Бзылъхугъэ щыпкъэм и щапхъэДифI догъэлъапIэ Сэрмакъ къуажэ щыщ Дау КIулэ Хьэмац и пхъум и ныбжьыр илъэси 104-рэ ирикъуащ. Абы и унэм кIуэри ехъуэхъуащ, тыгъэ гуэрхэри хуащIащ Дзэлыкъуэ щIыналъэ администрацэм и унафэщI Джатэ Русланрэ къыдэлажьэхэмрэ. Iуэхугъуэ дахэкIэ икIи гугъукIэ гъэнщIа гъащIэ кIыхь къигъэщIащ Дау КIулэ. Ар 1915 гъэм накъыгъэм и 15-м Сэрмакъ къуажэм щыщ ХьэIупщы Хьэмацрэ Хужьрэ я унагъуэм къыщалъхуащ. Езым и къуажэгъу Дау Хьэлий и гъусэу унагъуэ иухуащ. Ахэр колхозым хэтащ, Хьэлий бригадиру, езыр звеном и пашэу. А зэманым хиубыда дэтхэнэ зыми ещхьу, зэщхьэгъусэхэр зауэ нэужь лъэхъэнэ гугъум лэжьащ я псэ емыблэжу, аращ фIыщIэ папщIэу тIэунейрэ ВДНХ-м щIагъэкIуар. Дзэлыкъуэ щIыналъэ администрацэм и пресс-IуэхущIапIэ.
Поделиться:
Читать также:
17.04.2024 - 12:53 →
Урысеймрэ ислъам дунеймрэ
17.04.2024 - 12:45 →
Жыджэру зызыужь IэнатIэ
17.04.2024 - 12:41 →
Спортсменхэр ягъэлъапIэ
15.04.2024 - 12:26 →
«Байконур» космодромыр
15.04.2024 - 12:25 →
Космонавтхэм я шхыныр щхьэхуэщ
|