Электрокъарур зыдыгъухэм тралъхьэ тезырыр ягъэткIиящ

Къэралым унафэ ткIий къыщыдэкIащ электросетхэмрэ хуабэр зрикIуэ сетхэмрэ хуит ямыщIауэ къагъэсэбэпу етIуанэу яубыдахэм яхуэгъэзауэ. Апхуэдэхэм тралъхьэ тезырыр мэкъуауэгъуэм и 9-м къыщыщIэдзауэ хуэдищкIэ нэхъыбэ ящIащ. Иджыпсту апхуэдэ хабзэншагъэ зылэжьа цIыхухэм сом мини 10-кIэ, IуэхущIапIэхэм сом мини 100-кIэ йотхьэкъу.

ИщхьэкIэ къыщыдгъэлъэгъуа къуаншагъэр къытрагъэзэжу ялэжьауэ яубыд цIыхухэм сом мин 15-м къыщегъэжьауэ сом мин 30-кIэ, IуэхущIапIэхэм сом мин 200-м къыщегъэжьауэ сом мин 300-м нэсыхукIэ етхьэкъунущ. Мыбдеж къэгъэлъэгъуапхъэщ къуаншагъэ зыбгъэдэлъ къулыкъущIэхэр илъэситIым щегъэжьауэ илъэсищкIэ лэжьэну хуимыту я къулыкъум трагъэкI, апхуэдэу сом мин 80-м къыщегъэжьауэ сом мин 200-м нэсыхукIэ етхьэкъу зэрыхъунур. Мы законыр къыщащтэм Къэрал Думэм и депутатхэм ящыщ языныкъуэхэм къыхалъхьауэ щытащ электрокъарур зыдыгъухэр илъэсихым нэскIэ ягъэтIысыну. Ауэ ЭнергетикэмкIэ и министерствэм ядиIыгъакъым.
ИщхьэкIэ къыщыдгъэлъэгъуа хабзэншагъэхэр нэхъыбэу щалэжьыр цIыхухэм я щIапIэхэмрэ жыг хадэхэр зыгъэкI зэгухьэныгъэхэмрэщ. Фэтэр куэд зыхэт унэхэм щадыгъу электрокъарур зэрыщыту унэм къекIуалIэ энергиер къэзыбж Iэмэпсымэм къредзэ икIи ар фэтэр псоми ятегуэшауэ япшынын хуей мэхъу.

Поделиться: