Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэш продукцэр Азербайджаным щагъэлъагъуэКъБР-м и мэкъумэш предприятэхэмрэ сырьём елэжь IуэхущIапIэхэмрэ я продукцэр иджыблагъэ щагъэлъэгъуащ илъэс 25-рэ хъуауэ Баку гъэ къэс къыщызэIуах «Ерыскъы промышленность» дунейпсо зэхыхьэм. Мы Iуэхур къызэригъэпэщащ республикэм ХьэрычэтыщIэхэм защIэгъэкъуэнымкIэ и центрым. Выставкэм утыку къыщрахьащ къэрал 40-м щыщ компаниеу мини 2-м щIигъум я продукцэр. Мы зэхыхьэм икъукIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ къэралхэм яку дэлъ сату-экономикэ зэхущытыкIэхэм зегъэужьынымкIэ, апхуэдэу дунейм щыпашэ мэкъумэш IуэхущIапIэхэм ягъэхьэзыр ерыскъыпхъэхэмрэ Iэмэпсымэхэмрэ утыку къихьэнымкIэ.
Поделиться:
Читать также:
19.03.2024 - 12:26 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
19.03.2024 - 11:18 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
18.03.2024 - 15:45 →
IэIэтым – унагъуэкIэрэ
18.03.2024 - 15:10 →
Гъатхэмрэ мурад дахэхэмрэ
18.03.2024 - 11:02 →
Къэбэрдей-Балъкъэрым зыхуейр къыхихащ
|