Iэпкълъэпкъ пщыкIутIым къыдэкIыу…

Iуэху еплъыкIэ

Адыгэбзэр джыныр, адрей бзэхэми хуэдэу, псалъэхэр зэхуахьэсурэ къежьа Iуэхущ. 17-нэ лIэщIыгъуэм япэу а Iуэхум иужь ихьащ нэмыцэ щIэныгъэлI Дрешер. Абы зэхилъхьащ нэмыцэ-адыгэ-осетин псалъалъэ. 18-нэ лIэщIыгъуэм и блыщI гъэхэм адыгэбзэм елэжьащ Гюльденштедт. Ауэ абы и лэжьыгъэр езыр псэууэ дунейм къытехьакъым. Академик Паллас Пётр Симон хэлэжьыхьыжауэ а псалъалъэр 1791 гъэм къыдэкIащ. ИужьыIуэкIэ езы Паллас и лэжьыгъитI дунейм къытехьащ: «Слова черкес кабардинских» (псалъэ 284-рэ), «Перевод на черкесский диалект, письма не имеющий» (псалъэ 286-рэ).

Адыгэбзэр джыным япэ хэлъхьэныгъэхэр хуэзыщIахэм ящыщщ Клапрот Генрих Юлиус, Шегрен Андрей, нэгъуэщIхэри. УвыпIэ щхьэхуэ еубыд Нэгумэ шорэ адыгэбзэр джынымрэ тхыбзэ егъэгъуэтынымрэ теухуауэ иригъэкIуэкIа лэ­жьыгъэм.
Тхыбзэ зимыIа лъэпкъым и лексикэр бджыныр гугъущ, ауэ тегъэщIапIэ пщIын Iэрытх щымыIэми, лексикэр бзэм и лъабжьэу щыщыткIэ, нэхъ гулъытэ хуэщIыпхъэщ. Шэч хэлъкъым лъэпкъым и бзэм лъабжьэ хуэхъуар цIыхум и Iэпкълъэпкъым, щыгъыным, абы и шхыныгъуэхэм, Iэмэпсымэхэм я лексикэр арауэ зэрыщытым.
Iэпкълъэпкъым ехьэлIа лексикэр щыбджкIэ, гу лъумытэу къэбгъанэ хъунукъым лъэпкъым и цIыхубэ медицинэр. АитIур зэкIэщIэхыпIэ ямыIэу зэпхащ, сыту жыпIэмэ Iэпкълъэпкъыр зэрызэхэлъыр зымыщIэр цIыхум еIэзэфынукъым.
Адыгэхэм я цIыхубэ медицинэр, Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу адрей лъэпкъхэм яйми хуэдэу, иджыри тэмэму джа хъуакъым.
20-нэ лIэщIыгъуэм и пэхэм адыгэхэм медицинэм хуеджауэ, щIэныгъэ зыбгъэдэлъу доху­тыр зыбжанэ фIэкIа яхэмытами, цIыхухэм еIэзэфу яIахэр куэдкIэ абы ипэкIэ цIэрыIуэ хъуахэт. «УIэгъэр, щIыфэ узхэр, апхуэдэ адрей узыфэхэр абыхэм зэрагъэхъуж хущхъуэ телъыджэхэр яIэщ, зэрагъэхьэзыр Iэмалхэм адэм къуэр иригъасэу», - етх Бларамберг. Пэжщ, адэм къуэр игъасэрт, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, цIыхум еIэзэу, псом хуэмыдэу къупщхьэ къутар зыгъэхъужу щытар цIыхухэрщ.
ЦIыхум и Iэпкълъэпкъым фIыуэ хамыщIыкIыу адыгэхэм къагъэсэбэпыфынутэкъым къупщхьэ къутар ирагъэхъуэжыну мэл е бжэн укIагъащIэм и фэр. Фэр къупщхьэм быдэу къешэкIауэ кIэрагъэгъухьырт, къутапIэр мыхъеин папщIэ. Ар къагъэсэбэпырт, иджыри къагъэсэбэп, сабийм и лъакъуэ Iушэр щагъэхъужкIи.
Медицинэ щIэныгъэм къупщхьэ къутапIэхэр яшхэу къыщрагъэжьар 1847 гъэрщ. 1852 гъэм Пирогов япэ дыдэу къутапIэхэр шхэпскIэ ишхэу щIидзащ. 1865 гъэм абы итхыгъащ: «Бгырыс Iэзэхэм уIэгъэ хъуа Iэ-лъакъуэхэр пахыркъым, атIэ ягъэхъуж икIи апхуэдэхэм илIыкI куэд къыхэкIыркъым». Абы ипэкIэ езы Пирогов дыди уIэгъэ хьэлъэ зытелъ, сэкъатышхуэ зыгъуэта Iэ-лъакъуэхэр пиупщIу щытащ.
Адыгэхэр цIыхум зэреIэзэфу щытахэм кIыхьу и гугъу пхуэщIынущ. Абы наIуэу къегъэлъагъуэ адыгэхэм цIыху Iэпкълъэпкъым и зэхэлъыкIэм фIыуэ хащIыкIыу зэрыщытар.
Нобэрей анатомхэм цIыхум и Iэпкълъэпкъм къупщхьэ щитIым щIигъу, псоми цIэ зырызыххэ яIэу мышц щитхум нэс къыщагъуэт.
ЦIыхум и Iэпкълъэпкъым ехьэлIауэ адыгэбзэм дэ къыщыдгъуэтащ псалъэ 300-м нэс. А псом щыщу, шэч къытедмыхьэжыххэу, нэгъуэщIыбзэм адыгэхэм къыхахауэ къэтлъытэр зыщ: куэтэн (тырку.) – «прямауэ кишка». Иныкъуэ щIэныгъэлIхэм тэмакъ, къурмакъей псалъэхэр тыркубзэм къыхэкIауэ къалъытэ. Абы шэч къытепхьэ хъунущ. Зэгъапщэ: къуркъуркъуу иригъэжэхащ; къуртI бжыгъэкIэ ефащ. Дэ къызэрытлъытэмкIэ, тэмакъ псалъэр IыхьитIу зэхэтщ: тэ - ты – (ет мыхьэнэр иIэу) + макъ, къурмакъейр Iыхьищу зэхэтщ: къур – (междометие) + макъ + ей (еигъэ къэзыгъэлъагъуэ). Iэпкълъэпкъым ехьэлIа лексикэр бджын ипэ къэхутапхъэщ «Iэпкълъэпкъ пщыкIутI» жыхуэтIэ псэлъафэр къыщежьамрэ абы хиубыдэхэмрэ зэхэгъэкIыныр. А жыIэгъуэр зэхэзымыха цIыху щIагъуэ щыIэкъым, ауэ абы къикIымрэ Iэпкълъэпкъым щыщу хиубыдэ Iыхьэхэмрэ къыбжезыIэфынур мащIэ дыдэщ. Дэ къызэрытхутэфамкIэ, адыгейхэм апхуэдэ жыIэгъуэ яIэкъым, абы къыхэкIыу къэлъытапхъэщ ар ди адыгэбзэм къыщыхыхьар нэхъ зэман иужьхэрауэ.
Iэпкълъэпкъым хиубыдэ Iыхьэхэм теухуауэ еплъыкIэ зэхуэмыдэ куэд щыIэщ, ар и зэранщ ( е и фIыщIэщ) лъэпкъым тхыбзэ зэрыдимыIам.
Iэпкълъэпкъым щыщ Iыхьэхэу Iэпкълъэпкъ пщыкIутIым хиубыдэхэр зэхэгъэкIынымкIэ тегъэщIапIэ тщIащ цIыху куэдым къытхуахьа щапхъэхэмрэ «Адыгэ псалъэ» газетым къытехуа тхыгъэхэмрэ.
Медицинэ щIэныгъэхэм я кандидат КIыщокъуэ Хьэтау газетым къытрыригъэдзащ а Iуэхум хуиIэ еплъыкIэр. Авторым къызэрилъытэмкIэ, абы хеубыдэ: щхьэр, нитIыр, тхьэкIумитIыр, жьэпэпкъыр, IитIыр, лъакъуитIыр, тхыр, кIуэцIыр, тхьэмщIыгъур, чэр, жьэжьеитIыр, гъутхьэпсыр зэрыкIуэ гъуэгур. Япэрауэ, КIыщокъуэм цIыхум и пкъым щыщу нэхъ япэ игъэщыпхъэ Iыхьэу къилъытэхэм я гугъу ищIу арамэ, сыт абыхэм гур, тхьэмбылыр щIахэмытыр? ЕтIуанэрауэ, дэ дызэреплъымкIэ, жьэпэпкъыр - «носоглотка» (КI.Хь.) Iыхьищу зэхэтщ: жьэ (рот) + пэ (нос) + пкъ(ы) (кость, основание) икIи ар «носоглоткэщ» тхужыIэнукъым, абы (носоглоткэм) бзэм щиIэ фIэщыгъэцIэр тэмакъщIыIущ. КIыщокъуэм Iэпкълъэпкъ пщыкIутIым хебжэ кIуэцIым щыщ Iыхьэхэр. Ар пэжу щытмэ, зырызурэ къихь чэ, тхьэмщIыгъухэм я къызэщIэзыкъуэ мыхьэнэ зиIэ «желудочно-кишечный тракт» жыхуаIэр къегъэлъагъуэри, ар адыгэбзэкIэ гъутхьэпсыр зэрыкIуэ гъуэгуу зэредзэкI. Авторым медицинэ и лъэныкъуэкIэ Iэзагъ зэрыхэлъым шэч къытетхьэркъым, ауэ «желудочно-кишечный трактым» хиубыдэ Iыхьэхэм бзэм езыхэм щхьэхуэу я фIэщыгъэцIэ яIэщ: шхалъэ, кIэтIий гъум, кIэтIий псыгъуэ, кIэтIий лей, н.  
ИтIанэ, «гъутхьэпсыр зэрыкIуэ гъуэгур» жыхуаIэр бзэр калькэкIэ зэджэхэм щыщщ. Ар лъэпкъым фIищакъым, атIэ урысыбзэ фIэщыгъэцIэр адыгэбзэкIэ зэдзэкIауэ аращ.
КIуэцIым щыщ Iыхьэхэр Iэпкълъэпкъ пщыкIутIым хэзыбжэхэм ягу къэдгъэкIыжыну дыхуейт адыгэхэм яIэ псэлъафэхэр: «И Iэпкълъэпкъ пщыкIутIыр зэхуэдэкъым», «Уи Iэпкълъэпкъ пщыкIутIым къыдэкIыу псапэ щIэн», нэгъуэщIхэри. Гу лъытапхъэщ, кIуэцIкIэ ныкъуэдыкъуагъэ зыбгъэдэлъым щхьэкIэ апхуэдэ псэлъафэхэр зэрыжамыIэм.
Газетым къытехуащ Джаурджий Хьэтыкъэ а Iуэхум зэреплъри. Джаурджийм зэритхамкIэ, Iэпкълъэпкъ пщыкIутIым хеубыдэ: Iэр - 2, лъакъуэр - 2, нэр - 2, тхьэкIумэр - 2, тхыр, бзэр (жьэ, бзэгу), пэр, щхьэр. Авторым кърибжэкIхэм мыбы щхьэр хигъэхьа нэужь, щхьэм щыIэ нэр, пэр, тхьэкIумэр, бзэр зырызыххэурэ хебжэж. Апхуэдэу щыхъукIэ, къэнар щхьэ къупщхьэмрэ щхьэ куцIымрэщи, ахэри хэгъэхьэн хуейщ. Дэгум е бзагуэм щхьэкIэ и Iэпкълъэпкъ пщыкIутIыр зэхуэмыдэу жаIэу къытхуэгъуэтакъым.
Мы Iуэхум хуиIэ нэгъуэщI еплъыкIэ къытхуиIуэтащ Ехъутэныдж Хьэсэн. Абы къызэрилъытэмкIэ, Iэпкълъэпкъ пщыкIутIым хеубыдэ, ауэ абы и щхьэусыгъуэр къыджиIэфакъым, мыхэр: 1) Iэбэлагъ – 2; 2) IэфракIэ – 2; 3) Iэблэ – 2; 4) лъэтхьэмпэ – 2; 5) куэ – 2; 6) лъэдий – 2. Iэпкълъэпкъ пщыкIутIым IэфракIэр щыхыхьэкIэ, нэхъ тэмэмт лъэдийм и пIэкIэ лъэгуажьэр хэгъэхьэныр. Iэпкълъэпкъым щыщ нэхъ къупщхьэшхуэхэр хибжауэ арамэ, сыт шхужь къупщхьэр е щхьэ къупщхьэр щIахэмытыр? ГурыIуэгъуейщ.
Iэпкълъэпкъ пщыкIутIым теухуауэ зэхуэтхьэса еплъыкIэ псор зэпкърытхмэ, егъэлея хъунщ, абы къыхэкIыу дэ а Iуэхум худиIэ бгъэдыхьэкIэм и гугъу тщIынщ.
ИщхьэкIэ зэрыжытIащи, адыгэхэм 20-нэ лIэщIыгъуэм и пэхэм къэсыху, медицинэм хуеджауэ щIэныгъэ зыбгъэдэлъ яIакъым. Ауэ тхыдэм къыхэщыркъым ахэр каннибалу (цIыху яшхыу) щытауэ, адыгэхэм я мызакъуэу, адрей лъэпкъхэми Iэпкълъэпкъыр зэрызэхэлъыр къащIэныр Iэщ, псэущхьэ яукIахэм деж къыщежьауэ.
Пэжщ, цIыхум еIэзэф, уIэгъэхэр, узхэр, уеблэмэ фэрэкIыр зыгъэхъужыфхэр яIащ, ауэ дэ къытхуэгъуэтакъым кIуэцIым хэIэбэу операцэ зыщIыф яхэтауэ. АтIэ, апхуэдэ ямыIамэ, дэнэ кIуэцIым щыщ Iыхьэхэр, Iэщым еймкIэ зрамыгъэщIамэ, къыщацIыхуар?
Дэ къызэрытлъытэмкIэ, Iэпкълъэпкъ пщыкIутIым хеубыдэ: 1. IитIыр, Iэпщэм и щIагъкIэ щыIэр (пясть) (Iэщым ехьэлIауэ фIалъэ лъакъуитIыр) - 2; 2. лъакъуитIыр, лъапщэ зэрытыпIэм и щIагъкIэ щыIэр (ступни) - 2; 3. лъапщэм къыщыщIэдзауэ куэпкъ зэрытыпIэм нэс, лъэдийри куэри хиубыдэу (Iэщым ехьэлIауэ куитIыр) - 2; 4. Iэпщэм къыщыщIэдзауэ блэгъур хиубыдэу (Iэщым ехьэлIауэ блатхьитIыр) - 2; 5. дзажитIыр - 2; 6. тхыр - 1; 7. щхьэр - 1.

 

Къардэн Мусэдин, филологие щIэныгъэхэм я кандидат.
Поделиться: