Ди лэжьэгъур дэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэщ

Республикэ телевиденэм и лэжьакIуэ нэхъыжьхэм ящыщ, КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист БжэныкIэ Мухьэб ипхъу Ервас (БжэныкIэ) Анисэт сымаджэ хьэлъэ хъуащ.

Илъэс ещанэ хъуауэ ар пэщIэтщ лышх узыфэ шынагъуэм (острый лимфобластной лейкоз). Иджыпсту и щытыкIэр нэхъ хьэлъэ хъуащ, куцIым дохутыр IэзэгъуэкIэ зэрыхэIэбэрэ и узыншагъэр екIэкIуащ. КIэлъыплъыныгъэхэм къагъэлъэгъуащ лъымрэ куцIымрэ Iей и лъэныкъуэкIэ зызэрызэблидзар. Урысейм абы и Iэзэгъуэ зэрыщыхуамыгъуэтым къыхэкIыу, Китайм яшэн хуейуэ къыхуагъэуващ. ГугъапIэу яIэжыр CAR-T геннэ IэзэгъуэкIэ иджырей IэмалыщIэхэрщ. Абы текIуэдэнущ сом мелуани 3. Ар мылъку мащIэкъым, ауэ икIи егъэлеищакъым. ИлъэсищкIэ уз шынагъуэм пэщIэта унагъуэм я мылъкур абы текIуэдащ. Жьы хъуа адэ-анэм я унэр ящэну къагъэлъэгъуащ, ауэ зэкIэ щэхуакIуэ къыкъуэкIакъым.
ДыноволъэIу гулъытэншэу къэвмыгъанэу фхузэфIэкIымкIэ дэIэпыкъуэгъу фахуэхъуну.

Карта: Олег Адальбиевич Е. 4276600035309604
Мылъкур зэрызэхуахьэсым фыщыкIэлъыплъыфынущ Инстаграмым: www.instagram.com/pomosch_anisat/

 

Поделиться: