«Бзэ куэд зыIурылъ Пушкин»

Апхуэдэ фIэщыгъэр зиIэ махуэшхуэ зэхыхьэ иджыблагъэ щекIуэкIащ Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым. ЕджапIэ нэхъыщхьэм и пресс-IэнатIэм хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, ар теухуауэ щытащ урыс усыгъэм и вагъуэ Пушкин Александр къызэралъхурэ илъэс 220-рэ зэрырикъум.

ХьэщIэ лъапIэ, хьэлэмэт куэд къеблэгъат университетым а махуэм. Абыхэм яхэтт Онегин Евгений, Ларинэ Татьянэ, урыс щоджэныр, Балда, Къыу Гуащэр, Елисей пщы щауэр, СулътIан пащтыхьыр усакIуэ гъуэзэджэм и тхыгъэ уахътыншэхэм хэт нэгъуэщI персонажхэр. Ахэр зыр адрейм хэбгъэгъуэщэнкIэ е къыумыцIыхункIэ Iэмал иIэтэкъым, апхуэдизу къызыхуэтыншэу хуэпат икIи псалъэрти. Абыхэм къахэщырт езы Пушкин дыдэри. А литературэ лIыхъужьхэм я теплъэр яфIэхьэлэмэту абыхэм якIэлъыплъырт Пушкиным и усэхэм къеджэну гукъыдэж яIэу университетым щызэхуэсахэр: студентхэр, пэщIэдзэ классхэм щеджэхэм къыщыщIэдзауэ класс нэхъыжьхэм щIэс школакIуищэхэр.
 УсакIуэшхуэм и фэеплъ махуэр гъэлъэпIэныр къыхэзылъхьа Президент грантхэм я фондым мы гъэм ар нэхъ зыубгъуауэ иригъэкIуэкIащ. Къапщтэмэ, адрей илъэсхэм къащхьэщыкIыу, Пушкиныр зэуэ бзэ куэдкIэ «къыщагъэпсэлъащ» Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм хиубыдэ Налшык, Ставрополь, Мэхъэчкъалэ, Карачаевск, Магас, Грознэ, Владикавказ къалэшхуэхэм. Iуэхугъуэм къызэщIиубыдащ лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм ящыщ цIыху минхэр.
И усэ-уэсятхэм ящыщ зым, «Я памятник себе воздвиг нерукотворный» фIэщыгъэр зиIэм, Пушкиным щыжиIауэ щытащ абы и къалэмыпэм къыпыкIа усэхэр щIыпIэ куэдым зэрынэсынур, ахэр бзэ куэдкIэ зэрыIунур. Апхуэдэ дыдэу къыщыхъуащ КъБКъУ-м. Университетым зэхыхьэ гукъинэр къызыхуэтыншэу щегъэкIуэкIыным я гуащIэ ирахьэлIащ Кавказ Ищхъэрэм и еджапIэ нэхъыщхьэхэм я студентхэм я зэгухьэныгъэм хэтхэмрэ КъБКъУ-м урысыбзэмкIэ и кафедрэм и лэжьакIуэхэмрэ. «Ди лъэпкъхэм яку дэлъ зэныбжьэгъугъэм и лъабжьэр ди тхыдэм къыщожьэ» щIыналъэпсо проектым къриубыдэу ирагъэкIуэкIащ Iуэхугъуэр. Ар къызэгъэпэщакIуэхэм къазэрехъулIари наIуэ дыдэт. А махуэм Пушкиным и усэхэр еджапIэм къыщожьэ бзэ 15-кIэ: урысыбзэкIэ, адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, хьэмшэриибзэкIэ, инджылызыбзэкIэ, нэмыцэбзэкIэ, франджыбзэкIэ, испаныбзэкIэ, тыркубзэкIэ, хьэрыпыбзэкIэ, кореибзэкIэ, ермэлыбзэкIэ, куржыбзэкIэ, пуштуубзэкIэ, эсперантэ бзэмкIэ.
Псори зэхэту къапщтэмэ, КИФЩI-м хыхьэ субъектиблым Пушкиныр «къыщыпсэлъащ» лъэпкъыбзэ 48-кIэ.
ЩIыналъэпсо зэпеуэм и екIуэкIыкIэм кIэлъыплъащ къэпщытакIуэ гуп щхьэхуэ. Зэпеуэм и кIэухым абыхэм наIуэ къащIащ зэхьэзэхуэм къыхэжаныкIахэр. Абыхэм хуагъэфэщащ щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр, Пушкиным и усэхэр зэрыт, усакIуэшхуэм и гъащIэмрэ творчествэмрэ щызэпкърыха тхылъхэмкIи яхуэупсащ. Махуэшхуэм нэхъыфI дыдэу зыкъыщызыгъэлъэгъуахэр ирагъэблэгъэнущ «Ди лъэпкъхэм яку дэлъ зэныбжьэгъугъэм и лъабжьэр ди тхыдэм къыщожьэ» щIыналъэпсо проектым къепхауэ лажьэ дунейпсо школым и лэжьыгъэм.

 

ЖЫЛАСЭ Маритэ.
Поделиться: