Адыгэ (къэбэрдей) дзэпщхэр

Тхыдэ
Адыгэ (къэбэрдей) дзэпщхэр

Курыт лIэщIыгъуэхэм къыщыщIэдзауэ дуней псом цIэрыIуэ щыхъуауэ щытащ адыгэхэм я шуудзэр. Урыс офицер Торнау Фёдор (лъэпкъ-кIэ нэмыцэщ) 1864 гъэм итхыгъащ: «Венгрхэм я шуудзэм пэхъун щымыIэущ иджыри къэс зэралъытэр, адыгэ шуудзэр абы куэдкIэ йофIэкI. Зы шэрджэс шур кърым хъаным и дзэм шу тIощIым ятокIуэ» («Кавказ офицерым и гукъэкIыжхэр»). Адыгэ шуудзэм хузэфIэкIыр зи нэгу щIэкIа дзэпщ гуэрым ­итхыгъащ: «Адыгэ шур бийм ебгъэрыкIуамэ, аслъэныр Iэщ хъушэм хэлъэда хуэдэщ».
Апхуэдэ шуудзэ дэшэс зэпытащ адыгэ дзэпщым. Генерал Бларамберг Иоганн 1834 гъэм ­итхыгъащ, зауэ къалъыкъуэкIмэ, къэбэрдейхэм шу мин 30 ягъэшэсыфу зэрыщытар. Лъэсыдзэуи абы нэхърэ мынэхъмащIэ ядежьэрт къэбэрдей шуудзэм. А псом пашэ хуа­щIыр лIыгъэрэ хахуагъэкIэ цIэрыIуэ хъуауэ, хэкум и щIыхьыр дзыхь зрагъэз дзэпщхэрт.
Къэбэрдейм и тхыдэм щымащIэкъым апхуэдэ дзэпщхэр - ди лъахэм и хуитыныгъэм пап­щIэ зи псэм емыблэжа шу пашэ щэджащэхэр.

КЪартул  Гъузер.

Инал  Нэху

Адыгэ тхыдэми IуэрыIуатэми щыцIэрыIуэщ Инал. ЩIэныгъэлIхэм зэратхымкIэ, ар Мы­сырым пащтыхь щыхъуауэ щыта адыгэ мам­люкхэм ящыщщ, Мысырым 1453 - 1461 гъэхэм щыпащтыхьащ, хэкум къигъэзэжа нэужь, адыгэ лъэпкъхэр зэгуигъэхьэн, зы къэралы­гъуэ иухуэн хузэфIэкIащ.
Нэгумэ Шорэ зэритхымкIэ, Инал Абхъазым щылIащ, абы и кхъащхьэм абхъазхэр «Инал къубэкIэ» («Инал и кхъащхьэ») иджыри къэс йоджэ.
«Инал лIа нэужь, - етх Нэгумэ Шорэ, - цIыхухэм ядакъым абы и къуэхэм едэIуэн. Хэкум и унафэр зэрызэрахьэн акъылрэ фIэ­лIыкIрэ ябгъэдэлъакъым абыхэм. Аркъудейми къыщынакъым: я пагагъымрэ я хьэл мыхъу­мыщIэмрэ цIыхухэм яхуэмышэчыж хъуащ, езыр-езыру зэныкъуэкъужу щIадзащ, Инал зэтриубла IуэхуфIхэр якъутэжри, нэхъыщIэр нэхъыжьым емыдэIуэж хъуащ».
Инал пщышхуэм и мурадыр абы и къуэхэм къагурыIуакъым - зэщыхьэжри я щIыб зэхуа­гъэзэжащ. Абы къыдэкIуащ адыгэхэм иужькIэ къатепсыха насыпыншагъэ псори.
Инал и щIэблэщ къэбэрдейхэм, беслъэнейхэм, кIэмыргуейхэм, бжьэдыгъухэм, жанейхэм, хьэтыкъуейхэм, натхъуэджхэм я пщы лIакъуэхэр. Осетин усакIуэшхуэ Хетагуров Коста и лъэпкъри, езым зэритхымкIэ, Инал и къуэхэм ящыщ зым (Хьэтагъ) къытехъукIащ.
Инал и цIэр зэрехьэ Iуащхьэмахуэрэ Балъкъ псыщхьэрэ я зэхуаку дэт бгы лъагэм.

Беслъэн  ПцIапцIэ

Инал и къуэрылъху Жанхъуэт и къуэщ, щыпсэуар ХVI лIэщIыгъуэм и кIэухырщ, ХVI лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэ плIанэм хуозэ. Пщы уэлийуэ щытащ. ЗэрылIышхуэм щхьэкIэ «ПцIапцIэ» дзыр теIукIащ. Тэрч и хэхуэжыпIэм дзэ ишэурэ, Къэбэрдейм и гъунапкъэхэм зригъэубгъуащ, и дзэр Астрэхъани Дербенти щынишэс къэхъуащ - абыхэм я лъахэр иубыдын папщIэ. Къэбэрдейм къихьэ сатуущIэ гъуэгу­хэр шынагъуэншэ хъуауэ щытащ абы иужькIэ.
Лъэпкъыр арэзы зытехъуа хабзэ куэд зэтриублащ, ахэр Къэбэрдейм дежкIэ конституцэ пэлъытэ хъуащ.

Щолэхъу

Талъостэнхэ я лъэпкъым щыщщ, Къэбэрдейм и пщIэр лъагэ зэрыхъуным щIэкъу зэпытащ, хэкум и хуитыныгъэм щIэзэуащ, Идар ­Къамбулэтрэ Къетыкъуэ Аслъэнбэчрэ дунейм ехыжа нэужь, Къэбэрдейм и пщышхуэ (пщы уэлий) хъуащ. Урыс пащтыхьым гъунэгъу зэрыхуэхъуным хущIэкъуащ - ар къехъулIауэ плъытэ хъунущ, и IуэхущIафэм тепщIыхьмэ. И лIыгъэм, и зекIуэхэм папщIэ Щолэхъу «пщы щэджащэ» цIэр теIукIащ. «ЩолэхъукIэ» зэджэ шы лъэпкъыр зи Iэужьыр а пщы цIэрыIуэрщ. Адыгэхэми гъунэгъу лъэпкъхэми я тхыдэми я IуэрыIуатэми щыгъунэжщ пщы щэджащэ ­Щолэхъу и хъыбархэр. Пасэрей адыгэ уэрэдхэм ящыщ зым мыпхуэдэ сатырхэм ущрохьэлIэ:

Щэджащэуэ ди Щолэхъужь,
Пщыуэ хъуам уранэхъ хахуэт,
ХахуэкIэ ди джатэрыжэ,
Жэрыбэр уэркъым езыт,
Зи тыгъэм щIэмыфыгъуж,
Щэджащэуэ ди Щолэхъужь!

Джатэрэ лIыгъэкIэ Щолэхъу Къэбэрдейм къыхуихьа пщIэмрэ фIэлIыкIымрэ хуэдиз ди хэкум зэи иIэжакъым абы иужькIэ.
Щолэхъу 1616 гъэм дунейм ехыжащ.

Идар

Инармэс и къуэщ, Инал и къуэм и къуэ­рылъхущ. Хъыбархэм къазэрыхэщымкIэ, Идар и анэр бжьэдыгъу гуащэщ - Хъымыщ Елджэр ипхъущ. Идар и адэр щылIэм, сабийр здихьыжри, гуащэр Бжьэдыгъум кIуэжащ - и дыщым. Абы къыщыхъуащ Идар. Балигъ хъуа нэужь, Идар къэбэрдеипщхэм къеныкъуэкъу хъуащ. КIахэ адыгэхэм щыщ дзэ къришажьэри, Къэбэрдейм къытеуащ - Жанхъуэтхэрэ Мин­болэтхэрэ къезэуащ. ДзитIыр Къызбрун деж щызэгурыIуэжащ, Идар Къэбэрдейм и кум щIы щратащ (абы ИдарейкIэ еджэ хъуащ), пщы нэхъыжьи ящIащ.
Идар лIа нэужь (ХVI лIэщIыгъуэм и 30 гъэхэм), абы и щIэблэмрэ Жанхъуэтхэрэ (Къетыкъуэхэ, Талъостэнхэ) зэщыIеижащ, Къэбэрдейм щы­тепщэн хуейр яхузэхэмыгъэкIыу.
Идарейм куэд ирагъэкIуакъым: епщыкIубланэ лIэщIыгъуэм и кIэухым нэсщ; абы иужькIэ адрей пщы лIакъуэхэм зэхуагуэшыжащ Идарей щIыналъэр.

Темрыкъуэ

ТемрыкъуэкIэ еджэ хъуауэ къэгъуэгурыкIуэ щхьэкIэ, и цIэ дыдэр КIэмыргуокъуэщ (КIэмыргуейм и къуэ). Сабийуэ и анэм и дыщым (КIэмыргуейм) здишэжати, арагъэнущ абы и цIэр къызыхэкIар.
Урысейр здигъэIэпыкъуурэ, Къэбэрдейр зэгуигъэхьэным, абы тепщэ щыхъуным щIэны­къуэкъуащ, ауэ ар къехъулIакъым - пщыхэм я нэхъыбэр акъылэгъу къыдэхъуакъым, Урысейм и IэмыщIэ зралъхьэн мурад яIэтэкъым.
Къэбэрдейм къытеуэрей кърым хъанымрэ Нэгъуей ЦIыкIумрэ хэкур зэращихъумэным яужь итащ. Жагъуэгъу къыхуэхъуа къэбэрдеипщхэми езэуащ, урысыдзэр здигъэIэпы­къуурэ. Бий мэхъаджэ къащытеуэм, Темры­къуэ беслъэнейхэмрэ абазэхэмрэ гъусэ къыхуэхъуащ. Темрыкъуэ и жэрдэмкIэ, къэбэрдейхэм быдапIэ щаухуащ Сунжэ псыр Тэрч щыхэхуэм деж (иджырей Грозный къалэм пэмыжыжьэу).
Кърым хъаным и дзэр 1571 гъэм кIахэ адыгэхэм къащытеуам щыгъуэ, дзэ иришажьэри, ди лъэпкъэгъухэм ядэIэпыкъуащ. ДзитIыр Ахупс деж щызэзэуащ, хъаным и дзэр абдеж щызэхакъутащ. А зауэм уIэгъэ хьэлъэ щыхъуащ Темрыкъуэ, уIэгъэм 1571 гъэм илIы­кIащ, и къуитI (Мамсырыкъуэрэ Думэны­къуэрэ) гъэр хъуащ.
Идар Темрыкъуэ и щIэблэм къатехъукIащ Урысейм и тхыдэм щыцIэрыIуэ Черкасскэхэ я лъэпкъыр.
Темрыкъуэ мыпхуэдэ уэрэд хуаусыгъащ:

Хуарэжь гущэм и дзэпкъыр къуапэти,
МазиблкIэ уанэ темыхт.
Къэбэрдейм ди зэхэзекIуэри
ЩэджащэкIэ Темрыкъуэ лIыхъут.
МыдэкIэ Хъуэхъужьым и шащхьэр
УэсыщIэу зытезыгъасэ,
Сэрэкъамышым къыхэкIа шур
Шэ закъуэкIэ тхуезыудых,
Ахупс аузыр мэз куукIэ къытхуэзыгъэнщI…

Мамсырыкъуэ

Темрыкъуэ и къуэ нэхъыжьщ. Мэзкуу кIуауэ, 1565 гъэм, урыс пащтыхьым елъэIуауэ щытащ Къэбэрдейм къыдигъэIэпыкъун щхьэкIэ. Кърым хъаным и дзэм Ахупс деж къэбэрдейхэр щезэуам абыхэм яхэтащ Темрыкъуи абы и къуитIри - Мамсырыкъуэрэ Думэныкъуэрэ тэтэрхэм гъэр ящIащ (иужькIэ къащэхужащ). 1583 гъэм Мамсырыкъуэ и шухэмрэ къэзакъхэмрэ Дербент къыблэкIа тыркудзэр зэха­къутащ.
Мамсырыкъуэ здагъэIэпыкъуурэ, урыс дзэпщ­хэм зыпащIащ Дагъыстэным, Куржым, бгырыс лъэпкъхэм я лIыщхьэхэм.
Къетыкъуэ Аслъэнбэч дунейм ехыжа нэужь, Къэбэрдейм и пщы нэхъыжь IэнатIэм щIэ­къуащ, ауэ ар къылъагъэсакъым - пщы нэхъыжь хъуар Щолэхъу Тепсэрыкъуэщ.
1601 гъэм ПщыIэпщокъуэ Къазий Мамсырыкъуи абы и къуэш Думэныкъуи иригъэукIащ.
Мэзкуу и уэрамхэм ящыщ зым илъэс щип­лIым щIигъуауэ зэрехьэ Мамсырыкъуэ и цIэр - Мастрюковская.

Жанхъуэт  Талъостэн

Щыпсэуар ХV лIэщIыгъуэм и кIэмрэ ХVI лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэ щанэмрэщ. Талъостэнейр къызэзыгъэпэщар аращ, абы IэщIэлъащ Дарьял псыхъуэмрэ Тэрч псым и IуфитIымрэ.
Талъостэн Инал и къуэрылъхум и къуэщ. ­Бахъшысэрей зекIуэм щыгъуэ (1523 гъэм) Къэбэрдейм и дзэм пашэ яхуэхъуар Талъос­тэнщ. Керчь тIуалэм зэпрыкIри, зауэурэ Бахъ­шысэрей нэсащ къэбэрдейхэм я дзэр, кърым хъаным и къалащхьэр къаувыхьащ. ­НэгъуэщI къыхуэнэжатэкъыми, дзэм яхуэхь фIыгъуэр къаритащ хъаным - арыншамэ, я щхьэр храгъэлъхьэнут, езыри яIэщIэукIэнут.
Талъостэн Къызбрун зауэм хэкIуэдащ - ­Инармэс Идаррэ Жанхъуэтхэрэ щызэзэуам щы­гъуэ.

Жамырзэ  Алъхъэс

Джылахъстэнхэ я лъэпкъым щыщщ, а лъэпкъыр къызытехъукIа Минболэт Джы­лахъстэн и къуэрылъхущ, лIакъуэлIэш лъэрызехьэ дыдэхэм хабжэ, Астрэхъанрэ Куржымрэ зэпызыщIэ гъуэгум щытепщэ зэпытащ. И шыпхъур Кахетием и пащтыхь Александр и щхьэ­гъусащ, абы и хьэтыркIэ Куржым пщIэшхуэ щиIащ, куржы лIыкIуэхэр Урысейм щыкIуэкIи, урыс лIыкIуэхэр Куржым щыкIуэкIи ядэIэпы­къуащ, и нэIэ ятригъэт зэпытащ. Дзыхь нэхъ зригъэзыр Иранырати, абы и шахыр малъхъэ ищIауэ щытащ. Жамырзэ Алъхъэс хэмытауэ зы Iуэхушхуи щызэфIахакъым а зэманым ­Кавказ Ищхъэрэм - апхуэдэ фIэлIыкI иIащ а пщым.

Щоджэныкъуэ  Алыджыкъуэ

Щоджэныкъуэ Алыджыкъуэ ХVII лIэщIы­гъуэм и япэ Iыхьэм Къэбэрдейм бжьыпэр щызыIыгъа пщыхэм ящыщщ. И адэ къуэшыр, Къазий, дунейм ехыжа нэужь, Алыджыкъуэ лъэпкъ унафэр илъэс плIыщIкIэ IэщIэлъащ.
ПщIэ щIыхуащIын IуэхуфI куэд яхуилэжьащ къэбэрдейхэм, абы щыхьэт тохъуэ тхыдэри IуэрыIуатэри. Кърым хъаным шу минищ къыIрихри, и адэ къуэшым илъ ищIэжыху етIысэхакъым - ар Тепсэрыкъуэ Щолэхъурэ нэгъуейхэмрэ Къулъкъужын зауэм щаукIауэ щытащ. Куэд щIауэ Къэбэрдейм къыхуэдзэлашхэ Нэгъуеишхуэм ди лъахэр щихъумэн хузэ­фIэкIащ.
Нэгъуеишхуэр Индыл адрыщI Iэпхъуа нэужь, Алыджыкъуэ и пщIэр нэхъри лъагэ щыхъуащ Къэбэрдейм. Индыл адрыщI щизэгъакъым нэгъуейхэр, ягу техуакъым къэбэрдейхэр Кавказ Ищхъэрэм тепщэ зэрыщы­хъуар. Ар зигу темыхуэ адыгэпщхэри мащIэтэкъым - ахэр Алыджыкъуэ къебгъэры­кIуащ. КъебгъэрыкIуа щхьэкIэ фIы щIа­ха-
къым: Алыджыкъуэ ахэр Балъкъ псыхъуэ щызэхикъутащ. Абы иужькIэ Алыджыкъуэ тегушхуэгъуафIэ ящIыжакъым.

ПщыIэпщокъуэ

ХVI лIэщIыгъуэм и кум щегъэжьауэ Идархэ    я лъэпкъым еныкъуэкъу зэпытащ, Къэбэрдейм бжьыпэр щиубыдын мурад ищIауэ. Идар Темрыкъуэ хэкум ирихун хузэфIэкIащ - 1563 гъэм. Темрыкъуэ Астрэхъан зыщигъэпщ­кIуащ. Урыс пащтыхьыр (Грозный Иван) и щыкъу адэм къыдэIэпыкъуащ - фочауэ 500-рэ къэзакъ шу 500-рэ къритащ. Ар къигъэсэбэпри, Темры­къуэ ПщыIэпщокъуэ ебгъэрыкIуащ. ПщыIэпщокъуэ икIуэтакъым, зызэщIиузэдащ, дзэшхуэ игъэшэсри, Идарейр зэтрикъутащ.
Идар Темрыкъуэ и лъэIукIэ урысхэм быдапIэ Къэбэрдейм къращIыхьащ. Ар игу техуакъым ПщыIэпщокъуэ, тырку сулътIанри кърым ­хъанри арэзытэкъым абыкIэ. Ахэр здигъэIэпыкъури, ПщыIэпщокъуэ урыс быдапIэр икъутащ. Темрыкъуэ дунейм ехыжа нэужь, ПщыIэпщокъуэ Къэбэрдейм бжьыпэр щиубыдащ.

Джылахъстэн  Адэлджэрий

Джылахъстэнхэ я лъэпкъым щыщ Тэтэрхъан и къуэ нэхъыжьщ. Дарьял псыхъуэр IэщIэ­лъащ, абы дэкI гъуэгум щызекIуэхэм теплъэкъукIакъым. Бгырысхэм я деж пщIэшхуэ щиIащ, абыхэм Iуэхутхьэбзэ мащIэ яхуищIакъым.
Адэлджэрий и шыпхъур, Русудан, куржы ­пащтыхь Вахтанг Еханэм и щхьэгъусащ. Русудан и бынхэр цIэрыIуэ щыхъуащ Куржыми Урысейми, абыхэм дзэпщ лъэрызехьэхэр къахэкIащ. Адэлджэрий шуудзэ игъэшэсурэ Куржым куэдрэ дэIэпыкъуащ, зэрыпхъуакIуэхэм ящихъумащ.
1752 гъэм Джылахъстэн Адэлджэрий шу минрэ щитхурэ Куржым иришауэ щытащ, ар бийхэм ящихъумэн папщIэ. Джылахъстэней дзэпщым апхуэдэ Iуэхутхьэбзэ къазэры­хуищIар куржыхэм ноби ящыгъупщэркъым. А гъэращ езыри дунейм щехыжар.

ХьэтIохъущыкъуэ

Къэбэрдейм бжьыпэр щиубыдыху, зы махуи епсыхакъым. И адэшхуэ ПщыIэпщокъуэрэ и адэ Къазийрэ зыщIэкъуа Iуэхур зэригъэкIуэтэнырщ зи ужь итар. И адэ къуэшым и къуэ Алыджыкъуэ гъусэ хуэхъури, Идархэ ди­гуащ, бжьыпэр езым иубыдащ, Тэрч къалэ дэс урыс дзэпщхэмрэ абыхэм я IупэфIэгъу адыгэпщхэмрэ бэуапIэ яритакъым, Алыджыкъуэрэ ХьэтIохъущыкъуэрэ я дзэм ахэр зэ­хакъутэн яхузэфIэкIащ. Зыкъаужьыжа нэужь, я бийхэр къалъихъащ ХьэтIохъущыкъуэрэ Алыджыкъуэрэ, Балъкъ деж зауэ гуащIэ щаублащ, абы щытекIуар ХьэтIохъущыкъуэрэ Алыджыкъуэрэщ.
Алыджыкъуэ лIа нэужь, ХьэтIохъущыкъуэ Къэбэрдейм пщы нэхъыжь щыхъуащ. Хьэ­тIохъу­щокъуэхэ я унэцIэм къежьапIэ хуэ­хъуар ­Къазий и къуэ ХьэтIохъущыкъуэ и цIэращ.
ХVII лIэщIыгъуэм икухэм щыщIэдзауэ Хьэ­тIохъущокъуэхэ нэхъ цIэрыIуэрэ фIэлIыкI нэхъ зиIэрэ Къэбэрдейм исакъым.
Тэрч псыр тенджызым щыхэхуэм деж, Идар и къуэ Темрыкъуэ и лъэIукIэ, урыс дзэпщхэм быдапIэ (Тэрч къалэ) тращIыхьауэ щытащ. ­Къалэр урыс пащтыхьым еувэлIа адыгэпщхэм хэщIапIэ яхуэхъуащ. Урыс дзэпщхэм я тIасхъэщIэххэм яхэтащ ШужьеипщкIэ зэджэр. Ар къищIэри, ХьэтIохъущыкъуэ Шужьейр иригъэукIащ. Тэрч къалэ дэс Чэлимэтыпщым пащтыхьым деж итхыгъащ: «Нэхъапэм, зиус­хьэн, кърым хъаныкъуэ Жан-Джэрий къэ­кIуа­сэу Къэбэрдейм къыщыкIуам щыгъуэ, си малъ­хъэ Урыскъан и къуэ Шужьей Алыджы­къуэрэ ХьэтIохъущыкъуэрэ я деж плъакIуэ-дэIуакIуэ щыIэти, хъаныкъуэмрэ Къазий и бынхэмрэ ­къаухэс псор си деж къигъэсыжырт, сэ а хъыбархэр зэрызэхэсхам хуэдабзэу уи дзэпщ­хэм яIэрызгъэхьэжырт. Ар къищIэри, ХьэтIохъу­щыкъуэ Шужьей къезэуащ, итIанэ и бейгуэл Лъэпщыкъуэ къриутIыпщри, къригъэукIащ».
ХьэтIохъущыкъуэ и адэшхуэмрэ Шужьей и адэ Жансэхъурэ зэшщ.
Шужьей ХьэтIохъущыкъуэ щригъэукIар 1626 гъэрщ е зымащIэкIэ нэхъ пасэущ.
IуэрыIуатэм ихъумащ ХьэтIохъущыкъуэ Шужьей зэриукIам и хъыбар. Мыращ хъыбарым жиIэр:
«ХьэтIохъущыкъуэрэ Шужьейрэ лIыфIыгъуэ зэримыгъахуэурэ бий зэхуэхъуащ. Шужьеипщыр лIы зэщIэмыкIуэжт, лIыгъэ-щыгъэкIэ упэлъэщынутэкъым. Алыджыкъуэ деж кIуэри ечэнджэщащ ХьэтIохъущыкъуэ.
- УемыбзэджэкIауэ упэлъэщынукъым, - къыжриIащ Алыджыкъуэпщым. - Шужьейрэ сэрэ дызэбийщ. Уэрэ сэрэ дызэщыIеижауэ дгъэIунщи, Шужьей деж укIуэнщ, уекIуж зыпщIынщ, Тэтэртуп фыкIуэнщи, тхьэ зэ­хуэ­ф­Iуэнщ, къыщывгъэзэжкIэ гъуэгум щыбгъэ­бэлэрыгъынщ.
Шужьей екIуж зищIащ ХьэтIохъущыкъуэ, Тэтэртуп кIуэри тхьэ зэхуаIуащ, къыщагъэ­зэжым зы Iуащхьэ деж щепсыхащ.
- Мы Iуащхьэр Бахъсэн нэхъ и гъунэгъу хьэмэ Шэджэм нэхъ пэблагъэ? - еупщIащ ХьэтIохъущыкъуэ Шужьей.
- Ди пщафIэхэм къащIэнщ, - жиIащ Шужьей.
ПщафIэхэр ирагъэжьащ. ПщафIэхэр щыIу­кIым, ХьэтIохъущыкъуэ Шужьей еупщIащ:
- КъамэкIэ уепыджмэ нэхъыфI, хьэмэ сэшхуэкIэ къеупщIэтэхмэ нэхъыфI? - жери.
- Къэрабгъэр мэпыджэ, лIым къреупщIэтэх, - жиIащ Шужьей, жейм здыхилъафэм.
- КъезупщIэтэхым ухуэзащ, - жери, ХьэтIохъу­­щыкъуэ Шужьей и щхьэр тIууэ зэгуихуащ.
И щхьэр зэгуипIэжри, Шужьей къызэ­фIэтIысхьащ, и нэпсыр къыщыщIэкIым, Хьэ­тIохъущыкъуэ къыхуеплъыхащ:
- Щхьэ угърэ? - жери.
- СыщIэгъыр сызэрылIэракъым, - жиIащ Шужьей. - «Хэт зыукIар?» жаIэрэ щIэупщIэмэ, «ХьэтIохъущыкъуэжь цIыкIуращ» зэрыжаIэнурщ.
Ар жери, Шужьей и псэр хэкIащ. И хьэдэм ­Iуащхьэ тращIыхьащ. Шужьей и IуащхьэкIэ йоджэ абы иджыри къэс. Iуащхьэр Бахъсэнрэ Шэджэмрэ я зэхуаку дэтщ».

Къасболэт

Муцал и къуэ нэхъыжьщ (Муцал Тэрч Iуфэ Iус Идарейр IэщIэлъащ). Зэадэзэкъуэм 1651 гъэм Сунжэ быдапIэр яхъумащ - персхэмрэ шамхалым и дзэмрэ Iэрагъэхьакъым. И адэр лIа нэужь, 1661 гъэм, Тэрч къалэ къетIысэкIауэ щыта бгырыс жылагъуэхэм я тепщэ хъуащ.
Разин Степан и дзэр зэхэзыкъутахэм яхэтащ, ар Кавказ Ищхъэрэм къригъэхьакъым. Астрэхъан къалэр Разин къыIэщIэзыхыжар Къасболэтщ. Тыркухэм я быдапIэ Азов къэзубыда къэзакъхэмрэ шэрджэсхэмрэ пашэ яхуэхъуащ, Сиваш зэпрыкIри Кърымым ихьащ, абы ­хъаным и дзэр щызэхикъутащ. Урыс-тырку зауэм щыгъуэ (1676 - 1681 гъэхэм) дзэм пашэ яхуэхъуащ, абы хэтащ Къасболэт и лъэпкъэгъу­­хэри. ЗэфIыжын мурад щащIым, урысхэм яфIэзахуэр тырку дзэпщхэм ягурызыгъэIуар Муцал и къуэ Къасболэтщ - абы и фIыгъэкIэ Малороссием (Украинэм) и зэхуэдитIыр къы­Iэрыхьэжауэ щытащ Урысейм.

Къетыкъуэ  Аслъэнбэч

Къэбэрдейм и пщы уэлийуэ щытащ 1737 - 1746 гъэхэм. ЛIакъуэлIэшхэр гупитI зэрыгъэ­хъуным хэлIыфIыхьащ - бахъсэн гупрэ къэщкъэтау гупрэ, ахэр зэныкъуэкъу зэпытащ, лIыфIыгъуэ зэримыгъахуэурэ.
Урыс пащтыхь Пётр Езанэр Персым зэуакIуэ щыкIуэм щыгъуэ гъусэ хуэхъуащ, ар къэщкъэтау гупым къадэIэпыкъункIэ щыгугъырти. Къетыкъуэ Аслъэнбэч, къэщкъэтау гупым я пашэм, къызэрыдэIэпыкъун къару иIэтэкъым урыс пащтыхьым. Бахъсэн гупыр щытегуплIэм, Къетыкъуэ Аслъэнбэч и лIакъуэлIэшхэр зы­щIигъури Псыжь зэпрыкIащ, кърым хъаным IупэфIэгъу зыхуищIащ.
Кърым хъаным и дзэр, нэгъуейхэм къакъуэгушхукIыурэ, Къэбэрдейм куэдрэ къытеуащ, ауэ бахъсэн гупым къапэлъэщакъым. И жа­гъуэгъухэм екIужри, Къетыкъуэ Аслъэнбэч 1737 гъэм Къэбэрдейм къигъэзэжащ. Аслъэнбэч и шуудзэм 1739 гъэм Нэгъуей Ордар зэтрикъутащ; урыс-тырку зауэхэм хэтащ. Ираным дзей ящIын мурад зэраIэр къы­хуа­Iуэхуауэ щытащ, езым идакъым армы­хъумэ.
1746 гъэм Гум псыхъуэ щылIащ.
«ТенджызитIым я кум дэсын хуейр зыпщщ» - а псалъэр къызэзынэкIауэ адыгэ IуэрыIуатэм къыхэщыр Къетыкъуэ Аслъэнбэчщ.

ХьэтIохъущокъуэ
Кургъуокъуэ

ХьэтIохъущокъуэ Кургъуокъуэ Къэбэрдейм и пщы уэлийуэ щытащ - ХVI лIэщIыгъуэм и ­        кIэм къыщыщIэдзауэ. Минищэм нэблагъэ кърымыдзэр къащытеуам щыгъуэ (1708 гъэм), Кургъуокъуэм Къэбэрдей псор зэщIигъэшэсащ, бзаджагъэ хуекIуэри, бийр бгым ириукIыхьащ - Балъкъ псыхъуэм къыщыщIэдзауэ Бахъсэн псыхъуэм нэс. Кургъуокъуэ кърымыдзэм кIэ щритар Къэнжал дежщ, аращ бийр щызэхакъута зауэм Къэнжал зауэкIи щIеджэр.
Зеикъуэ дыгъафIэкIэ зэджэ джабэм и щыгум Кургъуокъуэ Къалэ-быдапIэ щиухуауэ щытащ, абы и къутахуэхэм ноби ущрохьэлIэ Хьэрэкхъуэрэ ипщэIуэкIэ, а щIыпIэм КъалэжькIэ йоджэ.
Кургъуокъуэ 1709 (е 1710 гъэм и пэщIэдзэм) дунейм ехыжащ. Пщы уэлий хахуэм, дзэпщ Iущым и хъыбархэр щыгъунэжщ адыгэ Iуэры­Iуатэм.

Мыхьэмэт  Iэшэ

Иужьрей адыгэ (къэбэрдей) дзэпщхэм ящыщщ, хэкум и хуитыныгъэм щIэзэу лIы­хъужьхэм гъуазэрэ шупашэрэ яхуэхъуурэ зэрыпхъуакIуэхэм куэдрэ ебгъэрыкIуащ.
ХьэтIохъущокъуэ Аслъэнбэч и къуэщ, къыщалъхуар 1805 гъэрщ, балигъыпIэ зэриувэ ­лъандэрэ зауэм къыхэкIакъым, урыс дзэпщ­хэм я щхьэр къригъэIэтакъым, езыр псэуху. Къэбэрдейр Ермоловым «игъэсабыра» нэужь, Псыжь Iэпхъуащ, ауэ бэнэныгъэр зэпигъэ­уакъым. Кавказ зауэм и тхыдэм куууэ щы­гъуазэ щIэныгъэлI Потто В. зэритхыгъамкIэ, Мыхьэмэт Iэшэ «иджыри къэс (ХIХ лIэщIы­гъуэм и кIэми) щыцIэрыIуэщ гъунапкъэм».
ЛIыгъэрэ хахуагъэкIэ Мыхьэмэт Iэшэ пэхъун а зэманым исакъым Къэбэрдейм. Шэткъалэ (Ставрополь) къалэм дэс дзэм ебгъэрыкIуауэ зауэм хэкIуэдащ 1846 гъэм.
Мыхьэмэт Iэшэ щIэныгъэ зиIэ цIыхут, бзэ зыбжанэ ищIэрт. «Iэшэ» цIэр щIытеIукIар зауэм уIэгъэ хьэлъэ зэрыщыхъуарщ - и Iэ сэмэгур къыдэбзыжыртэкъым.
Ди зэманым къэсащ ХьэтIохъущокъуэ Мыхьэмэт Iэшэ и лIыгъэмрэ и бэнэныгъэмрэ къызыхэщыж уэрэд, хъыбар куэд. Абыхэм ящыщщ мыри:
Мыхьэмэт Iэшэ шыбз хэкIуапщIэ зэгуэрым фIадыгъуащ. Нэху игъэщри, шыдыгъум ялъе­жьащ, зы жылэ нэсауэ, уэрамыщхьэм тет пщащэм IущIащ.
- Пщащэ жьырытэдж, шы бламыхуауэ пIэрэ фи жылэкIэ? - еупщIащ Мыхьэмэт Iэшэ пщащэм.
- Блахуащ, - къыжриIащ пщащэм. - Щауибл мэхъу уи шыр зыхуар.
- Упсэу, пщащэ жьырытэдж, - жиIащ Мыхьэмэт Iэшэ. - Къэзгъэзэжмэ, фи хьэщIэщ сынихьэнщ.
Ар жери, Мыхьэмэт Iэшэ блэкIащ, шыдыгъухэм ялъэщIыхьэри, шыр къатрихыжащ, щауиблым яшхэри къыздихуащ. ЗэрыжиIауэ, пщащэ жьырытэджым я хьэщIэщым ихьащ Мыхьэмэт Iэшэ. ХьэщIэщым щIалитI исти, я псэлъэкIэкIи я IукIэщIыкIэкIи игу ирихьакъым Мыхьэмэт - шэсри къежьэжащ. Къыще­жьэжым, пщащэм жриIащ:
- Уи хьэщIэщ ис щIалэхэм гъуэгурыкIуэр щIэнэкIалъэ иремыщI - абы хущIегъуэжынкIэ мэхъу.
Мыхьэмэт Iэшэ и псалъэр щIалитIым ягу техуакъым. Псалъэ къахуэзыгъэнар яцIыхуртэкъыми, лъежьащ: «Тпхынщи, къэтхьынщ», - жари.
ЩылъэщIыхьэм, щIопщкIэ къахэуэурэ хьэ­щIэщым кърихулIэжащ щIалитIыр Мыхьэ­мэт Iэшэ.
- Уэ пхуэдэ пщащэм и хьэщIэщ къихьэну яхуэфащэкъым мы щIалэ мыгъасэхэм, - жриIащ хъыджэбзым.
- Тхьэмадэ, зыкъэдгъэцIыху. ЕмыкIу къэтхьащ, ди напэр текIащ, - къэлъэIуащ щIалитIыр.
- МыбыкIэ сыкъэфцIыхункIэ хъунщ, - жери Мыхьэмэт и Iэр къаригъэлъэгъуащ. Абы къыфIигъэкIакъым».

Поделиться:

Читать также: