Къалэ щIыбхэм мафIэгукIэ щызекIуэхэм лъакъуэрыгъажэхэр пщIэншэу къыздрашэкI хъунущ«Кавказ Ищхъэрэ къалэ щIыб пассажир компание» акционер зэгухьэныгъэм зэрихьэ щIыпIэм щызекIуэ къалэ щIыб мафIэгухэм 2019 гъэм мэкъуауэгъуэм и 1-м щегъэжьауэ фокIадэм и 30-м нэсыху пассажирхэм пщIэншэу лъакъуэрыгъажэхэр къыщыздрашэкI хъунущ. Апхуэдэ унафэ компанием къищтащ лъакъуэрыгъажэр фIыуэ зылъагъухэм накъыгъэм и 26-м къызэрагъэпэща урысейпсо зэпеуэм хэтахэм я лъэIукIэ. Апхуэдэ зэхьэзэхуэу Ростов, Пятигорск къалэхэм щекIуэкIахэр къызэгъэпэщынымкIэ 2019 гъэм официальнэ дэIэпыкъуэгъуу щытащ «Кавказ Ищхъэрэ къалэ щIыб компаниер» икIи а махуэм псори хуит ищIащ мафIэгухэр къэзыгъэсэбэпхэм лъакъуэрыгъажэхэр пщIэншэу къыздрашэкIыну.
Поделиться:
Читать также:
19.04.2024 - 16:42 →
ГъэпцIакIуэр яубыдащ
19.04.2024 - 16:40 →
Налог щIыхуэшхуэ
19.04.2024 - 16:36 →
Зыкъамыту хэкIуэдащ
19.04.2024 - 16:26 →
Щыуагъэм щахъумэу
19.04.2024 - 15:46 →
Дэчыхыныгъэм кърикIуар
|