Сабийхэм я махуэшхуэр екIуу къызэрагъэпэщащ

Бахъсэн къалэм щагъэхьэзыра гуфIэгъуэ Iуэхухэр псом япэу щызэхаублащ ЩэнхабзэмкIэ унэм къедза утыкум.

Къалэдэс нэхъыщIэ дыдэхэм папщIэ абдеж аттракционхэр щагъэуващ, IэфIыкIэхэр зытелъ Iэнэхэр къыщызэрагъэпэщащ. ЦIыкIухэм папщIэ концерт гъэщэгъуэн ягъэлъэгъуащ Бэч Азэмэт, КъуэщIысокъуэ Роксанэ, Джэрыджэ Мурат, нэгъуэщIхэми. Апхуэдэу спортыр фIыуэ зылъагъухэм папщIэ зэхьэзэхуэ зэмылIэужьыгъуэхэр къызэIуахащ. Къалэм и спорт школым щекIуэкIащ алыдж-урым бэнэкIэмкIэ республикэ зэхьэзэхуэ.
А махуэм Бахъсэн къалэм щыIащ КъБР-м курортхэмрэ туризмэмкIэ и министр ЩоджэнцIыкIу Лиуан. Ар къызэхуэсахэм гуапэу ехъуэхъуащ икIи Бахъсэн къалэм сабий творчествэмкIэ и центрым иджырей телевизор дэгъуэ тыгъэ хуищIащ.
ГуфIэгъуэ Iуэхухэр къызэгъэпэщыным егугъуащ къалэ администрацэр, еджапIэхэмрэ сабий садхэмрэ я лэжьакIуэхэр. Махуэ псом дэнэ щIыпIи шынагъуэншагъэ щыIэным кIэлъыплъащ къалэ полицэм и лэжьакIуэхэр.
 

Балъкъыз Аминэ.
Поделиться: