Лъэпкъ Iущыгъэм и щIэнгъуазэ

ТхылъыщIэ

Бгырыс лъэпкъхэм я IуэрыIуатэр, шыпсэр, таурыхъхэр, хъыбарыжьхэр иту томищ хъу къыдэкIыгъуэ Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм иджыблагъэ дунейм къыщытехьащ.
«Легенды и предания» фIэщыгъэм щIэт япэ къыдэкIыгъуэм ихуащ революцэм и пэ къыдэкIа тхылъхэм ит хъыбар нэхъыфIхэр. ЕтIуанэрейр, «Сказки кабардинского народа» тхылъыр, къэплъытэ хъунущ адыгэ таурыхъхэр щызэхуэхьэсауэ щыIэ тхылъ нэхъ инхэм ящыщу. «Сказания горских народов» ещанэ тхылъым 1869-1935 гъэхэм урысей IуэрыIуатэдж цIэрыIуэ Баранов Евгений зэхуихьэсу 1917 гъэм къыдигъэкIауэ щыта тхылъым (иужькIэ тхылъыр зэрыщыту къыдагъэкIыжауэ щытакъым) ихуахэм ящыщкIэ зэхагъэуващ.
Тхылъищри я теплъэкIи я зэхэгъэувэкIэкIи зыхуей хуэзэу дунейм къытехьащ, псори зэрыхъур экземпляр 300 къудейщ.

Щомахуэ Залинэ.
Поделиться: