«Адыгэ псалъэм» и гъэсэнхэр

Щапхъэ
ЦIыху зыгъасэ псэм и щIасэщ

Тхыгъэм фIэщыгъэ хуэсщIа псалъэжьым гупсысэшхуэ щIэлъщ. Ар хуэгъэзауэ къызолъытэ зи гугъу фхуэсщIыну цIыху щыпкъэм хуэдэхэм. Ар си адэ шыпхъу, Бахъсэн къалэм дэт курыт школ №1-м адыгэбзэмрэ литературэмрэ щезыгъэдж Жыгун Ленэ Хьэтал ипхъурщ. Ленэ илъэс 30-м щIигъуауэ щIэблэм яхэтщ, абыхэм лъэпкъ гъэсэныгъэрэ щIэныгъэ куурэ ябгъэдилхьэу.

Жыгун Ленэ иджыпсту Бахъсэн дэсщ, ауэ и сабиигъуэри и щIалэгъуэри щигъэкIуар Къулъкъужын Ипщэщ. Абы дэт курыт еджапIэр къиухри, а илъэсым щIэтIысхьащ Налшык дэт педучилищэм. Ар 1987 гъэм ехъулIэныгъэкIэ къиухащ икIи егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм пэрыуващ. ЯпэщIыкIэ абы пэщIэдзэ классхэм щригъэджащ. Зэрылажьэм хуэдэурэ, абы и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ КъБКъУ-м адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и къудамэм. ИужькIэ класс нэхъыжьхэри дзыхь къыхуащIри, илъэс куэд лъандэрэ абыхэм ядолажьэ. А зэманым къриубыдэу езы еджапIэми, къалэми, уеблэмэ республикэми адыгэбзэмкIэ щекIуэкIа зэпеуэ куэдым Лени и еджакIуэхэри хэтащ, увыпIэфIхэр къыщахьу.
 И IэщIагъэр мытыншми, Ленэ зэи тезэшакъым абы, пэрыувагъащIэм хуэдэу, ар и щIэщыгъуэу ноби ирехьэкI, еш имыIэу. Абы и урокхэр гъэщIэгъуэнщ, щIэ гуэр къыщамыщIауэ цIыкIухэр абы къыщIэкIыжыркъым. Жэуаплыныгъэ зыхэлъ егъэджакIуэм и гъэсэнхэри абы къыхуреджэ. Си щхьэкIэ, къапщтэмэ, си адэ шыпхъуращ сэ щапхъэ схуэхъуар адыгэбзэмрэ лъэпкъ литературэмрэ нэхъ куууэ зджынымкIэ.  Сэ сощIэж школым сыщIэсу Ленэ и гъусэу абы и лэжьапIэм сызэрыкIуахэр. Абы щыгъуэ сэ абы и лэжьыгъэми, урокыр зэрыригъэкIуэкI щIыкIэхэми, еджакIуэхэр пщIэ къыхуащIу къызэрыбгъэдэтми сехъуэпсат. Сэ сигу ислъхьат Ленэ ещхьу егъэджакIуэ сыхъуну. Зэман дэкIри школыр къэзухащ, егъэджакIуэ IэщIагъэм сыхуеджэну Налшык дэт педколледжым сыщIэтIысхьащ. Ар къэзухауэ, иджы сэри, Ленэ ещхьу, школым сыщолажьэ, цIыкIухэм сахэту.  Сэ си лэжьыгъэм абы и дерс куэд къыщызогъэсэбэп.
Ленэ  щытхъу иIэу и IэнатIэр ирехьэкI. И лэжьыгъэфIым папщIэ абы къыхуагъэфэщащ щытхъу, фIыщIэ тхылъхэр. Ар ящыщщ «Си бзэ - си псэ, си дуней» республикэпсо зэпеуэм къыхэжаныкIахэми.  Школым щызэфIих лэжьыгъэм къыдэкIуэу ар хуэжыджэрщ жылагъуэ Iуэхухэми. Ар яхуэнабдзэгубдзаплъэщ лэжьыгъэм пэрыувагъащIэ IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэм, сыткIи защIигъэкъуэну хьэзыру.
Ленэ и Iуэху зехьэкIэ пэрытым къыхэсхаращи, «сыадыгэщ» жызыIэ дэтхэнэ зыри и лъэпкъым гурэ псэкIэ хуэкъабзэу, абы и дэтхэнэ зы Iуэхуми фIыуэ щыгъуазэу, и хэкум и щIыхьыр ихъумэфу, нэмыс хэлъу щытын хуейщ. Лъэпкъ хабзэмрэ гупсысэмрэ уимыIэжмэ, улъэпкъыпсэкъым. Апхуэдэу къэмыхъун папщIэ ди къару псори, щIэныгъэу дбгъэдэлъри, ди щапхъэфIхэри абы дыщIыгъужу, дэ дыхущIэкъун хуейщ щIэблэ узыншэ къытщIэхъуэным. А Iуэхугъуэхэм хьэлэлу нобэр къыздэсым  ятолажьэ Ленэ икIи, и насыпщи, къохъулIэ.

АФIЭУНЭ  Жаннэ.

Фэеплъ
Зи щIыхуэ ттелъ сэлэтхэр

Зауэ… Сыту псалъэ кlэщl, атlэми лъыуэ, нэпсу, узу сыт хуэдиз зыщlифрэ абы. Уегупсысыну шынагъуэщ!  Зауэр - ар анэхэм я гухэщlщ, мин бжыгъэкlэ хэкlуадэ сэлэтхэщ,  зеиншэу къанэ сабийхэщ, адэ зыщхьэщымытыж унагъуэхэщ, цlыхухэм я гукъэкlыж хьэлъэщ. Илъэс 74-м щlигъуащ Хэку зауэшхуэр ди къэралым и ТекIуэныгъэкIэ зэриухрэ.  Уасэшхуэ зыщIэтта а фIыгъуэр къытхуэзыхьа зауэлIым и фэеплъыр дапщэщи хъумэн хуейщ, пщIэшхуэ хуэтщIу.

Си адэм и адэшхуэ Езауэ Хьэмзэт Къасбот и къуэм и ныбжьыр илъэс 50-м нэблэгъат, ди къэралым нэмыцэ зэрыпхъуакlуэхэр къыщытеуам щыгъуэ. Абы  къуитl иlэт: илъэс 14-м ит Темыркъанрэ  мазитl фlэкlа мыхъуа  Темралрэ. Ди анэшхуэм зэрыжиlэжу щытамкlэ, зэщхьэгъусэхэм щlалэ нэхъыжьым иужькlэ къалъхухэр зэтlолъхуэныкъуэхэт. Дунейм къытехьэрти, асыхьэтым е махуэ бжыгъэкlэ псэурти лlэжхэрт.  1941 гъэм и мэлыжьыхь мазэми сабий цlыкlуитl дунейм къытехьащ: хъыджэбзрэ (ар хэпщIыкIыу нэхъ сабий пIащэт) щlалэ цlыкlунитlэ дыдэрэ. Ар апхуэдизкlэ цlыкlути,  дунейм къытезыгъэхьа гъунэгъу цlыхубзым сабий цlыкlур и адэм и пыlэм ирилъхьэри хьэку дапхъэм тригъэуват, къэхъуну щымыгугъыххэу. Унагъуэр хъыджэбз цlыкlум щыгуфlыкlырт, арщхьэкIэ къуажэ дохутырым а хъыджэбз цlыкlум ишх дунейм зэрыщымыlэр къажриlащ икlи щlалэм еплъри къыщlигъужащ: «Мы сабийр зыхуей хуэзэмэ, псэунущ». Хъыджэбз цlыкlур зэрыпсэуар махуий къудейщ…
Зауэр къэхъейри куэд дэмыкIыу Хьэмзэт фронтым ираджащ. 1942 гъэм ар Харьков деж хъыбарыншэу щыкlуэдащ. Ди анэшхуэр псэуху пэплъащ, лъыхъуащ абы. Гъунэгъу къуажэхэм лъэсу кlуэрт, и щхьэгъусэм и гъусэу зауэм дашахэм ящыщ зыгуэрым къигъэзэжауэ хъыбар зэхихамэ.
Апхуэдэ лъэужь хьэлъэ куэд къигъэнащ а зауэ гущlэгъуншэм. Езауэхэ къащыщIари абыхэм ящыщ зыт, арщхьэкIэ хъыбарыр гъэщlэгъуэн зыщl зы Iуэхугъуэ хэлъщ абы.
Нанэшхуэр дадэшхуэм и лъэужь лъыхъуэрэ гугъэурэ гъащlэр кlуащ, куэд щIащ ар дунейм зэрехыжрэ. Илъэс тlощlым щlигъуащ ди адэшхуэ Темыркъани зэрымыпсэужрэ, арщхьэкIэ Гугъэр, псори зыщыгугъ Гугъэр, щlэблэм я гум илъащ! Ар и гум илъ зэпытт псэууэ къытхуэна, псоми ди дадэу дыбж Езауэ Темрал Хьэмзэт и къуэми. Къэхъуну зыщымыгугъа сабийм къищIыкIащ щIыпIэр зэрыгушхуэ IэщIагъэлI: Темрал КъБР-м щlыхь зиlэ и егъэджакlуэщ. Сытми, Темрал 2014 гъэм «Кабардино-Балкарская правда» газетым и къыдэкlыгъуэхэм ящыщ зым къриджыкlащ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу фашист концлагерхэм гъэру илlыхьахэм я цIэ-унэцIэхэр. Абы итт уи къурмакъейр уимыгъэбауэу щызыубыдыкl тхыгъэ: «Язавов Камзет Каспотович, 1894 г.р.». Дэ газетым и редакцэм зыщыхуэдгъазэм, Мюльберг къалэм дэта Нойбурксдорф концлагерым и электроннэ адресыр къыдатащ. Хьэмзэт и тхылъым дэлъащ и сурэтыр, и lэпхъуамбэ печатыр, къыщалъхуа гъэр, гъэр щыхъуа илъэсыр, и унагъуэ щытыкlэр. Дэ шэч къытетхьакъым ар ди адэшхуэр арауэ зэрыщытым… Унэцlэхэр, цlэхэр пцlыуэ тха щlэхъуам и щхьэусыгъуэу къыжыпlэ хъунущ гъэрхэм еупщlкlэрэ жэуап къратыр, латиныбзэкlэ, зэрызэхахыу ятхауэ. Ди адэшхуэр 1942 гъэм мэкъуауэгъуэ мазэм Изюм къалэм деж гъэр щыхъуащ, а гъэ дыдэми, щэкIуэгъуэ мазэм и 29-м, дунейм ехыжащ. Спутник связымкlэ тыншу къыпхуолъагъу Хьэмзэт щыщlалъхьа щlыпlэр.
… Унагъуэм теухуауэ итт: «Щхьэгъусэ иlэщ, зы щlалэ - Кемиркан (Темыркъан)»… КъызэрыщIэкIымкIэ, дадэшхуэ дунейм щехыжым ищlакъым и къуэ нэхъыщlэ Темрал зэрыпсэур. Ар цIыкIущэу къалъхуати, щыгугъыххакъым гъащIэ иIэу. АрщхьэкIэ «мылIэр лIы мэхъу», - жыхуаIэрати, Темрал къэхъуащ, щIэныгъи IэщIагъи зригъэгъуэтащ. Тхьэшхуэм иухат адэм и лъэужьым техьэнур, абы и кlуэдыкlам и пэжыпlэр къэзыщIынури Темралу щытыну. Илъэгъуауи имыщIэж и адэм, игъащlэ псокlэ зыхуэныкъуа и адэм и кхъащхьэр пыIэм икIуадэу щыта сабийм къигъуэтыжыну и натIэм къритхат…
Дадэшхуэ теухуа хъыбархэр щаIуатэкIэ, Темрал жиIэрт: «Адэншэ гъащIэр гугъут. Сэ сегупсысыртэкъым унэшхуэ дызэримыIэм, щыгъыныджэу дызэрыщытым - адэ къызэрытщхьэщымытырат си гукъеуэр. Си насыпти, къуэш нэхъыжь сиIэт. Абы фIыуэ ищIэжырт ди адэри, и хъыбархэр къысхуиIуэтэжырт…»
Зауэр къэзыгъэхъейхэм текъутапхъэ губжьыр пхуэмыгъэтlысынщ. Щыlэу къыщlэкlынкъым а шынагъуэр зылъэмыlэса унагъуэ. Ар псоми яхэlэбащ гуауэкlэ: анэхэм я къуэхэр яфlэкlуэдащ, сабийхэм адэхэр, шыпхъухэм дэлъхухэр… Къуажэ хэкlуэдэжахэр, къалэ зэтекъутахэр, тепщэ хъуа мэжэщlалlагъэмрэ щlыlэмрэ - ихъуреягъыр гуауэрэ нэпсрэщ. Цlыху мелуанхэр кlуэцlрыкlащ а зауэ гущlэгъуншэм и курыкупсэм, хьэзабрэ гугъуехь куэдрэ яшэчу, ауэ ахэр хэпсэукlащ а лъэхъэнэ шынагъуэм, бийм текlуащ.
Зи щIыхуэ ттелъ сэлэтхэм я фэеплъыр дывгъэхъумэ. Абыхэм я псэр ятащ ди къэкIуэну дахэм щхьэкIэ.

ДЫЩЭКI Iэсият.

Iуэху еплъыкIэ
Си бзэ, си адыгэбзэ

Анэдэлъхубзэ! Узыгъэгушхуэ псалъэхэр зэрызыхэпщIэр, узыщыщ лъэпкъри, абы и хабзэ дахэри, уи щIыналъэм хууиIэ пыщIэныгъэри къозыгъащIэр анэдэлъхубзэрщ. «Пщэдей си бзэр кIуэдыжынум, СылIэну нобэ сыхьэзырщ», - итхыгъащ дагъыстэн усакIуэшхуэ Гамзатов Расул. И бзэм и закъуэкъым абы и псэм нэхърэ игъэнэхъ лъапIэр. Бзэр Iурымылъыжмэ, кIуэдыжыну и лъэпкъри езым и щхьэм япэ нэхъ ирегъэщ усакIуэм.

Сэ сызэреплъымкIэ, цIыхум фIыгъуэу зэригъэпэщахэм я нэхъ лъапIэщ лIэщIыгъуэкIэрэ къыдэгъуэгурыкIуэ и анэдэлъхубзэр. Ауэ ар зымылъытэ, абы пщIэ хуэзымыщI куэд гъащIэм урохьэлIэ. «Сыадыгэщ» жызыIэ куэд, ди жагъуэ зэрыхъунщи, я анэдэлъхубзэм ирипсэлъэфыркъым. АтIэ сыт зи анэдэлъхубзэкIэ мыпсэлъэфхэм адыгэкIэ дыщIеджэр?
 ЛIэщIыгъуэр зэпызыщIэри бзэращ: ди лъэпкъыр дызэрыгушхуэ хъугъуэфIыгъуэхэр, IэпщIэлъапщIагъэр, хабзэ дахэр ди деж къэзыхьэсар аракъэ! Абы и фIыгъэкIэ дэ дыщыгъуазэщ ди адэжьхэм къадэгъуэгурыкIуа уэрэд, хъыбар, псысэ, таурыхъ хьэлэмэтыщэхэм, тхыдэм къыщыхъуа Iуэхугъуэ инхэм. Ар уасэ зимыIэ къалэну ди бзэм хузэфIэкIащ.
  ЦIыхур дунейм тетыхукIэ, и лъэпкъым пыщIащ: и цIэр фIыкIэ игъэIуми, мыхъумыщIагъэ IэщIэщIэми. «Ар сыт лъэпкъ?» жаIэу щIэупщIэркъэ. Апхуэдэу щыщыткIэ, зыщыщ лъэпкъым и бзэм щхьэ гулъытэ хуищIын хуэмейрэ? Адыгэ хабзэр лIэщIыгъуэ куэд хъуауэ дуней псом щыцIэрыIуэщ. АтIэ ар апхуэдизу щыкъулейкIэ, ди бзэри нэхъ къулеижщ. Хабзэмрэ бзэмрэ къамэм и дзитIу щыщыткIэ, ахэр зымыхъумэжыф лъэпкъым гъащIэ кIыхь иIэнукъым.
 Псоми зэрытщIэщи, урысыбзэр бзэ нэхъ лъэщ дыдэхэм ящыщ зыщ. Пэжщ, ар умыщIэмэ, куэдым ухэнынущ, ар тэмэму зэдгъэщIэну ди къалэнщ, ауэ нэгъуэщIыбзэр зэбгъащIэу уи анэдэлъхубзэр хыфIэбдзэжыныр, абы гулъытэ хуумыщIыныр къуаншагъэшхуэщ. Дэ нэсу зыхэтщIэн хуейщ ди анэдэлъхубзэм и мыхьэнэр. Мыбдежым сигу къэкIыжащ КIыщокъуэ Алим и «Гъуэгу къежьапIэ» усэр. Анэдэлъэхубзэм къылъыса тхьэмыщкIагъэм игъэгузасэурэ езы усакIуэри дунейм ехыжащ, бзэм пыщIа гукъеуэхэр къанэри. Нобэр къыздэсым адыгэбзэр тэмэму «КъалэкIыхьым фIэкIыркъым», дэтхэнэ адыгэ унагъуэми, къуажэ, къалэ уэрамхэми, ар хуиту дэлъу щытамэ, ари фIыгъуэшхуэт. АрщхьэкIэ абыхэми щызэхэпхыр зыхуэдэр къыпхуэмыщIэ бзэ зэхэджащ. Адыгэбзэр зыджыну, зыщIэну хуэмейхэм къагурыIуэу къыщIэкIынкъым, анэдэлъхубзэр Iумпэм зыщIым къызыхэкIа лъэпкъри къыдалъхуахэри зэригъэпудыр.
 Сэ сызэреплъымкIэ, бзэм нэхъ пщIэ щигъуэтынур Iуэху иризэрахьэу, республикэм и IуэхущIапIэ псоми щызекIуэу хъумэщ. Псалъэмакъ гъущэхэмкIэ абы и мыхьэнэр къыпхуэIэтынукъым.
 Адыгэбзэр адыгэ лъэпкъым и лъапсэщ, и гъащIэщ, и псэукIэщ, и псэщ. Ди анэдэлъхубзэр ди гум щыдгъафIэтэмэ, ди лъэпкъым зиузэщI зэпыту зэрекIуэкIынум шэч хэлътэкъым. Сэ сыхуейт къэкIуэну щIэблэр ди бзэр яIурылъу къэхъуну. Ди бзэм и дахагъэр, и къулеягъэр зыщамыгъэгъупщэну.
 «Бзэр псэухукIэщ лъэпкъри зэрыпсэур», - итхауэ щытащ урыс педагогикэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа Ушинский Константин. Апхуэдэу щыщыткIэ, «сыадыгэщ» жызыIэ дэтхэнэ зыми хузэфIэкI илэжьын хуейщ ди бзэмрэ лъэпкъым къыдекIуэкI хабзэ дахэхэмрэ хъумэнымкIэ.

УМАР Адалинэ.

Iуэху зехьэкIэ пэрыт
Унагъуэр быдэмэ, къэралыр лъэщщ

Илъэс 25-м нэсауэ Нарткъалэ дэтщ «Унагъуэмрэ сабийхэмрэ социальнэу ядэIэпыкъунымкIэ республикэ центр» IуэхущIапIэр. Центрыр 1995 гъэм къызэIуахауэ щытащ а лъэхъэнэм Аруан куейм и Iэтащхьэу щыта Бозий Натбий, ЦIыхухэм социальнэу ядэIэпыкъунымкIэ район управленэм и унафэщI Бекъалды Розэ, министр Зумакулов Борис сымэ я жэрдэмкIэ. Мы зэманым центрыр щIэтщ КъБР-м Лэжьыгъэмрэ социальнэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм и нэIэм.

Районми республикэми щыяпэ а центрым и лэжьыгъэр зэтриублэну дзыхь хуащIауэ щытащ егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм фIыщIэ куэд къыщызыхьа лэжьакIуэ IэкIуэлъакIуэ КIуащ Светланэ Нажмудин и пхъум. А цIыху щыпкъэр и пашэу, IуэхущIапIэм лэжьыгъэ куэд зэфIигъэкIащ, и пщэрылъ къалэнхэм пэлъэщу, щытыкIэ гугъум ихуа унагъуэхэм,  сабийхэм защIэгъэкъуэныр игъэнэхъапэу. КIуащым зэтриубла Iуэху зехьэкIэ пэрытыр ипэкIэ егъэкIуатэ, нэхъри зрегъэужь мы зэманым центрым и унафэщI Темрокъуэ Оксанэ. Япэми хуэдэу, IуэхущIапIэр йолэжь унагъуэм и пщIэр жылагъуэм къыщыIэтыным, щытыкIэ гугъум ихуа  сабийхэм, абыхэм я адэ-анэхэм защIэгъэкъуэным.
Центрым и лэжьакIуэ псори къыхащыпыкIам хуэдэу, зэхэщIыкI лъагэ зиIэхэщ,  дэтхэнэ цIыхуми хуэнабдзэгубдзаплъэщ, хуэгуапэщ. IуэхущIапIэр зэфIэувэным я зэфIэкIышхуэ ирахьэлIащ Мысрокъуэ Светланэ, Мер Риммэ, Балъкъыз Оксанэ, ГъуэплъащIэ Юля, Суйдым Маринэ, Iустырхъан ФатIимэ, Шэшэн Люся, Щхьэгъэпсо Кларэ, Къарэ Марие сымэ. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми зыпэрыт IэнатIэр фIыуэ ялъагъуу, я нэIэм щIэт сабийхэми абыхэм я адэ-анэхэми пщIэ къыхуащIу къекIуэкIащ.
Социальнэ унэтIыныгъэм зегъэужьынымкIэ федеральнэ программэ хэхам ипкъ иткIэ, УФ-м Лэжьыгъэмрэ социальнэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм къыхилъхьауэ щыта къэралпсо зэпеуэм жыджэру хэтащ центрыр. Зэхьэзэхуэм и утыкум IуэхущIапIэм ирихьа «Унагъуэ» проектыр ягъэлъэгъуа апхуэдэ программэ нэхъыфIхэм халъытауэ щытащ икIи зэпеуэм и лауреат хъуащ. Нэхъ иужьыIуэкIэ центрыр ягъэуващ УФ-м Лэжьыгъэмрэ социальнэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм къэхутэныгъэхэр щригъэкIуэкI IуэхущIапIэу.
Мы зэманым центрым ди республикэм и райони 5 къызэщIеубыдэ: Лэскэн, Аруан, Шэрэдж, Тэрч, Май щIыналъэхэр. КъызэрызэIуах лъандэрэ къыдекIуэкI Iуэху зехьэкIэ пэрытым тету, IэнатIэм и IэщIагъэлIхэр ноби ядолажьэ щытыкIэ гугъум ихуа унагъуэ минхэм, дэтхэнэми хуэфэщэн гулъытэ хуищIу.

ШЫРЫХЪУ Iэсият.

Поделиться: