Мэрем пшыхь

Псалъэ пэжхэр

Псалъэ дахэ зи бэм ухуэмыбэлэрыгъ

♦ПцIым уи лъэм лъахъэ кърелъхьэ.
♦ЩытхъукIэ яшыуар мышу мэхъу.
♦Фадэм и кIэухым хым ухешэ.
♦ЗэфIитIым я кум удыхьэмэ, фIырыфIкIэ укъыдэкIыжыфынукъым.
♦ГупэкIэ къыпщогуфIыкI, щIыбыр хуэбгъазэмэ, мэхъур гущыкI.
♦Сакъым къару егъуэт.
♦Лэжьыгъэм и щыгъэр гуащIэдэкIщ.
♦Фадэм гуауэр къегъэуш.
♦Къызэрызэтрихыу и напIэр, ефэурэ дех и бампIэр.
♦Псалъэ дахэ зи бэм ухуэмыбэлэрыгъ.
♦ИIэщ бзэгуми лъэрыгъ, мысакъ куэдыр егъэбэлэрыгъ.
♦ЩыпIихкIэ щIыхуэ ар ахъырзэманщ, къеIыпхыжыну ухуежьэмэ, имыIэ Iиман.
♦ПщIэншэ уадэм зиIэтын имыдэ, хуэгъэIу ухуейми уэредадэ.

Къардэн Мухьэмэд

ГушыIэхэр

Фи уэншэкум и ипщхьэпIэр сыгъэлъагъу

Выкхъэ Шухьиб хьэщIапIэ щыIэу бысымымрэ езымрэ уэршэрурэ жэщыбг хъуху щысауэ:
- Гъуэлъи зыгъэпсэху, си хьэщIэ! - жиIэри бысым лIыжьыр щIэкIыжащ.
Шухьиб гъуэлъыжыну щыхуежьэм, хьэщIэщ гъуэлъыпIэм уэншэку фIэкIа шхыIэни щхьэнти имылъу къыщIэкIащ. ШхыIэн къыхуахьыным щыгугъыу зыкъомрэ щысыжащ. Щымыхъум, щIэкIри бысымым еджащ:
- Уа, тхьэмадэ, кхъыIэ, накIуи фи уэншэкум и ипщхьэпIэр сыгъэлъагъу! - жиIэри.

Си Iыхьэр ирегъ

Хъуэжэрэ и щхьэгъусэмрэ жейуэ жэщым здыхэлъым, я сабийр къыхэгъыкIащ.
Хъуэжэ и фызыр хуэмыху гуэрти, къэтэджын щхьэхри, и щхьэгъусэм IэфракIэкIэ едыркъащ:
- Тэджи щIэупскIэ, уэри уи Iыхьэ хэлъщ сабийм, - жиIэри.
Хъуэжэ, мэз щыIауэ, ешаелIауэ арати, къэтэджын и жагъуэт.
- Сэ си Iыхьэр ирегъ, уэ уи Iыхьэр ухуеймэ щIэупскIэ, - жиIэри Хъуэжэ зигъазэри жеижащ.
КъардэнгъущI Зырамыку.

Хъыбар

Адыгэ пщащэм и хахуагъэ

Урыс-Кавказ зауэжьыр екIуэкIырт. Адыгэхэм загъэхьэзырырт ТIуапсэ быдапIэр зэхакъутэну.
Шапсыгъым щыцIэрыIуэ пщащэ, Къазийхэ япхъу Хьэнифэ дахэм къылъыхъуат дзэзешэ хахуэ Къуэджэбэрдыкъуэ Мыхьэмэт. А зэман хьэлъэр нысашэм, хьэгъуэлIыгъуэм темыгъэпсыхьами, Хьэнифэ арэзы хъуат и насыпыр Шапсыгъым и щIыбкIи зи лIыгъэр щызэлъащIыса щIалэ бжьыфIэшхуэм ирипхыну. Хъыджэбзым зэхихат Мыхьэмэт сымэ ягъэхьэзыр теуэныгъэм и хъыбар. Арати, а зэманым къекIуэкIыу щыта нысэ уасэм и пIэкIэ зи лъэпкъым и къэкIуэнум хуэгумэщI бзылъхугъэ Iущым Мыхьэмэт хуигъэуват бийм и топ къуентхъыу къыхуишэмэ, абыкIэ арэзыуэ. Мыхьэмэти, и лIыгъэм къигъэгугъэрти, апхуэдэ уасэм йоувалIэ…
Адыгэдзэр ТIуапсэ быдапIэм тоуэри зэхакъутэ. Мыхьэмэт урыс топыр къуентхъ къещIри, Хьэнифэ дахэм къыхуешэ, ауэ езыри уIэгъэ хьэлъэу, шэм зэщIиблауэ къашэж. Мыхьэмэт и гъыбзэм мыпхуэдэу хэтщ ар къыщашэжым Хьэнифэ жиIауэ:
СыпыкъуокI гущэри, сыщыппыкъуэплъкIэ,
Уей, и шытх гущэмэ лъы пцIыгъэр ити…
Шэр къыщыхахыжми лIыгъэшхуэрэ шыIэныгъэрэ къегъэлъагъуэ, тIэкIуи нэхъыфI къохъужри, абы щыгуфIыкIа джэгуакIуэм «Къуэджэбэрдыкъуэ Мыхьэмэт и шэхэхыж уэрэд» нэщхъыфIэр зэхелъхьэ. Ар псалъэ зыхэмыт макъамэ-уэрэдт, шыкIэпшынэкIэ ягъэзащIэу, ежьу щIэту.
АрщхьэкIэ, куэд дэмыкIыу Мыхьэмэтыр къызэIохьэжри, уIэгъэхэм йолIыкI. Япэ уэрэдыр хузэхэзылъхьауэ щыта джэгуакIуэм зэуэ гъыбзэ еус, ар жаIэурэ щIалэр щIалъхьэ.
Абы и ужькIэ Хьэнифэ цIыхухъу щыгъынкIэ зихуапэщ, IэщэкIэ зиузэдри дэшэсыкIащ, зыми хъыбар иримыгъащIэу. ЗыщIыпIэ къикIа щIалэщIэу фIэкI закъримыгъэцIыхуу адыгэ шуудзэм хыхьэри, джатэпэрыкIуэу, шыщхьэмыгъазэу зэуащ, гу зыщимыхуа Мыхьэмэт и лъыр ищIэжу.
Ар пщащэу къыщащIар, зэры-Хьэнифэр къыщацIыхуар къаукIыу шым къыщехуэхаращ. И цIыхухъу пыIэр щхьэрыхури, абы щIэгъэпщкIуа щхьэцышхуэр къыщIэхуат, и хъыджэбз куэншыбэри зэрыщыгът…

Гупсысэр - псалъэкIэ

Бзэм и лъахэм

Анэдэлъхубзэм си гум абгъуэ щещI. Ар къыздалъхуащ, си сабиигъуэр щIиупскIащ, сигъэфIащ.
Иджы си гупсысэм и псэщ, и къэIуэтакIуэщ. Хьэуам хэтщи, жьэдэсшэ пэтми зызмыгъэнщIу сробауэ. Си псалъэр егъэлъэщ, егъэпагэ, егъэлъагэ. Зыгуэрым сигъэпIейтеямэ, а псалъэ къомыр нэIурыт къысхуохъу. Си гупсысэр ятIэпI, яшэщI, гъащIэ ират. Я нэхъ гуапэр къахызощыпыкIри, бзэгупэм пызогъэлъэтыкI. СурэтыщI Iэзэм сыту ещхь-тIэ ахэр - си пащхьэм гъащIэ лъагъугъуафIэ, нэфIэгуфIэ, насыпыфIэ иращIыхь. Гупсысэмрэ си нитIымрэ зэхуашэри, зы щэху телъыджэ гуэр кърагъэтIэщI. Сохъуапсэри, си нэгум къыщIыхьам, си гум къихъуам сыхыхьэну солъэдэкъэщыкI… ИтIанэ зыхызощIэ, анэдэлъхубзэр псэуэ зэрысIутыр, Iэпкълъэпкъым хэгуэшауэ зэрыхэтыр.
Хьэуэ, сыщыгъуазэкъым бзэм и щэху псоми. Абы гъуни, нэзи, лъащIи иIэу си фIэщ хъуркъым. ИтIани… зыхэсщIа мащIэр къысIурыIэфIащ. Гум къикI гупсысэр щыгуапэм, щыхьэрэмыгъэншэм деж, псалъэхэри сыту нэху!
ЗигъэнщIыркъым си гум, бзэм и лъахэм щыбэуэнкIэ, абы щызэхилъхьа макъамэм щIэдэIункIэ, зигъафIэу и куэщI хуитым щыусэнкIэ.
Гугъуэт Заремэ.

Фэ фщIэрэ?

ПхъащIэ Iэмэпсымэхэр

Лъэрыгу - лъакъуэкIэ ягъэлажьэурэ пхъэ къызэрагъэжыхь Iэмэпсымэ.
Кхъуэдзэ - пхъэр щаупскIэ мыхъеин щхьэкIэ зрагъэкъур.
Джэп - гулъэгу къызэрагъэш Iэмэпсымэ.
Гудзэхуэшэ - гудзэIэпэхэр гулъэгу убрууам зэрыхуашэ Iэмэпсымэ.
Бдзы - пхъэ къызэрырабзыкI Iэмэпсымэ.
Джынасу - пхъащIэхэм, унэ зэтезылъхьэхэм захуагъ-Iушагъыр къызэрахутэ Iэмэпсымэ.
Тэрэз - хъурейуэ къызэратхъыхь пхъащIэ Iэмэпсымэ, и кIапитIыр IунэкIэ зэтегъэубыдауэ, адрей тIур папцIэу, зэкIэщIэкI-зэкIэщIыхьэу щыту.
Тхъусэ - пхъэм къыхащIыкIыу ящI бжэмышх, шынакъхэм я кIуэцIыр зэрагъэтэмэм, къэгъэшарэ дзитI зыIут Iэмэпсымэ.
IэдэIуантIэ - гъущIхэкI сыт хуэдэхэр зыдрагъэубыдэ Iэмэпсымэ.
Пхъэпс - унэлъащIэ ящIыну пхъэр джафэу зэраупс Iэмэпсымэ.
Пхъэпс бгъунж - пхъэ упсам и гъунэхэр нэхъ лъахъшэу зэрытрах, тхыпхъэ гуэрхэр зэрытрадзэ пхъэпс лIэужьыгъуэ.
Пхъэпс кIыхь - пхъэ упсам зэрытеупсыхьыж пхъэпс.
Пхъэпсэущ - пхъэпсым хэлъ гъущI Iыхьэр.
ПхъэупсапIэ - пхъэпс щеуэкIэ пхъащIэр зыбгъэдэт лъэщапIэ.
ПхъэфыщIпхъэпс - пхъэр зэрагъэкъабзэ, ипэ дыдэу пхъэм зэрытеупсыхь пхъэпс.
Бжаблэдэч - пхъэпс лъэпкъыгъуэ, лэдэх иращIу.
Пхъэх - пхъэ, гъущI хуэдэхэр зэрызэпах, дзэ цIыкIу куэд зиIэ Iэмэпсымэ.
ПхъэхзэтещIэ - кIапсэкIэ пэщIэIуантIэ етауэ шэщIа пхъэх псыгъуэ.
Пхъэхыбзэ - пхъэхзэтещIэр зэраубзыху, зэрагъэлалэ, зэракъуз кIапсэмрэ пэщIэIуантIэмрэ.
Пхъахъуэ - пхъэ зэрагъэджафэ, зэрахъуэ и.
Зыгъэхьэзырар Дол Iэминэщ.

ГъэщIэгъуэнщ

Тхылъхэм я зэманыр икIынукъым

Смартфонхэмрэ электрон тхылъхэмрэ я лIэщIыгъуэм нэмыцэхэм иджыри я мурадщ зэрыбкIэ тедза къыдэкIыгъуэхэм я зэманыр ирамыгъэкIыну. Къапщтэмэ, къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм щыIэ къалэ щхьэхуэхэм я уэрамхэм тхылъ дэлъхьэпIэ екIухэр щагъэув.
Апхуэдэу Германием щагъэувахэм я бжыгъэр 400-м ноблагъэ. Абыхэм ящыщ зыр Берлин и Грюневальд станцым тет телефон унэ цIыкIурщ, адрейр Бергиш-Гладбах къалэм дэтщ.
Языныкъуэ тхылъ гъэтIылъыпIэхэр жылагъуэ фондхэм къызэрагъэпэщауэ аращ, адрейхэр IуэхущIапIэ зэхуэмыдэхэм я рекламэщ. Псалъэм папщIэ, Бергиш-Гладбах щагъэува тхылъ дэлъхьэпIэр хьэдэщIэлъхьэ IуэхущIапIэм ейщ.
Тхылъ гъэтIылъыпIэхэм яхэтщ зы Iуэхугъуэм хуэгъэпса къыдэкIыгъуэхэм фIэкIа щызэхуэмыхьэсауэ. НэхъыбапIэр библиотекэ щIыкIэу щытщи, тхылъхэр щызэрахъуэж - цIыхухэм щIаджыкIахэр къахьри, нэгъуэщI абдеж къыщащтэ. Языныкъуэ тхылъ дэлъхьэпIэхэм пIалъэ пыухыкIакIэ фIэкIа тхылъыр къыщыпщтэ хъуркъым. Къыпхуагъэлъэгъуа зэманым ар пхьыжын хуейщ. Тхылъ хъумапIэхэм IункIыбзэ хэлъкъым, я бжэхэри зыми игъэбыдэжыркъым. Абыхэм я лэжьыгъэр цIыхухэм зэхуащI дзыхьым тещIыхьауэ щытщ. Дауи, къызэрыгуэкI библиотекэхэм хуэдэу щIэджыкIакIуэхэм тхылъ къыщыхузэIуахыркъым, къащтэхэмрэ къахьыжхэмрэ къыщыгъэлъэгъуауэ, ауэ «къыдэкIыгъуэ зэхуэхьэсахэм» ар зыгъэува фондхэмрэ IуэхущIапIэхэмрэ кIэлъоплъ.
Германием щыпсэухэм зэрыжаIэмкIэ, уэрамхэм щагъэув апхуэдэ дэлъхьэпIэхэр икъукIэ сэбэпщ зэрыбкIэ тедза къыдэкIыгъуэхэр цIыхухэм ящымыгъупщэжынымкIэ икIи шэч къытрахьэркъым, абыхэм я фIыгъэкIэ, тхылъхэр иджыри куэдрэ я гъащIэм зэрыхэтынум.
Дыкъуэ Данэ.

Тхыгъэ кIэщIхэр

Убзэныр къызыхэкIыр

ЦIыхур убзэу къалъхуркъым. Ар убзэ зыщIыр е и къарууншагъэрщ, е зэрыкъэрабгъэрщ, е зэрыщхьэхуещэрщ.

ПлъэкIитI

Зыр уафэм дэплъеймэ, илъагъур абы щызэрызехьэ пшэжьхэм я закъуэщ. Адрейм а пшэжьхэри елъагъу, ауэ ещIэ абыхэм я щIыIукIэ дыгъэр и къару псомкIи къызэрыщепсыр.

Дэшхуэхэр

Дэшхуэ щащэкIэ, абыхэм яхэлъ дэ купщIэншэхэри мэгуфIэ: «Дэри дащэху», - жаIэри.

Шыпсыранэ

Гъатхэр къыщысым, адрей удзхэми хуэдэу, шыпсыранэри къэгъэгъат. Ауэ зыри абы хуеплъэкIыртэкъым.
«Удз гъэгъа псори цIыхухэм гуфIэу пач. АтIэ сэ щхьэ сыкъагъанэрэ? Сыт си лажьэ?» - жиIэрт абы, и щхьэ мыгъуагъэ хуихьыжу.
Абы ищIэртэкъым зэрышыпсыранэр.

Дэжей

Дэжейр жыгыщIэ цIыкIум ищIагъ къыщыхэкIат. Ар иджыри цIынэ дыдэт, зэфIэкIыншэт.
- КхъыIэ, зосшэкIыну хуит сыщI, - елъэIуащ дэжейр жыгым. - Сэ зыгуэрым зезмышэкIмэ, сыкIуэдыжынущ.
Жыг цIыкIум, дэжейр фIэгуэныхь хъури, «зыкъызэшэкI», - жиIащ. Иджы жыгыр плъагъужыххэркъым: дэжейм зэщIищтащ.

ЗэкIэрыкIыркъым

А тIур зэи зэкIэрыкIыркъым. Зыр здэщыIэм адрейри щыбгъуэтынущ. Зэныбжьэгъу пэжщ ахэр. Куэд щIауэ къызэдежьауэ къогъуэгурыкIуэ Узотрэ Къызэтрэ. Зыгуэрым и Iуэху мыщIагъуэмэ, Узот занщIэу нос, доIэпыкъу. Ар хуабжьу хьэтырыфIэщ. ЛъэкI псори ищIэнущ Къызэт щхьэкIэ. Къызэти ар игъэщIэхъуркъым. Абы фIыуэ ещIэ, Узот щымыIэмэ, езы Къызэти зэрыщымыIэнур.
Къагъырмэс Борис.

 

 

Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ
22.04.2024 - 15:50 НОБЭ
19.04.2024 - 16:23 НОБЭ