Шыгъэлыгъуэ Мерал и усэхэр

Ди газетеджэхэм фIыуэ яцIыхун хуейщ нэхъ пасэу тхыгъэ зыбжанэ зыхуэдгъэфэща, «ЛIэщIыгъуэ телъы­джэ» тырку киносериалыр зи IэдакъэщIэкI, а къэралым щыпсэуа адыгэ ­актрисэ, сценарист Шыгъэлыгъуэ Мерал.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, Шыгъэлыгъуэ Iэта ипхъу Мерал 1959 гъэм фокIадэм и 20-м Анкара къыщалъхуащ. Тыркум къыщыхъуа адыгэ ныбжьыщIэ куэдым хуэдэу, Мерал Кавказ лъэпкъ зэгухьэныгъэхэм я Федерацэм щекIуэкI адыгэ щэнхабзэ Iуэхухэм щIапIыкIащ. ЗыцIыхуахэм яIуэтэж ар адыгэ къафэкIэ пэрыт пщащэхэм ящыщу щытауэ. Журналист IэщIагъэм ­хуеджа, «Фи пщэдджыжь фIыуэ» газетым щылэжьа бзылъхугъэр хуэмурэ фильм IуэхущIапIэхэм япыщIа хъуащ, нэхъыбэми къызэрацIыхур киносценарист Iэзэу зэрыщытамкIэщ. Дуней псом цIэрыIуэ щыхъуа «ЛIэщIы­гъуэ телъы­джэм» и серие щитIыр Мерал и IэдакъэщIэкIщ, езыр хэмыту нагъэсыжахэр «Мерал и фэеплъкIэ» трахащ.

1984 гъэм Мерал щхьэгъусэ хуэхъуат театрымрэ киномрэ я артист Окай Яман. И щхьэгъусэм и унэцIэр зэрихьэу езы Мерал 2012 гъэм мэлыжьыхьым и 9-м дунейм ехыжащ.
КъызэрыщIэкIымкIэ, бзылъхугъэ сэнаушыфIэм киносценарийхэм нэ­мыщI иджыри усэхэр итхыу щытащ. Ар илъэс зыбжанэкIэ дэлэжьащ тырку уэ­рэджыIа­кIуэ цIэрыIуэ Сезен Аксу, абы игъэзащIэ уэрэдхэм псалъэ щIилъ­хьэу. Шыгъэлы­гъуэ Мерал и усыгъэхэу Хъуажь Фахъри тыркубзэм кърихыу Къармэ Iэсият адыгэбзэм къригъэзэгъахэр къызэ­рыф­щыхъуар къытхуэфтхамэ ди гуапэ хъунт.

Вагъуэгъуазэ

Дэнэ ущыIэ си Вагъуэгъуазэу
Гъуэгуанэ кIыхьым щызиIэпэгъу?
Си гум и тепщэрэ си нэм и плъапIэу
Гъуэгуанэ гугъум щызинэпкъэгъу…

Борэн зэблэухэм укъамыуIэрэ,
УIэгъэ стелъри умылъагъуххэрэ,
ПхуэсщIа хъуэпсапIэхэм гу лъумытэххэурэ
Дауэрэ уэгум уилъэтыхьат?!

…Зы щхьэусыгъуи къыпхуэзмыгъанэу,
Сызэхэщхъыщхъэурэ сылъэлъэжынщи;
КIуэ, Вагъуэгъуазэ, фIыр уи гъуэгуанэу -
Телъыджэ дахэхэр пхуэзубгъужынщи…

Деспинэ  гуащэ

Щхьэтепхъуэ пIащIэм зыщIумыгъапщкIуэу,
Къэузэдыт Iэнэр, Деспинэ гуащэ!
Жыг гуэрэн Iувым пIэ щытхуэухуэ,
Нэхъ уэрэд дахэхэр гум едэхащIэу.

Иджыри дыщIалэ, Деспинэ дахэ?
Иджыри дыгъагъэ, Деспинэ гуащэ?
Шыкур - шыкур!

Жэщ даущыншэхэр гухэлъ псыкъелъэу,
ЩIасэм дыкъеджэмэ, кхъухьлъатэу къос -
Бомонти къалэ къикIыху дыпэплъэу,
ДыкъэгумащIэурэ гухэлъым дес…

Иджыри дыгъагъэ, Деспинэ гуащэ?
Иджыри дыщIалэ, Деспинэ дахэ?
Шыкур - шыкур!

Фадэбжьэ пIащIэ къыщыщIэдгъалъэм,
Фэндэшх нэхъ IэфIыр хыдогъэзагъэ.
Музэйян щIалэм и макъ псыкъелъэм
Макъамэ щабэу дигухэр егъахъэ.

Иджыри дыщIалэщ, Деспинэ гуащэ!
Иджыри догъагъэ, Деспинэ гуакIуэ!
Шыкур!

ГущIэмкIэ  согъей

ГукъэкIыжыр гум ешэкIи,
АркъудеймкIэ си гур гъэфI!
Узыр жейм къыщыхэпыджэм,
Мазэ изыр сфIохъу пщыкIутI.

ГукъэкIыжу ныкъуэдыкъуэм
И цIэр гущIэм щызгъэпщкIуат.
ЩIыпIэ жыжьэу щIыпIэ хамэм
Ар бынунэ щыхъужат.

ТхьэрыкъуитIу зэIущащэр
КъытщыщIамкIэ зэупщIыжт;
ФIыгъуэу щыIэр Iэпыщэщу,
Лъагъуныгъэр дукIыжт!

Лъагъуныгъэ яукI хабзэт?
Ар мафIэст. Уэлбанэ уейт.
ЩIыпIэ жыжьэм щыбынунэт -
И цIэр гущIэмкIэ щызгъейт.  

Епэр

Мы къалэм и утхэм саутIыпщкъым,
Хы Iуфэхэм ягу къысщIогъу.
Уэрыншэмэ, зыми сыщыщкъым,
УвыIэпIэхэм уипцI къыщызогъу.
ЩIым сытрадзэу пцIыхэр къызоуэ!

Сыхыхьэмэ жей Iув кIэухыншэм -
Закъуэныгъэр си шхыIэн щIагът.
Згъэщащэрти ди блын гъуджэшхуэр…
ЩымыIэххэр мы къалэм - си гуэгъут.
Закъуэныгъэр си шхыIэн щIагът.

Епэр гъагъэр, псы хуэлIэу, мэхуалэ;
Лъэужьыншэу дунейр сыбгынэнщ.
СыкIуэдыжмэ, вгъэсыж си жьауэр -
КъызжепIахэр епэру хуэлэнщ.
Уэрамдыхьэхэм уипцI къыщызнэнщ.

Псори пхузогъэгъу

МафIэгу гъуагъуэхэр ныпкIэлъогъуае,
Блынджабэ бзагуэхэр нэф хьэфизщ.
КъэувыIэпIэхэр ныпкIэлъогие -
Гурыгъузыр мафIэгум изщ.

Гъатхэ пшапэм сыкъыщыхэбнэм,
Гугъэу тщIахэр къэпщэхужакъым.
МыIэмылIэу щIым сыкъыщибнэм,
Удын жагъуэр сщхьэщыпхыфакъым.

*  *  *
НэгъуэщIым и пIэщхьагъ согъэфI…
Хьэрэм усщIакъым - Тхьэм къыздещIэ.
А зи бгырыпх птIэтар нэхъыфI?
Пкъутащ щысхьыншэу гуIэфIтещIэр.

*  *  *
ПхузиIэжкъым ней - насыпыфIэ ухъу!
Къызитынщ КъэзыгъэщIым щхьэ шхыгъуэ.
Си хьисэпыр кIэщIщ: псори пхузогъэгъу.
Псори… Пхузогъэгъу... Сыт си дагъуэ?

*  *  *
Сыкъыдожэ уи гум. Сыкъыдожэ.
Имыгъуэххэу, пасэу сыпыпчат.
Псалъэу къызэптар къыумыщэхужу,
Гъатхэ пшыхьым си псэр къыхэбнат!

Укъызэзытам ущысIихыжым -
АдэкIэ узилIкъым. Ущхьэхуитщ!
НэгъуэщI фыз, нэхъыфIу щыбгъуэтыжым,
СщIэркъым уи лъэ макъ, уи бауэкIэщI.

… Зэзэмызэ уакъыхохьэ пщIыхьхэм,
ЩхьэзыфIэфIу IупщIэ къысхубощI.
ЩIасэхэр уогъафIэ гъатхэ пшыхьхэм,
ГуфIэгъуэ мыкIыхьхэр ядогъэфI.

Укъызэзытам ущысIихыжым,
Абрэмывэ бзагуэр къыстощатэ.
Розэм и хьэтыр къыщысхуэбгъанэм,
ЩIасэ бгъафIэу, псэ уIар мэятэ.

Дыхейкъым…

Лъыпс-пщIэнтIэпс зэпкъуэкIыу,
Жэщым укъэушмэ -
Закъуэныгъэм зыкъыуишэкIауэ…
ЗэшэкI абы щыгъуэ
ПкIуэцIылъ сабиипсэр,
Анэм ещхьу уегужьеекIауэ.
ГуэныхьыщIэщ Iэхэр,
Бзэхэр гуэныхьыбэщ -
Дунейм теткъым хейуэ зы псэ гуэр.
ЛIэщIыгъуэ абрагъуэ зи кIыхьагъ мафIэсу,
Гуэныхь шэрхъщ мы дызэрыт дунейр!
Лъыпс пщIэнтIэпс зэпкъуэкIыу жэщым укъэушмэ;
Псэр зыхуэмеижыр къыплъихьамэ,
ЗешэкI абы щыгъуэ
УимыIэж анэпсэм -
Сабийм хуэдэу уегужьеекIауэ.
Гуэныхьыбэщ бзэхэр,
Iэхэр гуэныхьыщIэщ -
Дунейм теткъым хейуэ зы псэ гуэр…
ЛIэщIыгъуэ шынагъуэ зи кууагъ псэ уэру,
Гуэныхь шэрхъщ кIэрахъуэу щIы хъурейр.

Адыгэ спектаклым щыджэгуахэр. Мерал сэмэгумкIэ щысщ.
Анкара,    1976 гъэ

ЗэзыдзэкIар Къармэ Iэсиятщ.
Поделиться:

Читать также:

25.03.2024 - 15:30 Си жэнэт
21.03.2024 - 11:30 Ахъмэт и фо изщ