Адыгэр дэнэ щымыIэми, зекIуэныр къыщохьэ

«Ford Epic Israel» зи фIэщыгъэ дунейпсо лъакъуэрыгъажэ зэхьэзэхуэм мы гъэм Израилым щыпсэу адыгэ щIалэ 16 хэтащ.

Мы зэныкъуэкъур илъэс къэс хамэ къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм щокIуэкI - Иджы ар Израилым къылъысащ. ­Лъакъуэрыгъажэм тесхэм къыщажыхьащ Иерусалим - цIыхубэм лъапIэу ­ялъытэ щIыпIэхэм я Iуащхьэм. Абы цIыху 200-м щIигъу щызэныкъуэкъуащ, тIурытIу загуэшурэ щызэпеуащ.
Ди адыгэ лIыхъужьхэм абы зыкъы­щагъэлъэгъуащ жыджэру, лъэрызехьэу. Махуищым къриубыдэу километр 250-рэ хуэдиз къызэпачащ абыхэм, метр 500 зи лъагагъ щIыпIэм къыщежьэри, лъа­къуэрыгъажэкIэ къехащ.
А зэныкъуэкъум хэта адыгэ щIалэхэу япэу къэсыжахэщ Щэджащэ Сэусэррэ Щэуджэн Мусэрэ.

Iэпщэ Рустам. Кфар-Камэ, Израиль
Поделиться: