Бахъсэн щIыналъэ Япэ игъэщыпхъэхэр

ЩIыпIэ самоуправленэмкIэ советым и 30-нэ сессием и лэжьыгъэм хэтащ щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэ Балъкъыз Артур, районым и прокурор Башорэ Аслъэн, КъБР-м курортхэмрэ туризмэмкIэ и министрым и къуэдзэ Къанэмэт Рустам, депутатхэр, нэгъуэщIхэри.

Бахъсэн щIыналъэм туризмэм зыщегъэужьыным, зыгъэпсэхуакIуэхэр нэхъ дэзыхьэхыну къалъытэ щIыпIэхэр къыхэхыным теухуауэ къэпсэлъащ Балъкъыз Артур. Абы къыхигъэщхьэхукIащ къуажэ туризмэр унэтIыныгъэщIэу, псынщIэу зызыубгъу IэнатIэу зэрыщытыр. УнафэщIым кърибжэкIащ Бахъсэн районым туристхэр здэкIуэ хъуну щIыпIэу гулъытэ нэхъ зыхуэщIыпхъэхэр: щрагъаджэ-щагъэлажьэ комбинат зыхэт агротехнопаркыр, «Агро-Ком» ООО-м и теплицэ комплексыр, гъущI-бетон пкъо цIыкIухэр къыщIэзыгъэкI «Базис» ООО-р, Кавказ Ищхъэрэ псом щыяпэ, Жанхъуэтекъуэ къуажэм щыIэ, робот IэмэпсымэхэмкIэ лажьэ фермэр, къуажэхэм дэт лъахэхутэ музейхэр, Хьэрэкхъуэрэ и Iэгъуэблагъэм къыщахута бгъуэнщIагъхэр, Къулъкъужын Ипщэ «Мывэкъалэр», ХьэтIохъущыкъуей къуажэм къыщхьэщыт «910» лъагапIэр, узыншагъэр щрагъэфIакIуэ «Джэдыкъуэ» щIыпIэ телъыджэр.
«Къуажэ туризмэр къыхэзыхахэм яфIэгъэщIэгъуэн хъунущ Жанхъуэтекъуэ къуажэм щыщ БатIитIэ Мухьэмэд и лэжьыгъэри. И IэпщIэлъапщIагъэкIэ зыми хуумыгъэдэн гъукIэ щIалэм адыгэхэм лIэщIыгъуэкIэрэ къадекIуэкIа IэщIагъэхэр къегъэщIэрэщIэж», - къыхигъэщащ къэпсалъэм.
Къанэмэт Рустам къыхигъэбелджылыкIащ турист гъуэгуанэхэр яубзыхуным районым и лъэщагъ псори хуэзэщIагъэуIуэн зэрыхуейр.
Зытепсэлъыхьа Iуэху псоми зыхуэфащэ унафэхэр тращIыхьащ.

 

ЧЫЛАР Аринэ.
Поделиться: