Творчествэм и къару тIуащIэ

Адыгэ лъэпкъым къыхэкIа тхакIуэ цIэрыIуэ Лохвицкий Михаил (Аджыкъу Джэрий) и «Уафэгъуагъуэ макъ», «Тхьэм лъыхъуэурэ» романхэр «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд иригъэжьа «Черкесика» проектым хэту иджыблагъэ дунейм къызэрытехьэнум хуагъэхьэзыращ. Тхыгъэхэр адыгэбзэм Iэзэу къизыгъэзэгъар и лэжьыгъэфIхэмкIэ лъэпкъ литературэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIа Къэрмокъуэ Хьэмидщ. Гупсысэ куукIэ гъэнщIауэ абы къыщыхьа сурэт телъыджэхэр зи Iэдакъэ къыщIэкIар КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI Жылэ Анатолэщ. Апхуэдиз лIы ахъырзэман зэлэжьа тхылъыр къызыхуэтыншэу дунейм къызэрытехьэнур шэч къызытумыхьэжынщ. Хэт сыт хуейми къыщыдигъэкIыф лъэхъэнэм фIыгъуэшхуэщ (купщIэкIи теплъэкIи зыхуей хуэзауэ) тхылъыфI къыпIэрыхьэну.

Нобэ сэ сыхуейт а къыдэкIыгъуэм зи гуащIэ хэзылъхьа Жылэ Анатолэ нэхъ гъунэгъуу фэзгъэцIыхуну. Ар къыддогуашэ романым хуищIа сурэтхэм къежьапIэ яхуэхъуам, абы зэрелэжьам. Япэ дыдэу тхылъхэм сурэт яхуищIын щыщIидзамкIэ къедгъэжьащ псалъэмакъыр.
- Дэтхэнэ IэщIагъэми хуэдэу, сурэтыщIхэм я IэнатIэри зэмылIэужьыгъуэу зэтопщIыкI. Сэ сурэт щIыным и лIэужьыгъуэ псоми си зэфIэкI сыщеплъащ. Ауэ нэхъыбэу сызыхуэIэижьу цIыхухэм къалъытэр, сэ езыми къызэрысщыхъумкIэ, «станковая живопись»-кIэ зэджэращ. Ари лIэужьыгъуэ зыбжанэу зэтIопщIыкIыж. «Нур», «Нюр» сабий журналхэм къыдэкIын щыщIадзагъащIэхэм сфIэгъэщIэгъуэну илъэс зыбжанэкIэ садэлэжьащ. ИужькIэ срагъэблагъэри сыхэтащ Нало Заур зэхуихьэсу къыдигъэкIауэ щыта «Сказки народов мира» тхылъитIым елэжьахэм. ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и дзыхь къызигъэзри, 2004 гъэм абы къыдигъэкIыну мурад ищIа «Уафэгъуагъуэ макъ» романым (зытхар Лохвицкий Михаилщ) сурэт хуэсщIыну къызэлъэIуат. Сурэтхэр тхылъым кIуэн ипэ, газетым и къыдэкIыгъуэхэм къытрадзэ пычыгъуэм хэтын хуейти, абы си лэжьыгъэр иригъэпIэщIэкIырт. Зы сурэтым сэ махуэ зыщыплI тезгъэкIуадэмэ, газетыр махуэ къэс къыдэкIырти, абы зытезухуэн хуей хъуащ. Лэжьыгъэ зыбгъупщI апхуэдэурэ сщIащ. Тхылъыр хьэзыр щыхъуам иджыри сурэт зыбжанэ гъусэ хуэсщIыжри, дунейм къытехьауэ щытащ. ЖысIэну сыхуейщ а тхылъым сэ къызэрыгуэкIыу сызэрыбгъэдэмыхьар. Абы и купщIэм ар къыпхуидэнуи къыщIэкIынтэкъым. АпхуэдизкIэ сигурэ си псэрэ хыхьэу селэжьати, илъэс зыбжанэ ипэ Налшык къыщысхузэрагъэпэщауэ щыта гъэлъэгъуэныгъэм хэзгъэхьат.
Сэ куэд щIауэ сфIэгъэщIэгъуэнт XX лIэщIыгъуэр цIыхум игу зэрыриубыдам, абы и къэхъугъэ нэхъыщхьэхэр литературэм, гъуазджэм къызэрыхэщыжыр. Пасэ зэманым къэхъуа Iуэхугъуэхэм я IэфIыр къэуат щIэлъу ди деж къэзыхьэсыр литературэмрэ гъуазджэмрэщ. ЯтIагъуэм къыхащIыкIа пасэрей хьэпшып цIыкIум куэдкIэ нэхъыбэ къыбжиIэфынущ, псалъэ гъущэхэм нэхърэ. А щхьэусыгъуэм къыхэкIыу литературэм сыхэIэбэри, сэ нэхъ спэгъунэгъу, къагъэщI дунейр сфIэгъэщIэгъэунхэу, Гарсие Маркес Габриэль, Айтматов Чингиз, Искандер Фазиль, Бещтокъуэ Хьэбас сымэ я тхыгъэ нэхъыфIхэм селэжьат. Хуабжьу сфIэгъэщIэгъуэнщ литературэр, нэгъуэщIуи художникым и Iуэхур хъунукъым, дунейпсо гъуазджэм, литературэм фIыуэ хэпщIыкIын хуейщ. Уи къэухьым зебгъэужьыху уи IэрыкIхэр нэхъыфI, ящIэлъ гупсысэр нэхъ куу хъуну аращ. Егугъу къудеймэ, техникэм псори пхуегъэсэнущ, ауэ гупсысэ щIэлъу теплъэгъуэ пщIыным куэд дыдэ хуейщ.
- «Тхьэм лъыхъуэурэ» тхылъым хуэпщIа сурэтхэр хуабжьу сигу ирихьащ. Ахэр романым щыщ теплъэгъуэ къудейкъым, атIэ гупсысэ куу, щIагъыбзэ зыщIэлъщ. Абыхэм узэрелэжьам, сурэтхэм ящIэлъ философием укъызэрыхуэкIуам я гугъу уэзгъэщIынут.
- Нэгъабэ и кIэуххэм ХьэфIыцIэ Мухьэмэд къэпсалъэри Лохвицкэм и тхылъ етIуанэ къыдигъэкIыну зэригъэхьэзырыр, иджырейм и сурэтхэри сэ сигъэщIыну зэримурадыр къызиIуэтылIащ. «Тхьэм лъыхъуэурэ» романыр къысIэрыхьа иужькIэ, мазэкIэ седжащ, сымыпIащIэу, зытепсэлъыхь Iуэхугъуэхэм си нэгу къыщIагъэхьэ теплъэгъуэхэр къыхэстхыкIыу, абы щIэлъ философием сегупсысу. Къызэрыхэбгъэщащи, мы сурэтхэр тхылъым и иллюстрацэ къудейкъым. Сэ сызыхуеяр тхылъым щIэлъ гупсысэр щIэзыгъэхуабжьэ гупсысэ ящIэслъхьэнырщ. Псалъэм папщIэ, Уэзырмэс тхыгъэм джэгуакIуэу къыхощ, ар абрэдж щIалэ хуозэри, зэпэщIоувэ. Абрэджым Iэщэ къыщрихкIэ, Уэзырмэс абы псалъэ пегъэув. Абы сыщелэжьым сэ сигу къэкIыжат Иисусрэ Понтий Пилатрэ щызэхуэзар. Ар къытещу Ге ищIауэ «Что есть истина?» фIэщыгъэм щIэту лэжьыгъэ бэлыхь щыIэщ. Мис ахэр гъуазэ схуэхъуащ. А зэпэщIэуваитIым я хъуреягъым къэуц хужь щабэ кърехьэх, ар Уэзырмэс и къабзагъэм, и щабагъэм и щыхьэтщ.
Мыри жыIапхъэу къызолъытэ. «Уафэгъуагъуэ макъым» хэт лIыхъужьхэу Уэзырмэсрэ Чэбэхъанрэ я къуажэр мафIэм иса и ужькIэ абы къыдокI, ауэ «Тхьэм лъыхъуэурэ» къагъэзэжауэ романым дыщрохьэлIэ. Абыхэм къыздагъэзэжа адыгэ щIыгур апхуэдизкIэ нэщI хъуащи, езыхэм къагъэIу макъым къищынэмыщIа, нэгъуэщI макъ зэхамыхыу илъэс бжыгъэкIэ мэпсэу. Апхуэдэ дыдэу «Уафэгъуагъуэ макъ» романми сигу имыкIыж теплъэгъуэ хэтщ. Урыс офицерыр зы лIыжь гуэрым деж щыхьэщIэрти, лIыжьым щIалэр и ужь иригъэувэри зыщIыпIэ ишащ. ДаIуэмэ, урысым щэIу макъ зэхихыу къыщыхъуащ. Iуащхьэ цIыкIум зэрыщхьэдэхыу, абы илъэгъуащ джэбын хужьым езыхэм зыкIуэцIагъэджэрэзэжауэ тафэм хуэфIу телъ цIыху гупыр. ЩIэзылъхьэжын ямыгъуэтынкIэ шынэу арат апхуэдэу щIащIар. Къуаргъ нэпсейхэр абыхэм еуIуу я гущIыIум ист. Офицерым зыхуэмыIыгъыу къыIукIыжат. ЗанщIэу абы и сурэтри си нэгу къыщIыхьат, апхуэдизкIэ образ лъэщ хъуати.
- Сэ сызэрыщыгъуазэмкIэ, «Тхьэм лъыхъуэурэ» романым сурэт 16 хуэпщIащ. Псори зэхэту сыт хуэдиз зэман абыхэм текIуэдар?
- Псоми илъэс ныкъуэм нэблагъэкIэ селэжьащ. ЗэрыжысIащи, зы сурэтым махуэ зыщыплI токIуадэ, абы къищынэмыщIауэ, а сурэтым и гупсысэр ппкърымыкIыжауэ адрейм уетIысылIэ хъунукъым. Зы гупсысэр уогъэтIылъри, адрейр къыбощтэ. Гупсысэ зырыз яIэ щхьэкIэ ахэр налъэ гуэрхэмкIэ зэпхауэ щытыпхъэщ. «Тхьэм лъыхъуэурэ» романым хуэсщIа сурэтхэри гъэлъэгъуэныгъэм утыку къыщипхьэ хъун хуэдэу згъэхьэзырауэ щылъщ. Тхылъыр къыдэкIмэ, абы и лъэтеувэм ирихьэлIэу выставкэ къызэдгъэпэщ хъунущ.
- Уи лэжьыгъэм сытым утригъэгушхуэрэ, къару къуитрэ?
- Сэ сымылэжьэну къару зыхуэзгъуэтыжыркъым. Лэжьыгъэм, гуащIэдэкIым я IэфIыр зэ нэгъэсауэ зыхэзыщIам къикIуэт иIэнукъым. Сэ сызытепсэлъыхьыр сомракъым. Мылъкум уегупсысу сурэт щIыным уетIысылIэ хъухэнукъым, ар къызэромыхъулIэнур хьэкъщи. Къару куэд пIех творчествэм, ауэ къуитыр тIукIэ нэхъыбэжщ.

 

Епсэлъар Щомахуэ Залинэщ.
Поделиться: