Ди щIалэгъуалэр Къэрэшей-Шэрджэсым щыхьэщIащАдыгэ лъэпкъым къытхэкIа цIыхушхуэ, жылагъуэ ущиякIуэ, Урысей Федерацэм юстицэмкIэ и министру щыта Къалмыкъ Юрэ Хьэмзэт и къуэр псэужатэмэ, мы гъэм илъэс 85-рэ ирикъунут. Дунейпсо Адыгэ Хасэм ищIа унафэм ипкъ иткIэ, 2019 гъэм адыгэ щыпсэу республикэхэм ар щагъэлъапIэ. Ди республикэм жыджэру щылажьэ «Черкесский Ренессанс» жылагъуэ зэгухьэныгъэми абы ехьэлIа Iуэху дахэ иджыблагъэ къызэригъэпэщат - КъБР-м щыщ сабийхэр Къалмыкъ Юрэ къыщалъхуа республикэм зыплъыхьакIуэ ишащ. Къыхэгъэщыпхъэщ мы Iуэхум хэта ныбжьыщIэхэр гъэ еджэгъуэм къриубыдэу ди щIыналъэм адыгэбзэкIэ щекIуэкIа зэпеуэ зыбжанэм пашэ щыхъуахэу зэрыщытыр. Абыхэм яхэтт КъБР-м и Парламентым и ЩIалэгъуалэ палатэмрэ КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэмрэ я IуэхухэмкIэ и министерствэмрэ зэгъусэу адыгэбзэкIэ ирагъэкIуэкIа зэдауэхэм щытекIуахэмрэ ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэм иригъэкIуэкIа «Джэгурэш», «Адыгэ ныбжьыщIэ театр» зэпеуэхэм бжьыпэр щызыубыдахэмрэ. ЕджакIуэхэм апхуэдэу ящIыгъут зэпеуэм хэтыным хуэзыгъэхьэзыра я егъэджакIуэхэри.
Поделиться:
Читать также:
19.04.2024 - 17:44 →
ЩIэблэ къабзэ къытщIохъуэ
15.04.2024 - 14:52 →
Агуий и Iэхэлъахэм
15.04.2024 - 12:10 →
Гагарин и гуфIэкIэ
11.04.2024 - 09:30 →
УнафэщIхэмрэ IэнатIэ лъыхъуэхэмрэ зэрощIэ
10.04.2024 - 11:00 →
Дисанэ и ехъулIэныгъэ
|