Нэмыцэ щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэм Налшык щахуозэРеспубликэм и къэрал властым и органхэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэхэмрэ я лIыкIуэхэр иджыблагъэ КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмкIэ, щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм щахуэзащ ФРГ-м и щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэхэм я пашэхэмрэ щIалэгъуалэм я зэдэлэжьэныгъэмкIэ Урысей-нэмыцэ советым хэтхэмрэ. ЗэIущIэм кърихьэлIащ КъБР-м цIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмкIэ, щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Къумыкъу Iэуес, КъБР-м курортхэмрэ туризмэмкIэ и министр ЩоджэнцIыкIу Мурат, щIалэгъуалэм я зэдэлэжьэныгъэмкIэ Урысей-нэмыцэ советым хэт Клиндт Арнэ, Германием и Альпинистхэм я союзым и унафэщI Темпли Лоренс, Урысейм и Студент спорт союзым и вице-президент Ольховский Роман, КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмкIэ, щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм и лэжьакIуэхэр, студент, щIалэгъуалэ турист клубхэмрэ спорт клубхэмрэ я унафэщIхэр.
Поделиться:
Читать также:
26.03.2024 - 09:04 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ
23.03.2024 - 15:54 →
КъБР-м и Iэтащхьэм и зэIущIэхэр
23.03.2024 - 13:31 →
Зэлэжьынухэр ягъэбелджылы
22.03.2024 - 17:00 →
Урысейр зы унагъуэ бжьыфIэшхуэм хуэдэу
19.03.2024 - 13:08 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ
|