МЭРЕМ ПШЫХЬ

Псалъэ Iущхэр
Данэр лъапэкIэ зэрехуэ

Мыщхьэх дахащIэщ.
Хуэмыху и Iуэху блэкIыркъым.
Набдзэ ищI фIэщIурэ нэр ирищIащ.
Хыумылъхьэ къыхэпхыжыркъым.
Хъуэжэ лIыщIэ къищтэри, лIыщIакIуэ ежьэжащ.
Iэмбатищэ нэхърэ - зы гъущагъэ.
Гуащэрэ пэт, къаз деху.
Лэгъупыр нэкIэ къегъавэ.
Насыпыр щагуэшым дурэшым дэсащ.
Данэр лъапэкIэ зэрехуэ.
Щынащхьэ плъагъумэ - гъэмахуэщи, Iэтащхьэ плъагъумэ - щIымахуэщ.
Iэтэр Iэмбатэ щхьэкIэ мэфыж.
Хьэмтетыгъуэ гъаблэ щыIэкъым.
Джатэрыпщ нэхърэ пщы Iущабэ.
Жылэм я мыгъуэ я гъуощ.
Уэркъым и жьэ и щIопщщ, ипщ хуэдэр и джатэщ.
Зи вакъэ зэврэ зи гъавэ мащIэрэ.
И дзыгъуэ лъынэ къокI.
Насыпыншэм, махъшэм тесми, хьэ къодзакъэ.
Уаерэ пщаерэ куэд якIуркъым.
Уэрэдус пщыпсэIухщ.
Дыгъужьыр бгъашхэ пэтми, мэзымкIэ маплъэ.
Къигъэ нэхърэ игъыкI.
ЛIыгъэ щIапIэ лIы икIуадэркъым.
МафIэм сахуэ ещIри, дзэм шхахуэ ищIыркъым.

Адыгэ бзылъхугъэ цIэрыIуэхэр
Шарлоттэ ХьэIишэт - Аиссе

XVIII лIэщIыгъуэм Франджым цIэрыIуэ щыхъуащ ди лъэпкъэгъу бзылъхугъэ, франджы литературэм и классик, дипломат граф Шарль де Ферриоль пхъу ищIауэ щыта Шарлоттэ ХьэIишэт - Аиссе.
Хэт хъуну-тIэ ХьэIишэт? Дауэ ар Франджым къызэрыщыхутар?
Илъэс 250-рэ лъандэрэ абы и творчествэм тхакIуэу, критикыу, литературоведу тетхыхьыжар мащIэкъым. Адыгэ цIыхубз телъыджэм траухуащ романхэр, повестхэр, пьесэхэр, рассказхэр.
ХьэIишэт 1698 гъэм ливр 1500-кIэ Истамбыл бэзэрым къыщащэхури, унагъуэ хуэщIам къыщыхъуат. Езыр егъэлеяуэ дахэт, зэкIужт, гуакIуэт, псэм дыхьэм хуэдэщ жыхуаIэт. Абы теухуауэ Сент-Бев мыпхуэдэу итхыжащ: «Азие бэзэрым къраша а адыгэ цIыхубзыр Франджым къыщIашар бзылъхугъэм и щIыхьымрэ абы и къабзагъэмрэ зыхуэдэн хуейр ягъэлъэгъуэну арагъэнт». Куэд къигъэщIакъым ХьэIишэт. 1733 гъэм и ныбжьыр илъэс 39-м иту дунейм ехыжащ.
 ХьэIишэт и дэтхэнэ зы псалъэри пшынэм хуэдэу игъэбзэрабзэрт, шэрыуэу, гупсысэ дахэ щIэлъу. ХьэIишэт и Iэрытххэр псалъэ хэIэтыкIахэмкIэ кудакъым, къызэрыгуэкIщ, ауэ ахэр шэрыуэу къыхэха, убзыхуа, шэщIа хъуащи, уатхьэкъу.
ХьэIишэт и зэманым псэуа Вольтер икъукIэ фIэтелъыджэт а адыгэ цIыхубзым и IэкIуэлъакIуагъыр, и бзэм и дахагъыр, и гупсысэхэм я куууагъыр. Вольтер ХьэIишэт и тхыгъэхэр щIиджыкIа нэужь, итхыгъащ: «Куэд щIакъым мадемуазель ХьэIишэт и письмохэм я том псо зэрыщIэзджыкIрэ… Ахэр къызэрыгуэкI письмокъым. Пщащэм къыгуроIуэ фIыри Iейри, къэзыухъуреихь псори. Езыр икъукIэ гуапэщ, гущIэгъулыщ». Адыгэ цIыхубз телъыджэм и зэфIэкIым тетхыхьар франджыхэм я закъуэкъым. Къапщтэмэ, Инджылызым и тхакIуэ нэхъ цIэрыIуэхэм ящыщ Кемпбелл Прейд романышхуэ итхат абы теухуауэ.
КъищынэмыщIауэ, драматург цIэрыIуэ Щхьэплъокъуэ Хьисэ и «ХьэIишэт» пьесэм къытращIыкIри, 1980 гъэм спектакль Мейкъуапэ театрым щагъэувауэ щытащ. Роман псо абы триухуащ АР-м, КъБР-м, КъШР-м я цIыхубэ тхакIуэ МэшбащIэ Исхьэкъи. Лъэпкъым и набдзэщ, зыхужаIэхэм ящыщщ ХьэIишэт, Франджым щыпсэуами, къэзылъхуар адыгэ анэщ.

Дохъушокъуэ Синэ.

Хабзэм щыщщ
Насыпыр фызым къыдокIуэ

«Жылэм ягъэпуда лIыр фызыфIым къыдехыжри, фызым игъэпуда лIыр жылэми къахудэхыжыркъым», - жеIэ нэхъыжьыфIхэм къытхуагъэна псалъэжьым. НэгъуэщI псалъэжь купщIафIэхэри щыIэщ: «Бжэгъу закъуэ хэси фызыфIым уигъэунэнщ». «ФызыфI и Iэнэ хьэзырщ». «ЛIым и узыншагъэр фызым и фIыгъэщ». «Насыпыр фызым къыдокIуэ». «Унэр зыгъэунэри, благъэр зыгъэблагъэри фызырщ».
Мыбыхэм наIуэ къащI унагъуэр зэгурыIуэ-зэдэIуэжу, хабзэрэ нэмысрэ я жьэгу дэлъу псэуфын папщIэ унэгуащэм куэд дыдэ зэрелъытар. ЛIэщIыгъуэкIэрэ ямыгъэунэхуауэ жаIакъым «Бзылъхугъэр унагъуэм и шхэпсщ, лъэпкъым и къуэпсщ» псалъэ Iущхэр. АтIэ сыт хуэдэу унэгуащэр зэрыщытыпхъэр?!
ЦIыхубзыр сыт щыгъуи нэхъ тэмакъкIыхьу, шыIэныгъэ хэлъу, хуэгъэкIуатэ ищIэу щытыпхъэщ. Абы къикIыркъым и щхьэр зыгуэркIэ игъэпудыжу. ЦIыхубзым и бзэ IэфIагъымкIэ, и гуапагъэмкIэ езыр зыхуей псор лIым иригъэщIэфу щытын хуейщ. Пэжщ, абы папщIэ Iуэхум акъыл хэлъу бгъэдыхьапхъэщ. ИувыкIыу макъ IэтакIэ цIыхухъум пэувыжыныр бзылъхугъэ щэнкъым, атIэ и щхьэр зэригъэпудыж хьэл мыхъумыщIэщ.
Сыт хуэдэ Iуэху имылэжьми, дэнэкIэ зимыгъазэми, бзылъхугъэ щхьэгъусэм дахагъэр, къабзагъэр, гуакIуагъэр къебэкIыу щытыпхъэщ. Зэи мыубзэщхъужу цIыхубзым бгъэдэлъ Iэщэр и бзылъхугъэ щэнырщ. Фызыр абы кIэлъымыплъыж щыхъукIэ, ар унагъуэ зэтекъутэм и япэ лъэбакъуэщ.
ЗэщхьэгъуситIым я зэхущытыкIэхэр, я тIасхъапIэ-быдапIэхэр цIыхубзым утыку ищI хабзэкъым. ЦIыхухъум апхуэдэу ищIэмэ, ар емыкIу дыдэщ. Зэдэпсэун щыщIадзагъащIэм щегъэжьауэ зэщхьэгъуситIым яку дэлъ пэжыгъэрщ абыхэм пщIэрэ щIыхьрэ зэрызэхуащI гъащIэ гъуэмылэу ягъуэ-тыжынури.
Фызыр тхьэусыхэреймэ, унагъуэр гугъусыгъум хэкIыркъым. ЗэщхьэгъуситIыр зэгурыIуэмэ, Iуэху гуэша унагъуэм щызэдаIэкъым. Адыгэ нысэр и гуащэ-тхьэмадэ, нэхъыжь е хамэ щыту и бын едэхэщIэныр е ехъурджэуэныр къекIуркъым, апхуэдэщ абыхэм я пащхьэ и щхьэгъусэм щепсэлъэнри. Унэгуащэм щхьэгъусэм и дэтхэнэ Iуэхури диIыгъыу, абы и щIэгъэкъуэну, жыпIэнурамэ, гъащIэ гъуэгу баш хуэхъуфу щытыпхъэщ.
ЗэщхьэгъуситIым нэхъ зэгъунэгъу дунейм теткъым, и нэчыхьым хуэпэжыныр къызэрымыкIуэ хабзэфIщ, унагъуэ, лъэпкъгъэдахэщ, я пщIэри лъагэу еIэт.
Фызыр лIым дэтIысу шхэныр хабзэу щытакъым. АбыкIэ бзылъхугъэр ягъэикIэу аратэкъым, атIэ фIы псори зыхуагъэфащэ цIыхур и жьэ иущIу, зыгуэрым едзакъэу, жьэгъуашхэу ялъагъуну хуейтэкъыми аращ.
Щхьэгъусэр къызэрыкIуэжынур зыщIэ бзылъхугъэр абы мыгъуэлъыжу ежьэмэ, гуапагъэщ, нэмысщ, пщIэ зэхуэщIынщ къикIыр.

Шэрджэс Алий.

ГъэщIэгъуэнщ
ХьэщIэхэмрэ лъагъуныгъэмрэ

Бзылъхугъэр куэбжэпэм къыдэкIауэ лIыжь жьакIэхуищ къилъэгъуащ.
- ФызмыцIыхуми фыгъуэгурыкIуэщ, фыкъэмэжэлIа хъунщ, фыкъеблагъэ, фезгъэдзэкъэнщ, - захуигъэзащ абыхэм бзылъхугъэм.
- Уи щхьэгъусэр щIэс? - щIэупщIащ лIыжьхэр.
- Хьэуэ.
- Абы щыгъуэм дыныщIыхьэнкъым.
ЦIыхубзым и щхьэгъусэр пщыхьэщхьэм къекIуэлIэжа нэужь, махуэм къэхъуар хуиIуэтэжащ.
- КIуэи иджыри абдеж щытыжу щытмэ, сызэрыщIэсыр яжеIи къегъэблагъэ, - жиIащ лIым.
Бзылъхугъэр къыдэкIри, щыри иригъэблэгъащ.
- Дэ псори дызэгъусэу фи унэм дыныщIыхьэфынукъым, - жаIащ дадэ жьакIэхухэм.
- Ар сыт щхьэкIэ?
Зыр къопсалъэри жеIэ:
- Мобы и цIэр Беижьщ, адрейм зэреджэр ЕхъулIэныгъэщ, сэ сы - Лъагъуныгъэщ. Иджы кIуэи щIыхьэжи, уи щхьэгъусэм ечэнджэщ дэ тщыщу фи унагъуэм нихьэну фызыхуеимкIэ.
ЦIыхубзыр щIыхьэжри и лIым жриIэжащ.
- Сыту фIыт, - жиIащ щIалэм. - Дыхэдэн хуей щыхъуакIэ, Беижьыр къедгъэблэгъэнщи, дызыхущыщIэ щымыIэу дыпсэунщ.
Бзылъхугъэм ар идэркъым:
 - ЕхъулIэныгъэр къедгъэблагъэмэ, нэхъыфIу соплъ!
А псалъэмакъыр зэхэзыха пщащэр и пэшым къыщIэкIри, и адэ-анэм захуигъэзащ:
- Лъагъуныгъэр къыщIэдгъэхьэмэ, зэгурыIуэ-зэдэIуэжу, дызэхуэгумащIэу дызэдэпсэунтэкъэ?!
- Пэжщ, ди хъыджэбзым жиIэр, - пиупщIащ лIым. - КIуэи Лъагъуныгъэр ди деж щыпсэуну къегъэблагъэ.
Бзылъхугъэр куэбжэпэм къыдэкIри:
- Дэтхэнэра Лъагъуныгъэр? Аращ едгъэблэгъэну дызэрызэгурыIуар.
Лъагъуныгъэр къыщытэджым, адрей лIыжьитIри къыбгъурыувауэ къокIуэ.
Ар зыгъэщIагъуэ цIыхубзыр щIэупщIащ:
- Щыри зэгъусэу зыщIыпIи фыщIэмыхьэу жыфIащ, иджы сыт къэхъуар?
ЛIыжьхэм ящыщ зым жеIэ:
- Фэ Беижьыр е ЕхъулIэныгъэр евгъэблэгъауэ щытамэ, тIур уэрамым дыкъыдэнэнут, Лъагъуныгъэращ фи унагъуэ ихьэну зыхуэвгъэфэщари - дэ ар зэи тпэIэщIэ тщIыркъым, дригъусэщ.
Лъагъуныгъэ здэщыIэм къулеигъэри ехъулIэныгъэри щыIэщ.

Къэбарт Мирэ.

Ар пэжщ
Ныбжьым емылъытауэ

Илъэси 8 фIэкIа щымыхъум Моцарт итхат и япэ сонатэхэмрэ симфониехэмрэ…

* * *

И ныбжьыр илъэс 17-м щитым Жанна д,Арк Орлеан хуит къэзыщIыжа дзэм и Iэтащхьэу щытащ …

* * *

«Руслан и Людмила» поэмэр тхыным и ужь щихьам Пушкиным и ныбжьыр зэрыхъур илъэс 18 къудейт…

* * *

Рахманиновым илъэс 19 хъууэ зэхилъхьауэ щытащ «Алеко» оперэр…

* * *

Канар хытIыгухэм къэхутэныгъэ щыщригъэкIуэкIым Миклухо-Маклай зэрыхъур илъэс 20-т…

* * *

Васко да Гама и ныбжьыр илъэс 29-рэ щыхъум Индием кIуэ псыщхьэ гъуэгур къызэIуихауэ щытащ…

* * *

Поповым и ныбжьыр илъэс 39-м иту радиор къигупсысащ…

* * *

Сервантес и «Дон-Кихот» романыр щитхам илъэс 58-рэ и ныбжьт.

Iущыгъэ
Щхьэмрэ щхъухьымрэ

Китайм щыщ унагъуэ гуэрым нысэ цIыкIу къахыхьащ. НысащIэм щхьэгъусэр и псэт, ауэ и гуащэм езэгъыртэкъым. Абы и чэнджэщхэмрэ и унафэхэмрэ хъыджэбзым хуэмышэчыж щыхъум, хэкIыпIэ къигупсысащ. Удз хущхъуэхэмрэ щхъухьхэмрэ зыщэ, и адэм и ныбжьэгъу лIым деж лъэIуакIуэ кIуащ.
- Ярэби, си гуащэм сезэгъыркъыми, сэбэп укъысхуэмыхъуфыну пIэрэ?
- Сэ сыткIэ сэбэп сыпхуэхъун?
-  Мы зэхэплъхьэ хущхъуэхэмрэ щхъухьхэмрэ ящыщ зыгуэрым цIыху зыгъэлIэн гын къысхухэпщIыкIмэ хъуркъэ? И уасэр сыщымысщхьу уэстынщ.
Удз зыхэзылъхьэ лIыр зыкъомрэ гупсыса нэужь жиIащ:
- Хъунщ, пхузэхэслъхьэнщ сэ уэ сэбэп пхуэхъун щхъухь. Ауэ IуэхугъуитIкIэ арэзы укъыздэмыхъуу хъунукъым.
- ЖыIэ, сыбдэхъунщ арэзы.
- Япэрауэ, уи гуащэр занщIэу зыгъэлIэн гын уэст хъунукъым, узэрыкъуаншэр къащIэнущи. Абы и къарур хуэм-хуэмурэ щIэзыхын пхузэхэслъхьэнщи, зы цIыхуми игу къэкIынкъым, гуащэр уэ пIэщIэкIуэдауэ. ЕтIуанэрауэ, зы шэч къыпхуамыщIын щхьэкIэ, нобэ щыщIэдзауэ уи нэмыплъыр зыхэни, уи гуащэм Iэщабэ-Iущабэу хущыт, пщIэ хуэщI, жиIэр тIу умыщI. Апхуэдэу ущытмэ, си Iуэхущ ар зэрыбукIар зы цIыхум къищIэмэ.
НысащIэр арэзы хъури, лIым хузэхилъхьа удзыр къыIихащ, ар и гуащэм и шхыным мащIэ-мащIэурэ хилъхьэу хуежьащ. ЛIым къыжриIар ищIэжырти, гуащэм хуэнабдзэгубдзаплъэт, Iуэху къытригъэхьэлъэртэкъым, хуэгумащIэт. Апхуэдэ нысэ Iэдэбым Iей зыхуищIынт гуащэми - гурэ псэкIэ фIыуэ илъэгъуащ и нысэр. КъищынэмыщIауэ, апхуэдизкIэ игу къыдыхьэрти, псоми яжриIэрт пщащэм я нэхъыфIыр къызэрыIэрыхьар. Илъэс ныкъуэ дэкIа нэужь, гуащэмрэ нысэмрэ анэрэ пхъурэ хуэдэу зэхуэхъуат, я псэр зы чысэм илът, зэхуэгумащIэт.
Зы махуэ гуэрым нысэр пIащIэу удз къезыта лIым и деж кIуэри, елъэIуащ:
- КхъыIэ, а гын къызэптам къысхуегъэл си гуащэр. Сэ сыхуейкъым ар лIэну, абы нэхърэ нэхъ цIыхуфI дунейм теткъым.
ЛIыр къэпсалъэри жиIащ:
- Умыгузавэ, хъыджэбз, сэ ар зыгъэлIэн щхъухь уэстакъым, ар шхынхэлъхьэ къудейуэ арат, ерыскъыр игъэIэфIу. Щхъухьыр зэрылъыр уи щхьэрати, уэ езым зыкъебгъэлыжащ абы.

ЗэзыдзэкIар Къэбарт Мирэщ.

ФщIэн папщIэ
Нарыр хущхъуэщ

Нарыр Азербайджаным, Афганистаным, Азие Курытым, Абхъазым, нэгъуэщI щIыпIэ зыбжанэми къыщыкI жыг цIыкIущ. КъыпыкIэр тIамым (апельсиным) ещхьу хъурейщ, хуэдизи мэхъу, ауэ плъыжьщ. Нарыр хущхъуэшхуэу къыщалъытэ щIыпIэ куэдым. Псом хуэмыдэу ар сэбэп яхуохъу зи лъатэр, кIэтIийхэр узхэм, зи лъыр мащIэ хъуахэм. И кIуэцIым илъым и мызакъуэу, и фэри фIыщ. Ар цIыкIу-цIыкIуу фупщIатэ, кIэструл лам ифлъхьэ, псы къэкъуалъэ щIэфкIэ, дакъикъэ 15 хуэдизкIэ мафIэр ешэхауэ вгъавэ. УпщIыIуа нэужь махуэм щэ-плIэ бжэмышхышхуэкIэ фефэ. Фи лъыр мащIэмэ, нарыпс стэкан ныкъуэ-ныкъуэу махуитIым фефэмэ, сэбэп къыфхуэхъун хуейщ.

Эрмитаж

Дуней псом къыщацIыху Эрмитаж музейм щIэлъхэм уеплъыным ихьыр зы махуэкъым икIи тхьэмахуэкъым. КъызэрабжымкIэ, пасэ зэманхэм къагъэсэбэпу щыта хьэпшыпу, сурэту, щэнхабзэм, гъуазджэм я лэжьакIуэхэм я IэдакъэщIэкIыу абы щызэхуэхьэса мелуани 3-м уеплъын щхьэкIэ, километр 24-рэ къызэхэпкIухьын хуейщ. Эрмитажыр щылажьэ ЩIымахуэ Уардэунэр 1732 - 135 гъэхэм архитектор Растрелли Франческэ иухуащ. Уардэунэм и инагъыр мыпхуэдэ бжыгъэхэм къагъэлъагъуэ: метр зэбгъузэнатIэ мин 46-рэ зыубыд пэш миным щIигъу щIэтщ; щхьэгъубжэ мини 2 хэлъщ; бжэхэр 1800-рэ мэхъу; дэкIуеипIи 120-рэ иIэщ; унэм къекIуэкI карнизыр километри 2 мэхъу.

НапэкIуэцIыр зыгъэхьэзырар НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэщ.
Поделиться:

Читать также:

29.03.2024 - 12:46 НОБЭ
27.03.2024 - 15:00 НОБЭ
26.03.2024 - 08:01 НОБЭ
25.03.2024 - 12:07 НОБЭ