэу адыгэ тхакIуэ псоми къабгъэдэкIыу фи юбилей дахэмкIэ сынывохъуэхъу зи цIэр зефхьэ Iуа­щхьэмахуэ щэджащэм и пщIэмрэ и лъагагъэмрэ зи гъуазэ фи журналыр а бгыр щытыхукIэ ди лъэпкъым иIэну!
Ди жагъуэ зэрыхъущи, дэ, шэрджэс адыгэхэм, зэкIэ диIэкъым литературэ журнал Iув. Апхуэдэу щытми, ди тхакIуэхэм зеиншафэ къатумыгъауэу уэ, «Iуащхьэмахуэ» журналыр, удиIэщи, догуфIэ икIи догушхуэ.
Мыри къыхэзгъэщынут: зэманым нэхъри къыдгуригъаIуэурэ макIуэ адыгэхэр дигурэ ди псэкIэ нэхъ дызэрызэрыIыгъын Iэмалхэр къэт­лъы­хъуэ зэпыту дыщытын зэрыхуейр. Апхуэдэ Iэмал нэхъыфIхэм ящыщщ ди литературэхэр, зэбгрылэжьыкIыурэ зэхамэ хъупэным нэдмыгъэсу, зэпэ­гъунэгъу тщIыуэрэ зэхэдгъэкIыхьы­жыным дыхущIэкъуныр. Дэ къыдэмыхъулIэми, къэкIуэну щIэблэм къай­хъулIэнкIэ согугъэ а хъуэпсапIэр.
А хъуэпсапIэм гъунэгъу дыхуэ­зы­щIыфынухэм ящыщ зыщ «Iуащхьэмахуэ» журналри, и Iуэхур ефIакIуэ зэпыту, зэрыгушхуэн тхакIуэхэмрэ усакIуэхэмрэ къыбгъурыту игъащIэкIэ адыгэ лъэпкъым иIэну Тхьэм жиIэ!
БЭЧЫЖЬ Лейлэ,
КъШР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и гуащэ.

Къалэн  нэхъыщхьэ

«Iуащхьэмахуэ», «Минги-Тау» журналхэм къэбэрдей лъэпкъымрэ балъкъэр лъэпкъымрэ я дежкIэ мыхьэнэуэ яIэр къэлъытэгъуейщ. ЖыпIэ хъунущ ди литературэхэр къызэрыхъукIари зыужьыпIэ яхуэхъуари а журналхэрауэ.
Зэманыр макIуэ, гъащIэми дунейми захъуэж, ауэ хъуэж ямыIэу журналхэр тетщ къалэн нэхъыщхьэ къыщащIам икIи зыщащIыжам: адыгэ литературэмрэ балъкъэр литературэмрэ я зыужьыныгъэм телэжьэным.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ТхакIуэхэм я союзым къыбгъэдэкIыу гурэ псэкIэ дынывохъуэхъу «Iуащхьэмахуэ», «Минги-Тау» журналхэм я редакцэхэм щылажьэхэми а журналхэр щIыщыIэж ди тхакIуэ псоми: фи Iуэхур нэхъри ефIакIуэу ди литературэхэм иджыри куэдрэ фахуэлэжьэну Тхьэм жиIэ!

БЕППАЕВ  МутIэлип,
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ.

Анэдэлъхубзэм  и IэфIыр  зыхыуегъащIэ

«Iуащхьэмахуэ» журналыр дунейм къыщытехьа махуэм щегъэжьауэ и къалэн нэхъыщхьэм пэлъэщу къо­гъуэгурыкIуэ. Апхуэдэу илъэс 60 лъандэрэ ар толажьэ адыгагъэм, анэ­дэлъхубзэм зегъэужьыным, ижь-ижьыж лъандэрэ ди лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуэ хабзэфIхэр хъумэным, тхакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэм щIэ­джыкIакIуэхэр щыгъуазэ щIыным, ди литературэм, ди тхыбзэм, ди бзэм я тхыдэмрэ я нобэрей щытыкIэмрэ щызэпкърыха тхыгъэхэр цIыхухэм я пащхьэ илъхьэным.
Журналым дыкъыщеджэ зэпытщ ди лъэпкъым и цIыху пэрытхэм я Iэужьым, зэрахьа лIыгъэм, яхэлъа ­хахуагъэм, нэмысым, гущIэгъум теу­хуа тхыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм, апхуэ­дэуи «Iуащхьэмахуэм» и къы­дэкIыгъуэхэм щыдогъуэт тхакIуэ, усакIуэ, щIэныгъэлI цIэрыIуэхэм я ­къалэмыпэм къыщIэкIа, художественнэ фащэ зэмыфэгъукIэ гъэпса хъыбархэр, романхэр, повестхэр, усыгъэ хьэлэмэтхэр, чэнджэщхэр, нэ­гъуэщIхэри. Ар и къалэн нэхъыщхьэу щыт пэтми, абы и закъуэкъым журналым и пщэ дэлъыр. АтIэ анэдэлъхубзэм и IэфIыр цIыхум зыхегъэщIэн, абы щIэблэр щIэпIыкIын зэрыхуейми хъарзынэу йохъулIэ. ИкIи нэрылъа­гъущ и гуащIэр къебл зэпыту и гъуэ­гуанэр зэрикIур, кIуэ пэтми зэ­рефIакIуэр, зэманым нэхъ Iущ, нэхъ жан, нэхъ бзафIэ зэрыщIэхъукIыр.
Нобэ зи махуэшхуэр дгъэлъапIэ журналым ныбжьэгъу щимащIэкъым ди къуэш республикэхэми, адыгэ зэ­рыс хамэ къэралхэми. Абыхэм щыпсэу ди къуэшхэм щIэхъуэпсу зыIэрагъэхьэ журналыр, я гуапэу щIаджыкI абы и напэкIуэцIхэр. Апхуэдэу дэнэ щыпсэу адыгэри игъэгушхуэу, и теп­лъэр гуапэу, и щIыхьыр лъагэу, и IэужьыфIхэр адыгэ лъэпкъым и гъуа­зэу илъэс минхэр къигъэщIэну сыхуо­хъуахъуэ!

ХЬЭФIЫЦIЭ  Мухьэмэд,
«Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ.

ЕхъулIэныгъэхэр  еIэт

«Iуащхьэмахуэ» журналым къызэ­ри­нэкIа илъэс 60 гъуэгуанэм адыгэ лъэпкъым, литературэм я зыужьыныгъэм хуищIа хэлъхьэныгъэр къэлъытэгъуейщ. 1958 гъэ лъандэрэ журналыр лъэпкъым къыдокIуэкI и ехъулIэныгъэхэр иIэтрэ и гуныкъуэгъуэхэр дигъэпсынщIэу. Сыт хуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр зэманым къыздимыхьами, «Iуа­щхьэмахуэм» и пщIэми, и купщIэми, и къаруми зэи зихъуэжакъым, ар сытым дежи набдзэгубдзаплъэу щытащ, гупсысэ нэхъыщхьэхэр иубзыхуфрэ цIыхубэр иунэтIыфу.
Лъэпкъыр захуагъэм, пэжыгъэм, акъылым къыхуезыджэ, ди щхьэр ­лъагэу дэзыгъэлъагъуж тхыгъэ куэд ноби къытохуэ журналым и напэкIуэцIхэм. КъыдэкIын щыщIидза махуэм щегъэжьауэ ар хъунщIэ­псынщIэету зэи Iуэхум пэрыхьакъым, хуэмыфэщэн IэщIэкIакъым, атIэ ­«Iуащхьэмахуэ» цIэр игъэпэжащ. А бгым нэхъ лъапIэрэ нэхъ лъагэрэ диIэкъыми, абы хуэфащэу ди лъэпкъым къыдокIуэкI адыгэбзэкIэ къыдэкI журналыр. Адыгэр зэманым декIуу къэ­гъуэгурыкIуэнымкIэ, и анэдэлъхубзэр ихъумэжынымкIэ, и литературэм зригъэужьынымкIэ «Iуащхьэмахуэм» ири­­гъэкIуэкI лэжьыгъэм уасэ хуэщIыгъуейщ, аращ абы иIэ пщIэр къызэрилэжьари.
Сэ сохъуэхъу ар нобэ зыгъэхьэзыр редакцэм щылажьэхэми, абы къатхэхэми, ди литературэм и классик пажэхэми я къалэмыпэр мыу­бзэщхъуу иджыри куэдрэ лъэпкъым тхуэлэжьэну, дифI тхуигъэбагъуэрэ ди щыщIэныгъэхэр тхуигъэзэкIуэжу, къызыкъуихыфа къарум хэмыщIу илъэс куэдкIэ щыIэну!

СЭХЪУРОКЪУЭ  Хьэутий,
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ.

Iэмэпсымэ  лъэщ

АдыгэбзэкIэ къыдэкI журналым лъэныкъуэ куэдкIэ зэфIэкIышхуэхэр къызэрызыкъуихар нэрылъагъу мэхъу, абы къызэринэкIа илъэсхэм ури­плъэжмэ. Ар бзэр зыхъумэ, цIыхухэм я гупсысэр зыунэтI, я щIэныгъэм хэзы­гъахъуэ Iэмэпсымэ лъэщу адыгэм диIэщ жыпIэкIэ, ущыуэнукъым.
Щхьэхуэу къыхэгъэщыпхъэщ адыгэ литературэм хуищI хэлъхьэныгъэмрэ а литературэр зыгъэкIуатэ тха­кIуэхэм яхуищI гулъытэмрэ. Тхылъу къыдэкIын и пэ ди тхакIуэхэм я IэдакъэщIэкI куэд утыку кърехьэ журналым. Апхуэдэу лъэпкъым къы­хуэщхьэпэу, и зэфIэ­кIым хэхъуэ зэпыту, и къэухьым нэхъри зиубгъуу «Iуащхьэмахуэм» гъащIэ кIыхь иIэну Тхьэм жиIэ!
АЦКЪАН  Руслан,
«Эльбрус» тхылъ тедзапIэм и унафэщI.

Къэрэгъул  бжыхь

«Iуащхьэмахуэ» журналыр, узицIэджэгъу бгыщхьэм ещхьыркъабзэу, адыгэхэм я деж ущыцIэрыIуэщ икIи ущылъапIэщ. Ар уэ къэблэжьащ ­къэбгъэщIа илъэс 60-м зы махуи щIумы­чауэ лъэпкъым и блэкIар зэрыбгъэлъапIэмкIэ, абы и къэкIуэнум узэрытелажьэмкIэ. Дэ ди пщэдейр зэрыхъунур, дунейм дыте­мыкIуэдыкIыжу ды­къызэтенэныр псом япэу зэлъытар ди бзэмрэ ди ­хабзэмрэ зэрытхуэхъумэжыращи, ди журнал ­закъуэр узыпэрыт IэнатIэ ­гу­гъури аращ: мы ныкъусаныгъэм игъэгузавэ псори къызэщIэвгъэуIуауэ ар къызыгурымыIуэ, къызыфIэмыIуэху ди лъэпкъэгъухэр фогъэIущ, фоущий. АбыкIи фэ нэхърэ нэхъ зэфIэкI зиIэ къэгъуэтыгъуейщ - абы и щыхьэткъэ нобэ адыгэбзэкIэ тхыгъэ къеджэ­жIамэ, ар япэу икIи нэхъыбэу зэджэр «Iуащхьэмахуэ» журналыр зэрыарар.
Щысхьыншэу къыдэбгъэрыкIуэ нобэрей зэман бзаджэм щIэгъэкъуэну, «къэрэгъул бжыхьу» удиIэщи, уэри дэри ди насып Тхьэм тригъакIуэ, ди къэкIуэнур уи цIэм хуэдэу махуэ ухъу!
БИЩIО Борис,
филологие щIэныгъэхэм я доктор.

Сурэтым: «Iуащхьэмахуэ» журналым и редактор нэхъыщхьэ Мыкъуэжь Анатолэ и гъу­сэщ и ныбжьэгъухэр - ТIымыжь Хьэмыщэ, БищIо Борис (щысхэщ), Тэтрокъуэ Астемыр, ЩоджэнцIыкIу Леонид сымэ. 2016 гъэ. Сурэтыр  Къарей  Элинэ  трихащ.

Зыгъэхьэзырар Истэпан Залинэщ.
Поделиться: