ГукъэкIыж

Iуащхьэхэм я щэхухэр

СызэрыцIыкIурэ сэ сыдахьэхырт дыщыпсэу Дзэлыкъуэ къуажэм ихъуреягъкIэ къекIуэкI Iуащхьэхэм. ЦIыкIуми инми апхуэдэ Iуащхьэу 10-м нэблагъэ плъагъурт ди къуажэм удэту. Нэхъыжьхэм къыджаIэрт ахэр пасэ зэманым псэуа цIыху къулейхэм я кхъащхьэу зэрыщытыр. Псом хуэмыдэу сэ сфIэгъэщIэгъуэнт Дзэлыкъуэ и ипщэ лъэныкъуэмкIэ екIуэкI щыгум тет Мамыщ и Iуащхьэ лъагэр. Жыжьэу уплъэмэ, а Iуащхьэм и щыгум иджыри лъагапIэ гуэр иIэу къыпфIэщIырт. Зэгуэрым си адэм сеупщIащ а Iуащхьэм апхуэдэу щIеджэмкIэ, абы иIэ щыгу цIыкIур зищIысымкIэ. «Ар щыгу цIыкIукъым, атIэ Бабыгуей (Сэрмакъ) жылэм щыпсэуа адыгэ абрэдж щэджащэ Мамыщ и кхъащхьэщ. Ар Пушкиным и Дубровскэм хуэдэу, къулейхэм, цIыхухэм яхуэбзаджэхэм япэщIэтащ. Зэгуэрым Мамыщ зэрылIыкIыну уIэгъэр къытехуащ. Абы и ныбжьэгъухэр бийм зыIэрамыгъэхьэну щыщIэпхъуэжым, я пашэри утыку къранакъым. И псэр щыхэкIым Мамыщ абыхэм уэсят яхуищIащ зи щыгум уиту уплъэмэ, и жылэр щыплъагъу Iуащхьэм и хьэдэр щыщIалъхьэну», - къызжиIащ си адэм.
А хъыбарыр си классэгъухэм щахуэсIуэтэжым, зы щIалэ цIыкIум, Борщенкэ Анатолий, жиIэжащ Ашэбей (Малкэ) къуажэм и щIыбкIэ щыIэ Iуащхьэхэр къыщатIэщIым и нэгу щIэкIахэр. Абы щыгъуэм илъэс 12 хъу а щIалэ цIыкIум археологхэм псы яхуишат. Толэ зэрыжиIэжымкIэ, Iуащхьэм щIатIат скифхэм я пащтыхьыр. Ар дыщэ тахътэм тест. Абы ихъуреягъкIэ цIыхубзи 6-м, и щхьэхъуми 6-м, шыхэм я щхьэкъупщхьэхэр щылът. ЩIэныгъэлIхэм ящыщ зым зэрыжиIамкIэ, скифхэм къалъытэрт ахърэтми пщыр и щхьэгъусэхэмрэ щхьэхъумэхэмрэ щахуэныкъуэу.
Си ныбжьэгъу нэхъыжьым къиIуэтэжа хъыбарыр сфIэгъэщIэгъуэн хъуати, абы зи гугъу ищIа Iуащхьэмрэ дыщэ тахътэмрэ зэзгъэлъагъуну си нэ къыхуикIырт. 1936 гъэм и бжьыхьэм 7-нэ классым щIэс еджакIуэхэр Сэрмакъ къуажэм щекIуэкI район зэхыхьэм дашат. Малкэ жылэм дыщыдэкIым Толэ дигъэлъэгъуащ зи гугъу къытхуищIа Iуащхьэр.
ИужькIэ илъэс куэд дэкIауэ журнал гуэрым сыкъещеджауэ щытащ скифхэм я пащтыхь тахътэм теухуа хъыбар кIэщI. Абы и ужькIи ар здэщыIэм сыщIэупщIащ, ауэ а тахътэр здашар зыми къызжиIэфакъым.
1953 гъэм сэ япэу Кремлым сыщыIащ. Абы щыгъуэм Iэщэ зыщIэлъ пэшым и лэжьакIуэхэм къызжаIат скифхэм я пащтыхьым и тахътэр Ленинград щыIэ Эрмитажым щIэлъынкIэ зэрыхъунур.
Гъэхэр кIуэрт, дыщэ тахътэм и щэхухэми гупсэхугъуэ къызатыртэкъым. Ар къызыщIаха Iуащхьэм куэдри сыблэкIащ икIи сытым дежи сегупсысырт абы и тхыдэр нэсу къэхута зэрымыхъум. 60 гъэхэм а Iуащхьэм и щыгум щагъэувауэ щытащ щхьэ зытелъ уэршэрыпIэ екIухэр. Абдежым щысу зыгъэпсэхуакIуэхэм яфIэфIт Кавказ бгыхэр зэпаплъыхьын. ТIысыпIэр зыгъэува ухуакIуэхэр щыгъуазэу къыщIэкIынтэкъым илъэс 40 ипэкIэ Iуащхьэр къызэратIэщIам. Абы къыхэкIыу зыгъэпсэхупIэм и лъабжьэм и зы Iыхьэр илъэс мин бжыгъэ ипэкIэ зэтракIутам, адрейр археологхэм къатIа щIым хуэзащ. Абы къыхэкIыу щысыпIэр лъэныкъуабэ хъури, къэуэжащ.
1986 гъэм и жэпуэгъуэ мазэм Ленинград щызэхуэсат Япэ гвардие армэм и ветеранхэм я советыр. А зэIущIэм сэри срихьэлIат. Дэ дыщыIащ школ, IуэхущIапIэ зыбжанэм, апхуэдэу Эрмитажым. Ветеранхэм я советым и тхьэмадэм и лъэIукIэ цIыху зыбжанэ хуит дащIри, Эрмитажым щахъумэ хьэпшып нэхъ лъапIэ дыдэхэр зыщIэлъ щIыунэм дыщIагъэхьат. Абы щIэт цIыхубзым скифхэм я пащтыхьым и тахътэм теухуауэ сыщеупщIым къызжиIащ, ар Эрмитажым къыщыувам а хьэпшыпыр абы зэрыщымыIэжар, ауэ музейм и лэжьакIуэ нэхъыжьхэм абы и гугъу ящIу куэдрэ зэрызэхихар. Апхуэдэу тахътэм и Iуэхур къызэрекIуэкIар си дежкIэ щэхуу къэнащ.
Iуащхьэ куэдым яхъумэ апхуэдэ щэхухэр. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, абыхэм яIэ мыхьэнэр къагурымыIуэу нэхъыбэр зэхакъутэж.

Полищук  Иван.

ГушыIэ

Хъуэжэ езым
зыкъигъэпцIэжащ

Хъуэжэ зы Iуэху къылъыкъуэкIауэ, пIащIэу и унэ кIуэжырт. Уэрамым щызэхэт цIыху гупым щаблэкIым зыгуэр къеупщIащ:
- СлIожь, Хъуэжэ, уи кIэм мафIэ щIэна, дэнэ апхуэдизу упIащIэу уздэжэр? – жиIэри.
Хъуэжэ и кIэм еплъыжри:
- Хьэуэ, мафIэ лъэпкъ слъагъуркъым, - жиIащ.
- АтIэ, дэнэ уздэжэр? – къеупщIащ аргуэру а зэгуэпыгъуэр.
Хъуэжэ къызэтеувыIащ, лIыр гъунэгъуу зыбгъэдишэри, щэху дыдэу жриIащ:
- Хъурмэ куэд къашауэ къалэжьыщхьэ деж пщIэншэу щат, си хъуржыныжьыр цIыкIуIуэ къысщыхъужауэ, чыматэри къэсщтэну сокIуэж, зыми жумыIэу уи закъуэ къыдэкI, - жиIэри Хъуэжэ и унэм дэлъэдэжащ.
Зы тэлай дэкIауэ, Хъуэжэ щхьэгъубжэмкIэ дэплъри, къилъэгъуащ пэгун, матэ, хъуржын яIыгъыу хъурмэхьэ пхъэра цIыхухэр.
- Уоу, зыхэзгъэкIыжырти пщIэншэу ят хъурмэм, - жиIэри и хъуржыныжьымрэ зы чыматэрэ къищтэри езыри якIэлъыдэжащ бгым.
КъэпцIа цIыхухэр бгыщхьэм щызэрызехьэу тетт, къэзыгъэпцIам лъыхъуэхэу. Япэ зыхуэзауэ щыта лIым Хъуэжэ къызэрилъагъуу къепхъуэри утыкум ирилъэфащ:
- Мис а пцIыр зыгъэIуар, - жиIэри.
- Хэт жысIэу зэхиха, къызэфшалIэ мыдэ! – япигъэуващ Хъуэжэ.
- Сэ щэхуу къызжепIащ, - жиIэри лIы зэгуэпыгъуэр къэуващ.
- Си шыдыр хьэм щишхым щыгъуэ си макъым къызэрикIкIэ сыкIияти, зыми зэхихакъым, иджы уэ зым щэхуу бжесIар сыту псынщIэу къуажэ псом щызэлъащIыса? - жиIэри яхуидакъым Хъуэжэ «пцIы» къытралъхьэу.

КъардэнгъущI  Зырамыку.

ПсынщIэрыпсалъэхэр

Дыгъэ къепсым
сыкъригъэпсри

Мыщэр пэщащэу мыщэхупщейм дэпщейри, нэхущым къепщыхыжащ.

Дыгъэ къепсым сыкъригъэпсри, си нэпсыр ткIуэпс-ткIуэпсу къыщIигъэлъэлъащ...

Мейм мищэ щыпыщэщым щIэщэща пщIащэм мыщэ щопэщащэ.

Бжьахъуэм и пыIэр хуэбыхъущ, бжьахъуэм и вакъэр хуэмыхъущ.

Iэпхъуалъэ фIыцIэ, псырылъэ цIу, псырылъэ фIыцIэ, Iэпхъуалъэ цIу.

Ди пщIэгъуалэжьыр кIагуэ пэхущ, кIапэ хужьщ, кIэмажьэкIэщ, псы кIэнтхъ ифщ, псыIуфэрыхъущ.

Жьэгум дэлъ яжьэ жьэражьэм лIыжь жьакIэхум кхъужь мыхъу пэрихъумащ.

Абы лъандэрэ
селъэIужыркъым…

Хъыбар

Си шынэхъыжь Мухьэрбий, дэнэ мыкIуэми, зэи сыздишэртэкъым. «Уэ иджыри уцIыкIущ, кIуэжи пщIантIэм дэс», - жиIэрти сыкърихужьэжырт. «НтIэ, сэ апхуэдэу сыцIыкIу, - жысIэрт сигукIэ. – Илъэс пщыкIутI сыхъуркъэ! И гугъэм, уэлэхьи, езыр лIы хьэзыру! ИлъэсиплI къудейкъэ сэ нэхърэ зэрынэхъыжьыр? НтIэ ар куэд?»
Зы махуэ гуэрым, «псым сокIуэ» жеIэри, докI. Сэ мурад сощI ар здэкIуэр зэзгъэщIэну. Щэхуу сыкIэлъыкIуэурэ, соплъакIуэ. Сыт пцIы щIиупсар? Уэлэхьи, Хьэрунхэ я хадапхэм зэрынэсу, кIарц щIагъым щIэтIысхьауэ, адэкIи-мыдэкIи лъэмбытI имычауэ, щысым.
Сэ, зызудыгъуауэ, псыхъуэм сыдэсщ, мыбы ищIэр зэзмыгъэлъагъумэ, жысIэу. Еуэ сыщысщ, еуэ сыщысщ. Си щхьэр къэсIэтурэ соплъэ. Солъагъу зигъэлIу Мухьэрбий тутын зэрефэр. Iугъуэр дрегъэхуейри, Хьэрунхэ я шыгъуэгу хадэм хэлъ куэбжэ цIыкIумкIэ маплъэ, и нэр тедияуэ.
Сыт а куэбжэ цIыкIум абы къыкIэригъуэтар? Сэ абыкIэ Iэджэрэ псыхъуэм сокIуэри, Iусхыху сыкъегъэгубжь: сыт хуэдэу ину кIыргърэ ар! НтIэ, лIо абыкIэ щIэплъэр Мухьэрбий?
Зыкъомрэ сыщысауэ, куэбжэ цIыкIум и кIыргъ макъ къоIу. Си щхьэр къызоIэтри, абыкIэ соплъэ. Хэт абы къыдэкIар? Уэлэхьи, месым, ХьэIишэтым. Нышэдибэ щыгъа и плIэ хужьри щыгъщ.
Мухьэрбий тутыныр хыфIедзэри, къызэфIоувэ, и гъуэншэджым йосэбауэ, и щхьэцыр ежьри, кIарц жыгымкIэ къакIуэ ХьэIишэт и дежкIэ плъэуэ мэувыж. ХьэIишэт абы хуэмурэ къыбгъэдохьэ, зэм и щхьэр ирихьэхыу, зэми лъэныкъуэкIэ плъэуэ. Мухьэрбий и деж къызэрысу, къоувыIэри и Iэр къыхуеший. Мухьэрбий ХьэIишэт и Iэр зытIэкIурэ иIыгъщ, итIанэ ахэр зэбгъурыту йожьэ. Хуэмурэ макIуэ, я щхьэхэр егъэзыхауэ. Сэ апхуэдэу си щхьэр щезгъэзыхыр зыгуэркIэ сыкъуэншауэ мамэ къыщызэшхыдэм дежщ.
НтIэ хэт мо тIум иджыпсту ешхыдар: уэлэхьи, зы цIыхум къамылъагъу, сэ фIэкIа. Сэ зэрыслъагъури ямыщIэххэ. МакIуэ а тIур апхуэдэу, зэм я блыпкъ зэIусэу, зэми нэхъ зэпэжыжьэ хъууэ. Сэри, си нэр ятенауэ, сакIэлъоплъ, псыхъуэм сыдэту. СакIэлъыкIуэнути – сошынэ: Мухьэрбий сыкъилъагъумэ, узыгъуэ къизитынущ. ИтIани, схуэмышэчу, хуэмурэ а тIум сакIэлъокIуатэ. ХьэIишэт къызоплъэкI – сэ занщIэу щIым зыхызодзэ. Сыкъэгузэващи, си гур, «тIыркъ-тIыркъ» жиIэу, зэкIэлъигъэпIащIэу къоуэ.
ИгъащIэм сыщышынэу щытакъым ХьэIишэт. Сытым хуэдэу фIыуэ сыкъилъагъурэ абы! Сызыбгъэдешэри къысщогуфIыкI, кIэнфет е пыченэ къызимыту зэи къигъанэркъым. Сыт-тIэ иджы абы сыкъилъагъункIэ сыщIэшынэр? Уэлэхьи, сымыщIэ. Моуэ зы щэху гуэр дэсщIэ хъуа хуэдэу къысфIощI. Сыт щэху? Мес, зыри къэхъуакъым, Мухьэрбийрэ абырэ зэбгъурыту макIуэ.
Асыхьэтым Мухьэрбий зыкърегъэзэкIри, псынщIэу си дежкIэ къеунэтI. Сэ апхуэдизкIэ сыгужьеящи, зытIэкIурэ си пIэм сижыхьауэ сыщытщ. ИтIанэ зызочри – хухуху-апщий! – сыщIопхъуэж. АрщхьэкIэ куэд уигъэкIунт си къуэш лъакъуэ кIыхьым! Си пщафэр еубыд, зы дыдж гуэр ишха хуэдэ, и нэкIур зэхуешэри, и нитIыр къыстриубыдауэ, къызоплъ.
- ЛIо узыхуейр?! СутIыпщ, зо! - сокIий сэ, Мухьэрбий къызэуэнкIэ сышынэу.
- Мы-хьэ-нэн-шэ! - абы фIэкIэ къызжимыIэу, къызоIунщI, сыкъыIуедзри егъэзэж.
Зы Iуэху мыхъумыщIэ гуэр зэрызлэжьар къызгуроIуэжри, сызэмыплъэкIыу, сокIуэж ди унэ…
Абы лъандэрэ Мухьэрбий зэи селъэIужыркъым, «уздэкIуэм сыздэшэ», жысIэу.

Къагъырмэс  Борис.

Иуан Владимир

* * *
ЖумыIэфу а уи гущIэм
Щыбохъумэ гухэлъ гуэр,
Гурэ гурэ щызэрыщIэм,
Щхьэ епхьэхрэ къызэплъ нэр.

ЖыIэ, жыIэ сыт къэхъуами
СедэIуэну сыхьэзырщ.
Адэ жыжьэу щIэпхъумари
КъэзыщIэну хуейр сэ зырщ.

* * *
Зэхызох жаIэу: докI зэмани
И гуауэр цIыхум щогъупщэж.
УIэгъэ пэтрэ, лъэужь къанэу,
ЗдэкIуар умыщIэу хогъуэщэж.
А псалъэр пэжу сыщыгугъыу
Си фIэщ щыхъуам ар – сыщыуащ.
Ауэ а лажьэр пщигъэгъупщэу,
НэгъуэщI къыплъымысым уунащ.

* * *
Дэ къытщохъу нэгъуэщIым лъысыр
Нэхъ IыхьэфIу, нэхъ гунэсу.
Тхуэфэщэжыр къыщытлъысым
Къохъур куэдрэ зыдгъэгусэу.
Сыти жыIэ, сыти лэжь,
Къылъосыжыр щхьэж къилэжь.

* * *
ГъэщIэгъуэнщ цIыху хьэлыр,
Зэрыщытыр имыщIэжу,
ФIэбылымщ нэгъуэщIыр,
Игъэсэну хуожьэ псори,
Езым зимыщIэжу.
ЗыкъищIэжым, зеущэхури,
ЗегъэIу нэхъ къабзэжу.

 

 

Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ
Поделиться: